Последние сообщения

Страницы: [1] 2 3 ... 10
1
Мы гъэм илъэсищэ ирикъунут Щоджэнц1ык1у 1эдэм
дунейм тетыжамэ.Налшык езанэ гимназием мы 1уэхугъуэр 1эщ1ыб ищ1ыфакъым.Абы
къыхэк1ыуи Нэгъуей Мадинэ,Махуэ Маринэ,Махуэл1 Беслъэн сымэ  пшыхь
къызэрагъэпэщащ.Пшыхьым хьэщ1э лъап1и
къыщрагъэблэгъащ-1эдэм ипхъу,бзэ щ1эныгъэхэм я доктор,профессор,ц1ыхубз
дахэ Щоджэнц1ык1у Нинэ.

Сабийхэр пшыхьым къыщеджащ 1эдэм и усыгъэм щыщу
нэхъыф1хэм,выставкэ хьэлэмэтри щагъэуващ,1эдэм и усэхэр зыщ1элъ уэрэдхэри
щы1уащ гитарэк1э.Нинэ и гукъэк1ыжхэр къи1уэтэжащ удэзыхьэх
теплъэгъуэхэу.Къызэрыщ1эк1амк1э,1эдэм теухуауэ тщ1эр мащ1эщ.Тхэным
щынэмыщ1ауэ,ар спортми дихьэхырт.къафэрт,сурэти ищ1ырт.

Ц1ыху гъащ1эм и пщалъэр сыт?Къигъэщ1а илъэс
бжыгъэр ара,къызэринэк1а щ1эблэра,е илэжьа 1уэхура?Сытк1э къыупщыну и
ныбжьыр,псалъэм папщ1э,усак1уэм,сатыр минхэр къэзыгъэщ1ам,лъэпкъ усыгъэм зи
гуащ1эр щхьэузыху хуэзыщ1у гум илъ,псэм зэхищ1э дахагъэ псори макъамэ
гурыхьыр  и гуэгъуу ди нобэм
къэзыгъэсам?Ц1ыху къэс езым и дуней и1эжщ.Щоджэнц1ык1у 1эдэми и1эжт
дуней,налкъуту и усэхэмк1э зэщ1игъаблэу,узы1эпишэрэ удэзыхьэх
прозэу.Хуабагъэ,дэрэжэгъуэ,дахагъэ къозыт,ф1ыгъуэк1э къыбдэугуашэ усак1уэм и
тхыгъэхэр дауэ щ1омыджык1ынрэ?!Къемызэгъынщ!Псэм къыщепс дыгъэм къит хуабагъэр
абы усэбзэ къабзэу къигъэщ1ащ.Арагъэнущ и тхыгъэхэм Хэкум,анэм,лъагъуныгъэ
пэжым,ныбжьэгъугъэм теухуа тхыгъэхэм щ1ып1э ин щ1ыщаубыдри.Сыт и уасэ
"1уащхьэмахуэ","Хэку","Гухэлъ","Сабий","Гъатхэр
ф1эф1т","Анэдэлъхубзэ"усэхэр щ1эбджык1ыну?Куэд дыдэ и
уасэщ,уеблэмэ,уасэншэщ.
2
Анэдэлъхубзэ.Ди анэм къыдита,къыдбгъэдилъхьа
бзэ.Тыгъэ нэхъ лъап1и щымы1э!Япэу  гущэкъу
уэрэду тхьэк1умэм къи1уэ,гъэф1агъыбзэу къыдагъэлъэлъэх,къызэрытхуэгуапэ  бзэ.1уащхьэгум дызэрыдрахьей,ди джылъхьэм
хэшэпсыхьауэ ди гупсысэр бзыгъэ зыщ1-АНЭДЭЛЪХУБЗЭ!

У бзэ дахэщ си анэдэлъхубзэу адыгэбзэр.Макъыбэу
зэрылъэлърэ щэху куэди зыбгъэдэлъщ.Къуршыжьхэм епсэлъэфри уэркъэ,бгъащхъуэ ину
уафэм щыхуарзэм илъагъу дахагъэ псори къезыгъэ1уатэр уи бзэкъэ?!Тхьэ1ухуд
шырхэм я хабзэ-нэмысыр уэркъэ зы1уэтэфыр.щауэ къуданым и зэф1эк1ыр зыгъэиныр
уэракъэ,ди дадэ жьак1эхум и хъуэхъур тыгъэ къытхубощ1,нанэ и шыгъуп1астэм и щ1ык1эр
бзэ 1эф1к1э утыку иболъхьэ.Тхак1уэ дунейм дыщыбогъэхьэщ1э,усак1уэм и бзэм и
къулеягъыр на1уэ тщыбощ1.Дыгъэм и бзийк1э укъыттопсэ,бжьыхьэ дыщафэм тетхыхьыр
уэркъэ,гъатхэ щ1эращ1эм и гъагъэр уи бзэкъэ?!

 Сф1эф1щ
срипсэлъэну си анэдэлъхубзэм.Си бзэм къару къызет ик1и сегъэин.Сыхуейщ щы1уну
ар дэнэ щ1ып1и.Ар сыт и дежи си 1эпэгъущ,си щ1эгъэкъуэнщ,сызыгъэлъагэщ.Жьы
мащ1э къепщэм ар дзапэ уэрэду дожьууф,псы ц1ык1у къежэхыр гуэгуэным къабзэу ирегъэлъадэ,щ1амахуэ
уэс хужьыбзэу щ1ым къытогъуалъхьэ,гуэдз щхьэмыж зэ1ущащэм я щэхур уэрэду егъэ1у!


Сыхуейщ дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми ущагъэлъап1эу
дахагъэ псори анэдэлъхубзэмк1э ща1уэтэну!Адыгэбзэу си анэбзэр налкъуту улыдыну,ц1ыхупсэхэм
ф1ым я ф1ыжыр жылэу щыхэпсэну.Хъугъэ къыдиту хуежьа нэужьк1э,тлъагъур
дгъэбатэу,ар едгъэф1ак1уэу дэри дыпсэуну!
3
Адыгэбзэр зэрытщ1ынур...Пэжу итхыгъащ мы псалъэхэр усак1уэм.Сыт зэрытщ1ынур адыгэбзэр,Къэбэрдей-Балъкъэр  республикэ дыдэм 1умпэм ящ1ым-ящ1урэ хыф1адзэжыпа бзэр?!Урысейм ущигъэлъап1эркъым,къулей узыщ1къым,уи щхьэр лъагэу уэзыгъэ1эткъым...Сытым и 1ыс уи анэм къыбдигъэщ1а бзэр, ди нэхъыжьхэм ямыгъэк1уэдыжу нобэм къэсар?Ей,фымыпсалъэ-т1э фи анэбзэмк1э,фыщымыпсэу адыгэбзэр здэ1у щ1ыналъэм,фемыда1э ди уэрэдыжьхэм,хъуэхъу псалъэхэри фымыгъэпс,"лэу-лэук1э"сабийри щ1эвмыупск1э...
 Жыс1эми си гум илъыр схуэмыухыу,стхыми псалъэхэр схуримыкъуу си гъащ1эм и илъэсхэр изохьэк1.Ар зэхьэл1ауэ щытыр си бзэр аращ,адыгэбзэу си анэм къыс1урилъхьауэ сызэщ1эзы1этэрщ.А бзэр еджак1уэхэм я1урыплъхьэну,ар уэ ебгъэджын,ебгъэщ1эн хуейуэ уи лэжьыгъэр абы хуэунэт1ауэ щыщытым деж-тобэщ!Адыгэбзэр я сабийхэм езыгъэджыну хуэмей адэ-анэхэм я псалъэмакъхэр,ебгъэдж урокхэм я сыхьэт бжыгъэхэр мащ1э зэрыхъум,адыгэбзэмк1э езыгъаджэ егъэджак1уэхэр зэпеуэхэм хэтрэ зы щ1ып1и къыщыхэмыщыххэмэ,ар куэд уезыгъэгупсыскъэ?!Тхузэф1эк1,тхуэщ1э псори на1уэ щытщ1ыфу ди1э закъуэр зы зэпеуэщ-"Си бзэ-си псэ,си дуней" жыхуи1эрщ.Гъащ1эм зыдрагъэк1уми сымыщ1э,ауэ а зэпеуэм и1эжкъым зыри хуитыныгъэ.Мы жыс1эм и щхьэусыгъуэри мыращ.Налшык къалэ дэт гимназием адыгэбзэмк1э щызогъаджэ.Си гум хэпщ1ауэ щыт анэбзэм и дахагъэ псори утыку зэрысхузэф1эк1к1э къыщызгъэлъэгъуащ къалэм щригъэк1уэк1а зэпеуэм.Абы япэ увып1эри къыщызатащ.Къызатык1э сыт?Республикэм адэк1э зыкъыщыбгъэлъагъуэ хъунукъым.Щхьэусыгъуэр-япэм егъэджак1уэм и закъуэ а зэпеуэм хэтыфу щытамэ,иджы языныкъуэ унафэщ1хэм ар 1уахащ,зэпеуэм еджап1эр хэтын хуейуэ унафэу къащтащ.1эмал имы1эу щ1акхъуэ 1ыхьэ къуатам щхьэ уедзэгъун хуей,армырами нэгъуэщ1ып1э зыкъыщыбгъэлъагъуэ хъуфынукъым адыгэбзэм уриегъэджак1уэмэ(уакъыгуры1уэнукъым).Аращи,унафэщ1хэр псалъэмэ адыгэбзэм и егъэджак1уэхэр мыхьэнэншэу дыкъыщ1рагъэдз.Зытшэщ1,зыт1эту зэрыщ1эддзэуи  дамэм къокъухэри езы дыдэхэм уэгум дыхуагъак1уэркъым.Урысыбзэр къэралыбзэу зэрыщытым хуэдэ къабзэу адыгэбзэми хуитыныгъэ и1эщ.Хъуну щытмэ ди бзэмк1э дривгъэпсалъэ,адыгэбзэмк1э егъэджак1уэхэм моуэ нэхъ фыкъыдэплъ.К1уэдыжыным зы мащ1э и1эжу аращ адыгэбзэм.Дыхуэвгъэсакъ абы,дывгъэдж,сабийхэм нэхъыбэу я1урыдвгъалъхьэ.Мылъкуракъым къулеигъэр,хъуапсап1эр,гъащ1эр зыгъэдахэр.Уи бзэ урипсалъэрэ уи анэбзэр уи напщ1эу щытыр аракъэ насып хъужри!
4
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Согупсыс
« Последний ответ от Беслъэн 14 Октябрь 2016, 13:03:57 »
Си закъуэ сыщысщи,гупсысэхэр куэдым мажэ.Зэми си сабиигъуэр си нэгу къыщ1охьэ,зэми зы гъащ1эм къыщыхъуа 1уэхъугъуэ мыщхьэпэхэр гуэгъу схуохъу.Гуф1эми сыщыхуэк1уэ щы1эщ.Ауэ иджыпстук1э гур къигуф1ык1 зэпыту щыткъым...Гугъущ нобэрей зэманым ухэпсэухьыну.Ар тыншу жызы1э псоми сапэщ1оувэ.Лэжьыгъэ щымы1эм куэдрэ уригъэзэша иужьк1э,сытми...къыбогъуэтыр ар,къыбогъуэтри лэжьэн щ1ыбодзэ.Гуащ1э псори абы хэплъагъуэу ущытщ.Мазэм уолажьэ,мазит1ри док1...уи улахуэри нобэ-ныжэбэ фыдот жа1эурэ укърашэк1.Къуата мащ1эр къебгуэшэк1ыжурэ зыри уи 1эмыщ1э къинэжыркъым.Сф1эгъэщ1эгъуэныр мыращ:Москва дэсу лажьэхэм мазэм т1эунейрэ я улахуэр ц1ыхухэм ират.Зы махуи ф1амыгъэк1ыу!Дэ ди республикэм апхуэдэу ищ1ыфыркъым.Имыщ1ыфым имызакъуэу мазит1и-щыи щимыт щы1эщ.Сыт апхуэдэу къыщ1эхъур?Гъэщ1эгъуэнщ!Зи жыпыр нэхъ куу ныбэфхэм ягъэджэгуу ара,хьэмэрэ сыт?Илъэс ет1уанэ мэхъу си адэжь щ1ыналъэм къызэрызгъэзэжри,и чэзум ди улахуэр зы мазэ слъэгъуакъым.Я жып кърахым хуэдэу пыгъэтк1уащ,тобэ...Соминипщ1 иримыкъур ари мазэ улахуэщ,жа1э.Дауэ ар?!Къалэм удэсрэ уздыщ1эс унэр сомин 13-м къемыхмэ,лэжьапщ1эм ук1уэн-укъэк1уэжын хуеймэ,ушхэныр абы хэбгъэхьэжмэ,щыгъын гуэри къэпщэхунукъэ,1эгъу,благъэ-1ыхьлыми уак1элъы1эбэнукъэ?...Аращи,зригъэкъу уи соминипщ1ым!И чэзум къуамытыр абы хыдолъхьэжри,щ1эт1ахъуэу щыс уи щхьэфэм,е щ1ыхуэ  къащтэ.Щ1ыхуэ къыбощтэ-щыптыжынур сыт щыгъуэ?Еджап1эм улажьэмэ уи улахуэр епхащ балл бжыгъэу уи1эм.А баллхэри къэблэжьын хуейщ.Баллит1-щыр сом и уасэщ.Пэжщ,сом бжыгъэ щ1ыбот.Зи гугъу сщ1ыр ди республикэм щек1уэк1 зэпеуэхэрщ.Сэ си еджак1уэ сщ1ыгъуу сыхэтащ апхуэдэ зым."Гостеприимный Кавказ" зи ф1эщыгъэц1э зэпеуэр куэд дыдэ щ1акъым зэрек1уэк1рэ.Еджак1уэхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр абы щагъэлъэгъуащ.Япэ щ1ык1э къыджа1ащ симинрэ щитхурэ абы еттын хуейуэ.Т1эк1у сыхъунщ1эу щыщ1эздзэм-соминрэ щит1рэ.Мы соминрэ щит1ым кърагъэт1эсари сщ1эркъым-увып1эр арагъэнщ!...Ей,лей куэд стхынщи,сэри си к1э къит1ысхьэжынхэщ,сыкъызэтеувы1энщи нэхъыф1щ!Ей,гъащ1э,дыпсэуну дыхуоп1ащ1э,дыщалъхуа щ1ыналъэми ди гурыгъузхэр идопх.Ауэ...зэрыжа1эщи,вагъуэ ижар уи 1эгу ихьакъым...Си закъуэщи,куэдым согупсыс...къысхуэгупсыскъым псысэ ф1ыц1агъэ здыхэмыт...
5
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Илъэсыр йок1
« Последний ответ от Беслъэн 14 Октябрь 2016, 13:01:27 »
Арати,дык1элъып1ащ1эу,дыпхъуэмэ къытхуэмыубыду,ди 1эгум идгъэхьами  тхуэмысабырурэ илъэсыжьыр идогъэк1.Жып1энурамэ,мы илъэсым псынэпс мымащ1и къыщ1эмыжаи,ц1ыхупсэ куэдми я хъуапсап1эр на1уэ мыхъуаи…куэди къэхъуащ ик1и къэщ1ащ.Ауэ на1уэр зыщ-гъащ1эм адэк1э къыпещэ…Сытым хуэдэу зихъуэжыну п1эрэ ди гъащ1эм,гуащ1эм,къэухьым…уогупсыс куэдым.Гури ф1ык1э мэусэ,псэри дахагъэк1э мэхъуапсэ!Си щхьэк1э 1ейуэ щытауэ схужы1энукъым мы илъэсыр.Гугъуехь мащ1и щы1ами,ипэк1э сык1уэтауэ къысщохъу,си п1э симыту.Лэжьыгъэ 1уэхури небэ-къебэми зэтес хъуащ.Егъэджак1уэ нэхъыф1хэр щызэпеуэ зэхьэзэхуэм ет1уанэ увып1эр щызи1эрылъхьэщ.Си адыгэбзэу куэдым к1эрыут1ыпщ ящ1ам хузэф1эк1ащ а зэпеуэм сыщи1этын,нэхъри къару къыщызитын.Си бзэ дахэмк1э езгъэк1уэк1а дерс зэ1ухам- урысыбзэк1э стхынщи-«Урок-вершина мастерства» къыф1ащащ.,диплому пл1ы къыщызатащ.Ар псори зи ф1ыщ1эр си бзэу анэбзэрщ!Къищынэмыщ1ауэ, «Си бзэ-си псэ.си дуней» зэпеуэми япэ увып1эр къыщысхьащ.Ари зи ф1ыщ1эр си Адыгэбзэрщ,си еджак1уэхэрщ.Урысей псом увып1э нэхъыщхьэр къыщызыхьа си еджак1уэхэри мыкуэдми.налкъуткъэ?!Абыхэм къару къызатащ!Куэд мэхъу гъащ1эм къыщысхуигъэлъэгъуахэр.Ц1ыху фэрыщ1,зи гур мыкъабзэ,лей куэд зезыхьэхэми сапэщ1эхуащ.Ауэ псэ хьэлэл,ц1ыху гуапэ,щабэ мымащ1и са1ущ1ащ.Си адэ-анэр жьауэу къысщхьэщытщ,къыздалъхуахэр схуэузыншэщ,къуэ пэлъытэ сызыщ1а ц1ыхубз гуащ1аф1эми си гъуэгур захуэ ещ1…сыт мыбы нэхъыф1ыр?!Сыхуейт псоми мы илъэсыщ1эм дэтхэнэ зыри зыщ1эхъуэпсыр и 1эрылъхьэу псэуну.насыпыр фи куэду,берычэтыр фи жьэгуу,дахагъэр вдэщ1ыгъурэ гукъеуэр фи мащ1эу,нэхэм къек1уэ нэпсыр гуф1эгъуэм и щхьэусыгъуэу,фи гуэгъур щ1эгъэкъуэну,зи ишэгъуэр ди пщащэу,зи къэшэгъуэр ди щауэу,маф1эр зэщ1эзыгъэстыр ди нанэу,хъуэхъур жызы1эр ди дадэу,дигу хэзыгъахъуэр ди анэу,л1ыгъэу ди щапхъэр ди адэу мы илъэсыщ1эр тхуэф1ыну,гум дыркъуи ауи  имыгъуэтыну,ди жыгхэр тхуэгъагъэрэ хъугъэр ди куэду,1эщыр тхуэбагъуэрэ хъушэр мымащ1эу,пшынэм и макъыр мыужьыхыжрэ уэрэдыр гъащ1э дэк1уасэу дэ дырепсэу!
6
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Лъагъуныгъэ
« Последний ответ от Беслъэн 14 Октябрь 2016, 13:00:05 »
Лъагъуныгъэм нэхъ 1эф1и,дахи сыт щы1э?!Си ф1эщ хъукъым абы пэувыфын,пэлъэщыфын къыпхуэгъуэтыну?!Арагъэнущ а гухэлъ 1эф1ыр зыхэзыщ1а ц1ыхуит1ым псори щ1ахузэф1эк1ыр.Лъагъуныгъэр псэр зыгъэмахэщ,гур зыгъэинщ,ц1ыхур зыгъэлъагэщ.Нобэ ф1ыуэ зэрылъагъуит1 слъэгъуати,сыгуф1ащ.Гурэ гурэ зэрощ1э жыхуа1эр арати,т1уми зы псалъэ я жьэк1э жамы1эу к1уэхэрт.Ауэ на1уэр зыт-ПСАЛЪЭ ПСОРИ ЛЕЙТ,СЫТУ ЖЫП1ЭМЭ абыхэм дахагъэ яку къыдэхъуам пэувыфыни,пэлъэщыфыни зыри дунейм теттэкъым.Пэжщ,лъагъуныгъэк1э зэджэр зы псалъэк1э къэп1уэтэфынукъым.Пхужы1эфынукъым аб къуит къарур сыт хуэдэми.Ауэ ар дахагъэщ,къабзагъэщ,гур зыгъэхуабэщ.Хуабагъэ куэду къыбгъэдок1 абы.Дывгъэхъуахъуэ ик1и дахуэвгъэупсэ псоми лъагъуныгъэк1э!!!
7
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Ф1ыгъуэ
« Последний ответ от Беслъэн 14 Октябрь 2016, 12:55:04 »
Ф1гъуэу дунейм тет псоми уахэплъэмэ,ц1ыхубэм ,сызэригугъэмк1э,къыхихынур унагъуэрщ.Аракъэ езыр ф1ыгъуэ хъужри?!Дунейр зэпц1ыну щыщ1идза зэман лъандэрэ ц1ыхур хущ1окъу жьэгу пащхьэ хуабэ,бынунэ ин,сабий макъ щы1ун унэ,зэгуры1уэ зи яку дэлъын ц1ыхугуит1,псэм зыщигъэпсэхун щ1ып1э,дахагъэ псори къыздежьэ УНАГЪУЭ!Къуршыбгъэ лъэщи.бзуущхъуэ ц1ык1уи,аслъэн бзаджи,хыкхъуэ ини-псори хуейщ «унагъуэ».Зы здэщы1эм ет1уанэри къоунэху,т1у хъуар мэбагъуэ,бэгъуэну щ1эзыдза унагъуэм дыгъэпсыр къытопсэ,хъугъэ лъэщыр зыгъуэта унагъуэм ит1анэ зе1эт,зешэщ1,зеубгъу.Ар гъащ1эм хопсэухь,псоми полъэщ…
 Согушхуэ унагъуэ насыпыф1э щыслъагъум деж.Зэгуры1уэ зи яку дэлъ,пщ1э-нэмысыр гуащ1эу къезыхьэк1 унагъуэм сыдехьэх.Унагъуэр щыпкъэу щытыныр,щапхъэ трахыу псэуныр –лэжьыгъэ мащ1экъым.Ар зы сыхьэтк1и,махуэк1и пхузэф1эгъэувэнукъым.Нэхъыбэу пщэрылъ апхуэдэк1э зыхуэхъур  унагъуэм ис нэхъыжьырщ.Абы и жы1эм псори щ1этыпхъэщ.Адрейхэми дадэм е нанэм игъэлъагъуэ,зэрихьэ ф1ыгъуэ псори хьэл  яхуэхъупхъэщ,гъуэгу захуэ теувапхъэщ.Сыт –т1э и уасэ жьэгу пащхьэм уи нэхъыжьыр пэрысрэ хугу п1астэм щынэлыр бгъэдэлъу,лэкъум хуабэм шху щ1ы1эр дэщ1ыгъуу 1энэм ущысыныр?!Уасэншэщ!
 Си насыпщ!Адэ-анэу си нэхъыжьхэр къысщхьэщытщ,си къуэшыр си щ1эгъэкъуэнщ,нысэр жы1эщ1эщ,шыпхъуит1ыр си напщ1эщ,сабий дыгъэ-щыгъэхэр ди куэдщ!Насыпышхуэкъэ-т1э ар?!
 Сыхуейщ нобэрей махуэмк1э унагъуэ лъащ1эр зыгъэувахэм сехъуэхъуну-Жьэгу пащхьэр зэщ1эстрэ,зэгуры1уэр фи куэду,ф1ым зыхуэвгъэшрэ пщ1э-нэмысыр зефхьэфу,нэхъыжьхэм вгъэлъагъуэ щапхъэр нэхъыщ1эм жьым хамыпхъэжу куэдрэ фыпсэуну!Зыщывмыгъэгъупщ1э:Дахагъэр къыздежьэр унагъуэрщ!
8
Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ / Нобэрей махуэр
« Последний ответ от Беслъэн 14 Октябрь 2016, 12:51:15 »
Нобэрей махуэр сыту дахащэ!Пщэдджыжь дыгъэпсым и 1эпэхэр ишэщ1щ,ц1ыхупсэм хэпсэри, уафэкум  ит1ысхьэжауэ къыпогуф1ык1ри къисщ.Жыг щхъуант1эр хэщ1ап1э зыхуэхъуа бзу ц1ык1ухэми макъыбэу къыраш  уэрэд дахэк1ейхэр.Абыхэм ягъэ1у дахагъэм сабий ц1ык1ури хуогуф1э,хуогушхуэ,лъэр темыувы1эуи а гуф1эгъуэм къыбгъэдилъхьэ ф1ыгъуэм къырехьэк1.Модэк1э мажэ-хьэндырабгъуэр къеубыд,мыдэк1э къожэ-псы ц1ык1у ежэхым и 1эпэхэр хещ1э.Аракъэ-т1э сабиигъуэ жыхуа1эжыр…Жьым утесу псым ущепыдж,ф1ыри-1ейри зэпэшэчауэ къыщыбгурымы1уэ лъэхъэнэ…Догуф1э дунейри а сабиййм.Жып1энурамэ,егъаф1э.Уеблэмэ бадзэ тримыгъэт1ысхьэу егъэджэгу.Зэзэмызэ къыхэдыхьэшхык1 сабий 1эф1ми уеплъыху къару лъэщым узэщ1е1этэ.Сыту и насып а сабийм и анэм!Апхуэдэ щабэ ц1ык1ур тыгъэу Дыкъэзыгъэщ1ам къызритам…Сахуохъуахъуэ сабий нэхуми абы и анэми гъащ1э щ1эращ1эк1э!Анэм быным и гур хэлъыну,быным анэми и жы1эр т1у имыщ1ыну!Ирепсэу т1ури насыпыф1эу,ди дыгъэ-нагъуэри къатепсэу,жыгыщхьэм тес бзу ц1ык1ухэми я уэрэдхэр а т1ум хуагъэ1уу!
4. Нобэ си адэжь пщ1ант1э сыкъэк1уэжащ.Пасэм хуэдэу куэбжэр къызэры1усхыу гуф1эр и нэгум къищрэ насып иным зэщ1и1ыгъэу щыта си анэр къыспежэжьакъым,сэлам гуапэр зи псалъэм хэт си адэри къыс1ущ1акъым...Сщ1эрт ахэр пщ1ант1эм зэрыдэмысыр,ауэ пэжыр пщ1эми,гур мэхъуапсэ.Сэри сыхъуапсэрт си адэ-анэм 1эпл1э яхуэсщ1ыну,защызмыгъэнщ1у сабгъэдэсыну,си гукъеуи-гурыф1ыгъуи яхуэс1уатэу дызэпсэлъэну.Сщ1эрт си анэм жыс1э псоми гузавэр зэрыхилъхьэнур,анэгум зэшрэ псэхугъуэрэ ищ1эрэ?!Си адэм зэгъэк1упсарэ гупсысэр зыхэлъ псалъэхэр къыжи1энти,1энэм занщ1эу дыбгъэдагъэт1ысхьэнт.Бахъэр къыщхьэщихрэ уи 1эпэхэм уезыгъэбзеиж шхыныр мамэ псынщ1эу ипщэф1ынути,ди нысэм 1энэр къиузэдынут.Къуэш нэхъыжьым куэди жимы1эу пыгуф1ык1ынти,и т1ысып1эм щещ1ысэхынт.Сабий дыгъэхэр дыхьэшхым зэщ1ищтауэ къажыхьу пщ1ант1эм дэтынут.Псори насып иным дызэщ1ищтэнут,а насыпым зэреджэри унагъуэ насыпт...А насыпым нэхъ инрэ  къару нэхъ къозытрэ сыти щы1э!?Псоми аращ пэлъэщыфынур.Унагъуэр зэкъуэтрэ, зэгуры1уэ илъмэ,абы сытри хузэф1эк1ынущ.Пщ1ант1эм сыкъыдыхьэжащи,сохъуахъуэр дэтхэнэ зы жьэгу пащхьэми ф1ыгуэр,берычэтыр имык1ыу илъыну!Адэм и жы1эр унафэу,анэм и хабзэри щапхъэу,нысэр жы1эщ1эрэ,къуэми и л1ыгъэр мык1уэщ1у,сабий макъым дуней псор зэщ1ищтарэ,абы дэри дызэщ1и1этэу куэдрэ псэун дыухъу!
9
Отдых / Места отдыха в Нальчике ОНЛАЙН!
« Последний ответ от kbrvision 30 Июнь 2015, 10:29:28 »
Мы запустили небольшой проект ОНЛАЙН КАМЕР НАЛЬЧИКА:
https://kbrvision.ru/camera

Сейчас с наших трансляций Вы можете в режиме онлайн увидеть 2 места отдыха в Нальчике:
1) Парк культуры и отдыха с видом на аттракционы и живописную природу;
2) Зал игровых автоматов Торгово-Развлекательного Центра «ДЕЯ».

Также мы планируем расширить список камер. Если Вы знакомы с нашим городом - посоветуйте ГДЕ БЫ БЫЛО ИНТЕРЕСНО ВСЕМ УВИДЕТЬ НОВЫЕ ВЕБ-КАМЕРЫ НАЛЬЧИКА?
10
ИДАРХЭ Я Л1АКЪУЭМ ЩЫЩХЭР.
                          Къэбэрдей пщы уэлий Темрыкъуэ
                                         (1502-1571 гъгъ.)

 «Адыгэ (шэрджэс) энциклопедием» зэрыщатхамк1э, Темрыкъуэ е 16-нэ л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэм къалъхуащ. Абы и л1ык1уэхэр 1557 гъэм Мэзкуу щигъэк1уам щыгъуэ, ар илъэс щэ ныкъуэм щхьэдэхауэ зэрыщытам-л1ыку ныбжьым зэритам- шэч хэлъкъым: и къуэхэр балигъ хъуауэ, ипхъу нэхъыжьит1ыр л1ы дэк1уауэ щытащ абы щыгъуэ.
 Темрыкъуэ и адэр, Идар, адыгэ лъэпкъхэр зэгуэзыгъэхьауэ щыта Инал  пщышхуэм и къуэрылъху Иналмэс и къуэщ. Адыгэ ёуэрыёуатэм къызэрыхэщымк1э, Идар и анэр бжьэдыгъупщ Хъымыщ Елджэр ипхъущ. И ныбжь нэса нэужь, Къэбэрдейм и унафэр иубыдын мурад ищ1ри, Идар пщыхэм (Жэнхъуэтхэ, минболэтхэ) зауэ ярищ1ыл1ащ-Къызбрун зауэк1э зэджэр. Абы и ужьк1э Идар Къэбэрдейм и гупсэ пщыгъуэ къыщы1эрыхьащ-Идарейк1э зэджэр, абы пщышхуэ щыхъуащ.Темрыкъуэ къызыщалъхуар аращ-Идарерщ. И адэр л1а нэужь, Темрыкъуэ Идарейм пщышхуэ 1энат1эр къыщылъысащ. Абы щыгъуэ ар зи ныбжь нэса, къаруушхуэ зыбгъэдэлъ пщы лъэрызехьэт.
 Идарейм пщышхуэ щахъуами, Темрыкъуэ жагъуэгъумрэ ныкъуэкъуэгъумрэ и куэдт, пщыхэр псори зригъэувэл1эн хузэф1эк1атэкъыми. Нэхъ 1еижырати, Къэбэрдейм псэугъуэ къратыртэкъым зэрыпхъуак1уэхэм-щ1эх-щ1эхыурэ къытеуэрт Тырку Сулът1анымрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр.
 Пщы губзыгъэм, Темрыкъуэ , къыгуры1уащ Къэбэрдейм и 1уэхур хэплъэгъуэ зэрыхъуар, зэрыпхъуак1уэхэм зэрамыгъэтыншынур, гува-щ1эхами маф1эм хисхьэнк1э, я хуитыныгъэр яф1эк1уэдынк1э шынагъуэ къазэрык1эщ1эзэрыхьар.Тырку сулът1аными Кърым хъаными я 1эмыщ1э зиплъхьэ зэрымыхъунур зыхищ1ык1ащ Темрыкъуэ- т1ури зыщ1экъур Къэбэрдейр я лъэгу зэрыщ1агъэувэнырт, 1эпхлъэпх зэращ1ынырт-абы щ1эбэгтэкъым Къэбэрдейхэр.
 Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Инал пщышхуэм и зэман лъандэрэ Къэбэрдейри Шэрджэсри зэрыпхъуак1уэхэм зэрамыгъэтыншам- зы илъэси дэк1акъым бийхэр ди хэкум къимызэрыгуауэ. Адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зэрыпхъуак1уэхэм яхуэфащэ удын яридзын хузэф1эк1ащ Инал, ар дэнэ къэна, бийхэр зыф1эл1ык1 къэралыгъуэ лъэщ иухуащ. Инали л1а нэужь, абы и бынхэр зэщыхьэжащ, Къэбэрдейри Шэрджэсри пщыгъуэ-пщыгъуэурэ зэхуагуэшыжащ- нэгъуэщ1у жып1эмэ, зэрыпхъуак1уэхм ядежк1э тегушхуэгъуаф1э хъуащ. Бийхэм къращ1ыл1э зауэхэм Къэбэрдейри Шэрджэсри къарууншэ хэхъухьауэ, пщыхэр зыр-зым еныкъуэкъуурэ л1ыф1ыгъэ зэримыгъэхуауэ-апхуэдэ зэманщ Темрыкъуэ утыкум къыщихьар.
 Пщышхуэ 1энат1эр къылъыса нэужь, Темрыкъуэ псом япэрауэ зиужь ихьар Къэбэрдейр зы унафэм щ1эгъэувэнырщ- абык1э щапхъэт Темрыкъуэ и адэшхуэм и адэ Инал Нэху . Ауэ ар 1уэху тынштэкъым: зэрыжыт1ащи, Къэбэрдейр бийхэм къат1ысыхьат, пщыхэм я нэхъыбэри жагъуэгъу къыхуэхъуати, и мурадыр зэрызригъэхъул1эм 1эмалымрэ хэк1ып1эмрэ и мащ1эт. Тыркуми Кърымми я 1эмыщ1э зрилъхьэн мурад и1этэкъым Темрыкъуэ, махуэ къэс къыхагъэзыхь пэтми. Абы и зэманым зы илъэси дэк1акъым тыркухэмрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр Къэбэрдейм къимызэрыгуауэ. Псэ зэпылъхьэп1э щихуэм, зы хэк1ып1э закъуэщ Темрыкъуэ къыхуэнэжар: къыщхьэщыжын, къыдэ1эпыкъун, би1хэм ящызыхъумэн къэрал лъэщ гуэрым дзей хуэхъун хуейт.
 1557 гъэм Темрыкъуэ и л1ык1уэхэр Мэзкуу  к1уащ, урыс пщышхуэм епсэлъэн папщ1э. Урысейр лъэ быдэк1э щыув зэмант ар, къаруушхуэ бгъэдэлъ хъуауэ, дэнэ лъэныкъуэк1и  зыщиукъуэдийрт, бийхэр къыф1эл1ык1ырт, тегушхуэгъуаф1э ящ1ыжыфынутэкъым. Урысейм хуэдэ къэрал  лъэщт Къэбэрдейр бийхэм ящызыхъумэфынур- ар щ1эх дыдэ къыгуры1уащ Темрыкъуэ.Аращ Урысейм дзей зыщ1ыхуищ1ар, абы щ1ыхыхьар.
 Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмк1э, бийхэр махуэ къэси къызытегупл1э Къэбэрдейм дзэ къигъак1уэурэ Темрыкъуэ кудрэ къыдэ1эпыкъуащ Урысейр.
 Тэрч псым и 1уфэм абы и лъэ1ук1э къалэ быдап1э зыбжанэ къы1уащ1ыхьащ урысхэм. Ар ягу техуакъым зэрыпхъуак1уэхэм- урыс пащтыхьым къеныкъуэкъу зэпытащ Темрыкъуэ хуащ1а къалэ быдап1эхэр якъутэжын хуейуэ.
 Темрыкъуэ и хэкур Урысейм зэрыхыхьам, урысхэр дзей зэрищ1ам нэхъри къигъэгубжьащ Тырку Сулът1анри Кърым Хъанри-Къэбэрдейм нэхъри къытракъузащ,   дзэ къраут1ыпщурэ 1эджэрэ къытегупл1ащ, ауэ Темрыкъуэ и зэмаными иужьк1и зэрыпхъуак1уэхэм яхузэф1эк1акъым Къэбэрдейр  я 1эмыщ1э иралъхьэну, я лъэгу щ1агъэувэну. Аращ Темрыкъуэ 1557 гъэм  ича лъэбакъуэр ди лъэпкъым дежк1э щ1эмахуэр- Къэбэрдейр абы лъандэрэ ящыхъума хъуащ бийхэм.
 Къэбэрдейм и хуитыныгъэм и закъуэкъым Темрыкъуэ зыщ1эзэуар. 1570 гъэм Кърым Хъаным и дзэр Шэрджэсым къытеуащ. Бийм пежьащ Къэбэрдей пщышхуэм и дзэр. Афыпс деж щек1уэк1а зауэ гуащ1эм Темрыкъуэ у1эгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Бийр абдеж щызэхакъутащ, ауэ зауэм къыхиха у1эгъэм Темрыкъуэ 1571 гъэм ил1ык1ащ.
 Я адэм и гъэгум ирик1уащ Темрыкъуэ и къуэхэри и къуэрылъхухэри: ахэр Урысейм пэжк1э бгъэдэтащ-Мамсырыкъуи, Думэныкъуи, Сулът1ани, адрейхэри.Урысей къэралым зиузэщ1ын, лъэ быдэк1э увын папщ1э, куэд ялэжьащ Идар Темрыкъуэ и щ1эблэхэм- зи къуэпсыр а пщышхуэм деж къыщежьэ пщы Черкасскэхэ.
 И къуэхэм нэмыщ1, Къэбэрдейм я пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищ и1ащ: Алътыншаш, Мэлхъурыб, Гуащэнэ. Я дэлъхухэм хуэдэу, зэшыпхъуищри щыц1эры1уэщ Къэбэрдейми Урысейми я тхыдэм.

              Урыс пащтыхь гуащэ Марие (Гуащэнэ)
                               (1544-1569 гъгъ.) 

 Урысей пащтыхь Иван   и япэ щхьэгъусэ Анастасие л1а нэужь, абы дэк1уауэ щытащ Идар Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщ1э Гуащэнэ.Чыристан диныр къищта нэужь, Гуащэнэ Марие къыф1ащащ.1561 гъэм щыщ1эдзауэ Темрыкъуэ и пхъур Урысейм я пащтыхь гуащэ хъуащ, а ц1эр зэрихьащ дунейм тетыху. Зы бынщ Марие и1ар( Василий зыф1аща щ1алэ ц1ык1ур),арии сабийуэ 1563 гъэм  дунейм ехыжащ. Пащтыхь гуащэ Черкасская Марие Мэзкуу Кремлым (Спасскэ куэбжэм пэмыжыжьэу) дэта Вознесенскэ ц1ыхубз къулъшырыфым щ1алъхьащ.
 Темрыкъуэ и пхъур урыс пащтыхьым зэрыритам Къэбэрдейми Урысейми я дежк1э мыхьэнэшхуэ и1ащ, абы нэхъри благъэ зэхуищ1ащ 1557 гъэм зэгухьауэ щыта къэралит1ыр.
 Урыс пащтыхьым Марие  тыгъэ къыхуищ1ауэ щыта дыщэфалъэр Кремлым дэр оружейнэ палатэм щахъумэ. Абы мыпхуэдэ псалъэ тетщ: «Миниблрэ хыщ1рэ бгъу гъэм (1561 гъэм) и гъэмахуэм тхьэм и нэф1 зыщыхуауэ  Урысей  псом я пащтыхь, пщышхуэ Иоанн Васильевич пащтыхь гуащэ Марие хуригъэщ1ащ мы фалъэр». Киллограммищ хъу дыщэ фалъэр Иван    Марие щритар абыхэм  я хьэгъуэл1ыгъуэр щек1уэк1а махуэрщ, ар урыс дыщэк1 1эщ1агъэм и хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ лъап1э дыдэхэм хабжэ.
 Урыс тхыдэм нэмыщ1, Темрыкъуэ ипхъу Марие и ц1эр къыхэнащ урыс 1уэры1уатэми: абы щыгъунэжщ къэбэрдей пщыпхъу, урысей пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ (Марие) теухуа уэрэдхэр, хъыбархэр.


                 Къасым хъан гуащэ Алътыншаш
                              (1525-1583 гъгъ.)

 Алътыншаш Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьщ. Ар Астрэхъан дэса нэгъуеипщым и къуэ Бекбулат и щхьэгъусащ. Астрэхъан нэгъуейхэм я хэкумрэ Къэбэрдеймрэ зэгъунэгъуащ, я гъунапкъэ зэпыхьэу. Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьыр нэгъуей пщышхуэм и къуэм щ1ритам щхьэусыгъуэ и1эт: нэгъуейхэр дзей къищ1ын щхьэк1эщ.
 Астрэхъан Урысей къэралыгъуэм хагъэхьа нэужь(1556 гъэм), Бекбулатрэ Алътыншашрэ Ока псым и 1уфэм 1ус Къасым хъаныгъуэр къратащ: Темрыкъуэ и малъхъэр, Бекбулат, абы тепщэ(хъан) щыхъуащ. Бекбулат л1а нэужь, абы и къуэ Саин-Булат Мэзкуу яшэри, урыс пащтыхь тахътэр дзыхь къыхуащ1ащ. Темрыкъуэ и пхъурылъхур (чыристан диным ихьа нэужь, Симеон Бекбулатович зыф1ащар) урыс пащтыхь тахътэм тесащ илъэсит1к1э-1574-1576 гъэхэм.

 
               Мазэщ1эу лыду тхьэ1ухудыр,
          Нарт хэкум Тхьэшхуэм къыдитат,
             Дахагъри ф1агъри бэм езытыр
        Жумарту уэ къыпхуэупсат.


                  Нэгъуей хъан гуащэ Мэлхъурыб
                               (1528-1597 гъгъ.)

 Индылрэ Уралрэ я зэхуаку дэсащ Нэгъуеишхуэк1э зэджэ хъаныгъуэр, 1эпхъуэшапхъуэу. Нэгъуеишхуэм я хъан Измаил и къуэ Тинахъмэт и щхьэгъусащ Темрыкъуэ ипхъу курытыр-Мэлхъурыб. Измаил л1а нэужь, Нэгъуеишхуэм я тепщэ хъуащ абы и къуэ Тинахъмэт-Темрыкъуэ и малъхъэр. Урысеймрэ Нэгъуеишхуэмрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуащ иужьк1э-Тинахъмэт и щхьэгъусэр, Мэлхъуруб, урыс пащтыхь гуащэ марие и шыпхъут: я адэм и жы1эм ф1эк1акъым т1ури- Урысейр, Къэбэрдейр, Нэгъуеишхуэр нэхъри зэрыубыдын щхьэк1э, яхузэф1эк1 къагъэнакъым.
           Уи гъащ1эр к1эщ1ми, дэ тыхь тхуэпщ1ри,
     Лъэпкъит1ыр благъэ зэхуэпщ1ащ.
                Дыщэпск1э лауэ лъагъуэ хэпшри,
          Игъащ1э псок1э зэпыпщ1ащ.



 Къэбэрдеипщ, л1ык1уэ, зауэл1 хахуэ Мамсырыкъуэ
                         (1524-1601 гъгъ.)

  1566 гъэм Къэбэрдейм щыщ шу гуп Мэзкуу
 к1уауэ щыта. Шу гупыр Идар Темрыкъуэ и
 л1ык1уэт, я 1этащхьэр пщышхуэм и къуэ
 Мамсырыкъуэт. Темрыкъуэ и ц1эк1э
 л1ык1уэхэр урыс пащтыхьым елъэ1уащ Тэрчрэ
 Сунжэрэ щызэхэхуэм деж къалэ-быдап1э
 щаухуэну. Темрыкъуэ и лъэ1ур къыхуищ1ащ
Иван Епл1анэм.  Дзэ къыщ1агъури, Мамсырыкъуэ
 1567 гъэм къаут1ыпщыжащ, сунжэ и 1уфэм
  къалэ-быдап1э щаухуащ, ар зи ф1ыщ1эр,
 псом япэрауэ, Мамсырыкъуэщ. Къалэм дэс урысыдзэр  къэбэрдейхэм къадэ1эпыкъуащ, ахэр «Тыркумрэ Кърымымрэ я 1эмыщ1э имыхуэн щхьэк1э». Дауи, ар ягу техуакъым тырку сулът1анми кърым хъанми-абыхэм зауэ къращ1ыл1ащ Къэбэрдейм, урыс пащтыхьми тракъузащ Тэрч къалэр –быдап1эр икъутэжын хуейуэ. 1570 гъэм Афыпс щек1уэк1а зауэм у1эгъэ  щыхъури, Темрыкъуэ абы ил1ык1ащ. Урыс пащтыхьым Тэрч къалэ-быдап1эр икъутэжын хуей хъуащ, абы дэса дзэри дишыжащ.
 Къэбэрдеипщхэр гуп зыбжанэ зэрыгъэхъури, Мамсырыкъуэ л1ы 1ущыр абыхэм я1эщ1эк1уэдащ.Къазиипщым ар 1601 гъэм иригъэук1ащ, и къуэш Думэныкъуэ щ1ыгъуу.
 Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым ноби зэрехьэ Мамсырыкъуэ и ц1эр-Мерзляковкэ. Мамсырыкъуэ и ц1эрэ и хъыбаррэ ущрохьэл1э пасэрей урыс уэрэд куэдми.
 Урыс пащтыхь Иван Васильевич кърым хъан Долэт-Джэрий 1570 гъэм хуитхащ: «Хъыбар къыт1эрыхьащ пщы Темрыкъуэ и къуит1, Мамсырыкъуэрэ Бибэрыкъуэрэ, хъаныкъуэ Адыл-Джэрий и 1эмыщ1э ихуауэ. Ахэр къытхуэбут1ыпщыжамэ, сытк1э укъыдэлъэ1уми, пхуэтщ1энт».
 Мамсырыкъуэ и уэрэдыр вариант 90 щы1эщ.уэрэдым лъабжьэ и1эщ: Гуащэнэ пащтыхьым щыхуашэм щыгъуэ, абы щ1ыгъуа шу гъусэхэм яхэтащ Темрыкъуэ и къуит1-Мамсырыкъуэрэ Сулът1анрэ.А т1ури ц1эры1уэ щыхъуащ урысей къалащхьэм. Сулът1ан Мэзкуу къыдэнауэ щытащ, чыристан диным ихьа нэужь, Михаил къыф1ащауэ.
 Зэралъытэмк1э, Мамсырыкъуэ и уэрэдыр хэк1ып1э хуэхъуащ Лермонтовым и усыгъэ ц1эры1уэми-«Пащтыхь Иван Васильевич, опричник щ1алэм, сатуущ1э хахуэ Калашниковым я пшыналъэм».



                   Урыс дзэпщ ц1эры1уэ Къанщауэ
                             (1586-1651гъгъ.)

 Къэбэрдей пщышхуэ идар Темрыкъуэ ,
и пхъуищым нэмыщ1, къуитху и1ащ-Думэныкъуэ,
Мамсырыкъуэ,Бибэрыкъуэ(Белгъэрыкъуэ),
Мат1э(Мазлэ),Сулът1ан сымэ. Зэшхэм я нэхъ
 ц1эры1уэр, дауи, Мамсырыкъуэщ: Урысейми
Къэбэрдейми я тхыдэмщыгъунэжщ абы и
хъыбархэр. Мамсырыкъуэ(урыс щ1эныгъэл1хэм
 зэратхымк1э, Мамстрюк) л1ыгъэшхуэ зыхэлъа,
 Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ нэхъри благъэ
 зэхуэхъуным хэл1ыф1ыхьа дзэпщ, л1ыщхьэ
 ц1эры1уэщ, и адэм, Темрыкъуэ, зытригъэхьа
 гъуэгум тетащ, и гъащ1эр иухыху.
 Мамсырыкъуэ и къуэщ Черкасский Дмитрий.1979 гъэм къыдэк1а «Совет энциклопедие псалъалъэм» зэритымк1э, Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) 1613-1634 гъэхэмдзэпщ къулыкъу зэрихьащ.дзэпщхэм а зэманым къалэшхуэхэм, абыхэм къедза щ1ыналъэхэм я 1этащхьэу щытащ,зэрыдзэпщым нэмыщ1.  абы и пэк1э черкасский Дмитрий дзэпщ Пожарский Д.М. дэзэуащ, Мэзкуу полякхэм къа1эщ1эзыхыжа урысыдзэм щыщ зы дзэ полк ( пак1э) 1эщ1элъащ, Углич, Вязьмэ, Дорогобуж къалэхэм хуит къэзыщ1ыжахэм яхэтащ.Калугэ хуит къыщащ1ыжым щыгъуэ, Лжедмитрий и щхьэгъусэ Мнишек Маринэ гъэр зыщ1ар Черкасский Дмитрий зи пашэ дзэращ.
 Смоленск и гъунэгъу Белая къалэ-быдап1эр полякхэмрэ литовцхэмрэ къыщы1эщ1агъэк1ыжым щыгъуэ зэрихьа  л1ыгъэм папщ1э, черкасский Дмитрий «Дыщэ дамыгъэ» лъап1эр къратащ.Апхуэдэ дамыгъэ лъап1э а зэманым зыхуагъэфащэ хабзэр къэралым и пащхьэм ф1ыщ1э ин дыдэ щызи1э дзэпщышхуэхэрат-апхуэдэущ мамсырыкъэ и къуэ Черкасский Дмитрий(Къанщауэ) Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр.
 Боярин ц1э къыф1ащауэ, къанщауэ Къэзан приказыр зэрихьащ, нэхъ белджылыуэ жып1эмэ, Урысейм и къуэк1ып1э лъэныкъуэм и унафэр 1эщ1элъащ. Боярин ц1э зыф1ащыр пащтыхьым и гъунэгъу дыдэ дзэпщ, л1ыщхьэ, къулыкъушхуэ зезыхьэ ц1ыху ц1эры1уэхэрат, абыхэм ящыщащ Темрыкъуэ и къуэрылъхур.1633 гъэм и бжьыхьэм, Польшэм щезауэм, урысыдзэм дзэпщ нэхъыщхьэ яхуэхъуар Мамсырыкъуэщ.
 «Энциклопедие псалъалъэм» зэритымк1э, Черкасский Дмитрий щыл1ар 1651 гъэрщ, и хьэдэр Новоспасскэ къулъшырыфым (Мэзкуу) щыщ1алъхьащ.




                       Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ

                       1уащхьитхур зек1уэл1хэу щысахэу
                        Хэку дахэм Марие щалъхуащ,
Гу лейк1э зэтеплъэр еуасэу
Псэ хэтхэм нэхъ къабзэу къэхъуащ.
Щ1ык1аф1эу и нэк1ур зэ1уихым,
Мазэгъуэм и жэщыр къэнэхут;
И маъкыр 1иблисым зэхихым,
Дунейр игу ихуауэ зиущэхут.
Куржык1э хъуржынуэ къраххэр
Вагъуэнэм и пащхьэм щаунэщ1т,
Пщы инхэм псэлъыхъууэ хухаххэр
А дахэм телъыджэ къыф1эщ1т.
Жаншэрхък1э мазэк1э паудуэ
Нарт бынхэр гуащэщ1эм хуоджэгу,
Хуэмыхухэм жыр афэр щаудуэ
Я джатэр шу жэрхэм яудзэгу.
Джэгул1хэм я ф1эщхэу зэпеуэу
Я макъхэр пхъэ пшынэм дагъагъ.
Псэлъыхъухэр нэщэнэ зэдеуэм,
Мыуэфхэм пщ1э хуащ1ыр бжэкъуагъщ.
Бжэ1упэм щоджэгу тхьэ1ухудхэр,
Щауэф1хэмкъадэфэу махуибл;
Вы пшэрхэр сэ лъам хураудхэр,
Хьэщ1эл1хэм ирафыр чеибл.
Езы дахэр щ1эращ1эу пщащэбэм
Дэджэгууэ яхэту уеплъам,
И теплъэщ из мазэр вагъуэбэм
Щахэтыр-уафэгум уиплъам.
Марие и нэщхъ зэхиук1эм,
Псы уэрхэм тк1ииныр щагъэт,
Тамарэу щауэф1хэр иук1къым,
Нэщхъейми, гуф1эгъуэ щогъуэт.
Хьэщ1эшхэр щозэш ф1эдзап1ит1ым
Псэлъыхъухэм хьэщ1эщыр трач.
Темрыкъуэ и дзэшхэр нэхущым
Дехужхэр-1эжьэкъур иреч.
Мэзыщхьэхэм бланэр щахутэу
Щак1уэл1хэм бжьамий щагъэхъей,
Пл1э лъэщк1э жыг гъурхэр якъутэу
Бгъуэнщ1агъхэм щапхыфыр домбей.
Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ,
Гу щабэу Марие-тхьэ шыпхъу,
Уэ л1ыгъэр дапщэщи уи гуращэт,
Пщэдейм ф1ык1э уехъуэхъут.

Махуэл1 Беслъэн
Страницы: [1] 2 3 ... 10