Просмотр сообщений

В этом разделе можно просмотреть все сообщения, сделанные этим пользователем.


Сообщения - Емуз

Страницы: [1]
1
Тыркум ис адыгэхэм дижагъуэ зэрыхъущи трэжыжэщ мы алфавит 1уэхум.Ар амал зимы1э 1уэхуу зэрыщыт къудейр къызыгуры1уэр мащ1эдыдэщи.Хъуну щытым т1эк1у зэдгъэщ1эну дызэлэжьхэм папщ1э макъхэр къозыт програм щ1эуэ сыхуейт диалектит1ыми щхьа.

2
Пэжщ Аминат,сэ сыхуэзащ ди нэхъыжьхэм сахэсыу бзэм и 1уэхум дытепсэлъыхьти,ди зы ныхъыжьым ар же1э;"Бзэр к1уэдыжыми хабзэр 1ыгъын хуейщ"жэуэ.Адрейхэми ар да1ыгъ.Узыгъэгупсысэн 1эджэ ди1эщ ауэ, ф1ы 1эджи къыдэхъул1эу щ1ытщи,мис ахэм дыриттелъхьэу делэжьын хуейщ.

3
Мыбдежым адыгэбзэкIэ сыщытхэну,анэдэлъхубзэм теухуауэ си гупсысэхэр жысIэну сыхуейт ауэ сайтыр урысыбзэ защIэу зэрыщытым щхьа здэстхынури къысхуэгъуэтаIым куэдырэ.Сэ Тыркум сыщыщщ,модрейр Йорданием щыщщ,хэт Израилым.Нобэ дыздынэса текнолложи Iуэхур нэхъыбэу къэзгъэсэбэпын хуейри дэ адыгэхэращ.Абы дэ нэхъ дыхуэныкъуэщи.Сэ схуэдэу и анэдэлъхубзэм зэикI хуемыджахэр мыбдеж щытхэну щыхуежьэм идеж щыуагъэ гуэрхэри къыхигъэхьэнкIэрэ мэхъу ауэ,нэхъыщхьэр ди бзэ дгъэлэжьэн ар ди гъащIэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыдгурыIуэн хуейуэ аращи маржэ,хъуну щытым мы сайтым дымыIэбэрабэу дыщытхэфын ухэдиз адыгэбзэри къыхэщыу дывгъэщI,тхурращI.
Дэтхэнэ зы бзэри зыхъумэнур а бзэр зыщIэхэм зэпымыуу ар ягъэлажьэмэщ,яIурылъымэщ.Хэкужьым исхэм хэт яфIэфIыу,хэти хуэмейми къафIыдихуу урысыбзэр къагъэсэбэпыу,Тыркум исхэм аыдыгэбзэр къыкIэрыхуа гуэрэу къащыхъурэ,я бынхэр псалъэну щыхуежьэм идеж абы щыдыхьэшхырэ Iуагъэщтыу дырохьэлIэ.Хьэрып къэралхэм щыпсэу адыгэхэри  аращ,н.къ.Ди жагъуэ зэрыхъущи Тыркум деж адыгэбзэр адыгэ Iэнэм щэхьэдэхырIым.Абы лъабжьэ дэгъуэ зэриIэр гъащэм и дэтхэнэ зы къудамэми къыщыдгъэсэбэпын хуэдиз къарыу зэриIэр ящIэхэIым,тщIэIым.Ар яджыну хуитыу щыта1ыми,аращ.Я хэку зэрабгынэрэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэм нэблэгъауэ зэрыщытым къихьа гуауэ куэди абы хэлъщ.Иужьырей илъэсиплI тхум къэралыми нэхъ хуит дищIауэ щытщи,иджы щалэгъуалэ еджахэм зыкъаIэтыу щIадзащ,"сыт ди бзэкIэ дыщIэмыпсалъэжыр"жэуэ.Ауэ ахэм ябзэр къызыщагъэсэбэпын утыкурэ щIыпэрэ щамыIыж зэмаными дихуакIэщ.Тыркум щыпсэу адыгэхэр илъэс пщкIутх,тIощI хъуауэ къуажэхэр къабгынэри къалэхэм нэхъырэ хэпхъауэ щыпсэу хъуащ.Мис абы бзэри хабзэри нэхърэ нэхъ гъащIэ мащIэ ещI.
КIэщIыу жытIэну щытым, бзэр зыщIэхэр дызыдэIэпыкъун,нэхъыбэу хамэ къэрал щыпсэу зи бзэ зыIэщIэхуу хуежьа  адыгэ ди куъэшхэм  мис мы интернетымкIэ запытщIэу зыр зым щIэгъэкъуэн дыхуэхъунырращ.

Страницы: [1]