Автор Тема: Ди анэдэлъхубзэр  (Прочитано 5916 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Емуз

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 3
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Ди анэдэлъхубзэр
« : 17 Февраль 2013, 09:31:09 »
Мыбдежым адыгэбзэкIэ сыщытхэну,анэдэлъхубзэм теухуауэ си гупсысэхэр жысIэну сыхуейт ауэ сайтыр урысыбзэ защIэу зэрыщытым щхьа здэстхынури къысхуэгъуэтаIым куэдырэ.Сэ Тыркум сыщыщщ,модрейр Йорданием щыщщ,хэт Израилым.Нобэ дыздынэса текнолложи Iуэхур нэхъыбэу къэзгъэсэбэпын хуейри дэ адыгэхэращ.Абы дэ нэхъ дыхуэныкъуэщи.Сэ схуэдэу и анэдэлъхубзэм зэикI хуемыджахэр мыбдеж щытхэну щыхуежьэм идеж щыуагъэ гуэрхэри къыхигъэхьэнкIэрэ мэхъу ауэ,нэхъыщхьэр ди бзэ дгъэлэжьэн ар ди гъащIэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыдгурыIуэн хуейуэ аращи маржэ,хъуну щытым мы сайтым дымыIэбэрабэу дыщытхэфын ухэдиз адыгэбзэри къыхэщыу дывгъэщI,тхурращI.
Дэтхэнэ зы бзэри зыхъумэнур а бзэр зыщIэхэм зэпымыуу ар ягъэлажьэмэщ,яIурылъымэщ.Хэкужьым исхэм хэт яфIэфIыу,хэти хуэмейми къафIыдихуу урысыбзэр къагъэсэбэпыу,Тыркум исхэм аыдыгэбзэр къыкIэрыхуа гуэрэу къащыхъурэ,я бынхэр псалъэну щыхуежьэм идеж абы щыдыхьэшхырэ Iуагъэщтыу дырохьэлIэ.Хьэрып къэралхэм щыпсэу адыгэхэри  аращ,н.къ.Ди жагъуэ зэрыхъущи Тыркум деж адыгэбзэр адыгэ Iэнэм щэхьэдэхырIым.Абы лъабжьэ дэгъуэ зэриIэр гъащэм и дэтхэнэ зы къудамэми къыщыдгъэсэбэпын хуэдиз къарыу зэриIэр ящIэхэIым,тщIэIым.Ар яджыну хуитыу щыта1ыми,аращ.Я хэку зэрабгынэрэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэм нэблэгъауэ зэрыщытым къихьа гуауэ куэди абы хэлъщ.Иужьырей илъэсиплI тхум къэралыми нэхъ хуит дищIауэ щытщи,иджы щалэгъуалэ еджахэм зыкъаIэтыу щIадзащ,"сыт ди бзэкIэ дыщIэмыпсалъэжыр"жэуэ.Ауэ ахэм ябзэр къызыщагъэсэбэпын утыкурэ щIыпэрэ щамыIыж зэмаными дихуакIэщ.Тыркум щыпсэу адыгэхэр илъэс пщкIутх,тIощI хъуауэ къуажэхэр къабгынэри къалэхэм нэхъырэ хэпхъауэ щыпсэу хъуащ.Мис абы бзэри хабзэри нэхърэ нэхъ гъащIэ мащIэ ещI.
КIэщIыу жытIэну щытым, бзэр зыщIэхэр дызыдэIэпыкъун,нэхъыбэу хамэ къэрал щыпсэу зи бзэ зыIэщIэхуу хуежьа  адыгэ ди куъэшхэм  мис мы интернетымкIэ запытщIэу зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуэхъунырращ.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Ди анэдэлъхубзэр
« Ответ #1 : 17 Февраль 2013, 13:11:19 »
Бэязыт, бзэм и гукъеуэр гукъеуэшхуэщ. Сэ куэдрэ сызэгупсысыр - бзэр нобэ "экзотикэ" жыхуа1эм хуэдэу къытф1эщ1 хъуащ. Бзэр щы1эщ жыт1эн щхьэк1э, урысыбзэк1э жыс1энщи "для галочки" тхыгъэхэр къытыдодзэ. хэт абы еджэр? хэт хуэныкъуэр адыгэбзэм? хуабжьу гухэщ1щ. Сэ адыгэбзэ сщ1экъым, ау адыгэбзэ зыщ1эхэм нэхърэ нэхъ хабзэ зызохьэ жи1эмэ-щэ ц1ыхум? сэ абы сызэреплъыр - адыгэбзэращ псори къызыхэк1ыр. Бзэр - хабзэ мэхъуж. Тхы адыгэбзэк1э - блэк1ынущ 1эджи емыджэу, еджэфынукъым. Ауэ а адыгэбзэк1э тхам ар зыхуей гупсысэр хэлъынущ

Оффлайн Емуз

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 3
  • Карма: +2/-0
    • Просмотр профиля
Re: Ди анэдэлъхубзэр
« Ответ #2 : 17 Февраль 2013, 19:02:31 »
Пэжщ Аминат,сэ сыхуэзащ ди нэхъыжьхэм сахэсыу бзэм и 1уэхум дытепсэлъыхьти,ди зы ныхъыжьым ар же1э;"Бзэр к1уэдыжыми хабзэр 1ыгъын хуейщ"жэуэ.Адрейхэми ар да1ыгъ.Узыгъэгупсысэн 1эджэ ди1эщ ауэ, ф1ы 1эджи къыдэхъул1эу щ1ытщи,мис ахэм дыриттелъхьэу делэжьын хуейщ.

Оффлайн Pshuk Ibrahim

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 1
  • Карма: +0/-0
    • Просмотр профиля
Re: Ди анэдэлъхубзэр
« Ответ #3 : 18 Февраль 2013, 00:52:49 »
фи жэш фыуэ си гуапэщ АЛЛАХЬым фиригъакIуакIуэ фыпсэу адыгэхэр

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Ди анэдэлъхубзэр
« Ответ #4 : 18 Февраль 2013, 00:55:42 »
Ибрэхьим, нэхъыф1ыжу! къеблагъэ:)