Автор Тема: Къамылыкъуэр сыт ф1ыуэ щ1эслъагъур?  (Прочитано 8392 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
                                          Балъкъ псыхъуэ хуэзэу къэт1ысауэ,
                                           Дахагъэ псори зэщ1икъуауэ,
                                            Къыщысщ си къуажэу дахэк1ейр
                                           Си Къамылыкъуэу си дунейр.
                                                               "Къамылыкъуэ",Махуэл1 Б.

 
 Ц1ыхум бгъэдэлъ,зэрихьэ дахагъэм къежьап1э егъуэт.Сэ къызэрысщыхъумк1э,дахагъэу схэлъыр зи ф1ыщ1эр сыщалъхуа Къамылыкъуэрщ.Си къуажэр дыгъэ-нагъуэм пызогъэлыд,абы хуабагъэр и куэдщ,къабзагъэр и гъунэжщ.Зи лъэр быдэ,хабзэр бзыпхъэ дахэу щыслъагъу си къуажэр гъащ1эм добакъуэ,ар жьапщэ инми поувыф,зэман хьэлъэми и дахагъэр щ1ылъэм треугуашэ.
 Къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъэ Къамылыкъуэм къамыл щ1ып1эр унагъуэ-лъапсэ зэрыхуэхъурэ зэманыф1 дэк1ащ.А зэманым къыщыщ1эдзауэ къуажэм зи ц1эр ф1ык1э къыра1уэ,щапхъэу сыт зэманми къэпхь хъун унагъуэ куэд дэсщ.Абы папщ1э ф1ыуэ солъагъу си къуажэр.Дауэ умылъагъунрэ-т1э,уи япэ лъэбакъуэр зытеува щ1ыналъэр,зи псынэпск1э уагъэпск1а,зи щ1ыхьк1э хабзэ-нэмысым щыгъуазэ узыщ1а къуажэр?!Ф1ыщэущ зэрыслъагъур!Сыхуейт си Къамылыкъуэр езгъэщхьыну жыгым.А жыгым и лъэхъц-лъащ1эхэр зэрызэрыубыдрэ зэманыф1 дэк1ащ,и пкъыр уэгум хуо1э.Къыщ1эж-ныщ1эж зыбжанэхэри и1эщ.Жыгым пыт къудамэхэми тхьэмпэ ц1ык1ухэри къапок1э.К1эщ1у жып1эмэ,мэпсэу,гъащ1э къегъащ1э.Нарт л1ы хахуэ хъыжьэхэми я таурыхъхэр,л1ыжь жьак1эшхуэхэм я хъуэхъу псалъэхэр,тхьэ1ухуд хъыджэбзхэм я дахагъэ,бжьыф1агъэ псори си къуажэрщ щызэхэсхар.Си къуажэрщ япэу кхъуейжьапхъэр тхъупсым зэрихьэу,хугу п1астэр шыпсым бгъэдэлъу,щынэлым бахъэр щхьэщыту,нанэми 1эф1ык1эр игуэшу,сабийхэри гуф1эм иубыдауэ щыслъэгъуар...
Куэдрэ сигу къок1ыж къуажэ Щэнгъасэм и унэм хабзэм,нэмысым,ук1ытэм,1улыджым теухуа пшыхьхэр,зэхьэзэхуэхэр,зэпеуэхэр зэрырагъэк1уэк1ыу щытахэр.Нобэк1и ахэр щ1эгъэкъуэн мэхъу жьэгу пащхьэм къитэджык1 щ1алэгъуалэр гъащ1эм дек1уу псэунымк1э.
 Дахагъэр куэду дэлъщ къуажэм.Ар болъагъу къуажэ ц1ык1ум и теплъэмк1и,щыпсэу ц1ыхухэмк1и.Гу къабзэ,псэ хьэлэл зи1э къуажэм уригушхуэнкъэ?!Хэку зауэшхуэм къуажэдэсхэм яхэлъа гущ1эгъуми ар ф1ыуэ сегъэлъагъу.Фашистыдзэм пэщ1эувэну къуажэм дэк1ащ ц1ыху щэрэ т1ощ1рэ блырэ,къэзыгъэзэжар ц1ыху тхущ1щ.Ф1ыц1агъэм пэщ1эува дэтхэнэ зыми л1ыгъэ зэрихьащ.Апхуэдэщ,псалъэм папщ1э,Къанкъул Данял.Данял Белоруссием и щ1ыналъэм бийм и щ1ыбк1э къызэрагъэпэщауэ щыта  партизан гупхэм ящыщ зым и унафэщ1у щытащ.Абы щызэрихьа л1ыгъэхэми папщ1э къыхуагъэфэщащ Къэрал дамыгъэ лъап1эхэр,капитан ф1эщыгъэц1эри и1эу къигъэзэжащ абы.Къанкъулым ещхьт адрейхэри.Ахэр Тэрч щыщ1эдзауэ Берлин нэс к1уахэщ.Мащэр къэзыт1а хьэщхьэры1уэдзэр мащап1э ирагъэхуэжахэщ.
 Зауэ маф1эм и лыгъэм занщ1эу зеубгъу.Пэщ1эт имы1эмэ,псори ф1ыц1агъэм хуешэ.Нэмыцэ фашистыдзэм и маф1эри пэщ1эк1уэтакъым си къуажэми.Къамылыкъуэр мазитху нэблагъэк1э я1ыгъащ абыхэм.Къуажэм узэплъ хъун къэмынэу зэтракъутат.Абы щхьэк1и къэмынэу къуажэдэсхэр щ1эгъэкъуэнышхуэ хъуахэщ зауап1э 1эна1э 1ут ц1ыхухэм папщ1э щыгъын хуабэхэр,пы1э,1элъэ,вакъэ,лъэпэдхэр ягъэхьэзырурэ хурагъэшащ,ахъшэ-бохъшэ щымысхьу сэбэпынагъ зэращ1эну 1уэхум пылъащ.Къуажэр езыр щаубыдар 1942 гъэрт,август мазэрт.Колхозым гъавэр 1уихыжыфатэкъым.Ауэ абыик1 пэлъэщыфащ къуажэдэсхэр.Гъавэр 1уахыжащ сабийхэми,балигъхэми.Къуажэдэсхэм гущ1эгъу ин зэрахэлъым мыри и щыхьэту къэпхь хъуну си гугъэщ.А зэман бзаджэм Ленинград  блокадэм къырашауэ щытащ ц1ыху т1ощ1ым щ1игъу.Унагъуэхэм ахэр щагъэпщк1уат.Гъэщ1эгъуэныр аращи,нэмыцэхэм ямылъагъуу ахэр яхъумэфащ.Къуажэр хуит хъужа нэужь, Псыхуабэ яшэри, маф1эгум ирагъэт1ысхьэжахэщ.Иджыпсту а зэманым дриплъэжмэ жыдо1э къуажэр гугъу ехьауэ.Ауэ девгъэгупсысыт -сыт хуэдиз ц1ыхум я гъащ1эр ята дэр папщ1э,гъатхэм гъагъэ жыгыщ1эм и мэ гук1уэм драгъэпэмын папщ1э сыт хуэдизыпсэ хей хъуа...
Ныжэби ди уафэр къбзэу
Мамыру нэху дыкъек1ащ.
Ди дыгъэ -нагъуэр бзэрабзэу
Щ1эщыгъуэу бгым къыкъуэк1ащ...
 Къуажэр ф1ыуэ лъагъуныр абы и теплъэ закъуэмк1э зэф1эк1ыркъым.Ар иджыри епхыщ абы щыпсэу унагъуэхэми.Унагъуэр зэгуры1уэу щытыныр куэдым пыщ1ащ.Ауэ адыгэ хабзэр  бзыпхъэ дахащэу здилъ,гъащ1эм дэбакъуэу псэу унагъуэм пэлъэщыфынукъым зырик1.Зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу псэу унагъуэм нэхъыф1 щы1экъым.Абы къуажэм и пщ1эр е1эт,ар ф1ыуэ уегъэлъагъу.
 Нобэрей гъащ1эр жэнэт пщ1ащэ зыхуэхъуа ц1ыху щэджащэхэми ф1ыуэ сагъэлъэгъуащ си Къамылыкъуэр.Абыхэм ящыщщ си адэшхуэ-анэшхуэхэр,благъэхэр,1ыхьлыхэр,къуажэ курыт егъэджак1уэхэр,усак1уэхэр,къэфак1уэхэр,уэрэджы1ак1уэхэр.Си къуажэм и пщ1эр я1этащ куей щ1ынылъэхэм,республикэм,Урысей утыкум зи дахагъэр,зэчийр лъэныкъуэ зыбжанэк1э налкъутналмэсу щызыгъэбла ц1ыхухэм.Ину берычэтыр яхуэфащэщ!
 Пщэдджыжь дыгъэпсым жьыуэ укъэтэджрэ уэрамыкум уиувэрэ уэс тхьэмадэ 1уащхьэмахуэр хъуэхъуф1к1э зыхуэупсэ къуажэр дауэ ф1ыуэ умылъагъунрэ?!Ф1ы нэщэнэу 1уащхьэмахуэр-къуажэм,лъэпкъым сытк1и тхуремахуэ!
 Ипэк1э зэрыжыс1ащи,си къуажэр изогъэщхь жыгым.Абы и пкъыр мэж,тхьэмпэхэм заукъуэдий,зашэщ1,зо1ущащэ.Жыгыр и чэзум къот1эп1,мэщхьэлъэ.Кумылэ,жылэ,хъугъуэф1ыгъуэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэ,дахагъэ ирещ1э си Къамылыкъуэр мык1уэдыжын папщ1э.Унагъуэ-лъапсэр къуажэм зэриубыдрэ ,абы дэтхэнэ лъэныкъуэмк1и къыщхьэщытщ хъумак1уэ бгы лъагэхэр,мэз,губгъуэ инхэр,псы къыщ1эжхэр и гъунэжщ.Балъкъ псыхъуэ ежэхым и даущым ущ1ожеик1,къуалэбзу бзэрабзэхэм къыраш уэрэд ц1ык1ухэм псэр ягъэп1ейтей.Дахагъэр куэду зи1э къуажэм адыгэ гъащ1эм пщ1э лей хуещ1.Абы си псэр ещ1 къулей,се1эт,сегъэгуф1э,сегъэгушхуэ,къызет къаруушхуэ.Ц1ыхугур ц1ык1уми-Къамылыкуэм-хухэсхащ щ1ып1эшхуэ.Нытестхащ абы и ф1эщыгъэц1эр сэ 1уащхьэмахуэшхуэ!
Махуэл1 Беслъэн.
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!