-
Лъэпкъым ди1эщ адыгэбзэк1э къыдэк1 газетищ.
Къэбэрдейм-Балъкъэрым –“Адыгэ Псалъэ». Редактор нэхъыщхьэр Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.
Къэрэшей-Черкесым – «Черкес Хэку». Редактор нэхъыщхьэр Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
Адыгэ республикэм – «Адыгэ макъ». Редактор нэхъыщхьэр Дэрбэ Тимур.
Газетищми щолажьэ адыгэбзэр зыхъумэ журналист лъэщхэр. Емышу лъэпкъым и дунейм къыщыхъухэр ятх. Псалъэм папщ1э, «Адыгэ псалъэ» газетыр къапщтэмэ, адыгэм теухуауэ сытри къибджык1ыфынущ. «Адыгэ псалъэр» - адыгэ «Нью-Йорк таймс»-щ. И теплъэк1и и купщ1эк1и.
Мы къудамэр тыдоухуэ ди лъэпкъ газетхэм. Абыхэм щатх тхыгъэхэр, сурэтхэр мыбдеж къитлъхьэнщ. Деджэнщ. Дытепсэлъэхьынщ. Хуер газетым тхэнщ.
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5634/30288281.0/0_b0bf3_a92c5d86_L)
-
"Адыгэ псалъэ"-м и1эщ рубрикэ - "Щикъухьащ адыгэр дунейжьым".
Абы щ1эту к1уахэм ящыщщ мы сурэтыр.
Сирием щыщ адыгэ генералхэр
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6439/30288281.0/0_b0bf4_72238270_L)
Рияд Хъалид Хьэсэн, Аладин Абди, Бэдрэдин Рэмэдан
-
"Адыгэ макъым" етх:
Музеим щалъэгъугъэр ягунэс
Сирием къикIыжьыгъэ тилъэпкъэгъухэм щыIэныгъэм зыхагъэгъуазэ. Культурэм, искусствэм, спортым афэгъэхьыгъэ Iофтхьабзэмэ ахэлажьэх. КIэлэеджакIохэм яшIэныгъэ хагъахъо. Адыгабзэмрэ урысыбзэмрэ зэзыгъашIэ зышIоигъохэр хэкIыпIэхэм алъэхъух.
КъокIыпIэм щыпсэурэ лъэпкъхэм искусствэхэмкIэ Къэралыгъо музееу Мыекъуапэ дэтым щыкIогъэ зэхахьэхэм кIэлэцIыкIухэри, зыныбжь хэкIотагъэхэри ягуапэу хэлэжьагъэх. Музеим идиректорэу Кушъу Нэфсэт Сирием къикIыжьыгъэ тилъэпкъэгъухэм къапэгъокIи, гуфэбэныгъэ хэлъэу ригъэблэгъагъэх. ХьакIэмэ къэгъэлъэгъонхэр ашIогъэшIэгъоныгъэх. Адыгэ Республикэм культурэмкIэ изаслуженнэ IофышIэу, сурэтышI-модельер цIэрыIоу СтIашъу Юрэ иIэшIагъэхэр зылъэгъугъэхэм упчIабэ яIагъ.
СтIашъу Юрэ адыгэ шъуашэу ышIыгъэхэм къатегущыIэзэ, тилъэпкъ искусствэ итарихъ, ишэн-хабзэхэм игупшысэхэр арипхыгъэх. ЛIакъохэм ятамыгъэхэм ямэхьанэ, ахэр щыIэныгъэм зэрэщагъэфедэщтыгъэхэм хьакIэхэр къакIэупчIагъэх. Бзылъфыгъэхэм ащыщ къыIуагъэм тигъэгушIуагъ. Сирием къыщагъотыгъэ пкъыгъомэ афэдэхэр тимузейхэм ачIэлъых. АщкIэ къэдгъэшъыпкъэжьын тлъэкIырэр адыгэхэр егъэзыгъэкIэ ятарихъ чIыгу икIыжьыхэ зэхъум пкъыгъоу рахыжьыгъагъэмэ ащыщхэр къагъэнэжьын зэралъэкIыгъэр ары.
Адыгэ шъуашэхэр Сирием щызыдыхэрэм яIэпэIэсэныгъи хьакIэмэ тыщагъэгъозагъ. Шъуашэр шэкI фыжьым хэзышIыкIы зышIоигъохэр бзылъфыгъэмэ ахэтыгъэх.
Зэунэкъощхэр зэIокIэжьых
ЛIышэхэр, СтIашъухэр, нэмыкIхэри музеим щызэIукIагъэх. ЛIышэ Ранэ бзылъфыгъэ ныбжьыкI. Адыгабзэр ешIэ, лъэпкъым итарихъ щыгъуаз. ЛIышэ Хъусамрэ ШIэжьэкъо Мейзеррэ тизэдэгущыIэгъу къыхэлажьэх. СтIашъу Юрэ ышIыгъэ адыгэ шъуашэхэр зэрагъэпшэщтхэр ашIэрэп.
ХъутIыжъ Лейлэ, Къэншъэо Кериман, Гъыщ Нимат, нэмыкI бзылъфыгъэхэм археологием, адыгабзэм изэхъокIыныгъэхэм яеплъыкIэхэр къараIуалIэх. Унагъом адыгабзэр щызыгъэфедэщтыгъэхэм лъэпкъ шэн-хабзэхэр нахьышIоу къахэнагъэхэу алъытэ.
ШIэныгъэлэжьэу Едыдж Батырай Сирием къикIыжьыгъэ кIэлэцIыкIумэ адыгэ пшысэхэр къафиIотагъэх. Тилъэпкъ къыкIугъэ гъогум сабыйхэр нахьышIоу щыгъэгъозэгъэнхэм пае пшысэхэм, хъугъэ-шIагъэхэм яхьылIэгъэ тхылъхэу агъэфедэнхэ алъэкIыщтхэм
Б. Едыджыр къатегущыIагъ.
ЛIышэ зэунэкъощхэм, нэмыкIхэм урысыбзэр зэрагъашIэу фежьагъэх. Музеим тычIэтэу ясыхьатхэм яплъыгъэх, зэрэгуIэхэрэр къахэщэу къытаIуагъ еджапIэм зэрэкIощтхэр.
Тилъэпкъэгъухэр музеим къычIэкIыжьыхэзэ, общественнэ движениеу «Адыгэ Хасэм», тиреспубликэ и Правительствэ иIофышIэхэм зэраIукIэхэрэр къытаIуагъ. Илъэс заулэкIэ узэкIэIэбэжьмэ, хэкум къэзыгъэзэжьыгъэгъэ тилъэпкъэгъухэм ящыIакIэ зыпкъ рагъэуцожьыгъэу зэрэпсэухэрэм тыщызыгъэгъозагъэхэри къахэкIыгъэх...
Сурэтхэр музеим къыщытырахыгъэх.
ЕмтIылъ Нурбый.
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6425/30288281.0/0_b0bf5_9e4c4b64_M)
-
Куэд щ1акъым, "Черкес хэку" газетым и къыдэк1ыгъуэ псо (№8-9), КъЧР-м и Псэук1э-Дахэ адыгэ къуажэм триухуащ. Гъэщ1эгъуэн куэд итщ.
Къуажэм дэс лъэпкъхэр
Абдокъуэхэ
Абрэджыкъуэхэ
АбытIэхэ
Абдулаевхэ
Агъэржэнокъуэхэ
Ажийхэ
Акъбащхэ,
Альботхэ
Ахьмэдхэ
Анчокъуэхэ
Ашыбокъуэхэ
Багъхэ
Байрамыкъуэхэ
Бабийхэ
Балэхэ
Бэчыжьхэ
Булжатхэ
Гаджалиевхэ
ГунжафIэхэ
Гъубжокъуэхэ
Гурыгъхэ
Дербэхэ
Дзыуэхэ
Джатэрывэхэ
Жэнымбейхэ
Жылэшххэ
Есенейхэ
Къардэнхэ
Кэпхэ
Къубанхэ
КIакIэхэ
КIэдэкIуейхэ
КIыщхэ
КIэщтхэ
Къулхэ
Къундетхэ
Къмызхэ
Кхъэгъуэхэ
Куэшийхэ
Кумратхэ
Кычэхэ
Ламкъуэхэ
Лийхэ
Лъостэнхэ
Мэтэкхъуейхэ
Мерэмхэ
Мэрчэныкъуэхэ
Мэчэрхэ
Мыжейхэ
Насыпхэ
Нэгъуейхэ
Натхъуэхэ
Нэхущхэ
Сэгъэхэ
Сабитовхэ
Сатушыхэ
Ташбулатхэ
Темырхэ
Тхъуахъуэхэ
Туаршыхэ
Трамэхэ
Трафимовхэ
Ткаченко
Лъхукъуэщауэхэ
Унэрокъуэхэ
ФызыкIэхэ
Хьэмщауэхэ
Хьэчкъызхэ
Хьэмхъутхэ
Чыкэрхэ
Чыкуэхэ
Щоджэнхэ
Шыбзыхъуэхэ
Щотыкъхэ
Щэнджатэхэ
Щэрмэтхэ
Ушайхэ
-
Псэук1э-Дахэм и тхыдэм теухуауэ «Черкес Хэку»-м щатхар
Къуажэм и тхыдэр
Архивым къызэрыхэщыжымкIэ,нобэрей ПсэукIэ-Дахэ къуажэм и цIэу щытар, Къылышкъуажэщ, а щIыпIэм къыщетIысэхари 1862 гъэ-ращ. Апщыгъуэм ар зэрыхъур унагъуэ 220-т, цIыху 1438-рэ дэсу. Е 17-18-нэ лIыщIыгъуэхэм мы щIыпIэр Бэвыкъуэ къуажэшхуэм иIыгъыу щытащ. Ар хуабжьу къуажэ къулейт, абы къызэщIиубыдэт губгъуэ Iэхуитлъэхуитышхуэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр куэду иIэт. МэкъумэшыщIэхэм губгъуэхэр ягъэлажьэт, нартыху, сэхуран (семышкIэ), гуэдз ящIэт, иужьыIуэкIэ кIэртIоф къагъэкIыу щIадзащ. Былым, мэл, шы зэрахуэт. Къуажэр игъэбжьыфIэу дэтт мэжджыт
дахащэмрэ еджапIэрэ. Жылэм и къулеягъыр дэни щызэщIалъысауэ, нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIыурэ, щэн-къэщэхункIэ хьэрычэт зиIэхэр мыбы щэхуакIуэ къакIуэт.
Абыхэм ящэхут фэ, цы, хъурыфэ пыIэ, щIакIуэ, адыгэ цей, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Апхуэдэ псэукIэ дахэр кавказ зауэжьым
и ягъэкIэ зэтекъута мэхъу. Апщыгъуэм зэраныгъэшхуэ къахьащ щэхуакIуэ къакIуэ хуэдэу фэ зытрагъауэу Кавказым къихьа тырку сулътIаным и лIыкIуэхэми.
Псом хуэмыдэу кавказ зауэр нэхъ гуащIэ щыхъуар е 19-нэ лIыщIыгъуэм и кIэхэращ. А лъэхъэнэм Бэвыкъуэ къуажэм цIыху къыдэмынэжу нэщI хъуат. Зауэ дыджым псэууэ къыхэкIахэр Адыгей лъэныкъуэмкIэ куэшат...
Зауэ нэужьым мы щIыпIэм къотIысхьэ Къэбэрдейм, Адыгейм, Абхъазым къиIэпхъукIахэр. Апхуэдэу, Къэбэрдейм къикIащ Къардэнхэ, Абдокъуэхэ, Къундетхэ, КIыщхэ, Къулхэ, Гъубжокъуэхэ, Лъостэнхэ; Абхъазым — Лийхэ, Кхъэгъуэхэ, Темырхэ; Адыгейм — КIэдэкIуейхэ, Унэрокъуэхэ,
АбытIэхэ, Мэрчэныкъуэхэ, Жэнхъуэтхэ, Акъбащхэ, нэгъуэщIхэри.
Къуажэр щIэрыщIэу къэпсэужащ, Къылышкъуажэ фIэщыгъэцIэр иIэу.
ТхыдэмкIэ къэдгъэзэжынщи, сыт а къуажэм апхуэдэ фIэщыгъэцIэр щIратар?
Къапщтэмэ, Къылышхэ лъэпкъкIэ абазэпщщ, я лъапсэр Абхъазым къыщожьэ. Абхъазым къикIауэ, щхьэж езым япщ яIэжу, бгыщхьэм къыщхьэдэхри, Псыжьыпс, Гумыпс псыхъуэхэм щыпсэу адыгэхэм гупих — Къылышхэ, КIамэхэ, Лоухэ, Бибердхэ, Дударыкъуэхэ, Жантемырхэ жэуэ къахэтIысхьауэ щытащ.
Ахэр зэман гуэркIэ псыжьыщхьэ (нэхъыбэу Тебэрды псыщхьэм) Iусащ. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ заубгъуу щIадзащ.
Абыхэм щIыгу къазэремэщIэкIым, зэмызэгъыныгъэм къыхэкIыу, Кавказ
къуршыбгым и ищхъэрэкIэ къетIысэха абазэхэр къэбэрдейхэм я щIыгум
ирагъэтIысхьат, езыхэр къуэкIыпIэмкIэ икIуэтри. Абы къыхэкIыу тепщэныгъэр яубыдат. Ауэ абыхэм тыншыгъуэ куэдрэ яIакъым,
лъапсэрыхыр ди лъэпкъым къыхуэзыхьа зауэ дыджым щIедзэ. Апщыгъуэм адыгэпщхэми абазэпщхэми яку зэпэщIэуэныгъэ нэхъыбэрэ
къыдэхуэ хъуат: хэти икIуэт имыщIэу и хэку ихъумэну пылът, хэти зыкъаIэту зауэр иджыри здынэмыса Псыжь псыхъуэмкIэ къэкуэшт. Абы къыхэкIыу,1750 гъэхэм ирихьэлIэу, Гум псыхъуэм дэса Къылышхэр ПсыжькIэ къэкуэшри, адыгэ къуажэхэм къахэтIысхьащ. Къылышхэ
Абхъазым къикIыу Ищхъэрэ Кавказым къызэрыкIуа
гъуэгуанэр IупщIу къегъэлъагъуэ Кодор псышхуэм, абы хэлъадэ псы цIыкIум ноби КъылычикIэ йоджэ.
Кавказ зауэ нэужьым зэхэзехуэн ящIахэр адэкIэ-мыдэкIэ къуэхэм, бгы гъуанэхэм къыдашыжурэ, мэзхэм къыщIашыжурэ унафэщIхэм къыздагъэлъагъуэ щIыпIэм ягъэтIыст. Абыхэм лъэпкъкIэ узыщыщри,
уи бзэри, уи Iыхьлы-Iэулэди зэрахуэтэкъым.
Апхуэдэу 1860 гъэхэм къуажэщIэу къагъэщIахэм зы къуажэ яхэткъым «лъэпкъ къабзэу».
Къуажэ къэс лъэпкъ бжыгъэу зэхэсщ. Апхуэдэщ Къылышкъуа-
жэм и Iуэхури.
Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, 1902 гъэм къуажэм къыщызэIуах цIыхухъухэм щIэныгъэ къыздыщIах училищэ. Абы япэ дыдэ щеджащ Кхъэгъуэхэ Бубэ, Акъбащхэ Хьэжмырзэ, ФызыкIэхэ Джэрий, Бэчыжьхэ Абубэчыр, Жылэшххэ Мыхуэ, Сэгъэхэ Хьэрун, Жантемырхэ Тембот, КIэдэкIуейхэ МутIалиб, Мэзан, Къудейхэ Хьэсэн, Къмызхэ МутIалиб, Акъбащхэ Мыхьэмэт, КIыщхэ ТIру, Тхъуахъуэхэ Исуф сымэ.
ИужькIэ ахэр къуажэм и цIыху пашэ мэхъу. 1922 гъэм большевичхэр къуажэм къыдохьэ, Совет властыщIэр къоунэху. Пэжщ, а илъэсхэр цIыхухэм кIэ тыншу щытакъым. Арами, властыщIэм и фIыгъэкIэ адыгэ къуажэхэр мамыр гъащIэм хуэкIуэжащ, зыужьыныгъэ ягъуэтащ. Апхуэдэу къызэрагъэпэщ къуажэ Советыр. Абы и унафэщIу Сэгъэ Хьэрун трагъэхьэ. Апщыгъуэм, 1927гъэм, абы и жэрдэмкIэ Къылышкъуажэр ПсэукIэ-ДахэкIэ зэрахъуэкI.
Куэд дэмыкIыу ТОЗ жыхуиIэ зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Абы хохьэ унагъуэ 20-25-м нэс. Абы и тхьэмадэу лэжьахэм ящыщщ
ГунжафIэхэ Мыхьэмэт.
Ноби тхыдэм къыхощыж адыгэ лъэпкъыр щIыгум хуабжьу елэжьу зэры-
щытар. 1930-1931 гъэхэм коллективизацэр къэунэхуу щыщIидза зэманым къуажэм япэ колхозхэр къагъэщIын щIадзэ. ИужькIэ ахэр зыуэ зэхагъэхьэжри, Ворошилов, Буденный сымэ я цIэр зэрахьэу къызэрагъэпэщ. Колхоз зызыужьхэм я тхьэмадэу лэжьащ Темырхэ Мэжид, Акъбащхэ Мыхьэмэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Ворошилов
и цIэр зезыхьэ колхозым и трактор бригадэм и бригадир цIэрыIуэу щытащ Темырхэ Тамарэ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, колхозхэм хуабжьу сэбэпышхуэ къахьащ.
ГуащIэшхуэ халъхьащ къуажэдэс бзылъхугъэхэми. 1957 гъэм майм и 15-м колхозыр «Черкес» совхозкIэ зэрахъуэкI. Абы нэхъри зеужь. Мэл хъушэ, былымыр, шыр куэду зэрахуэ. ИужькIэ совхозым къы-
щызэрагъэпэщ джанэхэр, тепIэн-щIэлъынхэр, щыгъынхэр здад цех.
Промышленностыр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIауи областым лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIт. АбыкIи ПсэукIэ-Дахэр къыхэжаныкIащ.
Инжыдж ЦIыкIу псы Iуфэм къыщызэIуах тхъуцIынэ, кхъуей къыздыщIагъэкI заводыр. КъинэмыщIауэ, щэнхабзэмкIэ Унэр, еджапIэр.
-
"Ди хэгъуэгум и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщыр зи хэщIапIэ, хуэфащэ гъэпсыкIи, теплъи зиIэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэр ди республикэр, ди лъэпкъыр зыгъэбжьыфIэхэм ящыщ зыщ. Мы къуажэр ауэ къызэрыкIуэ къуажэкъым. Ар бейщ тхыдэ гъэнщIакIэ, абы къыдэкIа цIыхушхуэхэмкIэ, лэжьэныр фIыуэ зылъагъу къуажэдэсхэмкIэ. ЗэрыжаIэу, къуажэм пщIэ къезытыр и инагъыракъым, ар зыгъэдахэр абы дэлъ щыIэкIэ-псэукIэмрэ цIыхухэмрэщ. АтIэ,
ПсэукIэ-Дахэр абыкIэ узэрыпэгэнщ."
"Черкес Хэку" газет, (№8-9, 2013 гъэ)
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5637/30288281.0/0_b0bf8_6a364cd4_L)
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5643/30288281.0/0_b0bf9_daae311_L)
-
"Адыгэ псалъэ"-м и архив
Псалъэхэм я мыхьэнэр
Адыгэ фащэ. Адыгэхэм зэрахьэ лъэпкъ щыгъыныгъуэ хэхахэр (адыгэ цей, адыгэ цIыхухъу, бзылъхугъэ фащэ, н.) къызэщIеубыдэ. Ипэ зэманым адыгэхэм зэрахьэу щыта фащэ дахэр нэгъуэщI лъэпкъхэми къащтауэ къекIуэкIащ. Иджы ар нэхъыбэу щыщатIагъэр фызышэм, хьэгъуэлIыгъуэм е махуэшхуэ гуэр щагъэлъапIэм дежщ.
Ажэгъафэ. Адыгэ нысашэр, хьэгъуэлIыгъуэр гушыIэкIэ, ауанкIэ зыгъэдахэ, ажэ теплъэ иIэу хуэпа цIыху. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм деж, нэхъ гушыIэрейуэ, псэлъэным хуэIэзэу зы цIыху къыхахырти, абы фэ зытрырагъэубгъуэрт, и напэр къыщIэмыщу шIрагъэхъумэрт, бжьакъуэ трагъэувэрти, къызэхуэсахэр игъэнэжэгужэу хагъэтт. Ажэгъафэм сыт имыщIэми, сыт жимыIэми и гугъу зыми ищIыну хуиттэкъым. Ажэгъафэм иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэми ущрохьэлIэ.
Ажэгъафэ джэгу. Унэишэм, хьэгъуэлIыгъуэм, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэт хабзэхэм щыщщ. Ажэгъафэм махуэшхуэхэм кърихьэлIахэр зэрытригъэу, зэрадэгушыIэ щIыкIэм «Ажэгъафэ джэгукIэ» йоджэ. Ди зэманми екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэми, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэми ущрохьэлIэ.
Ахърэт джанэ. ЛIар щIэлъхьэным пыщIа хабзэхэм щыщщ. Хьэдэм джэбыныр кърамышэкI щIыкIэ абы Iэгъуапэ зыпымыт джанэ щатIагъэ. ЦIыхубзым и джанэр и жьэгъум къыщегъэжьауэ и лъапэм, цIыхухъум ейр и лъэгуажьэм нэсу ящI. Апхуэдэм «Ахърэт джанэкIэ» йоджэ.
Батырыбжьэ. ЩIыхьэху щIыным епха хабзэщ. Зыгуэрым щIыхьэхукIэ мэкъу кърыригъэшыжамэ, пхъэ пригъэупщIамэ, н. къ., абы хэтхэм ящыщу нэхъ къыхэжаныкIам, япэ къэсыжам ехъуэхъурэ махъсымэ шынакъ ирату щытащ. А бжьэм «БатырыбжьэкIэ» еджэрт. ИужькIэ щIыхьэхум емылъытауэ зэфIэкI ин, лIыгъэ къэзыгъэлъэгъуа, зэхьэзэхуэм щытекIуа, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа цIыхум ират фадэбжьэми «БатырыбжьэкIэ» еджэ хъуащ.
Башзэхэт. Лэжьыгъэм, Iэщ гъэхъун IэнатIэм ехьэлIа хабзэхэм епха псалъэщ. Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, зы мэлыхъуэ лъакъуэубыдым (башым) хуэзэу щытын хуейт мэл 400 – 500. Ауэ ар хъушэ ирикъуртэкъым, абы щхьэкIэ а бжыгъэр хуэдитI-щыкIэ нэхъыбэн хуейт. Абы къыхэкIыу апхуэдиз мэл бжыгъэ зиIэ унагъуэхэр зэгухьэрти, хъушэ къызэрагъэпэщырт. Ар зы мэл пщыIэу ябжырт, гъэмахуэ хъупIэхэм щыкIуэкIи зэгъусэт. Апхуэдэу зэгухьа мэлыхъуэхэм «БашзэхэткIэ» еджэу щытащ.
Башхуэпа. НысащIэр дыщасэ яшэжауэ и дыщым щыщыIэм деж, и пщыпхъу, пщыкъуэ кIуэуэ ялъагъу хабзэт. Лъагъунлъагъу кIуэхэм унагъуэм ис цIыкIухэм иратыну бэлътоку, мажьэ, дыху-сабын, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр башым кIэрыщIауэ здахьырт. Мы хабзэр Аруан районым нэмыщI адрей щIыпIэхэм щызэрахьэу щытакъым.
Думэн Хьэсэн.
-
"Адыгэ Макъ"
Азэмат ипчыхьэзэхахьэ тежэ
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6424/30288281.0/0_b0cdf_8668156e_S)
КъэшъуакIоу, пщынаоу, орэдыIоу Быщтэкъо Азэмат иконцерт тежэ. Адыгэ Республикэм и Къэралыгъо филармоние пчыхьэзэхахьэу мэзаем и 19-м щыкIощтым искусствэр зышIогъэшIэгъонхэр дэгуIэх, орэдэу зэхахын алъэкIыщтхэм къакIэупчIэх.
- КъэшъуакIо сыхъунэу сыфэягъ. КIэлэцIыкIу ансамблэу «Мыекъуапэ инэфылъэхэм» -илъэс 12 сыхэтыгъ, - къеIуатэ Быщтэкъо Азэмат. - А уахътэр шIукIэ сыгу къэсэгъэкIыжьы. Ансамблэм къыщышъощтыгъэмэ ащыщхэр дунаим щызэлъашIэрэ «Налмэсым» аштагъэх, апшъэрэ еджапIэхэр бэмэ къаухыгъэх. Ныбджэгъуныгъэу ады-сиIагъэр щыIэныгъэм щылъызгъэкIуатэзэ, къыхэсхыгъэ сэнэхьатымкIэ Iоф сэшIэ.
- Искусствэм пыщагъэм ищыIэныгъэ къырыкIощтыр къэшIэгъуае, - тизэдэгущыIэгъу къыхэлажьэ АР-м и Къэралыгъо Академическэ къэшъокIо ансамблэу «Налмэсым» ихужожественнэ пащэу, Урысыем изаслуженнэ артистэу, Адыгеимрэ Темыр Осетиемрэ янароднэ артистэу Къулэ Мыхьамэт. - Быщтэкъо Азэмат «Мыекъуапэ инэфылъэхэм» дэгъоу къыщышъощтыгъ. Пщынэр къызиштэкIэ, гур ыгъэлъэпэрапэу адыгэ орэдышъор ыгъэжъынчыщтыгъ. Зым пщынао, ятIонэрэм къэшъуакIо хъущтэу ылъытэщтыгъ. Хэт сыд къыриIуалIэщтыгъэми, лъэпкъым зэрэфэгупшысэрэр, сэнаущыгъэ ин зэрэхэлъыр къыхэщыщтыгъэ. Азэмат къызыщытхъужьэу е узэрелъэIугъэр ымыгъэцакIэу къыхэкIы-щты¬гъэп. ИцIыфыгъэкIи, иIофшIэн зэригъэпсырэмкIи щысэтехыпIэу щытыгъ, джыри а нэшэнэшIухэр лъегъэкIуатэхэшъ, тапэкIэ гъэхъэгъэ инхэр ышIынхэу фэсэIо.
Мэфэ заулэкIэ узэкIэIэбэжьмэ, сшъхьац къыкIэзыупхъухьэрэ бзылъфыгъэу Татьянэ (ылъэ-къуацIэ сшIэрэп) Быщтэкъо Азэмат иконцерт Мыекъуапэ зэрэщыкIощтым къытегущыIагъ. Орэд къызэриIорэм уасэ фишIызэ, артист нэшанэхэр дэгъоу зэригъэфедэхэрэр къыхигъэщыгъэх. Республикэ филармонием иорэ¬дыIохэу Даутэ Сусанэрэ Жьакъщэкъулэ Маринэрэ тызэрэщагъэгъозагъэу, Быщтэкъо Азэмат игъусэхэу концерт макIэп зыхэлэжьагъэхэр, цIыф дэгъоу алъытэ.
ПэшIорыгъэшъэу тыкIэупчIагъэти, Быщтэкъо Азэмат икъуаджэу Пщыжъхьаблэ, Адыгэ республикэ гимназиеу зыщеджагъэм, нэмыкIхэм къарыкIыщтхэр бэ мэхъух. ИорэдкъэIуакIэ агу инэу рехьышъ, зэкIэ фаер концертым еплъынхэ алъэкIыщтми тшIэрэп.
Сурэтым итыр: Быщтэкъо Азэмат концертым хэлажьэ.
ЕмтIылъ Нурбый.
-
"Адыгэ Псалъэ"
Тхыдэр къызэрыщ гъуджэшхуэ
2013-02-19
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» зыфIаща тхылъ-сурэтылъэ екIур. Куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуа мы лэжьыгъэр и IэдакъэщIэкIщ Иуаныкъуэ Мадинэ (парт лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дохъущокъуэ Мусэ и пхъум).
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5636/30288281.0/0_b0d83_8b704f4d_L)
Дыщэидэр зи IэщIагъэу щыта цIыху цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр илъэс зыбжанэкIэ зэхуэзыхьэса Иуаныкъуэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ящыщ зы Iыхьэщ мы тхылъ-сурэтылъэр. Уеплъыну гухэхъуэщ дыщэидэм хуэIэпщIэлъапщIэхэмрэ абыхэм я лэжьыгъэхэмрэ траха сурэт щIэщыгъуэхэм.
Мадинэ мы лэжьыгъэр щIигъэхьэзырар лъэпкъым къыдекIуэкI IэщIагъэ дахэр – пасэрей дыщэидэр, хэдыкIыр – хъумэным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным хэлъхьэныгъэ хуищIын папщIэщ.
Альбомым къивгъуэтэнущ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, нэхъ иужьыIуэкIэ щыIа IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэм траха сурэтхэр. А хьэпшып гъуэзэджэхэр хагъэхьауэ щытащ 1913 гъэм екIуэкIа урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. Зи гугъу тщIы тхылъ-сурэтылъэм ихуащ тенджыз фIыцIэм и Iуфэм Iуса шапсыгъхэм бийм зэрыпэщIэт Iэщэу ящIауэ щытахэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хэдыкIа, тхыпхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIа, уагъэхэмкIэ гъэдэха фащэхэмрэ пыIэхэмрэ, цейр, хьэзырылъэхэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр. А лэжьыгъэхэм я дахагъым уатхьэкъу, фIым ухуаущий, дэрэжэгъуэ къуат. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэм ухагъаплъэ. Аращ тхылъым и мыхьэнэр, и пщIэр зыгъэиныр. А лэжьыгъэхэр Краснодар крайм (Сочэ, ТIуапсы, Лазаревскэ посёлкэм) я музейхэм я мызакъуэу, цIыху щхьэхуэхэм я унэхэми хуэсакъыу щахъумэ.
Псори дыщыгъуазэщ Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэми къэзакъхэми адыгэхэм я Iэщэ-фащэр къызэращтам. XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэ хъуащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми Урысейм, ауэрэ, дуней псом зыщиубгъуащ.
Тхылъ-сурэтылъэм и гуэдзэным къыщыхьащ декоративно-прикладной гъуазджэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм хуэIэпщIэлъапщIэ, Урысейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм зи лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу утыку щизыхьа адыгэхэм я цIэ-унэцIэхэр.
ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ, лъэпкъ гъуазджэм и щэхухэм щыгъуазэу, хуэIэпщIэлъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщым и щапхъэщ гъуэгуанэшхуэ зэпызыча а IэщIагъэм и мыхьэнэм хэмыщIауэ нобэр къыздэсым цIыхухэр зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Дыщэидэм, хэдыкIым Iэмал къуат адыгэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм хуаIа экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ уриплъэжыну. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ апхуэдизу хэпщIа хъуа дыщэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъуджэшхуэщ.
Пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр хъумэнымкIэ мы тхылъыр сэбэп зэрыхъунур, лъэпкъым и цIыхухэм ящыщу ар IэщIагъэ зыхуэхъуахэм зэрахуэщхьэпэнур ди фIэщ мэхъу. Лэжьыгъэр дэIэпыкъуэгъуфI хъунущ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэнымкIэ. Тхылъ-сурэтылъэр дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми илъыну зэранкъым, уеблэмэ ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр зыщыгуфIыкIын саугъэтщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
-
"Черкес Хэку"
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6441/30288281.1/0_b0de5_9c4ecb8c_L)
Хабзэ
Дахэгъуэкъым, атIэ зехьэгъуэщ
Нобэрей зэманым ухэплъэмэ, ди лъэпкъым и бзэ къудейракъым тIэщIэхужыр. АтIэ, лъэпкъ хабзэм и нэхъыбэр цIыхухэм IэщIыб ящIыжащ.
ЩIалэгъуалэм и нэхъыбэм яцIыхукъым хабзэр къыздежьэри здиухри. И нэхъыбэм къащохъу, махуэ фIэхъусымрэ нэхъыжьым тIысыпIэ етынымрэ хабзэр къыщыувыIэу, ар зыгъэлъагъуэми хабзэшхуэ зэрихьэ и гугъэжщ. Пэжщ, а мащIэри хабзэщ, абыи иригуфIапхъэщ, ауэ ди лъэпкъым зэман жыжьэм къыхиха хабзэ куэд зэрытфIэкIуэдыжми ди гур химыгъэщIу къанэкъым.
Нобэ дигу къэдгъэкIыжынущ гущэмрэ сабиймрэ теухуа хабзэ зыбжанэ.
Гущэр цIыхуитIым зэпаIыгъыу унэм щIахьэтэкъым икIи къыщIахтэкъым, зэрахьэтэкъым, нэщIуи щIаупскIэтэкъым. Гущэм итIысхьэтэкъым, абы ебакъуэтэкъым. Хуэмеиж щыхъуам
дежи бгъукIэ ягъэтIылътэкъым, яIубтэкъым, атIэ зэфIэту гъэувауэ щагъэтт.
Сабийр къалъхуа нэужь, япэ Iуплъэхэр ехъуэхъут мыпхуэдэу:
Нанэ урищIасэу,
Дадэ уригупсэу,
Уи анэ зэрышынэ
умыхъуу,
Уи адэ
зэрыгугъэм утету,
ХьэфIым хуэдэу
усакъыу,
ШыфIым
хуэдэу уцIэрыIуэу,
ЛIышхуэ
(хъыджэбзышхуэ)
ухъуауэ
Тхьэм удигъэлъагъу!
Хъуэхъум и ужькIэ фыз Iэзэм бынжэр пиупщIти сабийр игъэпскIт, и напэ, и Iупэ, и тхьэкIумэ зэхуакухэм, и нэкIущхьэм бынжэлъ щихуэти, хъыдан жэрумэ ищIт. ЗэрыжаIэмкIэ, бынжэлъыр сабийр нэкIущхьэплъу, узыншэу къэхъуным и къежьапIэт.
ГъэщIэгъуэнщ зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэм лъы къабзэм хупсхэр зэриукIыр, щIыфэр къабзэ зэрищIыр, кхъапIэ сыт хуэдэхэр зэрытрихыр зэращIэу щытар.
Сабийр цIыху Iущ хъуну къалъытэт, абы и нэр псынщIэу къызэтрихмэ икIи кIэщIу къепсмэ.
Дунейм къытехьа сабийм цIэуэ фIащт я лъэпкъым щыщу мыпсэуж нэхъыжьыфI гуэрым е сабийм япэу Iуплъа цIыхуфIым и цIэр.
ЦIэ фIащыну япэу зытехуэр анэшхуэ-адэшхуэрат е адэ къуэш, адэ шыпхъу, анэ дэлъху, анэ шыпхъу хуэдэ, благъэ, Iыхьлы гъунэгъухэрат.
Хъыджэбз цIыкIур, щIа- лэ цIыкIум хуэдэу дра-
дзейуэ, хуабжьу щIаупскIэу, ягъэкIылу, абы пхъашэу еIэбу, пхъашэу епсалъэу адыгэхэм ядэтэкъым.
Сабийр пшапэ зэхэуэгъуэм ягъэжейтэкъым, жейуэ хэлъми къагъэушт. Абы и щхьэхущIэпс е гъэпскIыпс жэщ хъуауэ щIакIутыкIтэкъым.
ЦIыху губзыгъэр сабий зыщIэс е зыщIэлъ пэшым тутын щефэтэкъым. Сабийр зэрылъ гущэр цIыхуитI-щым щIаупскIэтэкъым. Сабийр
къызыхаха гущапIэр зэIухауэ къамыгъанэу зэщIадзэт.
Анэл зыхэлъу сабийм цIэ фIащам нэмыщIкIэ цIэ
лейуэ «Менлы» фIащын хуейуэ къалъытэт, а цIэр жаIэху, анэлыр нэхъ цIыкIу хъуурэ кIуэдыжыпэу зэрагъэIуам къыхэкIкIэ.
Гущэм хэлъ сабийм и щхьэмкIэ укъыщхьэщыувэу уепсэлъэну, удэджэгуну фIыкъым жаIэт. Сабийм щысу, щылъу е щыту уебакъуэу ядэтэкъым.
Адэм е анэм и сабийр уэрамым щиубэрэжьу, ебгыу, щIэкIиеу, е
ехъуэну цIыхухэр зыщIигъэплъыныр хабзэншагъэ
дыдэу къалъытэт.
Тхьэмадэ, гуащэ, анэ е адэхэм ялъагъуу зи сабийм щIэкIие, ещхьэфауэ е едэхащIэ, егъэлеяуэ дэджэгу адэм е анэм хабзэр ямыщIэу къалъытэт, емыкIу хуащIт.
Гущэм хапхэ сабийм и пIэщхьагъым КъурIэн кIэщIалъхьэт. Сабий жеяр изакъуэу пэшым къыщIанэн хуей щыхъум деж, абы мафIэдз бгъуралъхьэт, гущащхьэм деж жыхапхъэ ираупсейт. Сабий цIынэ япэ
зрахьа унагъуэм хьэкъущыкъу гуэр тыгъэ хуащIт сабий хьэщIэм. ГущапIэр щIауэ щагъэттэкъым, сабийр хамыпхэу.
Гущэм япэу иралъхьэ тепIэнщIэлъын цIыкIуфэкIухэр щэкIыщIэм къыхащIыкIтэкъым, къызыхащIыкIыр анэм и щыгъын тIорысэт.
Къарзэджхэ Сэид.
-
"Адыгэ Псалъэ"
IэщIыб дывмыгъэщI
2013-02-21
Сабийр къалъхуу анэбгъэм щIалъхьа нэужь, шэм и гъусэу абы и лъынтхуэхэм ирокIуэ и анэдэлъхубзэри. Аращ абы «анэдэлъхуу щыт бзэкIэ» щIеджэри. АдэкIэ анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр цIыкIум зыхещIэ анэм, анэшхуэм я дзапэ уэрэдхэмкIэ, адэм, адэшхуэм я таурыхъхэмкIэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, анэдэлъхубзэм унагъуэм лъабжьэ быдэ щимыIэмэ, ар абы къихъуэ сабийхэм къащтэнукъым. Бзэр щымыIэмэ, ухэныжынущ абы къыпхуихь хъугъуэфIыгъуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ди адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ фащэмрэ езы адыгэш дыдэмрэ. Сэ дапщэщи сфIэдахэщ ди адыгэ фащэр. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: адыгэ щIалэхэм лъэпкъ фащэ екIухэр тщыгъыу, шы къарэ лъэ псыгъуэхэм дытесу… Ар сыту дахэ икIи гухэхъуэ!
Я хэку залымыгъэкIэ ирахуауэ щыта ди лъэпкъэгъу куэдым хамэ къэралхэр псэупIэ зэрахуэхъуам псори дыщыгъуазэщ. Абыхэм яхэтщ ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хьэл-щэнымрэ нэщэнэхэмрэ хэкум къина дэ нэхърэ нэхъыфIу зыхъумэжахэр е яхъумэжыну хущIэкъухэр. А хуитыныгъэр дэ зыми къытпимыубыдми, мыхьэнэшхуэ едмытурэ Iэпэдэгъэлэл щытщI къытхуохуэ. Абы дыхуэсакъыпхъэщ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ яхызолъагъукI адрей предметхэм. Дауи, ди егъэджакIуэ щыпкъэхэм дызыхуашэ дэтхэнэ щIэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэщ, атIэми ди анэдэлъхубзэм ехьэлIахэр япыщIащ ди лъэпкъ хабзэм, тхыдэм, ди блэкIамрэ къэкIуэнумрэ. Пэжщ, а предметхэмкIэ дымытынкIэ хъунущ еджапIэ нэхъыщхьэхэм дызэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр, ауэ ахэр тщIэн хуейщ, дыщыадыгэкIэ, адыгэ лъэпкъым дрицIыхуу щыщыткIэ.
ФIыуэ слъагъу «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу си ныбжь ит щIалэгъуалэм захуэзгъэзэну сыхуейт: «Си къуэшхэ, си шыпхъухэ. ДывмыгъэщI IэщIыб ди анэдэлъхубзэр, дуней псом лъэпкъыу дыкъызэрыщацIыху ди адыгэбзэр, ди адыгэ хабзэр, нэмысыр. Дывгъэхъумэ ар, дыхуэвгъэсакъ нэхъыжьхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна а фIыгъуэ иным. Дывгъэпсалъэ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ хуэдэ адыгэлI щэджащэхэм яIурылъа бзэ дахэмкIэ. Фи фIэщ зэрыхъун, ди дежкIэ абы нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ хуабэ, нэхъ IэфI щымыIэкIэ».
ТЕРКЪУЛ Астемыр,[/b]
Налшык дэт гимназие
№29-м и еджакIуэ.
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6427/30288281.1/0_b0ea3_75968b53_L)