Адыгэхэмрэ тырку сабийхэмрэ фIащ цIэхэр зэманхэм зэтемыхуэж хъуащ.
Тыркум деж сабийхэм фIащ цIэхэм, абы диным, лъэпкъхэм ехьэлIа и мыхьэнэхэр къэтщIэн щхьа Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, Мараш къалэ губернаторым “Басын ве халкла илишкилер мюдюрю" жыхуиIэ прессэхэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэкIэ и тхьэмадэ Iугъур Хъалид.
Хуитыныгъэ радио: Сабийр къыщалъхуам абы цIэ фIэщын Iуэхур дэнэ къыщежьа,итIанэ тырку лъэпкъым я цIэ фIэщын хабзэр дауэ зэрыщытр?Iугъур Хъалид: ЦIэ фIэщыныр Адемрэ Хьэууарэ я деж къыщегъэжьауэ зы хабзэщ.Абы иужькIэ я бынхэм пщIэшхуэ хуащIкIэрэ абы нэхъ мыхьэнэ зиIэ цIэ фIащыу щытщ. Псалъэм папщIэ, дэ япэхэм алтай тыркухэм цIэуэ фIащыр и адэм ицIэрат абы иужькIэ унэм япэ къэкIуа хьэщIэм ицIэр фIащыу щытащ.Зэзэмызи зауэм къыщагъэсэбэпу уэщ, мэIу, джатэ ,хуэдэхэр, итIанэ зауэм лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуахэм я цIэхэр я бынхэм фIащыу щытащ.Апхуэдэу лIыхъужь иррехъу жыхуаIуу.Тырку лъэпкъым япэхэм ябынхэм цIэ щыфIамыщыхэ лъэхъэни яIащ. Ахэм “цIэ зимыIэ“жэуэ еджэу щытащ.Тыркухэр муслымэн диным щихьа лъэхъэнэхэми сабийр къыщалъхуам абы дэIэпыкъуа фIызым а сабийр иадэм хуихьти ахъшэкIэ ирищэжт.А сабийм фIащт ‘Сатылмыш’, хъыджэбзыу щыты м ‘Саты’.жэуэ. Абы къикI ‘Яща’, хъыджэбзыми ‘Ящэн’жэуэ.
Зэман дэкIыу муслымэн диныр нэхъ зэрахьу щIадза нэужь муслымэныцIэхэр фIащыу щIадзащ.Ар Iэщхьэбэхэм яцIэхэрат нэхъыбэр.’Хьэзрети Iэбубекир, Омер, Осман, Али, Хъалид-бин уэлид. ЦIыхубзхэми ди бигъымбарым и щхьэгъусэ,ипхъухэм яцIэхэр ‘Хьатиджэ, Фатима,Аишэ,Севдэ’ хуэдэу.
Лъэпкъ гупсысэкIэ сабийхэм цIэ фIэзыщаи щыIэщ,цIыхум езым и адэжьхэм яцIэр фIищыжыурэ ар игъэпсэуну хэтщ.Абы нэмыщI къэхъут игъуэ нэмысыу лIа я Iыхьлыхэм яцIэр фIащыжыуи.Муслымэн диныр къащта нэужь апхуэдэу лъэпкъыцIэ фэщыныр нэхъ мащIэ хъужащ.КъурIэным жеIэ “муслымэныу хъуар зэкъуэшщ“жэуэ.Псоми ди къыблэр зыщ.Абы папщIэ Черкес иррехъу,курд иррехъу,тырку иррехъу псори зэкъуэшщ.
Хуитыныгъэ радио: Мараш къалэ нэхъыбэу сыт хуэдэ цIэхэра фIащыр? Iугъур Хъалид: ’Ахьмэд,Мэхмэд,Мэхьмуд,Алпер,Алпарслан’. ХъыджэбзыцIэу ‘Ферихьа’ фIащам ‘Ферик’,жэуэ,’Мерйем’ фIащам абы Мерик’ Жэуэ йоджэхэр.’Абдуллахm’,жамыIуу, ‘Апо’ зэрыжаIэм хуэдэу.
Сабийхэм фIащ цIэм теухуауэ Мараш адыгэ хасэм и лэжьакIуэхэми захуэдгъэзащ.
Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Емуз Лисан:“Тыркум къэкIуа адыгэхэм адыгэбзэм къыхэкIауэ цIэ фIащыу щыта? Ди адыгэхэр хэкум къыкIа нэужьынкIэ яцIэхэр адыгэбзэу къикIахэт.ЯужькIэ къыздэкIуа Османлым яцIэхэм ещхьыурэ фIащащ.Осмалнлым муслымэныгъэм тетыу зэрагъакIуэт я къэрал хабзэри,абы къыхэккIэ адыгэхэми ар япэ ирагъэща хъуат. ИужькIэ Тырку рэспубликар яухуа нэужь тыркуцIэхэр япэ къищащ.Дэ дыдейхэми тыркуцIэхэр нэхъ фIащыу щIадзащ. Абы и щхьэусыгъуэри ‘адыгэцIэхэр тыркубзэкIэ птхы хъуIым’ жаIууэ арат.Абы нэмыщI Адыгэхэм я унэцIэхэри а щхьэусыгъуэм ипкъ иткIэ тыркубзэу нэгъуэщI лъэпкъыцIэ зэфIащыжын хуей хъуащ. ДауикI иджы ахэм зихъуэжащ,адыгэхэми я унэцIэ дыддэхэр къащтэжыну хуит хъуахэщ. Демокрасим нэхъ зиужьыху сытыри нэхъыфI хъуурэ макIуэ.Псалъэм папщIэ мис иджы адгэхэм нэхъыбэу зэфIащ цIэхэр мыхэрращ: Жамберк, Шамил, Эльбрус,Альберд,Бечхъан’.Хъыджэбзхэми,’ Жан, Жансет, Синэмис, Динэмис, Дижан, Сэтэней’,жаIэ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тырку.