Автор Тема: Напэрэ к1апэрэ  (Прочитано 2589 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
Напэрэ к1апэрэ
« : 17 Январь 2015, 10:20:11 »

Напэрэ к1апэрэ.

Л1ы гуэр я гъунэгъу къуажэм здэк1уэм,блэк1агъэххэ мэл хъушэм къык1эрыхуауэ зы щынэ къигъуэтри,здэк1уэм здихьат.Здэк1уахэр къыщыхьэри,щынэр яримыщэу ядакъым.Арщхьэк1э щынэр зейр лъыхъуэу  къилъэгъуат мобы щынэр зэрищтари,къуажэм дохьэри хэ1ущ1ыу1 ещ1.Л1ым щынэр кърагъэщтэжри,и пщэм дэсу кърахужьэж я къуажэпщым деж къахуу.Абы кърик1уэну псоми егупсысащ л1ыр псым телъ лъэмыж лъагэм къэсыху:"Мыракъэ напэтех.емык1у жыхуа1эр!Пщыми  ц1ыхухэми сэ саук1ынкъым,ауэ абы и ужьк1э ахэм сэ дауэ са1уплъэжыну?Адэк1э къэспсэужынури гъащ1эм хыубжэ хъуну?-жэуэ.
  Лъэмыжым къыщытрахуэм,щынэр и пщэм зэрыдэсу псы къиуа ерум и архъуанэм хэпк1эри зригъэтхьэлэжащ.Л1ым и хьэдэр къагъуэтыжа нэужьи къуажэпщым ар кхъэм хригъэлъхьэн идакъым,къуажэк1эмк1э щ1ып1э гуэрым щыщ1алъхьэгъащ...
  Апхуэдэу мыхъумыщ1агъэ къыщыщыщ1ым адыгэл1ым к1апэм нэхърэ напэр нэхъ къыхихащ.Уэ зыбук1ыжыныр адыгэхэм ямыгъэдахэу щытами,жы1эгъуейщ а л1ым л1ыгъэ хэмылъауэ...
  Сыту сэбэпышхуэ хъунт а нобэ дыгъуэ нэмысыншэхэр мы хъыбарым щыгъуазэтэмэ,зэгупсысыжтэмэ!
Махуэл1 Беслъэн
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!