Голосование

На сколько хорошо Вы знаете свой родной язык?

Автор Тема: Знаем ли мы свой родной язык (опрос)  (Прочитано 13400 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля

Оффлайн Escogido

  • Администратор
  • Новичок
  • *****
  • Сообщений: 32
  • Карма: +4/-0
    • Просмотр профиля
Амина, а что значит владеть в совершенстве языком, объясни мне.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
уметь легко общаться на родном языке, знать грамматику, литературным языком уметь выражать свои мысли:) хотя в языке, даже родном, можно совершенствовать бесконечно))

Оффлайн Escogido

  • Администратор
  • Новичок
  • *****
  • Сообщений: 32
  • Карма: +4/-0
    • Просмотр профиля
на кафедре английского языка, где я учился, преподы всегда возмущались, когда кто-то говорил, что он владеет языком в совершенстве, потому что владеть языком в совершенстве нельзя по определению.
хотя может кто-то не знаком с этими претензиями профессоров филологии и владеет как он думает языком в совершенстве)

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
разница есть же между тем, кто знает язык на бытовом уровне или просто умеющим говорить на языке, а не писать и не читать и тем, кто и читает и пишет и думает на родном языке?:) профессора ко всему придираются:) не знающим язык есть к чему стремиться)) к совершенству 

Оффлайн Александр

  • Новичок
  • *
  • Сообщений: 4
  • Карма: +3/-0
    • Просмотр профиля
Дунеим сыкъызэрытехьар адыгэбзэщ. Си анэдэлъхубзэмк1э сыпсалъэурэ сыкъэхъуащ. Къуажэм деж урамми, унэми ц1ыхухэр  дызэрызэпсалъэр, 1эщхэм, джэд-къазхэм, ди хьэм дазэрепсалъэри адыгэбзэт. Курыт еджап1эм дежи ди бзэмк1э дызэпсалъэт.  Тхыпкъылъэри (алфавитыр), тхэк1э хабзэри еджап1эм деж зэзгъэщ1ауэ щытщ, тыншыуи къызэпсынщ1эк1ыу соджэфыр. Апхуэдэу щыт пэтми адыгэбзэр нэгъэсауэ сэ сщ1эуэ жыс1эфынукъым, сыту жып1эмэ, адыгэбзэр куущ. К1уэ пэтми бзэм и теплъэгъуэ дахэхэр къыкъок1ыр, ц1ыхухэм уащыхэтк1э, зек1уэ куэдрэ ущежьэк1э, бзэм и дахагъыр махуэ къэс  гъэщ1эгъуэну къыпхукъок1ыр, уи гур хегъахъуэр.  Сэ си насып къихьащ куэд сызек1уэн, Тырку, Голландие , Германие, Журт, Америкэ, Сирие, Иордание, Швейцарие  нэгъуэщ1 къэралхэм сыщы1ащ, апщыгъуэми адыгэ 1уэхухэм сепхауэ ик1и а къэралхэм ис адыгэхэм сазырэдэлэжьар адыгэбзэщ. Абдежхэми къыщыслъэгъуащ адыгэбзэм и зэф1эк1хэр, и дахагъэр.   Псом хуэмыдэу, къэбэрдей щ1ыналъэм, джылахъстэнейхэм, адыгей республикэм деж бжьэдыгъухэм, абзаххэм я псалъэк1эр щызэхэпхк1э, шапсыгъхэр "щ1эфиихьыжу" къыщопсалъэк1э адыгэбзэр зэрыкуу дыдэр, абы и лъащ1эм узэрынэмы1эсыфынур зэхыбощ1эр.
 Адыгэ лингвистыу еджагъэшхуэу щыт, доктор наук, профессор жыхуа1эхэм адыгэбзэр нэгъэсауэ ящ1эр жып1э хъунукъым,  сэр щыгъэтыжауэ! Ауэ, къапщтэмэ, "къэбэрдеим ис адыгэхэм нэхърэ адыгэбзэм и беслъэней псалъэк1эр (диалектыр) сэ нэхъыф1ыу сощ1эр"-жыс1эфынущ.  Сыту жып1эмэ, сэ сызыхап1ык1ар беслъэней диалектращ.  Апхуэдэщ джылахъстэней адыгэхэми жа1энур, джылахъстэней псалъэк1эр ахэращ нэхъыф1ыу зыщ1эр. Бжьэдыгъу, шапсыгъ, абзах  псалъэк1эр нэхъыф1ыу зыщ1эхэр езыхэращ. Сэ сопсалъэфыр диалект зыбжанэк1э  мыщ1агъуэ дыдэу, нэгъуэщ1хэри мэтхэф ик1и йоджэфхэр, ауэ а диалект псори зыщ1э ц1ыху щы1экъым.  К1эрашэ Тембот и романхэм  езым зэритха диалект (к1ахэ диалектк1э дызэджэмк1э) дыдэмк1э  седжащ си гуапэ дыдэу.
К1эрашэ Тембот и тхыгъэхэр урысыбзэк1э ущеджэк1э гъэщ1эгъуэнщ, ауэ адыгэбзэк1э тха текстым и дахагъэр урысыбзэмк1э тхам еплъытмэ, адыгэбзэр дахэ дыдэщ улъэщ1эмыхьэну.   
Мы 1уэхум апхуэдэу сыщ1ытепсэлъыхьыр мыращ. Бзэм и дахагъыр, и 1эф1агъыр пщ1эн щхьэк1э бзэр пц1ыхун хуейщ, бзэм урипсэлъэн хуейщ. Фо зэи зымышхам дауэрэ къыгурыбгъэ1уэн, а фом и 1эф1агъыр? Шыгъу зэи зымылъэгъуам, шыгъум и 1эф1агъыр жеп1эк1э къыгуры1уэнукъым.  Апхуэдэщ бзэрик1.
Диалект куэд адыгэбзэм зэри1эм, бзэм макъ куэд зэрыхэтым  къегъэлъагъуэр адыгэбзэм и ныбжьыр зэрыхэк1уэтам. Бзэм нэхъ ныбжь ин и1эу щыщытк1э, абы дахагъэри нэхъ лъагэщ, ик1и и зэф1эк1ри нэхъыбэщ, ик1и нэхъ куущ.
Escogido-рэ  Аминэрэ фызытепсэлъыхьыр мы 1уэхугъуэращ. Аминэ к1ахэ диалектми къэбэрдей диалектми хуеджащ  ик1и,  адыгэ журналистщи, ф1ы дыдэу къегъэсэбэп диалектит1ри.
Ижь зэманым диалект псори нэхъ зэпсалъэфыу, зыр зым зэхихыжу щытащ. Иджы нэхъ зэгурымы1уэжыфэ къыттеуащ. Ауэ дызэрылъагъу зэпыту дыщытмэ дызэгуры1уэнущ, дызэпсэлъэфынущ, хэт езым и дыалектк1э псалъэу щытми.
Дэ тхъумэн хуейщ дэтхэнэ адыгэ псалъэри , дэтхэнэ диалектри. Адыгэц1эхэри тхъумэн хуейщ, сыту жып1эмэ дэтхэнэ ц1ыхум и ц1эм, ар  адыгэц1эу щытмэ, зы мыхьэнэ и1эщ.
Диныр адыгэбзэк1э зетхьэн хуейщ, апхуэдэу дгъэпсмэ, дин 1уэхуми адыгэбзэр ихъумэнущ. Сыт хуэдэ 1уэхури адыгэбзэм етпхыу щытмэ, адыгэбзэр нэхъ хъумэгъуаф1э хъунущ. Ди хьэхэми адыгэц1э я1эн хуейуэ солъытэ.
Мы псалъэхэм иужьк1э зы хъыбари фи пащхьэм къислъхьэн, Тыркум щыпсэу адыгэм итхауэ:
« Ş'ejoque Zafer
(Щ1эжьэкъуэ Зафер)
ДЖОРЧ АДЫГЭЦ1Э ХУЭФАЩЭТ

Си щ1алэгъуэт. Гъэмахуэ гъэпсэхугъуэхэм мазищк1э къуажэм дыщык1уэж лъэхъэнэхэрат. А махуэхэр, къэсащэрэт жыт1эу гук1э – псэк1э дыхущ1экъут. Сабиигъуэм ди1у кърина 1эф1ыгъуэрат апхуэдизу дыщ1еп1эщ1эк1ыр. Къуажэм щрахьэк1 псэук1эр, я зэхэтык1эр, я зэхуыщытык1эр къыт1уры1эф1ауэ къыщ1эк1ынут. Гъамэхуэ псом ди унагъуэм я 1уэху псоми дыщ1эщ1ауэ щытми, дезэшми, къуажэм к1уэжыныр тф1эф1т. Сэ пэмыщ1 зыщхьэусыгъуи си1эт. Ар Джорчт…
Джорчк1э сызэджэр, ди унэкъуэщым яхьэрат. Хьэву къэхьат ар къуажэм. Диунэкъуэщ щ1алэ къэзыхьар инэ ипсэу к1элъыплъырт хьэм. Ф1ыдыдэу зэригъашхэм пэмыщ1, зэрыхузэф1эк1к1и игъасэрт. Джорч, диунэкъуэщ щ1алэм изакъуэтэкъым ф1ыуэ зылъагъур, псоми ф1ыуэ тлъагъурт. Ари дэрк1э хьэф1т. Дэ тщыщ хэт къуажэм дэк1ыу губгъуэм ихьэми абы дежьэрт. Мэлыхъуэхэм я дежьэныр идэтэкъым. Ар щ1имыдэр гуры1уэгъуэт, ахэр дэ тщыщтэкъым. Зыдашэну къыщык1эрыхъыжьэхэк1э яхуэк1уэтэкъым, къаф1игъэзэжт.
Гъамэхуэ гъэпсэхугъуэ зэмант. Къуажэм сынэсыжауэ къуэжэкум сызэрк1уэжа гум сыкъик1ыжауэ унэмк1э сык1уэжт. Джорч сыкъыщилъагъум къажэри си пащхьэм къилъэда нэужь, и пл1э лъэкъуит1ымк1э си пщэм зыкъыришэк1ат. Ар нобэми зы 1эф1ыгъуэу сигу ик1къым. Зэрыхьэу, мазихк1э сызмылъэгъуа хьэм ар зэрищ1ар сф1эгъэщ1эгъуэндыдэт. Абы и ужьк1э, Джорчрэ сэрэ зэныбжьэгъуит1 хуэдэу къыздэдк1ухьу щ1эддзат. Ари сэри ды Адыгэбзэ защ1эт. Джордж Тыркубзэк1э уепсалъэмэ пхуидэтэкъым. Ар Адыгэбзэрт зыщ1эдэ1ур, зыхуейр. Сэри Адыгэбзэк1э тхэк1э еджэк1эр щ1эуэ зэзгъэщ1ауэ, макък1э усэхэм седжэ зэпытт. Зэзэмызэ къэзгъэгубжьыну Тыркубзэк1э сыщепсалъэк1э къэувти къызэдзэкъэн щ1ык1эу къысхуильт, къызэбэнт.
Джорч Адыгэбзэм хуи1э ф1ы лъагъуныгъэр сэ сф1эгъэщ1эгъуэнми, ар зыф1эмыгъэщ1эгъуэну, нэхъыбэу гугъу иригъэхьхэр дэст къуажэм. Тэлэвизорым дихьэхыурэ, ящ1э Адыгэбзэм иримыпсэлъэж къуажэм дэс ц1ык1ухэрат. Ц1ык1ухэр ди унэмк1э блэк1ын хъумэ, амалыншэу Адыгэбзэ защ1ыжхэрт. Т1эк1у жыжьэ хъужхэмэ загъэтыркубзэжхэрт. Джорч и шынагъуэк1э сытми къуажэ ц1ык1ур зэзэмызэми Адыгэбзэк1э псалъэхэт.
Къуажэм Адыгэбзэ зымыщ1э зы хамэ къыдыхьэхамэ, къуажэдэсхэр иригузавэрт Джорч ищытык1эм. Къалэм гъащ1э щезыхьэк1ыу, гъэмахуэм къуажэм къак1уэ пхъурылъху – къуэрылъхухэм ди унэмк1э зэрыблэмык1ынухэр быдэу жыра1эрт. Е, а сабихэм Адыгэбзэ т1эк1у зыщ1э яхэтыхэмэ, Адыгэбзэ псалъэ защ1ыурэ къыщак1ухьырт къуажэ к1уэц1ым. Ц1ык1ухэр Адыгэбзэк1э хьэм щедэхащ1эк1э, къуажэдэсхэр иридэхьэшххэрт: “Къалэм щызэвгъэщ1а бзэр Джорч фхуидэнукъым.”- жа1эрти.
Зы гъэмахуэ гуэрым, къуажэ малъхъэу къуажэм къэк1уауэ зы Тырку, махуэ гуэрым диунэкъуэщым ядей изакъуэ къэк1уэн хуейуэ къыщежьэм и щыкъу анэм, зыгуэрэк1э хьэр къыхуэзэмэ, зэредэхэщ1эну Адыгэбзэ псалъит1 щы къыжри1ат. Абы игъэбэлэрыгъа л1ыр бжэ1упэм къыщы1ухьэм, Джорч к1элъыщ1эпхъуэри, л1ым сыт жимы1ами хуэмыувы1эу, и куэм епхъуащ. Джорч, л1ым и Адыгэбзэр игу ирихьатэкъым. Щ1эупщ1ак1уэ дыздэк1уам, «Сыт уагъэщ1а псалъит1ыр щ1ыжомы1ар, къуэдзэкъэнтэкъым»,- щыжыт1эм, л1ым къыдита жэуапыр гъэщ1эгъуэнт:
“Джорч Адыгэбзэк1э упсалъэми, къэпсалъэр Адыгэрэ мы Адыгэрэ и макъымк1э зэхеху. Сыт жезмы1ами схуидакъым, къажэри сыриудащ. Ауэ, ит1ани гущ1эгъуншэтэкъым. Сыджэла нэужь, жыжьэу къызэплъу къэувыжат.”
Джорч псэуху къуажэ ц1ык1ум Адыгэбзэ т1эк1у я1урылъащ. Ар щыдимы1эжым, къуажэ ц1ык1ум тэлэвизорым и бзэмк1э, Тырку малъхъэми и анэдэлъхубзэмк1э загъэнщ1ыжащ. Джорч сэ къуажэм сыщымы1эу л1ати, сипхъурылъху ц1ык1уу ар ф1ыдыдэу зылъагъум а хъыбарыр къыщызжи1эм, тэлэфоным къи1ук1 и гъы макъыр нобэ хуэдэ си тхьэк1умэ итщ. «Джорч ди1эжкъым»- жи1эу, къыщиуду гъыт ар. Си пхъурылхур иджы Адыгэбзэ къабзэу мэпсалъэ. Ик1и, еджэк1эрэ тхэк1эри зригъэщ1ащ. Сэ сызэреплъымк1э, Джорч и ф1ыгъэ куэд хэлъщ абы и Адыгэбзэм.
А лъэхъэнэм къуажэм дэсхэр, Амэрикэм Дунейм щилэжь 1уэху мыхъумыщ1эхэм щхьэ зэрыхузэгуэпхэм къыхэк1к1э, хьэц1эу Джорч, Буш, Том, Томий хуэдэ ц1эхэрат ф1ащыу щытар.
Нобэм, игъэхъахэр сигу къыщык1ыжк1э, “Джорч Адыгэц1э хуэфащэт»,-жи си гум…»

Сэрик1 дызощтэр Зафер: Джорч адыгэц1э хуэфащэт!

Уэхъутэ Александр, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и Тхьэмадэ.