ФОНД "АДЫГИ"

Главная категория => Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ => : Амина 07 February 2013, 23:17:11

: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 07 February 2013, 23:17:11
Мы къудамэм дыщопсалъэ адыгэбзэк1э :) Дытопсэлъыхь бзэм и мыхьэнэм, ар хъума хъун папщ1э щ1эн хуейм. Хэт сыт игу илъми къэфтх. Ди гуапэщ.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Ali Berzeg 09 February 2013, 02:14:27
Тэ ти бзэм икъэ1уак1ит1ур зыгорэущтэу зэу тш1ын фае. ;)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 09 February 2013, 11:11:29
Али, къыбдэсэштэ, ащ фэгъэхьыгъэу ти ш1эныгъэл1хэм 1оф ащ1эн фай. ау, интернетым дэнэ щы1э адыгэхэри дыщызэхуэтхэфу латин алфавит иджы дыдэ ди1амэ ф1ыт.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Сусанна 12 February 2013, 09:25:40
Шъуипчэдыжь ш1ух... Сш1эрэп сэ сыхуэкъонк1и мэхъу, ау сэ сиш1ош1к1э, адыгэк1э зэджэжьрэр зыщыпсэурэ ч1ыналъэм щагъэфедэрэ тхак1эр, кириллэуи ш1ы, латинэуи ш1ы, щы1эн фаеу сеплъы... Адыгэ зык1оц1ылъым, сыадыг зы1оу адыгабзэк1э зэджэжьырэм сыдэущтэу къиным адрэри мыдрэри зэригъэш1эщт... Къэралыгъо лъапсэ и1эу непэ тиалфавит зэблэпхъунэу уфежьэмэ ащ мылъкушхо ищык1агъ ар зы... Ят1онэрэмк1э, тисабыйхэм, шъыпкъэр хъумэ, кириллыр зылъапсэ адыгабзэри нэрыгъ-псэрыгъэу аш1э, агъэфедэ, зымыш1эрэри нахьыбах... А мэк1э т1эк1ур зыш1эрэм ыш1эрэр щыбгъэзыемэ, умыгъэфедэжь хъумэ, зыпари ымыш1ахэу къэнэщт... Тищык1агъа ащ фэдэ... Сыш1эныгъэлэжь зы1орэм, сэ сызэреплъырэмк1э, къэбэртэе тхык1и, латин тхык1и, кирилл тхык1и ыш1эн, къеджэшъун, ыгъэ1орыш1эшъун фае...
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 12 February 2013, 15:02:04
Сусанна, къеблагъ! Адыгабзэр - Зы, ау угу къео, Адыгеибзэ, Къэбэртаебзэ а1оу зэхэдз заш1к1э. Сэ сшъхьак1э, Мейкъуапэ седжэ зэхъум к1ах диалектыр псынк1э дэдэу зэзгъэш1агъ. БЗЭМ зы лъапсэ зи1эк1э ары зэрыхъущтыр. Къап1ор шъыпкъэ, къин бэ пыш1агъ алфавитыр зэблэпхъуным, ауэ зэгорэм ащ ти лъэпкъыр къыфэк1ощт сш1ош1ы))
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Александр 13 February 2013, 14:09:43
Си ныбжьэгъухэу кириллицэ хьэрыфыпкъхэр зымыщ1эхэм  адыгэбзэк1э (е урысыбзэк1э) сахуэтхэн щыхъук1э, латин хьэрыфыпкък1э сахуэтхэн мэхъур.  Латин хьэрыфыпкъхэр къыхэзудыныр сэри къызохьэлъэк1 кириллицэ хьэрыфхэм сызэресам папщ1э. Ауэ сэ хэк1ып1э тынш къэзгъуэтауэ куэд щ1ауэ къызогъэсэбэп. MAIL.RU – м деж си почтэм сызыхуеир сотхыр адыгэбзэк1э ( е урысыбзэк1э).  Тхыгъэр иризгъэкъуа иужь    «транслитерация» жыхуи1эм тызокъузэр. Абы сэ кириллицэк1э стхауэ хъуар  латиницэк1э зэрехъуэк1ыжыр ик1и кириллицэ тхыпкъылъэхэр зымыщ1эм латиницэк1э ф1ы дыдэу еджэгъуаф1э хуохъур.
Псалъэм щхьэк1э,  мы сэ иджыпсту къэстхауэ хъуар латин хьэрыфк1э схуитхыжащ:

Si nybzh'eg'uheu kirillice h'eryfypk'her zymysh1ehem  adygebzek1e (e urysybzek1e) sahuethen shyh'uk1e, latin h'eryfypk'k1e sahuethen meh'ur.  Latin h'eryfypk'her k'yhezudynyr seri k'yzoh'el'ek1 kirillice h'eryfhem syzeresam papsh1e. Aue se hek1yp1e tynsh k'ezg'uetaue kued sh1aue k'yzog'esebep. MAIL.RU – m dezh si pochtem syzyhueir sothyr adygebzek1e ( e urysybzek1e).  Thyg'er irizg'ek'ua iuzh'    «transliteraciya» zhyhui1em tyzok'uzer. Aby se kirillicek1e sthaue h'uar  latinicek1e zereh'uek1yzhyr ik1i kirillice thypk'yl'eher zymysh1em latinicek1e f1y dydeu edzheg'uaf1e huoh'ur.
Psal'em shh'ek1e,  my se idzhypstu k'esthaue h'uar latin h'eryfk1e shuithyzhash.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 13 February 2013, 23:36:17
Александр, упсэу! иджырэ къэс ар сщ1амэ, апхуэдиз гугъуехь сыхэтынтэкъым)))
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 13 February 2013, 23:42:36
Ди гуапэ Александр бзэм теухуа псалъэмакъым укъызэрыхыхьар.

Уэхъутэ Александр, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ Автономием и Тхьэмадэ, Урысейм и меценат, АМАН-м и академик. Адыгэбзэр хъумэным, зиужьыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэк1уэк1. Къэбэрдейм куэд щ1ауэ щы1э "Си бзэ - си псэ, си дуней" зэпеуэр Къэрэшей-Черкес республикэм къэзыхьар Александрщ. Ар Адыгэ Республикэм щрагъэк1уэк1ыным нобэ иужь итщ.

Тхьэр арэзы къыпхухъу, Александр!
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 13 February 2013, 23:50:32
(http://img-fotki.yandex.ru/get/4133/30288281.0/0_b086c_3c08c125_XS)

Адыгэ хабзэм и бзэр адыгэбзэщ!

ПщIэ зиIэу, лъапIэу ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!

Дунейм тет бзэхэр псори къызытек1ар зы бзэщ, апхуэдэу щыхъук1э зы лъэпкъщ. Ауэ ц1ыху бжыгъэр багъуэмэ зэбгырык1хэурэ, зы бзэ закъуэу щытар зэщхьэщык1ыу щ1идзащ. Ик1и, ипэ дыдэу къызытек1а бзэм зыгуэрхэр темыхуэж хъуащ. Апхуэдэурэ бзэ щхьэхуэхэр къэунэхуащ, апхуэдэурэ зы лъэпкъыу щыта ц1ыхухэр лъэпкъ куэд хъуащ. Бзэ щхьэхуэк1э псалъэ хъуа лъэпкъхэм я бжыгъэр багъуэурэ, бзэуэ мы дунеим тетхэм я бжыгъэр 6500 нэсащ. Абы иужьк1э лъэпкъыбзэ бжыгъэм хэщ1у щ1идзащ, лъэпкъ нэхъ ц1ыху мащ1э хъухэм я бзэр яхуэмы1ыгъыжу, ц1ыху нэхъыбэхэр зэрыпсалъэ бзэм теувэхэурэ, лъэпк1ыбзэ 4000 къехъум
иримыпсалъэж хъуащ, жып1э хъунущ ахэр л1ауэ. Иджырик1 лъэпкъыбзэу дунеим тетым и бжыгъэм хощ1 пэт. Лъэпкъ нэхъ мащ1эхэм я бзэхэр мэк1уэдыж.
Нобэк1э ц1ыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэуэ бзэ 40-ым дунеим тет ц1ыху бжыгъэм и 1ыхьэ щанит1ыр иропсалъэр. Ц1ыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэхэм ипэ итхэр китай (чынты) испан, хинди, инджлыз, урыс, португал, хьэрыпыбзэхэщ. Франджыбзэм ирипсалъэри куэдщ, ауэ ар зи анэдэлъхубзэу зыбжхэр мащ1эщ.
Сыт хуэдэу къэщ1а хъуну, япэ дыдэу къежьа бзэр?
Бзэмк1э щ1эныгъэрылажьэ еджагъэшхуэхэр йолэжь а 1уэхугъуэм. Иджык1э а еджагъэшхуэхэм зэрыжа1эмк1э, адыгэбзэр мы дунеим бзэ пэсэрей дыдэхэу, бзэ псом япэ ит бзитхум хеубыдэр. Аращ хамэ къэралым щыщ еджагъэшхуэм щ1ыжи1ар: «Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гэщ1эгъуэныщэхэм, купщ1аф1эхэм ящыщщ. Абы къыпкърык1 къарум къуегъащ1э ахэр дунейр зэхэзыщ1ык1ыфыну акъылк1э да1уэ ц1ыхурауэ зэрыщытыр»- жэуэ.
Ауэ, зэрыдижагъуэщи, адыгэбзэр нобэ зытет гъуэгур гъуэгу щ1агъуэкъым.


: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 13 February 2013, 23:50:59
Адыгэбзэр къызэтенэным щхьэкIэ, дэ къыткIэлъыкIуэнухэр хуиту бзэм ирипсалъэу псэуным щхьэкIэ Iуэхугъуэ куэд лэжьын хуейщ. Бзэм егъэджэн къудейр къытщхьэпэну щыткъым, атIэ бзэмкIэ деджэу, бзэмкIэ едгъаджэу, щIэныгъэ бзэмкIэ зэдгъэгъуэту дыщытын хуейщ.
Тхьэм къыдита, анэм къыддилъхуа бзэр тхъумэну ди пщэрылъщ. Тхьэм и пащхьэм дежи, ди нэхъыжьхэм я пащхьэм дежи. Ди Дунеир тхъуэжа иужь Тхьэр къызэрыдэупщIыну Iуэхугъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ мы упщIэхэр:
- Бзэуэ уи лъэпкъым Сэ хуэзгъэфэщар пхъума Дунеим ущытетым?!
- Къабзагъэу уи лъэпкъым Сэ хэслъхьар зепхьа?!
- Уи анэ-адэм пщIэ хуэпщIрэт, аразы пщIахэ, ягу бгъэзэгъа?!
- Бзэуэ ахэм къыбдалъхуауэ уи анэдэлъхубзэмкIэ уапсалъэрэт?!!!- жэуэ.
Абы дынэмысми нобэ Урысей Федерацэми, мы Дунеишхуэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм хуэдэщ ди адыгэбзэр. Адыгэ хабзэри, адыгэбзэри зеир адыгэ лъэпкъ къудеир аракъым, атIэ ар Дунейпсо щэнхабзэм (культурэм) еищ икIи адыгэ хабзэри адыгэбзэри абы ихъумэн хуейщ. Берлин университетым, Токио университетым, нэгъуэщI къалащхьэ университетхэм щаджыр адыгэбзэр. Моника Хёлиг нэмыцэ бзыльхугъэу Германием щыпсэу-щылажьэр «филологие щIэныгъэмкIэ доктор» зэрыхъуар адыгэбзэращ. Дунеим и дахагъэр тхъумэну дыхуеймэ, дэтхэнэ бзу цIыкIу уэрэд дахэ къизышыр зэрытхъумэм хуэдэу, Дунейпсо щэнхабзэри (культурэр), ди лъэпкъыри тхъумэну дыхуеймэ, ди адыгэбзэ дахэри дывгъэхъумэ!
Ар дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIынущ махуэ къэс дырипсалъэу, ди сабийхэм ядгъащIэу, анэдэлъхубзэкIэ едгъаджэу щытмэ. «Бзэр лъэпкъым и къэрагъул бжыхьщ» - жи1ащ Нэло Заур. Бзэр щыщыIэм дежращ, лъэпкъыр щыщыIэр. Лъэпкъым и хабзэр зэрызэрихьэр езым и лъэпкъыбзэращ. Адыгэ хабзэми и бзэр адыгэбзэщ.
«Сэ сыцIыхущ» - жызыIэ псори цIыхукъым. ЦIыхум цIыхугъэ хэлъын, цIыху хабзэкIэ псэун хуейщ.
«Сэ сыадыгэщ» - жызыIэ псори адыгэкъым. Адыгэу ущытмэ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр пщIэн хуейщ, адыгэбзэм урипсалъэу, адыгэ хабзэкIэ упсэун хуейщ.
«Сэ сымуслъымэн» - жызыIэ псори муслъмэнкъым. Умыслъымэну ущытыным щхьэкIэ муслъмэн диным и фарзхэр (шэрихьэтыр, къурIэныр) пщIэн хуейщ, а хабзэр бгъэзащIэу упсэун хуейщ» - ар къызжиIауэ щытащ, 1993 гъэм Джоланым (Район Голанских высот, Сирием деж) сыкIуауэ, Цей Джаудэт - адыгэ лIы губзыгъэ дыдэу, муслъымэну Дунеим тетыр зэчэнджэщым, пщIэ зыхуащIым, Сократ пэлъытэу нобэ адыгэ лъэпкъым диIэм. Динырылажьэ мусылмэнхэм я нэхъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ Цей Джаудэт.
СыткIэ дызэщхьэщыкIрэ цIыху лъэпкъхэр? Ди бзэмкIэ, ди лъэпкъ хабзэхэмкIэ. «Уэ уурыс, уфранцуз, уяпон, сэ сыадыгэ» - щыжытIэкIэ, ди бзэмрэ ди лъэпкъхабзэмрэ, щэнхабзэ (культурэ) ди адэжьхэм къытхуагъэнамрэщ дызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэр. ИкIи а зэщхьэщыкIыныгъэр Дунеим и дахагъэщ! Лъэпкъ псори дызэхуэдэу щытамэ сытыт абы дахагъэу хэлъынур? Ауэ щыхъукIэ, ди лъэпкъ нагъыщэхэр дывгъэхъумэ!
Мы тхыгъэр зыхуэгъэзар адыгэхэращ.
Адыгэ, Къэбардей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм щыпсэухэм, Москва, Краснодар крайм (Къалащхьэм, Успенскэ районым, Хы фIыцIэ Iуфэм) щыпсэу адыгэхэм, Ставрополь крайм (Кочубей, Курской районхэм) ис адыгэхэм, Северная Осетия-Алания республикэм (Мэздэгу къалэми районми) щыпсэу адыгэ чристанхэми муслъымэнхэми.
Мы тхыгъэр хуэгъэзащ Иордание къэралыгъуэм пщIэшхуэ щаIэу абы ис адыгэхэм, Сирием щыпсэу адыгэхэу адыгагъэ куэд зыдэслъэгъуахэм, Израилым ис, дахэу зызыхъумэжыфа, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж адыгэхэм, Германиемрэ Голандиемрэ щыпсэу адыгэу псэемыблэжу лъэпкъым зыщIэзгъакъуэхэм, Америкэм ис адыгэхэу къабзагъэрэ гуихарэкIэ лъэпкъым хуэлажьэхэм, нэхъыбэ дыдэу зы щIыпIэм щыпсэу, бжыгъэкIи мылъкукIи зэфIэкI ин дыдэхэр зиIэу Тыркум ис адыгэхэм. Францием ис адыгэхэу иджы дыдэ Адыгэ Хасэ къызэIузыхахэм. Дунейпсом тет адыгэу зэзэгъхэми, зэмызэгъыу тетхэми. Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Египетым, Ливием щыпсэу «адыгэ кIуэдыжахэу» зи бзи зи хабзи зыщыгъупщэжа, зэгуэрэм адыгэм къызэрыхэкIауэ щытам нэхъ зымыщIэжхэми, адыгэ щэнхабзэр, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр нэхъ куу дыдэу зыщIэхэми.
Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэм емыпхауэ къызэрыгуэкI адыгэхэми, щIэныгъэрылажьэ лъэщхэми.
«Хэкужьыр зыхъумар хэкурысхэращ, ауэ ар зэфIэзгъэувэжынур хэхэсхэращ»- жызоIэ. Хэхэсу щытауэ, гугъуехь псоми ебакъуэу «Хэкужьым и гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ, и гукъеуэри си гукъеуэщ, и хьэлъэри дэсшэчынущ»- жызыIэу зи Хэкужь къэзыгъэзэжахэми яхуэгъэзащ мы псалъэр.
Сыхуейщ мы псалъэр янэсыну пщIэшхуэ зыхуэтщIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэми, ЩIэныгъэмкIэ Дуней Адыгэ Академием и Тхьэмадэми, фIыкIэ дызыхуэупсэ, Адыгэ Хэкур ягъэщIэрэщIэжынкIэ дызыщыгугъ ди нэхъыщIэхэми, ди нэхъыжьыфIхэу куэдрэ дяпэ итынкIэ дызэхъуэхъухэми.
Дэ, адыгэ псори, дызэщхьэщокI гупсысэкIэу диIэхэмкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, дызыщыпсэу щIыпIэхэмкIэ, дин зетхьэхэмкIэ, Iуэху дызэлэжьхэмкIэ. Ауэ дэ псоми фIылъагъуныгъэ худиIэщ ди лъэпкъым, псори дыкъызэщIиубыдэу диIэщ зыуэ Адыгэбзэр, Адыгэ Хабзэр, Адыгэ Хэкужьыр.
А щым я нэхъыщхьэр адыгэбзэрауэ щытщ. Адыгэ Хэкужьыр зыгъэдахэр адыгэ хабзэу лъэпкъым иIэращ. Адыгэ Хэкужьыращ адыгэ хабзэри, адыгэбзэри псэхуиту здызекIуэфыну щытыр, Къэралыгъуэ Хабзэми гуащIэ къащритыфынур Адыгэ Хэкужьым дежращ .
Дэ къытщIэхъуэ сабийхэм ядгъэщIэн хуейщ ди адыгэжь Нарт эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр, адыгэ усакIуэхэмрэ, тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр. Ахэр анэдэлъхубзэкIэ зэрытхам хуэдэу, ди лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэхэр хамэ менталитетым имыгъэхьауэ къабзэу щIэблэм янэдгъэсыпхъэщ. Дыхуейщ КIэрашэ Темботи, ПащIэ Бэчмырзи, ЩоджэнцIыкIу Алии, Къубэ Шэбани, КIыщокъуэ Алими, МэшбащIэ Исхьэкъи, Щхьэлахъуэ Абубэчыри, ХьэдэгъэлI Асчэри, КъардэнгъущI Зэрамыкуи, Нэло Заури, МэфIэдз Сэрабии, Хьэкъун Бэрэсбии, Къуёкъу Нальбии, Дыгъужь Къурмэни, ХьэIупэ Джэбрэили, Ацкъан Руслани, Нэхущ Мухьэмэди, Бицу Анэтоли, Бемырзэ Мухьэдини нэгъуэщI тхакIуэ усакIуэ лъэщхэу зи цIэр мыбдеж къизмыIуэфахэми я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэрытхам хуэдэу ди сабийхэр едгъэджэну. Адыгэ лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэ къабзэхэмкIэ дадэгуэшэн, ди лъэпкъым и къэкIуэнум епха гупщысэхэр адыгэбзэкIэ ди щIэблэм ялъэдгъэIэсын хуейщ.
Дэ догугъэр ди сабийхэм Адыгагъэр дину къащтэжыну, Нарт IуэрыIуатэр ди лъэпкъым и блэкIам и уэсяту яIэну. Дунейпсо эпос жьантIапщэм я Тхьэмадэр адыгэбзэм къыдэунэхуа Нарт эпосращи, ХьэдэгъэлI Асчэр и «Нартхэр», «зэшибл-томиблу» къыдэкIар, дгъэпсэун хуейщ зэрыщытым хуэдэу, къыткIэлъыкIуэ ди щ1эблэр хуэдгъэхьэзырын хуейщ адыгэбзэкIэ абы еджэфу.
Апхуэдэ зэфIэкI здэдгъуэтынури ди Хэкужьращ, апхуэдэ зэфIэкI къыдэзытынури Урысей Федерацэм и Хабзэхэращ.
Хъуэтыкъуэ Самир дахэу ди пащхьэ къырилъхьащ Адыгэ Хэкум и Тхыдэр («История Черкесии», г. Санкт-Петербург, 2002 г.), ижь дыдэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху.
ИлъэсипщIым пэблагъэу тригъэкIуэдащ абы а лэжьыгъэ адыгэ лъэпкъым дежи Дунейпсом дежи мыхьэнэшхуэ зиIэм. Куууэ хэлэжьыхьащ ар адыгэ тхыдэжьым нобэрей еплъыкIэкIэ. Дунейпсо еплъыкIэ захуэкIэ, еплъыкIэ пэжкIэ гъэнщIащ а лэжьыгъэр.
Урысей Федерацэ Президентым и Администрацие УнафэщIым и дыIэпыкъуэгъу, етIуанэ класс нэгъыщэ зиIэ къэралыгъуэ чэнджэщакIуэ, къэрал Iуэхузехьэ лъэщ, Хъупсырокъуэ Назир щыжи1ащ тхыдэтхым къыдигъэкIа тхылъым и пэщ1эдзэ псалъэу:
«Хъуэтыкъуэ Самир итха тхылъыщIэм гъэтIысауэ щIэныгъэ гъэпсыныгъэ зэриIэм нэмыщIу, сэ сыдихьэхащ а щIалэм шынагъэ игу къыримыдзэу ди блэкIам и Iуэху нэхъ гуащIэ дыдэхэм зэрытепсэлъыхьам.
Япэдыдэу Кавказым я щIэныгъэ гупсысэкIэхэм ящыщу мыбдежращ дыщыIущIэр адыгэм и тхыдэр Хатт (Хьэт) цивилизацием (зэхэтыкIэм), Мейкъуапэ щэнхабзэм (культурэм) къыщыщIэдзауэ нобэрей гъащIэм къынэсыху лъэныкъуэ куэдкIэ зэдэплъагъуу, уеплъыфу.
Сэ гъэщIэгъуэн къысщыхъуащ адыгэм и блэкIа гуIэгъуэрэкIэ, лъэпкъым ищхьэ фIыуэ езыгъэлъагъуж, зыгъэлъагэ Iуэхугъуэ куэдхэмкIэрэ гъэнщIа адыгэ хэхэсхэм я тхыдэм теухуа едзыгъуэхэр. Совет лъэхъэнэм пцIыкIэ гъэнщIа гупщысэхэм дырагъаджэт, Урыс Пащтыхьхэм я къэралыгъуэ унафэщIхэм адыгэ лъэпкъым кIэлъызэрахьа фIеягъэхэр зэрагъэпщкIуным, зэрыщIауфэным пылъхэурэ.
ЖаIэр арат: Адыгэр егъэзыгъэкIэ, зауэрэ мафIэрэкIэ Хэкужьым ирамыхуауэ, атIэ Тыркум Iэпхъуэжын щIэхъуар ислам дин фанатизмэ адыгэм куэду яхэлъу щыта хуэдэу; гъэпцIагъэкIэ хамэщIым щIагъэхъуэпсарэ абдежым тхьэмыщкIагъэмрэ гъаблэмрэ ихьхэу; щIыгу къырамыту, ягъэпщылIу, ящэ-къащэхужу щытауэ».
Хъупсырокъуэ Назир мы тхыгъэмкIэ дигъэлъэгъуащ, Урысей Федерацэм и япэрей Президент Ельцин Борис Кавказым ис лъэпкъхэм закъыхуигъазэуи жиIащ урыс пащтыхьхэр щыпсэуа зэманми, совет зэманми Урыс-Кавказ зауэм еплъыкIэу ди къэралыгъуэм деж щызэрахьар зэхъуэкIын зэрыхуеир.
Тхыдэм уасэшхуэ ират лъэпкъ псоми, ауэ дэ адыгэхэр псорикI цIыкIуи ини тхыдэтхым хуэдэу ди тхыдэ тщIэжуэ дыщытын хуейщ. Адыгэбзэм еплъыкIэу хуидиIари зэтхъуэкIын хуейщ.
«Адыгэбзэм дэнэ нэс уихьын? Къуажэм удэкIмэ бухащ. Ди сабийхэр абы щIеджэн щыIэкъым» жызыIэхэр ди лъэпкъыр зыгъэцIыкIу политикэу Пащтыхьыгъуэ Урысейми, Совет Властми зэрахьэу щытар дэзыIыгъхэращ. Эстонхэр зы мелуан иримыкъу пэтми иролажьэ, ироджэ, иропсэу эстоныбзэм. Мы Дунейм а бзэмкIэ ярыхохьэ эстонхэр. Адыгэбзэм ирипсэлъэфыр мелуанищым къохъу. ИкIи дыхуэныкъуэщ, икIи дгъэпсэун хуейщ ди лъэпкъыбзэр.
Дэ фыкъыхудоджэ бзэм ирилажьэхэм фадэIэпыкъуну, иджырейхэм «фонд» жыхуаIэхэр зэхэфшэну, тхыгъэхэмкIэ фи гупщысэхэр къэвгъэлъэгъуэну, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм фызэрыхуэныкъуэр къэфIуэтэну.
НобикI дэ къытхэтщ адыгэбзэм мыхьэнэ езымыт. Апхуэдэхэр я гупщысэхэмкIэ къыддэгуашэтэмэ гуапэ къытщыхъунт. Апхуэдэ Iуэхугъуэми къигъэлъэгъуэр аращ – а цIыхур бзэм и Iуэхум зэригъэгумэщIращ. «Тхьэр щыIэу си фIэщ хъукъым» жызыIэм къегъэлъагъуэ Тхьэр зэрыщыIэр.
Дэ ди гуапэщ адыгэбзэм фыщытепсэлъыхькIэ. Фытепсэлъыхь хамэбзэкIи, анэдэлъхубзэкIи. Адыгэбзэм и гугъу фщIыху абы и гуащIэм хуохъуэ. Ауэ нэхъыфIыр арат – адыгэбзэр хъумэным, адыгэбзэр зэрыпсэуным и гъуэгу дахэр, гъуэгу дэкIыпIэр къыхуэдгъуэттэмэ.
Абы и IуэхукIэ куэд ялъытащ нобэ ди адыгэ Президентхэм. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж Президентым и лъэпкъым и бзэр ищIэнущ, и лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ (адыгэбзэкIэ) щIэныгъэ иригъэгъуэтынущ. Лидер (Ц1ыху пажэ) жыхуаIэр лъэпкъым и пажэращ. Ар сыт щыгъуи пылъынущ лъэпкъ Iуэхум, лъэпкъым и бзэм, и щэнхабзэм (культурэм) зиужьыным, лъэпкъыр зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ нагъыщэхэр хъумэным.
Дэ зэдгъэпэщащ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ автономие Черкесск къалэм и деж икIи Урысей Федерацэм и хабзэм ипкъ иткIэ ар Къэралыгъуэ реестрым хатхащ.
Дэтхэнэ адыгэри зэлэжьын хуейуэ щытыр, адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономиери зытелэжьыхьн хуейуэ тлъытэ 1уэхугъуэхэр мы къыкIэлъыкIуэхэращ:
- Сабий IыгъыпIэхэр (сабий сад) гъэпсын хуейщ, илъэс къэс илъэсищ зи ныбжь сабийхэр щиIыгъыну къищтэу. Абдежым адыгэбзэрэ адыгэ хабзэкIэ ягъасэу, адыгэ уэрэдым, адыгэ къафэм хуагъасэу, адыгэбзэкIэ еджэфу еджапIэ щIыхьэгъуэм нэс яIыгъыну. Адыгэбзэм игъусэу урысыбзэр, инджлыбзэр фIы дыдэу ирагъащIэу щытын хуейщ.
- А сабий гупыр еджапIэм щыщIэхьэм деж техуэу ахэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ гъэхьэзырын хуейщ..
- Апхуэдэу адыгэбзэкIэ псори щадж курыт еджапIэм урысыбзэр, инджлыбзэр кууэ ирагъащIэурэ ирагъэджэн хуейщ.
- Дэтхэнэми ищIэн хуейщ бзищ: и лъэпкъыбзэр (адыгэбзэр), и къэралыгъуэбзэр (урысыбзэр), Дунейпсор зэрызэпсалъэ бзэр (инджлыбзэр).
- Дэ ди гуапэщ адыгэ лъэпкъым чристан дини муслъымэн дини зэрызэрихьэр. Дин зэщымыщу тIу зезыхьэ лъэпкъым къегъэлъагъуэ дин псоми шэчыныгъэ зэрахуиIэр , икIи ар лъэпкъым и дэхагъэм, и тхыдэм щыщщ. Гуапэ дыдэщ адыгэ чристанхэм езыхэм къагурыIуэурэ ябзэкIэ (адыгэбзэк1э) дин Iуэхухэр зэрызэрахьэр.
- Муслъымэн динри чристан динри адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щаджын хуейщ, иужькIэ ди лъэпкъым дин иIыгъхэр адыгэбзэкIэ зэрихьэн папщIэ. Абы бзэри динри егъэкъабзэ, быдэ ещI. Диныр адыгэбзэк1э щызепхьэк1э абы адыгэбзэр ихъумэнущ.
- Илъэс пщыкIухкIэ сабий IыгъыпIэмрэ (илъэсиплI) курыт еджапIэмрэ (илъэс пщыкIутI) апхуэдэу ирагъэджа щауэм е пщащэм и еджапIэ нэхъыщхьэ щIыхьэныр нэхъ пасэу гъэхьэзырауэ щытын хуейщ. Абы епхауэ Америкэм, Англием, Испанием, Германием, Москва, Къэбердей-Балъкъэрым, Адыгей Республикэм я университет нэхъыфI дыдэхэм, ди щIалэгъуалэу а адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щIэныгъэ щызыгъуэта, урысыбзэмрэ инджлыбзэмрэ кууэ зыджахэр щIыхьэным зэзэгъыныгъэ (договор) гъэбыда къахуэдгъуэтауэ щытын хуейщ. СытмикI, апхуэдэу щыхъук1э, дэ зи гугъу тщIы еджапIэр къэзухым «Гарантие» иIэнущ Университетым щIыхьэну.
- Адыгэ еджапIэм иIэн хуейщ сертификат, а еджапIэр къэзухар абы къыщырата тхылъымкIэ зэзэгъыныгъэ зыдэтщIа нэгъуэщI къэралхэми, дэ ди къэрал университетхэми экзамен хэмытыжу ящтэну гъэпсын хуейщ.
- Адыгэбзэм и Институт зэIутхын хуейщ, Америкэми, Франциеми, Голандиеми, Германиеми, Япониеми, Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми къикIыурэ ди деж адыгэхэри, хуеймэ нэгъуэщI лъэпкъхэри, щеджэн щхьэкIэ. Адыгэхэм зэпыщIэныгъэ лъэщ мы Дуней псом щыдиIэнущ итIанэ. Адыгэр зэришэлIэнущ абы, зэгуригъэIуэнущ.
- АдыгэбзэкIэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу еджапIэхэр (профессиональные училища, лицеи, колледжи) дгъэпсын хуейщ.
- Лъэпкъым иIэн хуейщ Университет, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу.
- А псори дэ зэфIэтхын хуейщ хабзэкIи мылъкукIи Урысей Федерацэр къыддэIэпыкъуурэ, дэ а къэралым дырилъэпкъыу дыщилъытэк1э.
- Мы 1ухугъуэхэр гъэпсыным дэIэпыкъун хуейщ мылъку зезыгъэкIуэф икIи абы щыщ ахъшэ адыгэбзэм зиужьыным хуэзыгъакIуэ цIыхушхуэхэр, адыгэу ди Хэкужьым щыпсэухэр, нэгъуэщ1 фондхэр, хамэщIым щыпсэу адыгэхэу ХэкужьымкIэ къаплъэхэр, зигурэ зипсэрэкIэ Хэкужьым пыщIахэр.
- Дэ къыддэIэпыкъун хуейщ Дунейпсо организацэхэр, фондхэр, ЮНЕСКО-р.
Дауэ мыхъуми илъэс къэс нэрыбгэ щэ бжыгъэ адыгэбзэрэ адыгэ хабзэрэкIэ гъэнщIауэ, университетхэм щIэдгъэтIысхьэфыу гъэпсын хуейщ.. Ахэм Университетхэр къауха иужь къагъэзэжынущ я Хэкужь.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ зепхьэныр псынщIэщ, упылъу щытмэ, нэрылъагъуу дахэщ, фIыщ.
- Апхуэдэ сабий IыгъыпIэм къащтэну къанхэр лъэпкъкIэ зэхэдзауэ щытын хуейкъым, атIэ ар урысуи ирехъу, абази, балъкъэри, нэгъуеи ирехъу, ауэ и анэ-адэм зэзэгъыныгъэ дэщIауэ адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зыгъуэтыну хуей сабийхэращ.
- Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр мыкIуэдыным шхьэкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ зыгъэпсэун ц1ыхущ дызыхуеир, мыхъумэ лъэпкъ щхьэхуэ хэубыдыкIакъым.
-Абы дэщIыгъуу университетхэм щIалэегъаджэхэр (егъэджакIуэхэр) щыгъэхьэзырын хуейщ, адыгэ курыт еджапIэм, адыгэбзэ институтым, Адыгэ университетым щезыгъэджэнухэр.
- ЕджакIуэхэр зэрырагъэджэну Программэр Урысей Федерацэм урысыбзэкIэ гъэунэхуауэ иIэ Программэр зи лъабжьэращ.
- Тхылъ сабийхэр зэреджэнухэр гъэхьэзырын-зэдзэкIын хуейщ адыгэбзэкIэ: хьисэпри, химиери, физикэри, ботаникэри нэгъуэщIхэри.
«АдыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ»,- щыжысIэкIэ абы зэдзэкIын куэд хэлъкъым: щIэныгъэ щхьэхуэ къэс езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ. Хьисэпыр зэрытхари зэраджри урысыбзэкъым ик1и инджылызыбзэкъым, дэ къызэрытщыхъум хуэдэу, атIэ хьисэпыбзэщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи хьисэп нагъыщэхэр зыщ я мыхьэнэкIи я сурэткIи. Радикалыр √ адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, инджлыбзэкIи зыуэ щытщ.
Химием дежи, дэтхэнэ бзэмкIи Н2О-р – псыщ. Апхуэдэщ щIэныгъэ псорик1. ИкIи псынщIэщ ахэр зэбдзэкIыну, ауэ упылъын хуейщ, зэман ебгъэхьын хуейщ.
Адыгэ мэкъамэ дахэхэр зэратхри урыс, инджылыз, испан мэкъамэ зэратхри зы бзэщ – мэкъамэбзэщ, музыкэм и бзэщ. Абы нэрылъагъу ещI музыкэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным щхьэкIэ узыхуэныкъуэр мэкъамэбзэр зэрыарам.
Шахматым езым и бзэ иIэщ, икIи е2-е4 жэуэ щыптхкIэ ар инджылызми, урысми, адыгэми къыгуроIуэ, ар лъэпкъыбзэкъым, атIэ шахмат щIэныгъэм и бзэщ.
Бзэр зэзыгъэпэщыжа лъэпкъхэу щапхъэ дэгъуэ дыдэхэр щыIэщ. Журтхэм (еврейхэм) илъэс минкIэ иримыпсалъэжауэ журтыбзэ Израилым деж зэрагъэпэщыжащ. Нобэ журт сабийхэм журтыбзэкIэ щIэныгъэ ирагъэгъуэт. Тыркухэм я бзэр ягъэкъэбзащ. Абы нэхъ зэхэтхъуа гъуэтыгъуейт, ауэ тыркубзэр ягъэкъабзэжри зэрагъэпэщащ тыркубзэ къабзэ, икIи сабийхэм щIэныгъэ зэрагъуэтыр тыркубзэщ.
Тыркубзэр нэсу зыухуахэм адыгэм и бын куэди яхэтщ. Щапхъэу къэпхь хъунущ тхакIуэу Омер Сейфиддин (Хьэткъуэ), мы Дунейпсо литературэм и «классику» къалъытар.
ЩыIэкъым бзэ цIыкIу е бзэ ин. ЩыIэу щытми адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм, нэхъ дахэхэм, нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-Iэрыхуэ дыдэхэм ящыщ. Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ адыгэбзэм и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ. Абы къикIуа гъуэгур апхуэдизкIэ кIыхьщи уасэрэ пщIэуэ бзэщIэныгъэлIхэм хуащIыр мылъытэщ. Адыгэ-Абазэ бзэ гупыр зыхыхьэ Ищхъэрэ-Кавказ бзэ быным и ныбжьыр индо-европей, алтай, угро-фин бзэ бынищым зэхэту я ныбжьым хуэдизщ. Абыми къыхэкIыу дэтхэнэ зы адыгэми ди анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейщ, дгъэпсэун хуейщ.
«ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну! Тхъумэн-дгъэпсэун жыхуэтIэм къикIыр зыщ – нэхъыбэу дырипсэлъэн, дырилэжьэн, Дунеим дырытетын, дыреджэн, езыри едгъэфIэкIуэн»- жиIауэ щытащ Хьэкъун Бэрысби, еджагъэшхуэ, ботаникэ-мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэр адыгэбзэкIэ зытхыу къыдэзгъэкIам. Хьэкъун Бэрысби хуэдэхэм яхузэфIэкIынущ адыгэ курыт еджапIэр зыхуэныкъуэну, ботаникэмрэ, мэкъумэш щIэныгъэхэмрэ епхауэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ тхуагъэхьэзырыну. Нэгъуэщ1 адыгэ щ1эныгъэрылажьэхэми ягъэхьэзырыфынущ апхуэдэ тхылъхэр.
Щапхъэ дахэу щыIэщ нобэ Къэралыгъуэм имейуэ, цIыху щхьэхуэхэм къызэрагъэпэщауэ бзэщIэныгъэ университетхэр. Урысей Федерацэм и деж нэхъыфI дыдэхэм хабжащ апхуэдэ университету адыгэ бзылъхугъэ щIэныгъэрылажьэ бзэщIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА и академик Сэкий Риммэ къызэригъэпэщар.
«Адыгэбзэм къэкIуэн иIэкъым»- жызыIэм дыкъегъапцIэ, ар академик тIуащIэу щытми. Псори зэлъытар бзэр зей лъэпкъращ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. Апхуэдэ лъэпкъми езым хуэфащэу Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэдагъэува бзэ Iуэхур зэфIэзыхын Тхьэмадэ Тхьэм къыритынущ.
Урысым урысыбзэр игъэкъэбзэн игугъэщ икIи сыт щыгъуи иолэжь а Iуэхум. Урысей Федерацэми и Хабзэм жиIэр аращ: Дэтхэнэ цIыхуми бзищ зэвгъащIэ: фи лъэпкъыбзэр, урысыбзэр, хамэщIыбзэр.
Аращи дэри дытевгъэувэ щIэныгъэбзэм, адыгэбзэ лъабжьэ едывгъэти! Адыгэбзэри тхъумэнущ, щIэныгъи нэхъ куууэ дгъуэтынущ, лъэпкъри къызэтена хъунущ.
«Iуэху мыублэ блэ хэсщ» - жеIэ адыгэм. Iуэхур щIэбдзэмэ кIуэнущ.
Дытевгъэувэ зы гъуэгу, и гъащIэр кIыхь хуэдывгъэщI адыгэбзэм, ди дадэжь нанэжьхэм къащIэнам! Ди анэ-адэхэм ябзэр, ди Хабзэ дахэм и бзэр къахуэдывгъэгъанэ ди къуэрылъху пхъурылъхухэм!
Ди лъэпкъыр къызэтенэну дыхуейуэ щытмэ, ди адыгэ хабзэр псэуну дыхуейуэ щытмэ, зы гъуэгу закъуэщ щыIэр – Ди щIэблэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ ядгъэгъуэту дгъэпсын хуейщ.
НэмыщI гъуэгу щыIэкъым! Къэралыгъуэ хабзэкIэ – Урысей Федерацэм и ХабзэкIэ - ди сабийхэм щIэныгъэ я анэдэлъхубзэкIэ ягъуэту щытын хуейщ!
«АдыгитI зэхуэзэмэ зэзэгъкъым»- жэуэ япэ дыдэ жызыIар адыгэ лъэпкъым и бийщ. Зэхуэзахэр адыгэу щытмэ, адыгэ хабзэкIэ къызэдекIуэкIмэ дауэрэ ар зэмызэгъынрэ?! А тIур адыгэу щытмэ зыр зым хуэсакъынущ, ихъумэнущ. Ахэр адыгэу щытмэ! Дэри дыадыгэу дыщытмэ, е адыгэ дыхъужыну дыхуеймэ дызэкъуэвгъэувэ, зыдывгъэхъумэж.
УсакIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» фIэщыгъэцIэ зиIэ усэм щыжеIэ:
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
АдэкIи щIоупщIэ:
Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?!
Къэвгъуэти тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
Ди гъащIэ тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
Сыт щыгъуи зытхъумэжурэ дафIэпсэуащ дигъащ1эм, нобикI дыкъикIын хуейщ дызэрыт щытыкIэм, ноби псэук1э тэрэз къэтщтэжын хуейщ!
Апхуэдиз зи лъэпIагъ, зи лъэгагъ мы Дунеишхуэм цIэрыIуэ щыхъуа Адыгагъэр зей лъэпкъым ар тхъэжурэ къигъэщIакъым, атIэ махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс елэжьурэ, зыкIэлъыплъыжурэ, зихъумэжурэ, зэригъэпэщурэ, телъэщIыхьурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ, апхуэдэурэ Адыгэ зищIащ адыгэм. ИкIи нэхъыбэ дыдэу а фIагъ псор зэзгъэпэщар адыгэ бзылъхугъэращ, абы и губзыгъагъэращ.
Адыгагъэр зэхэзгъэувари, хъулъхугъэр (цIыхухъур) адыгэлI зыщIари мы Дуней псом я нэхъ губзыгъэу Адыгэ бзылъхугъэращ. ИджырикI Адыгэ Лъэпкъым и гугъапIэр, бзэри хабзэри къэзыIэтыжыфынур Адыгэ бзылъхугъэращ!
Нобэ «Бзэм сыхуэлэжьэнущ, зы Iыхьэ тIэкIу хэслъхьэнущ», жызы1э дэтхэнэ ц1ыхуми ар зэригъэпсын гъуэгу игъуэтынущ. «ДэIэпыкъуэгъу мылъкукIэ сыфхуэхъунущ»-жызыIэм зы сом, сомипщI нэхъ имыIэми фондхэр зэ1уфхи хэфлъхьэ. Сом бжыгъэу хэфлъхьэм елъытакъым фIагъыу къэфхьынур, атIэ зэрыхэфлъхьэращ нэхъ лъапIэр, адыгэбзэм хуэгумэщIым и бжыгъэр нэрылъагъу зэрыхъунуращ.
Тхьэм иригъэф1ак1уэ адыгэбзэр! Гъуэгу техьэ тенэгъым. Тхьэм гъуэгу Махуэ тришэ ди адыгэбзэр!
Уэхъутэ Александр – Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ
Автономием и Тхьэмадэ
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 14 February 2013, 16:15:07
 гуп мафэ тхьам шуеш1 шуи1офхэр тхьам регъэшу1ак1ох
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 14 February 2013, 16:35:58
Турхьэн, къеблагъэ! Бзэм, тхыдэм теухуауэ уэ къыджеп1эн уи куэдщ! Уи тхыгъэхэм соджэ зэпыт
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 14 February 2013, 17:43:43
зэфэгупсэу зэнэт1упц1л1эрэ пстэор зэпсэгъоу тхьам зэдегъэпсэу.хьайырджэ теблагъ. уиблагъи уезыгъэблагъи тхьам егъэбагъу латиным сыгуры1ушэрэп
къирылджэ укъэтхэжым сигуапэ хъун
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 14 February 2013, 18:20:05
бзэм сытепсэлъахьынэр лъэшэу сич1ас сэ ц1ыфы сызыш1ырэр синылъфыбзэ арыш.сэ япэрэ
илъэситфэу еджап1эм сызэрэк1агъэр сэухыфэ сянэ ибыдзышэу сызэшуагъэр сипэджэ
къырафыжыгъ. а илъэситфэр зысэухым шхьарыт1упшэу гъаш1эм сыхэлъади сигъаш1э синылъфыбзэджэ сыджыжыгъ.тэ иджы т1улъ бзэр 1орыш1абзэ ш1эныгъабзэр тш1эжырэп
адыгабзэр ц1ыфыбзэ ц1ыфыбзэри ш1эныгъэ зыхэлъэу озгъаш1эу узгъасэрэ бзэр ары.
зышапхъэ къэсхьын зэгъаш1э. зыт1оджэ. тымыгъаш1эу зэдгъэш1эн зэрэтымлъэч1ытэр
къэтэ1о.плъэнымрэ.лъэгъунымрэ къыта1орэр тш1эрэп.сыхэмыхьашэу шызгъэтын.тибзэ тымыджыжэу
зыкъэтш1эжын тлъэч1ытэп. тэ тымыджэу. теджэ. яджыгъахэм.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 15 February 2013, 14:20:00
УМЦ1ЫХУМЭ УЗЭР АДЫГЭРИ  ПЦ1ЫХУЖЫНКЪЫМ.
арышы уинылъфыбзэ п1умылъым къыуа1орэр уишу1эшъхъузэ 1орыш1э ухъут иджы тызэрэхъугъэм фэдэу. адыгэм. лъэхъаниш игъэш1агъ.зэр.зы адыгэ лъэхъан. ет1уанэр.зы адыгэфэдэ лъэхъан
ешанэр.зымы адыгэж лъэхъан. иджы тызэрыт лъэхъанэр арары ты адыгэжэп иджы ты адыгэ къытшу1эшъ1ы нахь.сы адыг п1оджэ адыгэ ухъурэп у адыгэу умыпсэум у адыгэп.тэ иджы тызыфэдэри тш1эжырэп. шыгъу пшагъэм фэдэу тызэхэпшагъэу гъушырэр такъозэ ипхъахь итэкъуахэу тыратэкъуахьи.тишу1эщъхъуныгъэ тшу1агъэк1оди. къашу1эш1ыгъэр тишу1эшъ яш1ыгъэу
тызыхэсым тафэмыдэу.тызыфэдэм тамыдэжэу.тыхьазэуазэу.пчъэгум тыкъинагъ
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 15 February 2013, 15:19:31
ТЫГЪЭ НЭБЗЫЙЫМ ШУКЪАБЗЭЯХЬУ
ГУКЪАОР ГУХЭЧ1ЭР ЗЭЧ1ИБЗЭЯХЬЭУ
ШУ1ЫГЪОР ДЭХАГЪЭР ЗЭЧ1Э КЪЫШУФАХЬЭУ
ШУИМЭФЭ ЛЪАП1Э Ч1ЫГЪОУ ШУЕГЪЭЛЪАП1
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 16 February 2013, 01:25:47
Турхьэн жи1ам мыхьэнэшхуэ и1эщ.
К1ах къэ1уак1эр къызэхьэлъэк1хэм щхьэк1э. Мыращ Турхьэн жи1ар.
«Адыгэм лъэхъанищ къигъэщ1а. Зыр – адыгэ лъэхъэн. Ет1уанэр – адыгэ хуэдэ лъэхъэнэ. Ещанэр - щымыадыгэж лъэхъэнэ. Ар иджы дызэрыт лъэхъэнэра. Дыадыгэжкъым, дыадыгэ къытф1ощ1 нэхъ. Сыадыгэ жып1эк1э, адыгэ ухъукъым. Уадыгэу умыпсэумэ уадыгэкъым. Дэ иджыпсту дызыхуэдэри тщ1эжкъым.Шыгъу зэхэпщауэ, жэпхъыр такъоурэ дипхъэхьауэ, ди ф1эщхъуныгъэр тф1эк1уэдауэ, къаф1эщ1ар ди ф1эщ ящ1ауэ, дызыхэсым дахуэмыдэу, дызыхуэдэм дамыдэжу, жыхэфэгум дыкъина. "

: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Шадова Галя 17 February 2013, 20:24:35
Мы къудамэм дыщопсалъэ адыгэбзэк1э :) Дытопсэлъыхь бзэм и мыхьэнэм, ар хъума хъун папщ1э щ1эн хуейм. Хэт сыт игу илъми къэфтх. Ди гуапэщ.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 17 February 2013, 20:58:41
Галя, къеблагъэ!  :)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 18 February 2013, 16:56:02
Къунаш Алий:
"Адыгэбзэк1э зыгуэр сыщылъыхъуэк1э сырихьэл1э зэпытщ мы сайтым. Псалъэхэм я къэ1ук1э иту сайтщ."

http://www.forvo.com/languages-pronunciations/kbd/alphabetically/
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Александр 22 February 2013, 11:48:38
Аминэ, мы т1эк1ур зэдзэк1и адыгэбзэк1э къахутедзэ форумым деж.  Тэтэрхэм я бзэм уасэ зэрыратыр, ар урысхэми (Тэтэрым щыпсэууэ щытмэ) ящ1эн хуейуэ, пщ1э зэрыхуащ1ын хуеир, бзэр къызэтенэным зэрыщ1эбэнхэм ирыреджэхэ. 


Павел Хотулев. © Александра Герасимова/Газета «Вечерняя Казань»

Советский районный суд Казани приговорил местного предпринимателя Павла Хотулева к штрафу в размере 100 тысяч рублей за призывы отменить обязательное изучение татарского языка для русских школьников. Подсудимый был признан виновным в разжигании вражды и унижении человеческого достоинства по признакам национальности, языка, происхождения.

«Таким образом, суд частично согласился с гособвинением, которое просило для обвиняемого наказания в виде штрафа 150 тысяч рублей в доход государства», — уточнил представитель суда.

Приговор еще не вступил в законную силу, поскольку не признавший себя виновным Хотулев намерен его обжаловать.

Павел Хотулев начал бороться за отмену обязательного изучения татарского языка для русских школьников, поскольку его сыну приходилось тратить несоразмерно много времени на этот предмет. Предприниматель обращался в различные инстанции – от Минобразования до президента, но везде получал отрицательный ответ. В итоге он начал высказываться на волновавшую его тему на интернет-ресурсах.

Суд счел, что его высказывания унижали достоинство лиц татарской национальности, а также содержали пропаганду неполноценности граждан по признакам национальности и языка.

Согласно законодательству Татарстана, в республике два государственных языка, русский и татарский. В школах они изучаются в равном объеме.

Источник: interfax-russia.ru
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 24 February 2013, 17:19:18
Александр, ди форумым щитха хъыбарым мыращ и купщ1эр.
Казань дэт хеящ1эм (судым) Хотулев Павел ахъшэу сом мини 100 итын хуейуэ трилъхьащ. Ар къызэрык1ар, Хотулев П. урыс еджак1уэхэм тэтэрыбзэр яджын хуэмейуэ къилъытэу абы ц1ыхухэр къызэрыхуриджаращ. Тэтэр лъэпкъыр игъэпуду, лъэпкъ зэщыхъуэ къи1эту къилъытащ хеящ1эм.
Хеящ1эм къихьа унафэм иджыри къару игъуэтакъым, Хатулев и къуэншагъэ хэлъу имылъытэу унафэр иригъэкъутэну зэрыхэтым папщ1э.
Павел Хотулев тэтэрыбзэр урыс еджак1уэхэм ирамыгъэджыным хущ1экъуу щ1идзащ и къуэм абы зэман куэд зэрытригъэк1уадэр илъагъури. Абы егъэджэныгъэм и министерствэм щыщ1эдзауэ президентым деж иухыжу зызыхуимыгъэза къэнакъым, арщхьэ  1уэхур зыми къыдащтакъым. Иужьк1э, къыхуэнэжар арати, интернетым и гукъеуэр щитхыу щ1идзащ. Ар тэтэр лъэпкъыр зыгъэпуду къалъытащ.
Тэтэрым и къэрал хабзэм зэритщи, республикэм къэрал мыхьэнэ я1эщ бзит1ым: урысыбзэмрэ тэтэрыбзэмрэ. Т1ури зэхуэдэу еджап1эхэм щадж.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 24 February 2013, 22:17:51
Шык1эпшынэм дежьыуфхэм, шык1эпшынэм и макъыр зыф1эф1хэм, шык1эпшынэр зыгъэпсэлъэфхэм папщ1э Къунаш Темыркъан зэхиша  гуп! Фыкъеблагъэ http://vk.com/public48905415

(http://img-fotki.yandex.ru/get/4138/30288281.1/0_b1073_388b6ba7_L)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 27 February 2013, 00:53:05
Дунейм щынэхъ дахэр сыт?
Адыгэ хъыджэбзыращ.
Абы нэхъ дахэжыр сыт?
Адыгэшу къабзэращ.
Шыр зыгъэдахэжыр сыт?
Адыгэл1 губзыгъэращ.
Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
И бзэу адыгэбзэращ.


НАЛО Заур

(http://www.elot.ru/images/stories/nalozaur%20news.jpg)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 14 March 2013, 21:18:32
Нобэ АДЫГЭБЗЭМ и МАХУЭЩ! Анэбзэр зи бзэхэм сынывохъуэхъу! Тхьэм къару къыдит ди бзэм хуэфащэ пщ1э хуэтщ1ыну! Ди бзэр тхъумэфыну! Ди бзэм къэк1уэн еттыну!

Бзэм хуэтщ1ын хуей пщ1эр нэгъэсауэ къыдгуры1уэу пхужы1энукъым. Къыдгуры1уэтэмэ АДЫГЭБЗЭК1Э дызэпсэлъэнут, дызэхуэтхэнут. Ди бзэр "музейм" щ1этлъхьэжам хуэдэщ. Мыр ди бзэщ жыдо1эри доплъ, догъэщ1агъэри дожьэж.

: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 17 March 2013, 12:52:17
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5640/30288281.2/0_b2c8d_cefe6a4b_L.jpeg)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Турхьан 19 March 2013, 16:49:05
МЫСТЫКЪО ХЬАБЛЭ
Мыстыкъо хьаблэ хьаблэ ц1ык1уы дэд . Унэхэр зэфэдэ къабзэу зэбгъодэть.
Дэпкъым пылъагъэу зы къур1ан , 1анэм пэсхэу ныор наныуым яшхьашуао.
Имыгъашхэхэу зэрэшхых загъори мэдэхьашхых. Хынак1о к1уагъэ л1ыжъэр хьажъэр
зыдишагъ. Хьалыгъоу ихьыгъэ къышу1рихьыжагъ. Л1ыжъэр хьажъым къылъежаъ
хьажъым зигъэшхэч1ыгъэу , л1ыжъэр хьанэч1ыгъэм фэдэу хьабаозэ къэк1ожыгъ зэхэсысэ.
Нысэ унэгъум ядыж къэт ныор нэмазым теть л1ыжъэ зэхэффэт, ерагъэу зе1ажэ.
Къояжэ яш1ыгъэу хьакум дэть. Ежэшъхьам хэс наныум яжэ къяутысэхы.
Сыкъэмэхы е1о л1ыжъым сыкъэмэхы! Ныор нэмазым тес нысэ къыч1эхьажы,
хьажъым хьалыгъу тьакъыр ретьы 1уегъэк1оты. Л1ыжъым ипсэ еты.
Тетьэу ныор нэмазым, иш1ыгъэ фарзым пищэнэу суннэт къаджэ Мэс1эдэт.
Ч1эсыба хьаджэ наныухэр хьажъым ижьэ датьхъо къажэхатхъо хьажъэр хьаджэр ч1эсыба.
Нысэр ихъушутьыгъ ныор къызшыхъушутьыгъ “ Адэ сэ1о ул1агъа и1уй “хьаджэм жэхэтхъуагъ.
Зэтьхъуагъэр 1уитхъыжыгъэу дыйыгъэ. Ч1ыйыгъэ зэкошуаоу ныор еджэ Мэс1эдэть.
Хьаджэр л1агъэ, хъоджэм е1уй къуаджэм хьадэр ярэ1эт. Хъоджэр къуаджэм хэджагъ.
Къызэлъык1оу рагъэжагъ, къоджэ благъэм ягъэ1угъ макъэ. Икъэ къать1ыгъах
Ягъэкъабзи ягъэпл1агъ. Къахэплъагъ хьажъэр хьаджэр 1умытэу хьалыгъу рамытэу хьажъэр
1ук1отьыгъ. Къысатхъопэтыгъ и1озэ хьач1э хьач1эшым ч1эхьа
---олахьа а хьа епхыгъэнфаем. Зыгорэ иш1эн непэ а 1аем.
---Уае къэмысэу къытьшу1ыхэмысэу ч1этхьажыгъэем мыгъэ тьигъажуэ.
---Жуагъа нысэ.? Лэпсэ псынч1эу къэуыти шхыупсэ 1анэм тегъэучу.
---Шукъзэхэучу хьач1эхэ къы1уахьа.
---Амииин ???????????????? 1элфатихьа --------
---Боу хьоджэ бэлахьым олахьа.
---Тхьам джэнэтьэ къырет тхьам шуч1элъегъэпсэу.
---Тхьа шуегъэпсэу шуеблагъ шукъыч1ахь.
---Ч1ахьлахь зешумгъэш1 шутьажэ.
---Жэрымэ ягъэуынэу тхьачу ярэпши дгъэжэн къэтэджымы.
---Къэрэтэджыж е1уй игъусэхэр къежэжыгъ.
---Шуежэжыгъа сэ1о шуеблагъэба.
---Благъэ тьыздэк1ожытэ тхьа уегъэпсэу.
---Псаутьаоу къэк1ожый зи имылажэу.
---Лэжэк1уагъэм олахьа
---И1улхьа уигъэшхыни.
---Ишхын имыгъотэу тхьмыч1э ныбэ нэч1эу ч1алъхьагъ.
Зи имылэжагъэмы лажэр зиягъэр.Тхьара? Хьара? Хьалыгъора?
Пылъагъэш дэпкъым къур1ан еджи ныор зэ1угъан.
---Аннэ наныухэ къыуажэ . Къояжэ къыдэхый хьам ет, Жапхъэр Мэс1эдэт пчэдыжэ фэет.
Шугъолъыжь шукъэтэджи пчэдыжы жэу. Хьач1э къы1ухьам а хьам шупэгъоч1
Хьажъэр хьазэуазэу 1эгум дэлъ.
Ныор нэмыз 1умызэу п1эгум хэлъ.
Хьаджэр хьадэгъо дахэу ч1ыгум ч1элъ.
Наныухэр чыягъэу нысэм ибгъэ ч1элъ.
Хьа1усый хьадэ1усый яш1ын ягухэлъ.
Еутых турхьан: 3/11/2011
: Адыгэбзэр фымыгъэпуд!
: Беслъэн 29 March 2013, 00:33:59
Сызэрыц1ык1урэ, ди бзэу адыгэбзэм сигъэгушхуэу,къару къысхилъхьэу сыщытащ.Бзэм и щэху псори къэсщ1эну,абы и дунейм "сыщыхьэщ1эну" аращ еджап1э нэхъыщхьэм сыщ1ыщ1эт1ысхьар.Ар къэзуха нэужь,курыт еджап1эм адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэу сащтащ.Пэжыр жыс1энщи,мы дерсит1ыр зыф1эф1 еджак1уэ япэ махуэхэм щыщ1эдзауэ срихьэл1акъым.Зы сыхьэтым нэхърэ адрей сыхьэтыр нэхъ гъэщ1эгъуэн,гурыхь,къулей зэрысщ1ын,сабийхэм бзэм хуа1э еплъык1эм зезгъэхъуэжын папщ1э сыщысхьакъым зэман.Абы къыхэк1ыуи къызэдгъэпэщат лъэпкъым и бзэм,хабзэм,дуней тетык1эм,хьэпшыпхэм,къафэхэм,фащэм теухуа музей "Адыгэ унэ"и ф1эщыгъэц1эу."Ныбжьыщ1э Хасэ" щ1алэгъуалэ гупри зэхэдублат.Лэжьыгъэ мымащ1и едгъэк1уэк1ащ,пшыхь хьэлэмэтхэри дгъэлъэгъуащ,куей зэпеуэхэм япэ увып1эхэр къыщытхьащ.Мызэ-мыт1эу сабийхэм яуса,зэхалъхьа тхыгъэхэри газетхэм къытехуащ.К1эщ1у жып1эмэ,ди бзэр дгъэбзэрабзэрэ хабзэ-нэмысыр ди бзыпхъэу дыпсэууэ щ1эддзат.
А зэманым ирихьэл1эу  еджап1э унафэщ1хэм ирагъэк1уэк1ырт "Гъэм и егъэджак1уэ" зэпеуэр.Еджап1эм япэ увып1эр къызэрыщысхьам къыхэк1к1э,куейм сагъэк1уащ.Мыбы сабийхэм уазэрыдэлажьэ псори утыку иплъхьэн хуейт.Сэри си къару сыщымысхьыжу Адыгэбзэм тезухуащ си гъэлъэгъуэныгъэхэр.Псоми ягу ирихьауэ,ди зэф1эк1и утыку итлъхьауэ,махуэр дгъэк1уащ.Ет1уанэ махуэм къызжа1ащ ф1ым я ф1ыж дахагъэ дгъэлъэгъуауэ.Ауэ адэк1э гъуэгур щыхуп1эм хуэк1уэу зэрыщытри къызгурагъэ1уащ.Къызэрапсэлъащи-Адыгэбзэк1э дерс ебгъэк1уэк1 хъунущ,ауэ республикэм ар щыбгъэлъагъуэ хъунукъым-куэдым къагуры1уэнукъым.Адыгэ щ1ыналъэ дисщ,адыгэбзэ т1урылъщ,ауэ адыгэбзэк1э егъэк1уэк1а хъуа дерсыр КЪАГУРЫ1УЭНУКЪЫМ!!!!Сытыт мыр жызы1а,къэзыпсэлъа ц1ыхум жеп1эфынур абы и ужьк1э?!Жагъуэкъэ-т1э ар?!Жагъуэщ!!!
А зэманым щыщ1эдзауэ сигу ислъхьащ адыгэбзэм и зэф1эк1 псори зэрысхузэф1эк1к1э къестхэк1ыну.Сыт хуэдэ лъэпкъми и зы дэтхэнэ ц1ыхуми ищ1эн хуейщ и бзэр.Къызгуры1уэркъым зи анэбзэр 1эщ1ыб зыщ1хэр...
  Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъэу сыщалъхуа щ1ыналъэм сыпэжыжьэщ.Сигу къоуэ.Ауэ...Сытым хуэдэу сыгуф1эрэ мы къалэшхуэм(Москва) щ1ып1эк1эрэ къэ1у псалъэхэр адыгэбзэу щыщытым деж.Зэрыжа1эу,дамэ къысток1э...
  Сы-адыгэщ!Куэдрэ интернетым щызолъагъу мы псалъэр.Ауэ мыр ф1эщыгъэц1э уэ зыхуэпщ1к1э зэф1эк1ыркъым.Уи бзэр пщ1эжрэ ,ар уэрсэру п1урылъу,макъыбэу зэрыбгъэлъэлърэ,ф1ым я нэхъыф1 щ1ып1эр хухэпхыу щытыпхъэщ.Илъэс мин бжыгъэхэм адыгэхэм я1урылъа адыгэбзэр нобэм къыщысак1э,абы и дэтхэнэ псалъэми дыгъэм и бзий тегъэпсапхъэщ,сыт хуэдэ щ1ыналъи щыгъэ1упхъэщ!
 Республикэм адыгэбзэк1э зэхэлъхьа хъуа дерсыр нэмысами,сэ ар си анэбзэщ,абы къысхелъхьэ нобэми къару,ар си гъусэ пэжщ.Адыгэбзэр сыт зэрытщ1ынур жыф1эу фымылъей.Адыгэбзэр зыгъэпудыр хъунщ ар занщ1эу лей!!!!
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 29 March 2013, 23:46:16
Беслъэн, си гум укъипсэлъык1ыу птхащ... Ит1анэ, зы 1уэху къэп1этащ мыхьэнэшхуэ и1эу. Еджап1эхэм адыгэбзэ зэрыщагъэджым теухуар! Пэжщ, сыхьэт мащ1эщ хухахыр...
Ауэ уи жагъуэ зэрыхъунщи, уэ гудзакъэ уи1эм хуэдэу адыгэбзэр сабийхэм ябгъэдэзыхьэ егъэджак1уэр мащ1эщ. Сэ си щхьэк1э зэкъым сызэрырихьэл1ар мис мыпхуэдэ щытык1эм: ныбжьыщ1эр къок1уэ адыгэбзэ урокым. Фэ ириплъкъым, урысыбзэ литературэм хуэдэу е географием хуэдэу мыхьэнэ ириткъым. И нэхъыбэм загъэпсэхуну къъок1уэ. Егъэджак1уэр и нэхъыбэм щабэщ, куэд требовать ищ1къым. нэгъуэщ1 заданиехэр яригъэщ1ыжу щигъэсщ.
ОТКУДА БЕРЕТСЯ ТАКОЕ ОТНОШЕНИЕ К РОДНОМУ ЯЗЫКУ??? Дэнэ къик1рэ адыгэбзэм худи1э а щытык1эр????

Уи лэжьыгъэр, Беслъэн, щапхъэу къэпхьыфынущ. Адыгэбзэм пщ1э и1эныр егъэджак1уэм, анэ-адэм, еджап1эм и директорым деж къыщ1идзэн хуейщ. Ит1анэ егъэджэныгъэмк1э республикэм и министрым, ит1анэ президентым я деж къыщежьэн хуейщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр адыгэбзэм хуэтщ1 пщ1эр псэм, гум деж къыщежьэмэщ.
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Беслъэн 30 March 2013, 01:21:59
Адыгэбзэм пщ1э  хуэщ1ыныр зи пщэрылъыр унагъуэм исхэрщ,псом хуэмыдэу-анэрщ.Анэ1э хуабэр щабэу къыплъэ1усурэ адыгэбзэк1э жи1а псалъэхэр тхьэк1умэм ящыгъупщэнукъым,ухуей-ухуэмейми абы пщ1э хуэщ1ыпхъэщ.
Дэтхэнэ бзэми щ1ып1э щи1ыгъыпхъэщ гъащ1эм.Ауэ уи бзэр 1этын,пщ1эн хуейщ.1умпэм пщ1ыныр ик1агъэу къызолъытэ.
 Еджап1эхэм бзэр-адыгэбзэр щымащ1эщ.Куэдми яджыну яф1эф1къым.Нэхъыбэу мыр нэрылъагъуу щытщ къалэ еджап1эхэм.Къуажэ курыт еджап1эхэм иджырик1и щыхъума хъуащ бзэм и пщ1эр.Ауэ къалэм ар к1эрыут1ыпщу щытщ.Жагъуэщ.Ауэ...сытхэр ди 1эмал?!1эмал куэди щы1эщ,сызэригугъэмк1э,сабийхэр нэхъ дегъэхьэхын хуейщ адыгэбзэ дерсхэм,ахэр щ1эщыгъуэ гурыхь щ1ыпхъэщ.Нобэк1э дерсыр къулей ирипщ1ыну 1эмал,къэгъэсэбэпык1э куэд дыдэ къежьащ...Къызгуры1уэркъым ауэ дерсыр езыгъэк1уэк1 егъэджак1уэхэр.Бзэм домыгъэхьэхынумэ,щ1эщыгъуэ гуэр ябгъэдомылъхьэнумэ,ф1ым щ1омып1ык1ынумэ-сыт укъэзышэр еджап1эм?!Егъэджак1уэр пщ1эрэ щ1ыхьрэ зи1э ц1ыхущ.Аращи,хъунумэ,дахагъэк1э сабийхэм яхуэмыупсэну ц1ыхухэр еджап1эхэм фымык1уэ!Ей,си бзэ дахащэу,си анэбзэу адыгэбзэ!Си къуршхэм я бзэ,вагъуэ къэц1ууэ жэщк1э къызэ1ущащэ!Сыт апхуэдизу уи пщ1эр нобэм лъахъшэ щ1ащ1ыр?...
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 02 April 2013, 20:49:37
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6428/30288281.2/0_b390c_3bcabf8f_L.jpg)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 02 July 2013, 09:46:57
Соцсеть-м си ныбжьэгъу пщащэм къысхует: "Как дела?". Сэри сымыгупсысэу:"Хорошо....." жызори сотхыж)) Т1уми адыгэбзэр ф1ы дыдэу дощ1э, зэрыжа1эу укъыритщэхуфынущ, ауэ дызэрызэхуэтхэр урысыбзэщ)) гупхэм уахыхьэмэ (интернет адыгэ гупхэм), хъэрзынэу адыгэгухэщ итхэр, зытетхэхьри адыгэ 1уэхущ... ауэ зэрытхэр урысыбзэщ.. Абы иужь мыпхуэдэ форумхэм ди бзэ лъап1э жыдо1эри дыкъот1ысхьэ:)
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Тимур 14 April 2014, 08:46:31
Псоми узыншагъэ быдэ къывит. Бзэм фIыуэ зиужьын щхьэкIэ телевидениемрэ литературэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейщ. Ахэращ бзэм щIэгъэкъуэн быдэ хуэхъунур. Ди адыгэбзэр ди щIэблэм яIэщIэхумэ ар тхьэмащкIагъэшхуэщ. Мультфильм кино сабихэр зыдихьэхын зыщIхэр ди мащIэщ. Тхыдэм и гугъу сщIыхэкъым ар зымыщIэр ди куэдщ. Сэ сищхьэкIэ сыгуфIащ адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ дунейм къыщытехьам, ари зы хэлъхьэныфIщ ди щIэблэр бзэмкIэ къыдэхьэхыным. Ауэ ар мащIэщ. Хьэлщэн, гупсысэ ди бзэм иIэр хэмылъмэ. 
: Re: АДЫГЭБЗЭ - ДИ БЗЭ ЛЪАПIЭ
: Амина 22 September 2014, 02:54:52
Псоми узыншагъэ быдэ къывит. Бзэм фIыуэ зиужьын щхьэкIэ телевидениемрэ литературэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейщ. Ахэращ бзэм щIэгъэкъуэн быдэ хуэхъунур. Ди адыгэбзэр ди щIэблэм яIэщIэхумэ ар тхьэмащкIагъэшхуэщ. Мультфильм кино сабихэр зыдихьэхын зыщIхэр ди мащIэщ. Тхыдэм и гугъу сщIыхэкъым ар зымыщIэр ди куэдщ. Сэ сищхьэкIэ сыгуфIащ адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ дунейм къыщытехьам, ари зы хэлъхьэныфIщ ди щIэблэр бзэмкIэ къыдэхьэхыным. Ауэ ар мащIэщ. Хьэлщэн, гупсысэ ди бзэм иIэр хэмылъмэ.
пэжщ жып1эр,Тимур. Къэжэр Альберт (Тхьэм жэнэт дахэ кърит) и ф1ыщ1эк1э мультфильм куэд адыгэбзэк1э зэрадзэк1ри диск дахэ къыдагъэк1ыжащ. Ар къегъэжьап1эф1т, адэк1э 1уэхур къызэтемыувы1энумэ.