Автор Тема: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ  (Прочитано 51313 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« : 07 Февраль 2013, 23:17:11 »
Мы къудамэм дыщопсалъэ адыгэбзэк1э :) Дытопсэлъыхь бзэм и мыхьэнэм, ар хъума хъун папщ1э щ1эн хуейм. Хэт сыт игу илъми къэфтх. Ди гуапэщ.

Оффлайн Ali Berzeg

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 1
  • Карма: +1/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #1 : 09 Февраль 2013, 02:14:27 »
Тэ ти бзэм икъэ1уак1ит1ур зыгорэущтэу зэу тш1ын фае. ;)

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #2 : 09 Февраль 2013, 11:11:29 »
Али, къыбдэсэштэ, ащ фэгъэхьыгъэу ти ш1эныгъэл1хэм 1оф ащ1эн фай. ау, интернетым дэнэ щы1э адыгэхэри дыщызэхуэтхэфу латин алфавит иджы дыдэ ди1амэ ф1ыт.

Оффлайн Сусанна

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 1
  • Карма: +1/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #3 : 12 Февраль 2013, 09:25:40 »
Шъуипчэдыжь ш1ух... Сш1эрэп сэ сыхуэкъонк1и мэхъу, ау сэ сиш1ош1к1э, адыгэк1э зэджэжьрэр зыщыпсэурэ ч1ыналъэм щагъэфедэрэ тхак1эр, кириллэуи ш1ы, латинэуи ш1ы, щы1эн фаеу сеплъы... Адыгэ зык1оц1ылъым, сыадыг зы1оу адыгабзэк1э зэджэжьырэм сыдэущтэу къиным адрэри мыдрэри зэригъэш1эщт... Къэралыгъо лъапсэ и1эу непэ тиалфавит зэблэпхъунэу уфежьэмэ ащ мылъкушхо ищык1агъ ар зы... Ят1онэрэмк1э, тисабыйхэм, шъыпкъэр хъумэ, кириллыр зылъапсэ адыгабзэри нэрыгъ-псэрыгъэу аш1э, агъэфедэ, зымыш1эрэри нахьыбах... А мэк1э т1эк1ур зыш1эрэм ыш1эрэр щыбгъэзыемэ, умыгъэфедэжь хъумэ, зыпари ымыш1ахэу къэнэщт... Тищык1агъа ащ фэдэ... Сыш1эныгъэлэжь зы1орэм, сэ сызэреплъырэмк1э, къэбэртэе тхык1и, латин тхык1и, кирилл тхык1и ыш1эн, къеджэшъун, ыгъэ1орыш1эшъун фае...

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #4 : 12 Февраль 2013, 15:02:04 »
Сусанна, къеблагъ! Адыгабзэр - Зы, ау угу къео, Адыгеибзэ, Къэбэртаебзэ а1оу зэхэдз заш1к1э. Сэ сшъхьак1э, Мейкъуапэ седжэ зэхъум к1ах диалектыр псынк1э дэдэу зэзгъэш1агъ. БЗЭМ зы лъапсэ зи1эк1э ары зэрыхъущтыр. Къап1ор шъыпкъэ, къин бэ пыш1агъ алфавитыр зэблэпхъуным, ауэ зэгорэм ащ ти лъэпкъыр къыфэк1ощт сш1ош1ы))

Оффлайн Александр

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 4
  • Карма: +3/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #5 : 13 Февраль 2013, 14:09:43 »
Си ныбжьэгъухэу кириллицэ хьэрыфыпкъхэр зымыщ1эхэм  адыгэбзэк1э (е урысыбзэк1э) сахуэтхэн щыхъук1э, латин хьэрыфыпкък1э сахуэтхэн мэхъур.  Латин хьэрыфыпкъхэр къыхэзудыныр сэри къызохьэлъэк1 кириллицэ хьэрыфхэм сызэресам папщ1э. Ауэ сэ хэк1ып1э тынш къэзгъуэтауэ куэд щ1ауэ къызогъэсэбэп. MAIL.RU – м деж си почтэм сызыхуеир сотхыр адыгэбзэк1э ( е урысыбзэк1э).  Тхыгъэр иризгъэкъуа иужь    «транслитерация» жыхуи1эм тызокъузэр. Абы сэ кириллицэк1э стхауэ хъуар  латиницэк1э зэрехъуэк1ыжыр ик1и кириллицэ тхыпкъылъэхэр зымыщ1эм латиницэк1э ф1ы дыдэу еджэгъуаф1э хуохъур.
Псалъэм щхьэк1э,  мы сэ иджыпсту къэстхауэ хъуар латин хьэрыфк1э схуитхыжащ:

Si nybzh'eg'uheu kirillice h'eryfypk'her zymysh1ehem  adygebzek1e (e urysybzek1e) sahuethen shyh'uk1e, latin h'eryfypk'k1e sahuethen meh'ur.  Latin h'eryfypk'her k'yhezudynyr seri k'yzoh'el'ek1 kirillice h'eryfhem syzeresam papsh1e. Aue se hek1yp1e tynsh k'ezg'uetaue kued sh1aue k'yzog'esebep. MAIL.RU – m dezh si pochtem syzyhueir sothyr adygebzek1e ( e urysybzek1e).  Thyg'er irizg'ek'ua iuzh'    «transliteraciya» zhyhui1em tyzok'uzer. Aby se kirillicek1e sthaue h'uar  latinicek1e zereh'uek1yzhyr ik1i kirillice thypk'yl'eher zymysh1em latinicek1e f1y dydeu edzheg'uaf1e huoh'ur.
Psal'em shh'ek1e,  my se idzhypstu k'esthaue h'uar latin h'eryfk1e shuithyzhash.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #6 : 13 Февраль 2013, 23:36:17 »
Александр, упсэу! иджырэ къэс ар сщ1амэ, апхуэдиз гугъуехь сыхэтынтэкъым)))

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #7 : 13 Февраль 2013, 23:42:36 »
Ди гуапэ Александр бзэм теухуа псалъэмакъым укъызэрыхыхьар.

Уэхъутэ Александр, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ Автономием и Тхьэмадэ, Урысейм и меценат, АМАН-м и академик. Адыгэбзэр хъумэным, зиужьыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэк1уэк1. Къэбэрдейм куэд щ1ауэ щы1э "Си бзэ - си псэ, си дуней" зэпеуэр Къэрэшей-Черкес республикэм къэзыхьар Александрщ. Ар Адыгэ Республикэм щрагъэк1уэк1ыным нобэ иужь итщ.

Тхьэр арэзы къыпхухъу, Александр!

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #8 : 13 Февраль 2013, 23:50:32 »


Адыгэ хабзэм и бзэр адыгэбзэщ!

ПщIэ зиIэу, лъапIэу ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!

Дунейм тет бзэхэр псори къызытек1ар зы бзэщ, апхуэдэу щыхъук1э зы лъэпкъщ. Ауэ ц1ыху бжыгъэр багъуэмэ зэбгырык1хэурэ, зы бзэ закъуэу щытар зэщхьэщык1ыу щ1идзащ. Ик1и, ипэ дыдэу къызытек1а бзэм зыгуэрхэр темыхуэж хъуащ. Апхуэдэурэ бзэ щхьэхуэхэр къэунэхуащ, апхуэдэурэ зы лъэпкъыу щыта ц1ыхухэр лъэпкъ куэд хъуащ. Бзэ щхьэхуэк1э псалъэ хъуа лъэпкъхэм я бжыгъэр багъуэурэ, бзэуэ мы дунеим тетхэм я бжыгъэр 6500 нэсащ. Абы иужьк1э лъэпкъыбзэ бжыгъэм хэщ1у щ1идзащ, лъэпкъ нэхъ ц1ыху мащ1э хъухэм я бзэр яхуэмы1ыгъыжу, ц1ыху нэхъыбэхэр зэрыпсалъэ бзэм теувэхэурэ, лъэпк1ыбзэ 4000 къехъум
иримыпсалъэж хъуащ, жып1э хъунущ ахэр л1ауэ. Иджырик1 лъэпкъыбзэу дунеим тетым и бжыгъэм хощ1 пэт. Лъэпкъ нэхъ мащ1эхэм я бзэхэр мэк1уэдыж.
Нобэк1э ц1ыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэуэ бзэ 40-ым дунеим тет ц1ыху бжыгъэм и 1ыхьэ щанит1ыр иропсалъэр. Ц1ыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэхэм ипэ итхэр китай (чынты) испан, хинди, инджлыз, урыс, португал, хьэрыпыбзэхэщ. Франджыбзэм ирипсалъэри куэдщ, ауэ ар зи анэдэлъхубзэу зыбжхэр мащ1эщ.
Сыт хуэдэу къэщ1а хъуну, япэ дыдэу къежьа бзэр?
Бзэмк1э щ1эныгъэрылажьэ еджагъэшхуэхэр йолэжь а 1уэхугъуэм. Иджык1э а еджагъэшхуэхэм зэрыжа1эмк1э, адыгэбзэр мы дунеим бзэ пэсэрей дыдэхэу, бзэ псом япэ ит бзитхум хеубыдэр. Аращ хамэ къэралым щыщ еджагъэшхуэм щ1ыжи1ар: «Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гэщ1эгъуэныщэхэм, купщ1аф1эхэм ящыщщ. Абы къыпкърык1 къарум къуегъащ1э ахэр дунейр зэхэзыщ1ык1ыфыну акъылк1э да1уэ ц1ыхурауэ зэрыщытыр»- жэуэ.
Ауэ, зэрыдижагъуэщи, адыгэбзэр нобэ зытет гъуэгур гъуэгу щ1агъуэкъым.



Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #9 : 13 Февраль 2013, 23:50:59 »
Адыгэбзэр къызэтенэным щхьэкIэ, дэ къыткIэлъыкIуэнухэр хуиту бзэм ирипсалъэу псэуным щхьэкIэ Iуэхугъуэ куэд лэжьын хуейщ. Бзэм егъэджэн къудейр къытщхьэпэну щыткъым, атIэ бзэмкIэ деджэу, бзэмкIэ едгъаджэу, щIэныгъэ бзэмкIэ зэдгъэгъуэту дыщытын хуейщ.
Тхьэм къыдита, анэм къыддилъхуа бзэр тхъумэну ди пщэрылъщ. Тхьэм и пащхьэм дежи, ди нэхъыжьхэм я пащхьэм дежи. Ди Дунеир тхъуэжа иужь Тхьэр къызэрыдэупщIыну Iуэхугъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ мы упщIэхэр:
- Бзэуэ уи лъэпкъым Сэ хуэзгъэфэщар пхъума Дунеим ущытетым?!
- Къабзагъэу уи лъэпкъым Сэ хэслъхьар зепхьа?!
- Уи анэ-адэм пщIэ хуэпщIрэт, аразы пщIахэ, ягу бгъэзэгъа?!
- Бзэуэ ахэм къыбдалъхуауэ уи анэдэлъхубзэмкIэ уапсалъэрэт?!!!- жэуэ.
Абы дынэмысми нобэ Урысей Федерацэми, мы Дунеишхуэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм хуэдэщ ди адыгэбзэр. Адыгэ хабзэри, адыгэбзэри зеир адыгэ лъэпкъ къудеир аракъым, атIэ ар Дунейпсо щэнхабзэм (культурэм) еищ икIи адыгэ хабзэри адыгэбзэри абы ихъумэн хуейщ. Берлин университетым, Токио университетым, нэгъуэщI къалащхьэ университетхэм щаджыр адыгэбзэр. Моника Хёлиг нэмыцэ бзыльхугъэу Германием щыпсэу-щылажьэр «филологие щIэныгъэмкIэ доктор» зэрыхъуар адыгэбзэращ. Дунеим и дахагъэр тхъумэну дыхуеймэ, дэтхэнэ бзу цIыкIу уэрэд дахэ къизышыр зэрытхъумэм хуэдэу, Дунейпсо щэнхабзэри (культурэр), ди лъэпкъыри тхъумэну дыхуеймэ, ди адыгэбзэ дахэри дывгъэхъумэ!
Ар дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIынущ махуэ къэс дырипсалъэу, ди сабийхэм ядгъащIэу, анэдэлъхубзэкIэ едгъаджэу щытмэ. «Бзэр лъэпкъым и къэрагъул бжыхьщ» - жи1ащ Нэло Заур. Бзэр щыщыIэм дежращ, лъэпкъыр щыщыIэр. Лъэпкъым и хабзэр зэрызэрихьэр езым и лъэпкъыбзэращ. Адыгэ хабзэми и бзэр адыгэбзэщ.
«Сэ сыцIыхущ» - жызыIэ псори цIыхукъым. ЦIыхум цIыхугъэ хэлъын, цIыху хабзэкIэ псэун хуейщ.
«Сэ сыадыгэщ» - жызыIэ псори адыгэкъым. Адыгэу ущытмэ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр пщIэн хуейщ, адыгэбзэм урипсалъэу, адыгэ хабзэкIэ упсэун хуейщ.
«Сэ сымуслъымэн» - жызыIэ псори муслъмэнкъым. Умыслъымэну ущытыным щхьэкIэ муслъмэн диным и фарзхэр (шэрихьэтыр, къурIэныр) пщIэн хуейщ, а хабзэр бгъэзащIэу упсэун хуейщ» - ар къызжиIауэ щытащ, 1993 гъэм Джоланым (Район Голанских высот, Сирием деж) сыкIуауэ, Цей Джаудэт - адыгэ лIы губзыгъэ дыдэу, муслъымэну Дунеим тетыр зэчэнджэщым, пщIэ зыхуащIым, Сократ пэлъытэу нобэ адыгэ лъэпкъым диIэм. Динырылажьэ мусылмэнхэм я нэхъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ Цей Джаудэт.
СыткIэ дызэщхьэщыкIрэ цIыху лъэпкъхэр? Ди бзэмкIэ, ди лъэпкъ хабзэхэмкIэ. «Уэ уурыс, уфранцуз, уяпон, сэ сыадыгэ» - щыжытIэкIэ, ди бзэмрэ ди лъэпкъхабзэмрэ, щэнхабзэ (культурэ) ди адэжьхэм къытхуагъэнамрэщ дызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэр. ИкIи а зэщхьэщыкIыныгъэр Дунеим и дахагъэщ! Лъэпкъ псори дызэхуэдэу щытамэ сытыт абы дахагъэу хэлъынур? Ауэ щыхъукIэ, ди лъэпкъ нагъыщэхэр дывгъэхъумэ!
Мы тхыгъэр зыхуэгъэзар адыгэхэращ.
Адыгэ, Къэбардей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм щыпсэухэм, Москва, Краснодар крайм (Къалащхьэм, Успенскэ районым, Хы фIыцIэ Iуфэм) щыпсэу адыгэхэм, Ставрополь крайм (Кочубей, Курской районхэм) ис адыгэхэм, Северная Осетия-Алания республикэм (Мэздэгу къалэми районми) щыпсэу адыгэ чристанхэми муслъымэнхэми.
Мы тхыгъэр хуэгъэзащ Иордание къэралыгъуэм пщIэшхуэ щаIэу абы ис адыгэхэм, Сирием щыпсэу адыгэхэу адыгагъэ куэд зыдэслъэгъуахэм, Израилым ис, дахэу зызыхъумэжыфа, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж адыгэхэм, Германиемрэ Голандиемрэ щыпсэу адыгэу псэемыблэжу лъэпкъым зыщIэзгъакъуэхэм, Америкэм ис адыгэхэу къабзагъэрэ гуихарэкIэ лъэпкъым хуэлажьэхэм, нэхъыбэ дыдэу зы щIыпIэм щыпсэу, бжыгъэкIи мылъкукIи зэфIэкI ин дыдэхэр зиIэу Тыркум ис адыгэхэм. Францием ис адыгэхэу иджы дыдэ Адыгэ Хасэ къызэIузыхахэм. Дунейпсом тет адыгэу зэзэгъхэми, зэмызэгъыу тетхэми. Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Египетым, Ливием щыпсэу «адыгэ кIуэдыжахэу» зи бзи зи хабзи зыщыгъупщэжа, зэгуэрэм адыгэм къызэрыхэкIауэ щытам нэхъ зымыщIэжхэми, адыгэ щэнхабзэр, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр нэхъ куу дыдэу зыщIэхэми.
Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэм емыпхауэ къызэрыгуэкI адыгэхэми, щIэныгъэрылажьэ лъэщхэми.
«Хэкужьыр зыхъумар хэкурысхэращ, ауэ ар зэфIэзгъэувэжынур хэхэсхэращ»- жызоIэ. Хэхэсу щытауэ, гугъуехь псоми ебакъуэу «Хэкужьым и гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ, и гукъеуэри си гукъеуэщ, и хьэлъэри дэсшэчынущ»- жызыIэу зи Хэкужь къэзыгъэзэжахэми яхуэгъэзащ мы псалъэр.
Сыхуейщ мы псалъэр янэсыну пщIэшхуэ зыхуэтщIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэми, ЩIэныгъэмкIэ Дуней Адыгэ Академием и Тхьэмадэми, фIыкIэ дызыхуэупсэ, Адыгэ Хэкур ягъэщIэрэщIэжынкIэ дызыщыгугъ ди нэхъыщIэхэми, ди нэхъыжьыфIхэу куэдрэ дяпэ итынкIэ дызэхъуэхъухэми.
Дэ, адыгэ псори, дызэщхьэщокI гупсысэкIэу диIэхэмкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, дызыщыпсэу щIыпIэхэмкIэ, дин зетхьэхэмкIэ, Iуэху дызэлэжьхэмкIэ. Ауэ дэ псоми фIылъагъуныгъэ худиIэщ ди лъэпкъым, псори дыкъызэщIиубыдэу диIэщ зыуэ Адыгэбзэр, Адыгэ Хабзэр, Адыгэ Хэкужьыр.
А щым я нэхъыщхьэр адыгэбзэрауэ щытщ. Адыгэ Хэкужьыр зыгъэдахэр адыгэ хабзэу лъэпкъым иIэращ. Адыгэ Хэкужьыращ адыгэ хабзэри, адыгэбзэри псэхуиту здызекIуэфыну щытыр, Къэралыгъуэ Хабзэми гуащIэ къащритыфынур Адыгэ Хэкужьым дежращ .
Дэ къытщIэхъуэ сабийхэм ядгъэщIэн хуейщ ди адыгэжь Нарт эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр, адыгэ усакIуэхэмрэ, тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр. Ахэр анэдэлъхубзэкIэ зэрытхам хуэдэу, ди лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэхэр хамэ менталитетым имыгъэхьауэ къабзэу щIэблэм янэдгъэсыпхъэщ. Дыхуейщ КIэрашэ Темботи, ПащIэ Бэчмырзи, ЩоджэнцIыкIу Алии, Къубэ Шэбани, КIыщокъуэ Алими, МэшбащIэ Исхьэкъи, Щхьэлахъуэ Абубэчыри, ХьэдэгъэлI Асчэри, КъардэнгъущI Зэрамыкуи, Нэло Заури, МэфIэдз Сэрабии, Хьэкъун Бэрэсбии, Къуёкъу Нальбии, Дыгъужь Къурмэни, ХьэIупэ Джэбрэили, Ацкъан Руслани, Нэхущ Мухьэмэди, Бицу Анэтоли, Бемырзэ Мухьэдини нэгъуэщI тхакIуэ усакIуэ лъэщхэу зи цIэр мыбдеж къизмыIуэфахэми я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэрытхам хуэдэу ди сабийхэр едгъэджэну. Адыгэ лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэ къабзэхэмкIэ дадэгуэшэн, ди лъэпкъым и къэкIуэнум епха гупщысэхэр адыгэбзэкIэ ди щIэблэм ялъэдгъэIэсын хуейщ.
Дэ догугъэр ди сабийхэм Адыгагъэр дину къащтэжыну, Нарт IуэрыIуатэр ди лъэпкъым и блэкIам и уэсяту яIэну. Дунейпсо эпос жьантIапщэм я Тхьэмадэр адыгэбзэм къыдэунэхуа Нарт эпосращи, ХьэдэгъэлI Асчэр и «Нартхэр», «зэшибл-томиблу» къыдэкIар, дгъэпсэун хуейщ зэрыщытым хуэдэу, къыткIэлъыкIуэ ди щ1эблэр хуэдгъэхьэзырын хуейщ адыгэбзэкIэ абы еджэфу.
Апхуэдэ зэфIэкI здэдгъуэтынури ди Хэкужьращ, апхуэдэ зэфIэкI къыдэзытынури Урысей Федерацэм и Хабзэхэращ.
Хъуэтыкъуэ Самир дахэу ди пащхьэ къырилъхьащ Адыгэ Хэкум и Тхыдэр («История Черкесии», г. Санкт-Петербург, 2002 г.), ижь дыдэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху.
ИлъэсипщIым пэблагъэу тригъэкIуэдащ абы а лэжьыгъэ адыгэ лъэпкъым дежи Дунейпсом дежи мыхьэнэшхуэ зиIэм. Куууэ хэлэжьыхьащ ар адыгэ тхыдэжьым нобэрей еплъыкIэкIэ. Дунейпсо еплъыкIэ захуэкIэ, еплъыкIэ пэжкIэ гъэнщIащ а лэжьыгъэр.
Урысей Федерацэ Президентым и Администрацие УнафэщIым и дыIэпыкъуэгъу, етIуанэ класс нэгъыщэ зиIэ къэралыгъуэ чэнджэщакIуэ, къэрал Iуэхузехьэ лъэщ, Хъупсырокъуэ Назир щыжи1ащ тхыдэтхым къыдигъэкIа тхылъым и пэщ1эдзэ псалъэу:
«Хъуэтыкъуэ Самир итха тхылъыщIэм гъэтIысауэ щIэныгъэ гъэпсыныгъэ зэриIэм нэмыщIу, сэ сыдихьэхащ а щIалэм шынагъэ игу къыримыдзэу ди блэкIам и Iуэху нэхъ гуащIэ дыдэхэм зэрытепсэлъыхьам.
Япэдыдэу Кавказым я щIэныгъэ гупсысэкIэхэм ящыщу мыбдежращ дыщыIущIэр адыгэм и тхыдэр Хатт (Хьэт) цивилизацием (зэхэтыкIэм), Мейкъуапэ щэнхабзэм (культурэм) къыщыщIэдзауэ нобэрей гъащIэм къынэсыху лъэныкъуэ куэдкIэ зэдэплъагъуу, уеплъыфу.
Сэ гъэщIэгъуэн къысщыхъуащ адыгэм и блэкIа гуIэгъуэрэкIэ, лъэпкъым ищхьэ фIыуэ езыгъэлъагъуж, зыгъэлъагэ Iуэхугъуэ куэдхэмкIэрэ гъэнщIа адыгэ хэхэсхэм я тхыдэм теухуа едзыгъуэхэр. Совет лъэхъэнэм пцIыкIэ гъэнщIа гупщысэхэм дырагъаджэт, Урыс Пащтыхьхэм я къэралыгъуэ унафэщIхэм адыгэ лъэпкъым кIэлъызэрахьа фIеягъэхэр зэрагъэпщкIуным, зэрыщIауфэным пылъхэурэ.
ЖаIэр арат: Адыгэр егъэзыгъэкIэ, зауэрэ мафIэрэкIэ Хэкужьым ирамыхуауэ, атIэ Тыркум Iэпхъуэжын щIэхъуар ислам дин фанатизмэ адыгэм куэду яхэлъу щыта хуэдэу; гъэпцIагъэкIэ хамэщIым щIагъэхъуэпсарэ абдежым тхьэмыщкIагъэмрэ гъаблэмрэ ихьхэу; щIыгу къырамыту, ягъэпщылIу, ящэ-къащэхужу щытауэ».
Хъупсырокъуэ Назир мы тхыгъэмкIэ дигъэлъэгъуащ, Урысей Федерацэм и япэрей Президент Ельцин Борис Кавказым ис лъэпкъхэм закъыхуигъазэуи жиIащ урыс пащтыхьхэр щыпсэуа зэманми, совет зэманми Урыс-Кавказ зауэм еплъыкIэу ди къэралыгъуэм деж щызэрахьар зэхъуэкIын зэрыхуеир.
Тхыдэм уасэшхуэ ират лъэпкъ псоми, ауэ дэ адыгэхэр псорикI цIыкIуи ини тхыдэтхым хуэдэу ди тхыдэ тщIэжуэ дыщытын хуейщ. Адыгэбзэм еплъыкIэу хуидиIари зэтхъуэкIын хуейщ.
«Адыгэбзэм дэнэ нэс уихьын? Къуажэм удэкIмэ бухащ. Ди сабийхэр абы щIеджэн щыIэкъым» жызыIэхэр ди лъэпкъыр зыгъэцIыкIу политикэу Пащтыхьыгъуэ Урысейми, Совет Властми зэрахьэу щытар дэзыIыгъхэращ. Эстонхэр зы мелуан иримыкъу пэтми иролажьэ, ироджэ, иропсэу эстоныбзэм. Мы Дунейм а бзэмкIэ ярыхохьэ эстонхэр. Адыгэбзэм ирипсэлъэфыр мелуанищым къохъу. ИкIи дыхуэныкъуэщ, икIи дгъэпсэун хуейщ ди лъэпкъыбзэр.
Дэ фыкъыхудоджэ бзэм ирилажьэхэм фадэIэпыкъуну, иджырейхэм «фонд» жыхуаIэхэр зэхэфшэну, тхыгъэхэмкIэ фи гупщысэхэр къэвгъэлъэгъуэну, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм фызэрыхуэныкъуэр къэфIуэтэну.
НобикI дэ къытхэтщ адыгэбзэм мыхьэнэ езымыт. Апхуэдэхэр я гупщысэхэмкIэ къыддэгуашэтэмэ гуапэ къытщыхъунт. Апхуэдэ Iуэхугъуэми къигъэлъэгъуэр аращ – а цIыхур бзэм и Iуэхум зэригъэгумэщIращ. «Тхьэр щыIэу си фIэщ хъукъым» жызыIэм къегъэлъагъуэ Тхьэр зэрыщыIэр.
Дэ ди гуапэщ адыгэбзэм фыщытепсэлъыхькIэ. Фытепсэлъыхь хамэбзэкIи, анэдэлъхубзэкIи. Адыгэбзэм и гугъу фщIыху абы и гуащIэм хуохъуэ. Ауэ нэхъыфIыр арат – адыгэбзэр хъумэным, адыгэбзэр зэрыпсэуным и гъуэгу дахэр, гъуэгу дэкIыпIэр къыхуэдгъуэттэмэ.
Абы и IуэхукIэ куэд ялъытащ нобэ ди адыгэ Президентхэм. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж Президентым и лъэпкъым и бзэр ищIэнущ, и лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ (адыгэбзэкIэ) щIэныгъэ иригъэгъуэтынущ. Лидер (Ц1ыху пажэ) жыхуаIэр лъэпкъым и пажэращ. Ар сыт щыгъуи пылъынущ лъэпкъ Iуэхум, лъэпкъым и бзэм, и щэнхабзэм (культурэм) зиужьыным, лъэпкъыр зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ нагъыщэхэр хъумэным.
Дэ зэдгъэпэщащ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ автономие Черкесск къалэм и деж икIи Урысей Федерацэм и хабзэм ипкъ иткIэ ар Къэралыгъуэ реестрым хатхащ.
Дэтхэнэ адыгэри зэлэжьын хуейуэ щытыр, адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономиери зытелэжьыхьн хуейуэ тлъытэ 1уэхугъуэхэр мы къыкIэлъыкIуэхэращ:
- Сабий IыгъыпIэхэр (сабий сад) гъэпсын хуейщ, илъэс къэс илъэсищ зи ныбжь сабийхэр щиIыгъыну къищтэу. Абдежым адыгэбзэрэ адыгэ хабзэкIэ ягъасэу, адыгэ уэрэдым, адыгэ къафэм хуагъасэу, адыгэбзэкIэ еджэфу еджапIэ щIыхьэгъуэм нэс яIыгъыну. Адыгэбзэм игъусэу урысыбзэр, инджлыбзэр фIы дыдэу ирагъащIэу щытын хуейщ.
- А сабий гупыр еджапIэм щыщIэхьэм деж техуэу ахэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ гъэхьэзырын хуейщ..
- Апхуэдэу адыгэбзэкIэ псори щадж курыт еджапIэм урысыбзэр, инджлыбзэр кууэ ирагъащIэурэ ирагъэджэн хуейщ.
- Дэтхэнэми ищIэн хуейщ бзищ: и лъэпкъыбзэр (адыгэбзэр), и къэралыгъуэбзэр (урысыбзэр), Дунейпсор зэрызэпсалъэ бзэр (инджлыбзэр).
- Дэ ди гуапэщ адыгэ лъэпкъым чристан дини муслъымэн дини зэрызэрихьэр. Дин зэщымыщу тIу зезыхьэ лъэпкъым къегъэлъагъуэ дин псоми шэчыныгъэ зэрахуиIэр , икIи ар лъэпкъым и дэхагъэм, и тхыдэм щыщщ. Гуапэ дыдэщ адыгэ чристанхэм езыхэм къагурыIуэурэ ябзэкIэ (адыгэбзэк1э) дин Iуэхухэр зэрызэрахьэр.
- Муслъымэн динри чристан динри адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щаджын хуейщ, иужькIэ ди лъэпкъым дин иIыгъхэр адыгэбзэкIэ зэрихьэн папщIэ. Абы бзэри динри егъэкъабзэ, быдэ ещI. Диныр адыгэбзэк1э щызепхьэк1э абы адыгэбзэр ихъумэнущ.
- Илъэс пщыкIухкIэ сабий IыгъыпIэмрэ (илъэсиплI) курыт еджапIэмрэ (илъэс пщыкIутI) апхуэдэу ирагъэджа щауэм е пщащэм и еджапIэ нэхъыщхьэ щIыхьэныр нэхъ пасэу гъэхьэзырауэ щытын хуейщ. Абы епхауэ Америкэм, Англием, Испанием, Германием, Москва, Къэбердей-Балъкъэрым, Адыгей Республикэм я университет нэхъыфI дыдэхэм, ди щIалэгъуалэу а адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щIэныгъэ щызыгъуэта, урысыбзэмрэ инджлыбзэмрэ кууэ зыджахэр щIыхьэным зэзэгъыныгъэ (договор) гъэбыда къахуэдгъуэтауэ щытын хуейщ. СытмикI, апхуэдэу щыхъук1э, дэ зи гугъу тщIы еджапIэр къэзухым «Гарантие» иIэнущ Университетым щIыхьэну.
- Адыгэ еджапIэм иIэн хуейщ сертификат, а еджапIэр къэзухар абы къыщырата тхылъымкIэ зэзэгъыныгъэ зыдэтщIа нэгъуэщI къэралхэми, дэ ди къэрал университетхэми экзамен хэмытыжу ящтэну гъэпсын хуейщ.
- Адыгэбзэм и Институт зэIутхын хуейщ, Америкэми, Франциеми, Голандиеми, Германиеми, Япониеми, Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми къикIыурэ ди деж адыгэхэри, хуеймэ нэгъуэщI лъэпкъхэри, щеджэн щхьэкIэ. Адыгэхэм зэпыщIэныгъэ лъэщ мы Дуней псом щыдиIэнущ итIанэ. Адыгэр зэришэлIэнущ абы, зэгуригъэIуэнущ.
- АдыгэбзэкIэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу еджапIэхэр (профессиональные училища, лицеи, колледжи) дгъэпсын хуейщ.
- Лъэпкъым иIэн хуейщ Университет, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу.
- А псори дэ зэфIэтхын хуейщ хабзэкIи мылъкукIи Урысей Федерацэр къыддэIэпыкъуурэ, дэ а къэралым дырилъэпкъыу дыщилъытэк1э.
- Мы 1ухугъуэхэр гъэпсыным дэIэпыкъун хуейщ мылъку зезыгъэкIуэф икIи абы щыщ ахъшэ адыгэбзэм зиужьыным хуэзыгъакIуэ цIыхушхуэхэр, адыгэу ди Хэкужьым щыпсэухэр, нэгъуэщ1 фондхэр, хамэщIым щыпсэу адыгэхэу ХэкужьымкIэ къаплъэхэр, зигурэ зипсэрэкIэ Хэкужьым пыщIахэр.
- Дэ къыддэIэпыкъун хуейщ Дунейпсо организацэхэр, фондхэр, ЮНЕСКО-р.
Дауэ мыхъуми илъэс къэс нэрыбгэ щэ бжыгъэ адыгэбзэрэ адыгэ хабзэрэкIэ гъэнщIауэ, университетхэм щIэдгъэтIысхьэфыу гъэпсын хуейщ.. Ахэм Университетхэр къауха иужь къагъэзэжынущ я Хэкужь.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ зепхьэныр псынщIэщ, упылъу щытмэ, нэрылъагъуу дахэщ, фIыщ.
- Апхуэдэ сабий IыгъыпIэм къащтэну къанхэр лъэпкъкIэ зэхэдзауэ щытын хуейкъым, атIэ ар урысуи ирехъу, абази, балъкъэри, нэгъуеи ирехъу, ауэ и анэ-адэм зэзэгъыныгъэ дэщIауэ адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зыгъуэтыну хуей сабийхэращ.
- Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр мыкIуэдыным шхьэкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ зыгъэпсэун ц1ыхущ дызыхуеир, мыхъумэ лъэпкъ щхьэхуэ хэубыдыкIакъым.
-Абы дэщIыгъуу университетхэм щIалэегъаджэхэр (егъэджакIуэхэр) щыгъэхьэзырын хуейщ, адыгэ курыт еджапIэм, адыгэбзэ институтым, Адыгэ университетым щезыгъэджэнухэр.
- ЕджакIуэхэр зэрырагъэджэну Программэр Урысей Федерацэм урысыбзэкIэ гъэунэхуауэ иIэ Программэр зи лъабжьэращ.
- Тхылъ сабийхэр зэреджэнухэр гъэхьэзырын-зэдзэкIын хуейщ адыгэбзэкIэ: хьисэпри, химиери, физикэри, ботаникэри нэгъуэщIхэри.
«АдыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ»,- щыжысIэкIэ абы зэдзэкIын куэд хэлъкъым: щIэныгъэ щхьэхуэ къэс езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ. Хьисэпыр зэрытхари зэраджри урысыбзэкъым ик1и инджылызыбзэкъым, дэ къызэрытщыхъум хуэдэу, атIэ хьисэпыбзэщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи хьисэп нагъыщэхэр зыщ я мыхьэнэкIи я сурэткIи. Радикалыр √ адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, инджлыбзэкIи зыуэ щытщ.
Химием дежи, дэтхэнэ бзэмкIи Н2О-р – псыщ. Апхуэдэщ щIэныгъэ псорик1. ИкIи псынщIэщ ахэр зэбдзэкIыну, ауэ упылъын хуейщ, зэман ебгъэхьын хуейщ.
Адыгэ мэкъамэ дахэхэр зэратхри урыс, инджылыз, испан мэкъамэ зэратхри зы бзэщ – мэкъамэбзэщ, музыкэм и бзэщ. Абы нэрылъагъу ещI музыкэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным щхьэкIэ узыхуэныкъуэр мэкъамэбзэр зэрыарам.
Шахматым езым и бзэ иIэщ, икIи е2-е4 жэуэ щыптхкIэ ар инджылызми, урысми, адыгэми къыгуроIуэ, ар лъэпкъыбзэкъым, атIэ шахмат щIэныгъэм и бзэщ.
Бзэр зэзыгъэпэщыжа лъэпкъхэу щапхъэ дэгъуэ дыдэхэр щыIэщ. Журтхэм (еврейхэм) илъэс минкIэ иримыпсалъэжауэ журтыбзэ Израилым деж зэрагъэпэщыжащ. Нобэ журт сабийхэм журтыбзэкIэ щIэныгъэ ирагъэгъуэт. Тыркухэм я бзэр ягъэкъэбзащ. Абы нэхъ зэхэтхъуа гъуэтыгъуейт, ауэ тыркубзэр ягъэкъабзэжри зэрагъэпэщащ тыркубзэ къабзэ, икIи сабийхэм щIэныгъэ зэрагъуэтыр тыркубзэщ.
Тыркубзэр нэсу зыухуахэм адыгэм и бын куэди яхэтщ. Щапхъэу къэпхь хъунущ тхакIуэу Омер Сейфиддин (Хьэткъуэ), мы Дунейпсо литературэм и «классику» къалъытар.
ЩыIэкъым бзэ цIыкIу е бзэ ин. ЩыIэу щытми адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм, нэхъ дахэхэм, нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-Iэрыхуэ дыдэхэм ящыщ. Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ адыгэбзэм и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ. Абы къикIуа гъуэгур апхуэдизкIэ кIыхьщи уасэрэ пщIэуэ бзэщIэныгъэлIхэм хуащIыр мылъытэщ. Адыгэ-Абазэ бзэ гупыр зыхыхьэ Ищхъэрэ-Кавказ бзэ быным и ныбжьыр индо-европей, алтай, угро-фин бзэ бынищым зэхэту я ныбжьым хуэдизщ. Абыми къыхэкIыу дэтхэнэ зы адыгэми ди анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейщ, дгъэпсэун хуейщ.
«ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну! Тхъумэн-дгъэпсэун жыхуэтIэм къикIыр зыщ – нэхъыбэу дырипсэлъэн, дырилэжьэн, Дунеим дырытетын, дыреджэн, езыри едгъэфIэкIуэн»- жиIауэ щытащ Хьэкъун Бэрысби, еджагъэшхуэ, ботаникэ-мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэр адыгэбзэкIэ зытхыу къыдэзгъэкIам. Хьэкъун Бэрысби хуэдэхэм яхузэфIэкIынущ адыгэ курыт еджапIэр зыхуэныкъуэну, ботаникэмрэ, мэкъумэш щIэныгъэхэмрэ епхауэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ тхуагъэхьэзырыну. Нэгъуэщ1 адыгэ щ1эныгъэрылажьэхэми ягъэхьэзырыфынущ апхуэдэ тхылъхэр.
Щапхъэ дахэу щыIэщ нобэ Къэралыгъуэм имейуэ, цIыху щхьэхуэхэм къызэрагъэпэщауэ бзэщIэныгъэ университетхэр. Урысей Федерацэм и деж нэхъыфI дыдэхэм хабжащ апхуэдэ университету адыгэ бзылъхугъэ щIэныгъэрылажьэ бзэщIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА и академик Сэкий Риммэ къызэригъэпэщар.
«Адыгэбзэм къэкIуэн иIэкъым»- жызыIэм дыкъегъапцIэ, ар академик тIуащIэу щытми. Псори зэлъытар бзэр зей лъэпкъращ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. Апхуэдэ лъэпкъми езым хуэфащэу Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэдагъэува бзэ Iуэхур зэфIэзыхын Тхьэмадэ Тхьэм къыритынущ.
Урысым урысыбзэр игъэкъэбзэн игугъэщ икIи сыт щыгъуи иолэжь а Iуэхум. Урысей Федерацэми и Хабзэм жиIэр аращ: Дэтхэнэ цIыхуми бзищ зэвгъащIэ: фи лъэпкъыбзэр, урысыбзэр, хамэщIыбзэр.
Аращи дэри дытевгъэувэ щIэныгъэбзэм, адыгэбзэ лъабжьэ едывгъэти! Адыгэбзэри тхъумэнущ, щIэныгъи нэхъ куууэ дгъуэтынущ, лъэпкъри къызэтена хъунущ.
«Iуэху мыублэ блэ хэсщ» - жеIэ адыгэм. Iуэхур щIэбдзэмэ кIуэнущ.
Дытевгъэувэ зы гъуэгу, и гъащIэр кIыхь хуэдывгъэщI адыгэбзэм, ди дадэжь нанэжьхэм къащIэнам! Ди анэ-адэхэм ябзэр, ди Хабзэ дахэм и бзэр къахуэдывгъэгъанэ ди къуэрылъху пхъурылъхухэм!
Ди лъэпкъыр къызэтенэну дыхуейуэ щытмэ, ди адыгэ хабзэр псэуну дыхуейуэ щытмэ, зы гъуэгу закъуэщ щыIэр – Ди щIэблэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ ядгъэгъуэту дгъэпсын хуейщ.
НэмыщI гъуэгу щыIэкъым! Къэралыгъуэ хабзэкIэ – Урысей Федерацэм и ХабзэкIэ - ди сабийхэм щIэныгъэ я анэдэлъхубзэкIэ ягъуэту щытын хуейщ!
«АдыгитI зэхуэзэмэ зэзэгъкъым»- жэуэ япэ дыдэ жызыIар адыгэ лъэпкъым и бийщ. Зэхуэзахэр адыгэу щытмэ, адыгэ хабзэкIэ къызэдекIуэкIмэ дауэрэ ар зэмызэгъынрэ?! А тIур адыгэу щытмэ зыр зым хуэсакъынущ, ихъумэнущ. Ахэр адыгэу щытмэ! Дэри дыадыгэу дыщытмэ, е адыгэ дыхъужыну дыхуеймэ дызэкъуэвгъэувэ, зыдывгъэхъумэж.
УсакIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» фIэщыгъэцIэ зиIэ усэм щыжеIэ:
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
АдэкIи щIоупщIэ:
Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?!
Къэвгъуэти тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
Ди гъащIэ тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
Сыт щыгъуи зытхъумэжурэ дафIэпсэуащ дигъащ1эм, нобикI дыкъикIын хуейщ дызэрыт щытыкIэм, ноби псэук1э тэрэз къэтщтэжын хуейщ!
Апхуэдиз зи лъэпIагъ, зи лъэгагъ мы Дунеишхуэм цIэрыIуэ щыхъуа Адыгагъэр зей лъэпкъым ар тхъэжурэ къигъэщIакъым, атIэ махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс елэжьурэ, зыкIэлъыплъыжурэ, зихъумэжурэ, зэригъэпэщурэ, телъэщIыхьурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ, апхуэдэурэ Адыгэ зищIащ адыгэм. ИкIи нэхъыбэ дыдэу а фIагъ псор зэзгъэпэщар адыгэ бзылъхугъэращ, абы и губзыгъагъэращ.
Адыгагъэр зэхэзгъэувари, хъулъхугъэр (цIыхухъур) адыгэлI зыщIари мы Дуней псом я нэхъ губзыгъэу Адыгэ бзылъхугъэращ. ИджырикI Адыгэ Лъэпкъым и гугъапIэр, бзэри хабзэри къэзыIэтыжыфынур Адыгэ бзылъхугъэращ!
Нобэ «Бзэм сыхуэлэжьэнущ, зы Iыхьэ тIэкIу хэслъхьэнущ», жызы1э дэтхэнэ ц1ыхуми ар зэригъэпсын гъуэгу игъуэтынущ. «ДэIэпыкъуэгъу мылъкукIэ сыфхуэхъунущ»-жызыIэм зы сом, сомипщI нэхъ имыIэми фондхэр зэ1уфхи хэфлъхьэ. Сом бжыгъэу хэфлъхьэм елъытакъым фIагъыу къэфхьынур, атIэ зэрыхэфлъхьэращ нэхъ лъапIэр, адыгэбзэм хуэгумэщIым и бжыгъэр нэрылъагъу зэрыхъунуращ.
Тхьэм иригъэф1ак1уэ адыгэбзэр! Гъуэгу техьэ тенэгъым. Тхьэм гъуэгу Махуэ тришэ ди адыгэбзэр!
Уэхъутэ Александр – Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ
Автономием и Тхьэмадэ

Оффлайн Турхьан

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 6
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #10 : 14 Февраль 2013, 16:15:07 »
 гуп мафэ тхьам шуеш1 шуи1офхэр тхьам регъэшу1ак1ох

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #11 : 14 Февраль 2013, 16:35:58 »
Турхьэн, къеблагъэ! Бзэм, тхыдэм теухуауэ уэ къыджеп1эн уи куэдщ! Уи тхыгъэхэм соджэ зэпыт

Оффлайн Турхьан

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 6
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #12 : 14 Февраль 2013, 17:43:43 »
зэфэгупсэу зэнэт1упц1л1эрэ пстэор зэпсэгъоу тхьам зэдегъэпсэу.хьайырджэ теблагъ. уиблагъи уезыгъэблагъи тхьам егъэбагъу латиным сыгуры1ушэрэп
къирылджэ укъэтхэжым сигуапэ хъун

Оффлайн Турхьан

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 6
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #13 : 14 Февраль 2013, 18:20:05 »
бзэм сытепсэлъахьынэр лъэшэу сич1ас сэ ц1ыфы сызыш1ырэр синылъфыбзэ арыш.сэ япэрэ
илъэситфэу еджап1эм сызэрэк1агъэр сэухыфэ сянэ ибыдзышэу сызэшуагъэр сипэджэ
къырафыжыгъ. а илъэситфэр зысэухым шхьарыт1упшэу гъаш1эм сыхэлъади сигъаш1э синылъфыбзэджэ сыджыжыгъ.тэ иджы т1улъ бзэр 1орыш1абзэ ш1эныгъабзэр тш1эжырэп
адыгабзэр ц1ыфыбзэ ц1ыфыбзэри ш1эныгъэ зыхэлъэу озгъаш1эу узгъасэрэ бзэр ары.
зышапхъэ къэсхьын зэгъаш1э. зыт1оджэ. тымыгъаш1эу зэдгъэш1эн зэрэтымлъэч1ытэр
къэтэ1о.плъэнымрэ.лъэгъунымрэ къыта1орэр тш1эрэп.сыхэмыхьашэу шызгъэтын.тибзэ тымыджыжэу
зыкъэтш1эжын тлъэч1ытэп. тэ тымыджэу. теджэ. яджыгъахэм.

Оффлайн Турхьан

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 6
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
« Ответ #14 : 15 Февраль 2013, 14:20:00 »
УМЦ1ЫХУМЭ УЗЭР АДЫГЭРИ  ПЦ1ЫХУЖЫНКЪЫМ.
арышы уинылъфыбзэ п1умылъым къыуа1орэр уишу1эшъхъузэ 1орыш1э ухъут иджы тызэрэхъугъэм фэдэу. адыгэм. лъэхъаниш игъэш1агъ.зэр.зы адыгэ лъэхъан. ет1уанэр.зы адыгэфэдэ лъэхъан
ешанэр.зымы адыгэж лъэхъан. иджы тызэрыт лъэхъанэр арары ты адыгэжэп иджы ты адыгэ къытшу1эшъ1ы нахь.сы адыг п1оджэ адыгэ ухъурэп у адыгэу умыпсэум у адыгэп.тэ иджы тызыфэдэри тш1эжырэп. шыгъу пшагъэм фэдэу тызэхэпшагъэу гъушырэр такъозэ ипхъахь итэкъуахэу тыратэкъуахьи.тишу1эщъхъуныгъэ тшу1агъэк1оди. къашу1эш1ыгъэр тишу1эшъ яш1ыгъэу
тызыхэсым тафэмыдэу.тызыфэдэм тамыдэжэу.тыхьазэуазэу.пчъэгум тыкъинагъ