ФОНД "АДЫГИ"
Главная категория => Говорим на черкесском | АДЫГЭБЗЭКIЭ ДОПСАЛЪЭ => : Амина 01 March 2013, 00:36:42
-
Зыдогъащ1э адыгэбзэм и псалъэк1э (диалект) нэхъыщхьэхэр. Ар Къэбэрдей псалъэк1эмрэ К1ах псалъэк1эмрэщ.
Диалекхэр а т1умк1э иухкъым.
Щы1эщ бжьэдыгъу, беслъэней, абдзэх, шапсыгъ диалектхэр.
Адыгейм нэхъыщхьэу щалъытэр к1эмргуей диалектыращ Аращ лъэпкъ телевиденэр, газетхэр зэрылажьэр, еджап1эхэм зэрыщеджэр.
Къэбэрдейм, Черкесым апхуэдэу я1эр къэбэрдей диалектырщ.
-
Мыр къэбэрдей диалектым и хьэрфхэращ
(http://img-fotki.yandex.ru/get/6443/30288281.1/0_b1558_ed3ee966_L.jpeg)
мыр к1ах диалектым и хьэрфхэращ
(http://img-fotki.yandex.ru/get/5635/30288281.1/0_b1559_dbd4901e_L.jpeg)
-
Япэ IуплъэгъуэкIэ къэбэрдей алфавитымрэ кIахымрэ зэрызэщхьэщыкIыр мы хьэрфхэращ:
кIахым:
Дзу
Жъ
Жъу
ПIу
ТIу
Шъ
ШI
ШIу
къэбэрдейм:
Кхъ
Кхъу
-
Зэрытлъагъущи, зы лъабжьэщ яIэр диалектитIми - АДЫГЭБЗЭРЩ. Къэбэрдейм кIэмыргуей псалъэкIэр зэхихмэ: "къызгурыIуэкъым", - жеIэ и нэхъыбэм. Ауэ зыщIэдэIукIмэ ар къыгурымыIуэну Iэмал иIэкъым. Лъабжьэр щызыкIэ.
Мыбдеж урок (дерс) зэгъэуIуахэр ттыну аракъым, ауэ бзэм и диалектхэм нэхъ къыщагъэсэбэпыр, псалъэхэм я тхыкIэр, жыIэр зэрызэтекIыр е зэрызэтехуэр къыхэдгъэщынщ. Щхьэпэ къыфхухъумэ, ди гуапэщ. Хэт сыт хуэдэ къыхэлъхьэныгъэ иIэмэ, ар нэхъ гуапэжщ.
-
Тыркум ис адыгэхэм дижагъуэ зэрыхъущи трэжыжэщ мы алфавит 1уэхум.Ар амал зимы1э 1уэхуу зэрыщыт къудейр къызыгуры1уэр мащ1эдыдэщи.Хъуну щытым т1эк1у зэдгъэщ1эну дызэлэжьхэм папщ1э макъхэр къозыт програм щ1эуэ сыхуейт диалектит1ыми щхьа.
-
Емуз, къызэрызгуры1уамк1э, хьэрфхэм я жы1эк1эращ зи гугъу пщ1ыр. Хьэрф къэс къызэры1ур зэхыуигъэхыу, сщ1экъым. Ауэ зы программэ гъэщ1эгъуэн щы1эщ, псалъэхэр къызэрыбупсэлъыр требгъатхэфу. Уэ ухуемэ требгъэтхэфынущ. Мис ар http://www.forvo.com/languages-pronunciations/kbd/alphabetically/ - къэбэрдейр.
http://ru.forvo.com/languages/ady/ - к1ахыр
-
Ц1ыхуит1 зэхуэзэмэ, ф1эхъус зэрах.
Псалъэм папщ1э къэбэрдейм къыбжи1энуш:
УИ ПЩЭДДЖЫЖЬ Ф1ЫУЭ
УИ МАХУЭ Ф1ЫУЭ
УИ ПЩЫХЬЭЩХЬЭ Ф1ЫУЭ
К1эмыргуем мыпхуэдэу ф1эхъус къызэрыуихынур:
УИ ПЧЭДЫЖЬ Ш1У
УИ МАФЭ Ш1У
УИ ПЧЫХЬЭ Ш1У
-
Зэрытлъагъущи, къэбэрдейм къагъэсэбэп хьэрф "Ф1" и п1эк1э к1эмыргуейм "Ш1У" жа1э.
къэбэрдей "ХУ"-р к1эмыргуейм "Ф" щохъу
-
Псалъэм папщ1э
къэбэрдей к1ах
ХУАБЭ ФАБЭ
МАХУЭ МАФЭ
ЦIЫХУ ЦIЫФ
МАФIЭ МАШIО
ФIАНЭ ШIУАНЭ
ФIЫ ШIУ