Автор Тема: 2014 гъэ  (Прочитано 7462 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Беслъэн

  • Разрешенные
  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 23
  • Карма: +6/-0
  • Махуэл1 Беслъэн( Махотлов Беслан)
    • Просмотр профиля
    • "Дыгъэм и бын"
2014 гъэ
« : 19 Декабрь 2013, 23:02:02 »
Дыкъапщтэмэ,дымуслъымэнщ.Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм ягъэлъап1э махуэшхуэ псори дгъэлъап1эу,зыдедгъэхыщэу щыткъым.Ауэ сыт хуэдэу щымытами,дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу дэри дгъэлъап1эу ди1эщ махуэшхуэ-Илъэсыщ1э.Хэт Уэс Дадэм и тыгъэхэм емыжьар?Илъэсыщ1эм теухуа "Псей ц1ык1ум"и уэрэдри зымыгъэ1уа къытхэмытынри зым хэмылъщ...
 Япэм щыгъуэ адыгэхэм илъэсыр 1ыхьит1у ф1эк1 ягуэшу щытакъым-ГЪЭРЭ Щ1ЫРЭУ,ГЪЭМАХУЭ И П1АЛЪЭРЭ Щ1ЫМАХУЭ И П1АЛЪЭУ.Иужьы1уэк1эщ илъэсыр 1ыхьипл1у ягуэш щыхъуар:гъатхэ,гъэмахуэ,бжьыхьэ,щ1ымахуэ.Мыбы дэтхэнэми мазэ щырыщ ирапхыжащ,махуэ 360 къищтэу ягъэувыжащ.Илъэс къэс къыдидзэ махуэ зытхухыр ц1ыхум тхьэлъэ1у махуэхэм хабжэу щытащ.Илъэсым и 1ыхьипл1  гуэшык1эр адыгэхэм ирапхыу щытащ Вагъуэбэ жыхуа1э Вагъуэ быным.Вагъуэбэр щ1эныгъэм Дыгъэр здык1уэц1рык1ыу жыхуи1э Вагъуэ бын 12-м ящыщу(Зодиак)Телец жыхуи1эм нэхъ тохуэ.Ауэ адыгэхэм гупсысэк1э апхуэдэ я1ауэ щытар я1эщ1эхужа нэужь,ди нэхъыжьхэм Вагъуэ 12 зым траубыдэжащ.Сыт хуэдэу щымытами,ди бзэм нобэми хэтщ мыпхуэдэ жы1эк1эхэр:"Вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ащ","Вагъуэбэр гъавэм къыхэпсащ","Вагъуэбэр жыг щхьэк1эм хыхьащ",нэгъуэщ1хэри.
 Къапщтэмэ,адыгэхэм я илъэсыщ1эр ирапхырт вагъуэбэр щ1ым къыхэк1ауэ гъатхэм деж жэщымрэ махуэмрэ зэхуэдиз щыхъум деж.Нобэрей бжэк1эк1э ар тохуэ мартым и 21-22 махуэхэм.Илъэсыщ1эр нэхъ тегъэщ1ауэ щытт Вагъуэбэм.Ар щ1ым къыщыхэк1ым деж илъэсыщ1эр къихьэрти,гъатхэм щ1идзэрт.
Къыхэгъэщыпхъэщ "Шылэ" псалъэри.Псалъэр дыдейкъым,къэжэр(перс) псалъэщ,т1ощ1ит1 жи1эу аращ.Щы1эщ щ1ымахуэ шыли гъэмахуэ шыли.Гъэмахуэ шылэр къохьэ Вагъуэбэр гъавэм къыхэпса нэужь-июным и 21-22-м.Щ1ымахуэ шылэр къохьэр Вагъуэбэр щ1ым щыхыхьэжым-декабрым и 21-22-м.
Лей хъункъым нобэ лъэпкъым псоми зэдащ1эу щы1э мазэц1эхэр къэзгъэлъагъуэмэ:
-март-гъатхэпэ,уэдыбэ;
-апрель-мэллъхуэгъуэ,уэдыжьыхь,мэлыжьыхь;
-май-вэныгъуэк1э,накъыгъэ,щхьэхынэ мазэ;
-июнь-мэкъуэуэгъуэ;
июль-бадзэуэгъуэ,ц1ывыгъуэ;
-август-шыщхьэ1у,хьэст1ул;
-сентябрь-1уэгъуэ,фок1адэ;
-октябрь-жэпуэгъуэ,мэкъушэжыгъуэ,гъуэгыгъуэ;
-ноябрь-щак1уэгъуэ;
-декабрь-дыгъэгъазэ,пхъэзей;
-январь-щ1ышылэ,щ1ымахуэку;
-февраль-мазае,мазэхъуанэ.
Газетхэм,журналхэм къыщибджык1к1э нэхъ къагъэсэбэпыр гуры1уэгъуэу щытхэрщ,нэхъыбэми мазэц1эр урысыбзэк1э ятхмэ нэхъ къащтэ.
Махуэхэм адыгэхэр зэреджэу щытар на1уэу къагъэнауэ щыткъым.Девгъэгупсысыт мы махуэц1эхэм:блыщхьэ,гъубж(мыхэр адыгэц1э къабзэщ),бэрэжьей(чыристан диным и щ1эинщ,бэрэскэжьейщ зэрыжып1энури),махуэку(адыгэц1эщ),мэрем(муслъымэн диным къыздихьа ф1эщыгъэц1эщ,бэрэскэшхуэк1и еджэу щытащ),щэбэт(журт ф1эщыгъэц1эщ,адыгэбзэм къызэрыхыхьар нобэми 1упщ1къым),к1ахэ адыгэхэм абы щхьэк1э "махуэ закъуэ" жа1э,арагъэнщ адыгэк1э и ц1э дыдэу щытари,тхьэмахуэ(адыгэц1эщ).
Адыгэщ жызы1ар:"Акъылыр уасэншэщ,гъэсэныр гъунэншэщ"-,жи1эу.Абы къыхэк1ыу,ди гъащ1эм,щ1энхабзэм хремык1уэдык1ыж мазэц1эхэри,ахэм япыщ1а 1уэхущ1афэхэри.Лъэпкъыр лъэпкъ зыщ1ыр апхуэдэ 1уэхугъуэ гъэщ1эгъуэнхэр аращ,адрей лъэпкъ псоми зэращхьым къинэмыщ1ауэ,къазэрыщхьэщык1ращ.
Дызэрыщыгъуазэщи,илъэсыщ1эр къыщыунэхум деж ар псэущхьэ гуэрым ирапх,къалъытэ а илъэсыр абы ейуэ.2013 гъэм и тепщэгъуэри и зэф1эк1 псори щигъэлъэгъуащ блэм.Жып1энурамэ,абы и шэрэзыр мымащ1эу къытхуридзащ.
 

Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым блэр лъэпкъ щхьэхуэхэм "ф1ыуэ" къызэрабжыр.Гупсысэк1э зыщ1э,зыхуей зы1эрызыгъыхьэ псэущхьэм зыхуей лъэпкъ мы илъэсым къыщимыгъэнауэ къызолъытэ.Согугъэ 1ейрэ,ныкъусэныгъэу тлъагъуну,ди нэгу щ1эк1ыну,къытщыщ1ыну псори абы и хуитыныгъэр зэры1ук1ым хуэдэу ужьыхыну...
Пэжыр жа1эмэ,2014 гъэм  и зэф1эк1 псори дигъэлъэгъунущ шым,ари шы хужьым.
 

Ц1ыхум шыр унагъуэ псэущхьэ щищ1ар  ди лъэхъэнэм и пэк1э е 3-нэ илъэс минрауэ хуагъэфащэ.Ди лъэпкъым и гушхуап1э нартхэр щыщы1а зэманым шымрэ ц1ыхумрэ пхузэк1эрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэщ.Нэгу къыщ1эгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдак1уа гъуэгум и к1ыхьагъыр,абыхэм бэлыхьуи гуф1эгъуэуи зэдагуэшар.Адыгэхэм апхуэдизк1э я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр,щхьэпэри,абы ф1ащащ къадилъхуахэм я ц1эр-"шы"(КЪУЭШ,ШЫПХЪУ,АНЭШ).Аращ иригушхуэу жезыгъэ1ари:"АДЫГЭШРЭ АДЫГЭЛ1РЭ".Адыгэл1ым и шыр ф1эк1уэдамэ,и щ1ылъэныкъуэр гуэхуауэ арат.Адыгэхэр шым апхуэдизк1э хуэсакъыу,хуэщабэу щытти,щ1опщым и к1апэм шым ил имыгъэузын папщ1э фэ щабабзэ 1ув падэт.А  щ1опщри шым иреуэу аратэкъым,ат1э ар шу фащэ къудейуэ арат.
Къапщтэмэ,нартхэм нэхъыбэу я1ар шы лъэпкъ-алъпщ.Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ адыгэл1ым темылъами,зэи игъэмэжэл1энутэкъым,иджыри и шым ихьыну щытми,къэувы1эти,жьы1урыхьэгъуэ иритырт.Адыгэ-абазэхэм  я1ащ мыпхуэдэ шы  лъэпкъыгъуэхэр-Абыкъу,Къандур,Къэбан,Къундет,Къуралей,Трамэ,Хьэгъундокъуэ,Щолэхъу,Шагъдий,Ачэт,Алъэсчыр,Бэлэтокъуэ,Бэчкъан,Трам,Иуан,нэгъуэщ1хэри.Дэ иджы "адыгэшк1э" дызэджэ хъуну къытхуэнэжар къэбэрдеиш закъуэращ.Абы ящыщу лъы къабзэ зыщ1этхэращ"шагъдийк1э" зэджэр.Адыгэшым и теплъэм и дахагъэм ,абы и1э зэф1эк1ым темыусыхьын хузэф1эк1акъым К1ыщокъуэ Алим.Нобэми уи гур хохъуэ а  псалъэхэр уэрэду щызэхэпхым деж.
2014 гъэр зейуэ къабж шыхэм дащыгугъынщ ф1ы и ф1ыжк1э.Илъэс мин куэд щ1ауэ адыгэхэм а псэущхьэ дахэр щ1эгъэкъуэну щигъусэк1э,дыгугъэнщ илъэс къэунэхунум адыгэ лъэпкъым и пщ1эр ин хъужыну,утыкум и ф1эщыгъэц1эр хьэрфышхуэк1э щыжа1эну,адыгагъэр ди гъащ1э дэк1уасэ хъужыну,адыгэ хабзэр ди бзыпхъэу къэдгъэсэбэпыну,ди нэхъыжьэр хъуахъуэ зэпытрэ унафэ ин ящ1ыфу,ди жьэгу пащхьэр маф1э зэщ1эгъэстрэ шхыныф1 гъэхьэзыру ди анэнэр щытыну,ди пщащэхэр къуалэбзу бзэрабзэу,дахагъэу я1эм нэз ямыгъуэту,щауэ къуданхэм я л1ыгъэр щапхъэу,нэхъыщ1эхэр унэгу гъэгуф1эрэ нэхъыжь жьапхъэтехыу,зигу гуабэм дыгъэ-нагъуэм и бзий куэдрэ тепсэну,зи псэр дахэм къулеигъэр ибэу щытыну,уз зэузрэ ик1э дызыщ1ынрэ къытхэмык1ыну мы илъэс къэунэхум ди Тхьэшхуэм жи1э!

Махуэл1 Беслъэн.
Дахагъэу щы1эу хъуар гуэгъу фхуэхъуну!