Автор Тема: Адыгэбзэр зэрытщ1ынур...  (Прочитано 2178 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
Адыгэбзэр зэрытщ1ынур...
« : 22 Декабрь 2016, 10:54:47 »
Адыгэбзэр зэрытщ1ынур...Пэжу итхыгъащ мы псалъэхэр усак1уэм.Сыт зэрытщ1ынур адыгэбзэр,Къэбэрдей-Балъкъэр  республикэ дыдэм 1умпэм ящ1ым-ящ1урэ хыф1адзэжыпа бзэр?!Урысейм ущигъэлъап1эркъым,къулей узыщ1къым,уи щхьэр лъагэу уэзыгъэ1эткъым...Сытым и 1ыс уи анэм къыбдигъэщ1а бзэр, ди нэхъыжьхэм ямыгъэк1уэдыжу нобэм къэсар?Ей,фымыпсалъэ-т1э фи анэбзэмк1э,фыщымыпсэу адыгэбзэр здэ1у щ1ыналъэм,фемыда1э ди уэрэдыжьхэм,хъуэхъу псалъэхэри фымыгъэпс,"лэу-лэук1э"сабийри щ1эвмыупск1э...
 Жыс1эми си гум илъыр схуэмыухыу,стхыми псалъэхэр схуримыкъуу си гъащ1эм и илъэсхэр изохьэк1.Ар зэхьэл1ауэ щытыр си бзэр аращ,адыгэбзэу си анэм къыс1урилъхьауэ сызэщ1эзы1этэрщ.А бзэр еджак1уэхэм я1урыплъхьэну,ар уэ ебгъэджын,ебгъэщ1эн хуейуэ уи лэжьыгъэр абы хуэунэт1ауэ щыщытым деж-тобэщ!Адыгэбзэр я сабийхэм езыгъэджыну хуэмей адэ-анэхэм я псалъэмакъхэр,ебгъэдж урокхэм я сыхьэт бжыгъэхэр мащ1э зэрыхъум,адыгэбзэмк1э езыгъаджэ егъэджак1уэхэр зэпеуэхэм хэтрэ зы щ1ып1и къыщыхэмыщыххэмэ,ар куэд уезыгъэгупсыскъэ?!Тхузэф1эк1,тхуэщ1э псори на1уэ щытщ1ыфу ди1э закъуэр зы зэпеуэщ-"Си бзэ-си псэ,си дуней" жыхуи1эрщ.Гъащ1эм зыдрагъэк1уми сымыщ1э,ауэ а зэпеуэм и1эжкъым зыри хуитыныгъэ.Мы жыс1эм и щхьэусыгъуэри мыращ.Налшык къалэ дэт гимназием адыгэбзэмк1э щызогъаджэ.Си гум хэпщ1ауэ щыт анэбзэм и дахагъэ псори утыку зэрысхузэф1эк1к1э къыщызгъэлъэгъуащ къалэм щригъэк1уэк1а зэпеуэм.Абы япэ увып1эри къыщызатащ.Къызатык1э сыт?Республикэм адэк1э зыкъыщыбгъэлъагъуэ хъунукъым.Щхьэусыгъуэр-япэм егъэджак1уэм и закъуэ а зэпеуэм хэтыфу щытамэ,иджы языныкъуэ унафэщ1хэм ар 1уахащ,зэпеуэм еджап1эр хэтын хуейуэ унафэу къащтащ.1эмал имы1эу щ1акхъуэ 1ыхьэ къуатам щхьэ уедзэгъун хуей,армырами нэгъуэщ1ып1э зыкъыщыбгъэлъагъуэ хъуфынукъым адыгэбзэм уриегъэджак1уэмэ(уакъыгуры1уэнукъым).Аращи,унафэщ1хэр псалъэмэ адыгэбзэм и егъэджак1уэхэр мыхьэнэншэу дыкъыщ1рагъэдз.Зытшэщ1,зыт1эту зэрыщ1эддзэуи  дамэм къокъухэри езы дыдэхэм уэгум дыхуагъак1уэркъым.Урысыбзэр къэралыбзэу зэрыщытым хуэдэ къабзэу адыгэбзэми хуитыныгъэ и1эщ.Хъуну щытмэ ди бзэмк1э дривгъэпсалъэ,адыгэбзэмк1э егъэджак1уэхэм моуэ нэхъ фыкъыдэплъ.К1уэдыжыным зы мащ1э и1эжу аращ адыгэбзэм.Дыхуэвгъэсакъ абы,дывгъэдж,сабийхэм нэхъыбэу я1урыдвгъалъхьэ.Мылъкуракъым къулеигъэр,хъуапсап1эр,гъащ1эр зыгъэдахэр.Уи бзэ урипсалъэрэ уи анэбзэр уи напщ1эу щытыр аракъэ насып хъужри!
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!