1
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« : 22 Сентябрь 2014, 02:54:52 »Псоми узыншагъэ быдэ къывит. Бзэм фIыуэ зиужьын щхьэкIэ телевидениемрэ литературэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейщ. Ахэращ бзэм щIэгъэкъуэн быдэ хуэхъунур. Ди адыгэбзэр ди щIэблэм яIэщIэхумэ ар тхьэмащкIагъэшхуэщ. Мультфильм кино сабихэр зыдихьэхын зыщIхэр ди мащIэщ. Тхыдэм и гугъу сщIыхэкъым ар зымыщIэр ди куэдщ. Сэ сищхьэкIэ сыгуфIащ адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ дунейм къыщытехьам, ари зы хэлъхьэныфIщ ди щIэблэр бзэмкIэ къыдэхьэхыным. Ауэ ар мащIэщ. Хьэлщэн, гупсысэ ди бзэм иIэр хэмылъмэ.пэжщ жып1эр,Тимур. Къэжэр Альберт (Тхьэм жэнэт дахэ кърит) и ф1ыщ1эк1э мультфильм куэд адыгэбзэк1э зэрадзэк1ри диск дахэ къыдагъэк1ыжащ. Ар къегъэжьап1эф1т, адэк1э 1уэхур къызэтемыувы1энумэ.