Автор Тема: Тхыдэ напэк1уэц1хэр щ1ыдоджык1  (Прочитано 3952 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
ИДАРХЭ Я Л1АКЪУЭМ ЩЫЩХЭР.
                          Къэбэрдей пщы уэлий Темрыкъуэ
                                         (1502-1571 гъгъ.)

 «Адыгэ (шэрджэс) энциклопедием» зэрыщатхамк1э, Темрыкъуэ е 16-нэ л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэм къалъхуащ. Абы и л1ык1уэхэр 1557 гъэм Мэзкуу щигъэк1уам щыгъуэ, ар илъэс щэ ныкъуэм щхьэдэхауэ зэрыщытам-л1ыку ныбжьым зэритам- шэч хэлъкъым: и къуэхэр балигъ хъуауэ, ипхъу нэхъыжьит1ыр л1ы дэк1уауэ щытащ абы щыгъуэ.
 Темрыкъуэ и адэр, Идар, адыгэ лъэпкъхэр зэгуэзыгъэхьауэ щыта Инал  пщышхуэм и къуэрылъху Иналмэс и къуэщ. Адыгэ ёуэрыёуатэм къызэрыхэщымк1э, Идар и анэр бжьэдыгъупщ Хъымыщ Елджэр ипхъущ. И ныбжь нэса нэужь, Къэбэрдейм и унафэр иубыдын мурад ищ1ри, Идар пщыхэм (Жэнхъуэтхэ, минболэтхэ) зауэ ярищ1ыл1ащ-Къызбрун зауэк1э зэджэр. Абы и ужьк1э Идар Къэбэрдейм и гупсэ пщыгъуэ къыщы1эрыхьащ-Идарейк1э зэджэр, абы пщышхуэ щыхъуащ.Темрыкъуэ къызыщалъхуар аращ-Идарерщ. И адэр л1а нэужь, Темрыкъуэ Идарейм пщышхуэ 1энат1эр къыщылъысащ. Абы щыгъуэ ар зи ныбжь нэса, къаруушхуэ зыбгъэдэлъ пщы лъэрызехьэт.
 Идарейм пщышхуэ щахъуами, Темрыкъуэ жагъуэгъумрэ ныкъуэкъуэгъумрэ и куэдт, пщыхэр псори зригъэувэл1эн хузэф1эк1атэкъыми. Нэхъ 1еижырати, Къэбэрдейм псэугъуэ къратыртэкъым зэрыпхъуак1уэхэм-щ1эх-щ1эхыурэ къытеуэрт Тырку Сулът1анымрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр.
 Пщы губзыгъэм, Темрыкъуэ , къыгуры1уащ Къэбэрдейм и 1уэхур хэплъэгъуэ зэрыхъуар, зэрыпхъуак1уэхэм зэрамыгъэтыншынур, гува-щ1эхами маф1эм хисхьэнк1э, я хуитыныгъэр яф1эк1уэдынк1э шынагъуэ къазэрык1эщ1эзэрыхьар.Тырку сулът1аными Кърым хъаными я 1эмыщ1э зиплъхьэ зэрымыхъунур зыхищ1ык1ащ Темрыкъуэ- т1ури зыщ1экъур Къэбэрдейр я лъэгу зэрыщ1агъэувэнырт, 1эпхлъэпх зэращ1ынырт-абы щ1эбэгтэкъым Къэбэрдейхэр.
 Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Инал пщышхуэм и зэман лъандэрэ Къэбэрдейри Шэрджэсри зэрыпхъуак1уэхэм зэрамыгъэтыншам- зы илъэси дэк1акъым бийхэр ди хэкум къимызэрыгуауэ. Адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зэрыпхъуак1уэхэм яхуэфащэ удын яридзын хузэф1эк1ащ Инал, ар дэнэ къэна, бийхэр зыф1эл1ык1 къэралыгъуэ лъэщ иухуащ. Инали л1а нэужь, абы и бынхэр зэщыхьэжащ, Къэбэрдейри Шэрджэсри пщыгъуэ-пщыгъуэурэ зэхуагуэшыжащ- нэгъуэщ1у жып1эмэ, зэрыпхъуак1уэхм ядежк1э тегушхуэгъуаф1э хъуащ. Бийхэм къращ1ыл1э зауэхэм Къэбэрдейри Шэрджэсри къарууншэ хэхъухьауэ, пщыхэр зыр-зым еныкъуэкъуурэ л1ыф1ыгъэ зэримыгъэхуауэ-апхуэдэ зэманщ Темрыкъуэ утыкум къыщихьар.
 Пщышхуэ 1энат1эр къылъыса нэужь, Темрыкъуэ псом япэрауэ зиужь ихьар Къэбэрдейр зы унафэм щ1эгъэувэнырщ- абык1э щапхъэт Темрыкъуэ и адэшхуэм и адэ Инал Нэху . Ауэ ар 1уэху тынштэкъым: зэрыжыт1ащи, Къэбэрдейр бийхэм къат1ысыхьат, пщыхэм я нэхъыбэри жагъуэгъу къыхуэхъуати, и мурадыр зэрызригъэхъул1эм 1эмалымрэ хэк1ып1эмрэ и мащ1эт. Тыркуми Кърымми я 1эмыщ1э зрилъхьэн мурад и1этэкъым Темрыкъуэ, махуэ къэс къыхагъэзыхь пэтми. Абы и зэманым зы илъэси дэк1акъым тыркухэмрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр Къэбэрдейм къимызэрыгуауэ. Псэ зэпылъхьэп1э щихуэм, зы хэк1ып1э закъуэщ Темрыкъуэ къыхуэнэжар: къыщхьэщыжын, къыдэ1эпыкъун, би1хэм ящызыхъумэн къэрал лъэщ гуэрым дзей хуэхъун хуейт.
 1557 гъэм Темрыкъуэ и л1ык1уэхэр Мэзкуу  к1уащ, урыс пщышхуэм епсэлъэн папщ1э. Урысейр лъэ быдэк1э щыув зэмант ар, къаруушхуэ бгъэдэлъ хъуауэ, дэнэ лъэныкъуэк1и  зыщиукъуэдийрт, бийхэр къыф1эл1ык1ырт, тегушхуэгъуаф1э ящ1ыжыфынутэкъым. Урысейм хуэдэ къэрал  лъэщт Къэбэрдейр бийхэм ящызыхъумэфынур- ар щ1эх дыдэ къыгуры1уащ Темрыкъуэ.Аращ Урысейм дзей зыщ1ыхуищ1ар, абы щ1ыхыхьар.
 Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмк1э, бийхэр махуэ къэси къызытегупл1э Къэбэрдейм дзэ къигъак1уэурэ Темрыкъуэ кудрэ къыдэ1эпыкъуащ Урысейр.
 Тэрч псым и 1уфэм абы и лъэ1ук1э къалэ быдап1э зыбжанэ къы1уащ1ыхьащ урысхэм. Ар ягу техуакъым зэрыпхъуак1уэхэм- урыс пащтыхьым къеныкъуэкъу зэпытащ Темрыкъуэ хуащ1а къалэ быдап1эхэр якъутэжын хуейуэ.
 Темрыкъуэ и хэкур Урысейм зэрыхыхьам, урысхэр дзей зэрищ1ам нэхъри къигъэгубжьащ Тырку Сулът1анри Кърым Хъанри-Къэбэрдейм нэхъри къытракъузащ,   дзэ къраут1ыпщурэ 1эджэрэ къытегупл1ащ, ауэ Темрыкъуэ и зэмаными иужьк1и зэрыпхъуак1уэхэм яхузэф1эк1акъым Къэбэрдейр  я 1эмыщ1э иралъхьэну, я лъэгу щ1агъэувэну. Аращ Темрыкъуэ 1557 гъэм  ича лъэбакъуэр ди лъэпкъым дежк1э щ1эмахуэр- Къэбэрдейр абы лъандэрэ ящыхъума хъуащ бийхэм.
 Къэбэрдейм и хуитыныгъэм и закъуэкъым Темрыкъуэ зыщ1эзэуар. 1570 гъэм Кърым Хъаным и дзэр Шэрджэсым къытеуащ. Бийм пежьащ Къэбэрдей пщышхуэм и дзэр. Афыпс деж щек1уэк1а зауэ гуащ1эм Темрыкъуэ у1эгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Бийр абдеж щызэхакъутащ, ауэ зауэм къыхиха у1эгъэм Темрыкъуэ 1571 гъэм ил1ык1ащ.
 Я адэм и гъэгум ирик1уащ Темрыкъуэ и къуэхэри и къуэрылъхухэри: ахэр Урысейм пэжк1э бгъэдэтащ-Мамсырыкъуи, Думэныкъуи, Сулът1ани, адрейхэри.Урысей къэралым зиузэщ1ын, лъэ быдэк1э увын папщ1э, куэд ялэжьащ Идар Темрыкъуэ и щ1эблэхэм- зи къуэпсыр а пщышхуэм деж къыщежьэ пщы Черкасскэхэ.
 И къуэхэм нэмыщ1, Къэбэрдейм я пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищ и1ащ: Алътыншаш, Мэлхъурыб, Гуащэнэ. Я дэлъхухэм хуэдэу, зэшыпхъуищри щыц1эры1уэщ Къэбэрдейми Урысейми я тхыдэм.

              Урыс пащтыхь гуащэ Марие (Гуащэнэ)
                               (1544-1569 гъгъ.) 

 Урысей пащтыхь Иван   и япэ щхьэгъусэ Анастасие л1а нэужь, абы дэк1уауэ щытащ Идар Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщ1э Гуащэнэ.Чыристан диныр къищта нэужь, Гуащэнэ Марие къыф1ащащ.1561 гъэм щыщ1эдзауэ Темрыкъуэ и пхъур Урысейм я пащтыхь гуащэ хъуащ, а ц1эр зэрихьащ дунейм тетыху. Зы бынщ Марие и1ар( Василий зыф1аща щ1алэ ц1ык1ур),арии сабийуэ 1563 гъэм  дунейм ехыжащ. Пащтыхь гуащэ Черкасская Марие Мэзкуу Кремлым (Спасскэ куэбжэм пэмыжыжьэу) дэта Вознесенскэ ц1ыхубз къулъшырыфым щ1алъхьащ.
 Темрыкъуэ и пхъур урыс пащтыхьым зэрыритам Къэбэрдейми Урысейми я дежк1э мыхьэнэшхуэ и1ащ, абы нэхъри благъэ зэхуищ1ащ 1557 гъэм зэгухьауэ щыта къэралит1ыр.
 Урыс пащтыхьым Марие  тыгъэ къыхуищ1ауэ щыта дыщэфалъэр Кремлым дэр оружейнэ палатэм щахъумэ. Абы мыпхуэдэ псалъэ тетщ: «Миниблрэ хыщ1рэ бгъу гъэм (1561 гъэм) и гъэмахуэм тхьэм и нэф1 зыщыхуауэ  Урысей  псом я пащтыхь, пщышхуэ Иоанн Васильевич пащтыхь гуащэ Марие хуригъэщ1ащ мы фалъэр». Киллограммищ хъу дыщэ фалъэр Иван    Марие щритар абыхэм  я хьэгъуэл1ыгъуэр щек1уэк1а махуэрщ, ар урыс дыщэк1 1эщ1агъэм и хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ лъап1э дыдэхэм хабжэ.
 Урыс тхыдэм нэмыщ1, Темрыкъуэ ипхъу Марие и ц1эр къыхэнащ урыс 1уэры1уатэми: абы щыгъунэжщ къэбэрдей пщыпхъу, урысей пащтыхь гуащэ Идар Гуащэнэ (Марие) теухуа уэрэдхэр, хъыбархэр.


                 Къасым хъан гуащэ Алътыншаш
                              (1525-1583 гъгъ.)

 Алътыншаш Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьщ. Ар Астрэхъан дэса нэгъуеипщым и къуэ Бекбулат и щхьэгъусащ. Астрэхъан нэгъуейхэм я хэкумрэ Къэбэрдеймрэ зэгъунэгъуащ, я гъунапкъэ зэпыхьэу. Темрыкъуэ ипхъу нэхъыжьыр нэгъуей пщышхуэм и къуэм щ1ритам щхьэусыгъуэ и1эт: нэгъуейхэр дзей къищ1ын щхьэк1эщ.
 Астрэхъан Урысей къэралыгъуэм хагъэхьа нэужь(1556 гъэм), Бекбулатрэ Алътыншашрэ Ока псым и 1уфэм 1ус Къасым хъаныгъуэр къратащ: Темрыкъуэ и малъхъэр, Бекбулат, абы тепщэ(хъан) щыхъуащ. Бекбулат л1а нэужь, абы и къуэ Саин-Булат Мэзкуу яшэри, урыс пащтыхь тахътэр дзыхь къыхуащ1ащ. Темрыкъуэ и пхъурылъхур (чыристан диным ихьа нэужь, Симеон Бекбулатович зыф1ащар) урыс пащтыхь тахътэм тесащ илъэсит1к1э-1574-1576 гъэхэм.

 
               Мазэщ1эу лыду тхьэ1ухудыр,
          Нарт хэкум Тхьэшхуэм къыдитат,
             Дахагъри ф1агъри бэм езытыр
        Жумарту уэ къыпхуэупсат.


                  Нэгъуей хъан гуащэ Мэлхъурыб
                               (1528-1597 гъгъ.)

 Индылрэ Уралрэ я зэхуаку дэсащ Нэгъуеишхуэк1э зэджэ хъаныгъуэр, 1эпхъуэшапхъуэу. Нэгъуеишхуэм я хъан Измаил и къуэ Тинахъмэт и щхьэгъусащ Темрыкъуэ ипхъу курытыр-Мэлхъурыб. Измаил л1а нэужь, Нэгъуеишхуэм я тепщэ хъуащ абы и къуэ Тинахъмэт-Темрыкъуэ и малъхъэр. Урысеймрэ Нэгъуеишхуэмрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуащ иужьк1э-Тинахъмэт и щхьэгъусэр, Мэлхъуруб, урыс пащтыхь гуащэ марие и шыпхъут: я адэм и жы1эм ф1эк1акъым т1ури- Урысейр, Къэбэрдейр, Нэгъуеишхуэр нэхъри зэрыубыдын щхьэк1э, яхузэф1эк1 къагъэнакъым.
           Уи гъащ1эр к1эщ1ми, дэ тыхь тхуэпщ1ри,
     Лъэпкъит1ыр благъэ зэхуэпщ1ащ.
                Дыщэпск1э лауэ лъагъуэ хэпшри,
          Игъащ1э псок1э зэпыпщ1ащ.



 Къэбэрдеипщ, л1ык1уэ, зауэл1 хахуэ Мамсырыкъуэ
                         (1524-1601 гъгъ.)

  1566 гъэм Къэбэрдейм щыщ шу гуп Мэзкуу
 к1уауэ щыта. Шу гупыр Идар Темрыкъуэ и
 л1ык1уэт, я 1этащхьэр пщышхуэм и къуэ
 Мамсырыкъуэт. Темрыкъуэ и ц1эк1э
 л1ык1уэхэр урыс пащтыхьым елъэ1уащ Тэрчрэ
 Сунжэрэ щызэхэхуэм деж къалэ-быдап1э
 щаухуэну. Темрыкъуэ и лъэ1ур къыхуищ1ащ
Иван Епл1анэм.  Дзэ къыщ1агъури, Мамсырыкъуэ
 1567 гъэм къаут1ыпщыжащ, сунжэ и 1уфэм
  къалэ-быдап1э щаухуащ, ар зи ф1ыщ1эр,
 псом япэрауэ, Мамсырыкъуэщ. Къалэм дэс урысыдзэр  къэбэрдейхэм къадэ1эпыкъуащ, ахэр «Тыркумрэ Кърымымрэ я 1эмыщ1э имыхуэн щхьэк1э». Дауи, ар ягу техуакъым тырку сулът1анми кърым хъанми-абыхэм зауэ къращ1ыл1ащ Къэбэрдейм, урыс пащтыхьми тракъузащ Тэрч къалэр –быдап1эр икъутэжын хуейуэ. 1570 гъэм Афыпс щек1уэк1а зауэм у1эгъэ  щыхъури, Темрыкъуэ абы ил1ык1ащ. Урыс пащтыхьым Тэрч къалэ-быдап1эр икъутэжын хуей хъуащ, абы дэса дзэри дишыжащ.
 Къэбэрдеипщхэр гуп зыбжанэ зэрыгъэхъури, Мамсырыкъуэ л1ы 1ущыр абыхэм я1эщ1эк1уэдащ.Къазиипщым ар 1601 гъэм иригъэук1ащ, и къуэш Думэныкъуэ щ1ыгъуу.
 Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым ноби зэрехьэ Мамсырыкъуэ и ц1эр-Мерзляковкэ. Мамсырыкъуэ и ц1эрэ и хъыбаррэ ущрохьэл1э пасэрей урыс уэрэд куэдми.
 Урыс пащтыхь Иван Васильевич кърым хъан Долэт-Джэрий 1570 гъэм хуитхащ: «Хъыбар къыт1эрыхьащ пщы Темрыкъуэ и къуит1, Мамсырыкъуэрэ Бибэрыкъуэрэ, хъаныкъуэ Адыл-Джэрий и 1эмыщ1э ихуауэ. Ахэр къытхуэбут1ыпщыжамэ, сытк1э укъыдэлъэ1уми, пхуэтщ1энт».
 Мамсырыкъуэ и уэрэдыр вариант 90 щы1эщ.уэрэдым лъабжьэ и1эщ: Гуащэнэ пащтыхьым щыхуашэм щыгъуэ, абы щ1ыгъуа шу гъусэхэм яхэтащ Темрыкъуэ и къуит1-Мамсырыкъуэрэ Сулът1анрэ.А т1ури ц1эры1уэ щыхъуащ урысей къалащхьэм. Сулът1ан Мэзкуу къыдэнауэ щытащ, чыристан диным ихьа нэужь, Михаил къыф1ащауэ.
 Зэралъытэмк1э, Мамсырыкъуэ и уэрэдыр хэк1ып1э хуэхъуащ Лермонтовым и усыгъэ ц1эры1уэми-«Пащтыхь Иван Васильевич, опричник щ1алэм, сатуущ1э хахуэ Калашниковым я пшыналъэм».



                   Урыс дзэпщ ц1эры1уэ Къанщауэ
                             (1586-1651гъгъ.)

 Къэбэрдей пщышхуэ идар Темрыкъуэ ,
и пхъуищым нэмыщ1, къуитху и1ащ-Думэныкъуэ,
Мамсырыкъуэ,Бибэрыкъуэ(Белгъэрыкъуэ),
Мат1э(Мазлэ),Сулът1ан сымэ. Зэшхэм я нэхъ
 ц1эры1уэр, дауи, Мамсырыкъуэщ: Урысейми
Къэбэрдейми я тхыдэмщыгъунэжщ абы и
хъыбархэр. Мамсырыкъуэ(урыс щ1эныгъэл1хэм
 зэратхымк1э, Мамстрюк) л1ыгъэшхуэ зыхэлъа,
 Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ нэхъри благъэ
 зэхуэхъуным хэл1ыф1ыхьа дзэпщ, л1ыщхьэ
 ц1эры1уэщ, и адэм, Темрыкъуэ, зытригъэхьа
 гъуэгум тетащ, и гъащ1эр иухыху.
 Мамсырыкъуэ и къуэщ Черкасский Дмитрий.1979 гъэм къыдэк1а «Совет энциклопедие псалъалъэм» зэритымк1э, Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) 1613-1634 гъэхэмдзэпщ къулыкъу зэрихьащ.дзэпщхэм а зэманым къалэшхуэхэм, абыхэм къедза щ1ыналъэхэм я 1этащхьэу щытащ,зэрыдзэпщым нэмыщ1.  абы и пэк1э черкасский Дмитрий дзэпщ Пожарский Д.М. дэзэуащ, Мэзкуу полякхэм къа1эщ1эзыхыжа урысыдзэм щыщ зы дзэ полк ( пак1э) 1эщ1элъащ, Углич, Вязьмэ, Дорогобуж къалэхэм хуит къэзыщ1ыжахэм яхэтащ.Калугэ хуит къыщащ1ыжым щыгъуэ, Лжедмитрий и щхьэгъусэ Мнишек Маринэ гъэр зыщ1ар Черкасский Дмитрий зи пашэ дзэращ.
 Смоленск и гъунэгъу Белая къалэ-быдап1эр полякхэмрэ литовцхэмрэ къыщы1эщ1агъэк1ыжым щыгъуэ зэрихьа  л1ыгъэм папщ1э, черкасский Дмитрий «Дыщэ дамыгъэ» лъап1эр къратащ.Апхуэдэ дамыгъэ лъап1э а зэманым зыхуагъэфащэ хабзэр къэралым и пащхьэм ф1ыщ1э ин дыдэ щызи1э дзэпщышхуэхэрат-апхуэдэущ мамсырыкъэ и къуэ Черкасский Дмитрий(Къанщауэ) Урысейм и тхыдэм къызэрыхэщыр.
 Боярин ц1э къыф1ащауэ, къанщауэ Къэзан приказыр зэрихьащ, нэхъ белджылыуэ жып1эмэ, Урысейм и къуэк1ып1э лъэныкъуэм и унафэр 1эщ1элъащ. Боярин ц1э зыф1ащыр пащтыхьым и гъунэгъу дыдэ дзэпщ, л1ыщхьэ, къулыкъушхуэ зезыхьэ ц1ыху ц1эры1уэхэрат, абыхэм ящыщащ Темрыкъуэ и къуэрылъхур.1633 гъэм и бжьыхьэм, Польшэм щезауэм, урысыдзэм дзэпщ нэхъыщхьэ яхуэхъуар Мамсырыкъуэщ.
 «Энциклопедие псалъалъэм» зэритымк1э, Черкасский Дмитрий щыл1ар 1651 гъэрщ, и хьэдэр Новоспасскэ къулъшырыфым (Мэзкуу) щыщ1алъхьащ.




                       Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ

                       1уащхьитхур зек1уэл1хэу щысахэу
                        Хэку дахэм Марие щалъхуащ,
Гу лейк1э зэтеплъэр еуасэу
Псэ хэтхэм нэхъ къабзэу къэхъуащ.
Щ1ык1аф1эу и нэк1ур зэ1уихым,
Мазэгъуэм и жэщыр къэнэхут;
И маъкыр 1иблисым зэхихым,
Дунейр игу ихуауэ зиущэхут.
Куржык1э хъуржынуэ къраххэр
Вагъуэнэм и пащхьэм щаунэщ1т,
Пщы инхэм псэлъыхъууэ хухаххэр
А дахэм телъыджэ къыф1эщ1т.
Жаншэрхък1э мазэк1э паудуэ
Нарт бынхэр гуащэщ1эм хуоджэгу,
Хуэмыхухэм жыр афэр щаудуэ
Я джатэр шу жэрхэм яудзэгу.
Джэгул1хэм я ф1эщхэу зэпеуэу
Я макъхэр пхъэ пшынэм дагъагъ.
Псэлъыхъухэр нэщэнэ зэдеуэм,
Мыуэфхэм пщ1э хуащ1ыр бжэкъуагъщ.
Бжэ1упэм щоджэгу тхьэ1ухудхэр,
Щауэф1хэмкъадэфэу махуибл;
Вы пшэрхэр сэ лъам хураудхэр,
Хьэщ1эл1хэм ирафыр чеибл.
Езы дахэр щ1эращ1эу пщащэбэм
Дэджэгууэ яхэту уеплъам,
И теплъэщ из мазэр вагъуэбэм
Щахэтыр-уафэгум уиплъам.
Марие и нэщхъ зэхиук1эм,
Псы уэрхэм тк1ииныр щагъэт,
Тамарэу щауэф1хэр иук1къым,
Нэщхъейми, гуф1эгъуэ щогъуэт.
Хьэщ1эшхэр щозэш ф1эдзап1ит1ым
Псэлъыхъухэм хьэщ1эщыр трач.
Темрыкъуэ и дзэшхэр нэхущым
Дехужхэр-1эжьэкъур иреч.
Мэзыщхьэхэм бланэр щахутэу
Щак1уэл1хэм бжьамий щагъэхъей,
Пл1э лъэщк1э жыг гъурхэр якъутэу
Бгъуэнщ1агъхэм щапхыфыр домбей.
Шу жэрхэм я хэкум и гуащэ,
Гу щабэу Марие-тхьэ шыпхъу,
Уэ л1ыгъэр дапщэщи уи гуращэт,
Пщэдейм ф1ык1э уехъуэхъут.

Махуэл1 Беслъэн
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!