Автор Тема: Анэм и нэхэр  (Прочитано 5562 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
Анэм и нэхэр
« : 17 Январь 2015, 10:17:39 »

Ц1ыхум и гум илъыр къэфщ1эну фыхуеймэ,фыщ1эплъэ абы и нэхэм.Щыгъуазэ фыхъунущ абы и хьэлым ,и гупсысэк1эм,дахагъэу  хэлъым,сыту жып1эмэ нэхэм я1э теплъэм къагъэлъагъуэ ц1ыхугур гуапэу,хуабэу къеуэми,ар жьапщэм зэщ1иубыдами.Пэжщ,плъыфэ зэмыфэгъухэр ягъуэт нэхэм.Ауэ лэгъупыкъур зи плъыфэ нэхэм сыт и дежи уатхьэкъу,уа1эт,къару гуэр къуату къыпф1ощ1...
 Нобэ си анэм и нэхэм сащ1эплъащ.Уи ф1эщ зэрыхъун,си гъын къэк1уащ занщ1эу.Сыт хуэдэ зэманми хъугъэпс лъэщыр къызыщ1ихыу щыта нэхэм я къарур махэ хъуауэ,фагъуэр я теплъэу,гуф1эр ямыщ1эжу къысщыхъуащ.Абыхэм салъэхъащ ик1и а теплъэ мыщ1агъуэхэр си анэ дыщэм и нэхэм гуэгъу,фащэ зэрахуэхъуам си зэран куэд хэлъу зэрыщытри къызгуры1уэжащ.Мы дунейм теткъым зы ц1ыху анэм и нэпс къезыгъэк1уэфын!Щы1эн хуейкъым анэпсэм къуит хуабагъэр,дахагъэр,1эф1агъэ псори нэхэм щыужьых..
-Мамэ,уезэша,сыт  сызыгъэгуф1эу щыта нэхэм апхуэдэу щ1эл1аифэ щ1агъуэтар?-сеупщ1ащ мамэ.
-Хьэуэ,си къуэ,къыпщыхъуу аращ...-зызигъэумысакъым ит1ани,пыгуф1ык1 щ1ык1эу адэк1э 1ук1ащ,1эпл1э къысхуищ1а нэужь...
Си анэм зэик1 жес1акъым ф1ыуэ зэрыслъагъур псалъэк1э.Къысф1эщ1ырт сэ абы хузи1э гухэлъыр псалъэм еспхмэ,нэхъ фагъуэ хъуну.Ауэ ар пэжкъым.Анэхэм яже1эн хуейщ уигу яхуилъыр,ф1ыуэ зэрыплъагъур.Пхузэф1эк1ыр мащ1эу щытми,яхуэщ1апхъэщ.Къытезгъэзэжыну сыхуейкъым ц1ыху щэджащэхэм анэхэм папщ1э яуса,ятха псори.Ауэ си гум къыбгъэдэк1 псалъэхэр абыхэм еф1эк1ыу къысщохъу.Сэ ар зыхуэсусыр си анэрщ,си анэ гуапэрщ,хуабэрщ,дахэу щы1эм ялейрщ. Ф1ыгъуэу щы1эр пхуэзмыщ1эфми,гум зэман-зэманк1э дыркъуэхэр нытездзэми,уи нэк1ум телъ зэлъахэм сысей куэд яхэлъми,нэхэм къатехьа пшагъуэр си зэранми-ф1ыщэу узолъагъу.Уэращ сыкъызыгуры1уэр,къызэдэхащ1эр,къысхуэгумащ1эр,щ1эщыгъуэ зыщ1ыр си гъащ1эр.Сф1экуэдкъым пхуэсщ1эри,уэстри,узипсэщ,си напщ1э утелъщ,дэнэ сыщымы1эми сигу уилъщ.Къару къысхыболъхьэ,си хьэлым гущ1эгъу ,си гъащ1эм дахагъэ къыхыболъхьэ.Уи шхыныр 1ум ехамэ-илъэс гъуэмылэщ,уи 1э щабэхэр щхьэфэм къылъэ1усамэ-хуабагъэ щхьэщымык1ыжщ...
Анэхэр куэд хуейкъым:ПСАЛЪЭ МЫФАГЪУЭ,ГУЩ1ЭГЪУ Т1ЭК1У,ГУЛЪЫТЭ МАЩ1Э,НЭХЭР ЗЭЩ1ЭЗЫГЪЭСТЫН БЫНЫМ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭ.Хъунумэ,сыныволъэ1у,анэхэм я гур хэвмыгъэщ1,абыхэм я нэк1ур зэлъами,я макъыр ик1ами,т1эк1у лъэрымыхьми,нэхэм къащ1их нурыр фымыгъэужьых.Дак1элъывгъэплъ ди анэхэм,гулъытэ яхуэдвгъэщ1!
Махуэл1 Беслъэн.
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!