"Черкес Хэку"
Хабзэ
Дахэгъуэкъым, атIэ зехьэгъуэщ
Нобэрей зэманым ухэплъэмэ, ди лъэпкъым и бзэ къудейракъым тIэщIэхужыр. АтIэ, лъэпкъ хабзэм и нэхъыбэр цIыхухэм IэщIыб ящIыжащ.
ЩIалэгъуалэм и нэхъыбэм яцIыхукъым хабзэр къыздежьэри здиухри. И нэхъыбэм къащохъу, махуэ фIэхъусымрэ нэхъыжьым тIысыпIэ етынымрэ хабзэр къыщыувыIэу, ар зыгъэлъагъуэми хабзэшхуэ зэрихьэ и гугъэжщ. Пэжщ, а мащIэри хабзэщ, абыи иригуфIапхъэщ, ауэ ди лъэпкъым зэман жыжьэм къыхиха хабзэ куэд зэрытфIэкIуэдыжми ди гур химыгъэщIу къанэкъым.
Нобэ дигу къэдгъэкIыжынущ гущэмрэ сабиймрэ теухуа хабзэ зыбжанэ.
Гущэр цIыхуитIым зэпаIыгъыу унэм щIахьэтэкъым икIи къыщIахтэкъым, зэрахьэтэкъым, нэщIуи щIаупскIэтэкъым. Гущэм итIысхьэтэкъым, абы ебакъуэтэкъым. Хуэмеиж щыхъуам
дежи бгъукIэ ягъэтIылътэкъым, яIубтэкъым, атIэ зэфIэту гъэувауэ щагъэтт.
Сабийр къалъхуа нэужь, япэ Iуплъэхэр ехъуэхъут мыпхуэдэу:
Нанэ урищIасэу,
Дадэ уригупсэу,
Уи анэ зэрышынэ
умыхъуу,
Уи адэ
зэрыгугъэм утету,
ХьэфIым хуэдэу
усакъыу,
ШыфIым
хуэдэу уцIэрыIуэу,
ЛIышхуэ
(хъыджэбзышхуэ)
ухъуауэ
Тхьэм удигъэлъагъу!Хъуэхъум и ужькIэ фыз Iэзэм бынжэр пиупщIти сабийр игъэпскIт, и напэ, и Iупэ, и тхьэкIумэ зэхуакухэм, и нэкIущхьэм бынжэлъ щихуэти, хъыдан жэрумэ ищIт. ЗэрыжаIэмкIэ, бынжэлъыр сабийр нэкIущхьэплъу, узыншэу къэхъуным и къежьапIэт.
ГъэщIэгъуэнщ зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэм лъы къабзэм хупсхэр зэриукIыр, щIыфэр къабзэ зэрищIыр, кхъапIэ сыт хуэдэхэр зэрытрихыр зэращIэу щытар.
Сабийр цIыху Iущ хъуну къалъытэт, абы и нэр псынщIэу къызэтрихмэ икIи кIэщIу къепсмэ.
Дунейм къытехьа сабийм цIэуэ фIащт я лъэпкъым щыщу мыпсэуж нэхъыжьыфI гуэрым е сабийм япэу Iуплъа цIыхуфIым и цIэр.
ЦIэ фIащыну япэу зытехуэр анэшхуэ-адэшхуэрат е адэ къуэш, адэ шыпхъу, анэ дэлъху, анэ шыпхъу хуэдэ, благъэ, Iыхьлы гъунэгъухэрат.
Хъыджэбз цIыкIур, щIа- лэ цIыкIум хуэдэу дра-
дзейуэ, хуабжьу щIаупскIэу, ягъэкIылу, абы пхъашэу еIэбу, пхъашэу епсалъэу адыгэхэм ядэтэкъым.
Сабийр пшапэ зэхэуэгъуэм ягъэжейтэкъым, жейуэ хэлъми къагъэушт. Абы и щхьэхущIэпс е гъэпскIыпс жэщ хъуауэ щIакIутыкIтэкъым.
ЦIыху губзыгъэр сабий зыщIэс е зыщIэлъ пэшым тутын щефэтэкъым. Сабийр зэрылъ гущэр цIыхуитI-щым щIаупскIэтэкъым. Сабийр
къызыхаха гущапIэр зэIухауэ къамыгъанэу зэщIадзэт.
Анэл зыхэлъу сабийм цIэ фIащам нэмыщIкIэ цIэ
лейуэ «Менлы» фIащын хуейуэ къалъытэт, а цIэр жаIэху, анэлыр нэхъ цIыкIу хъуурэ кIуэдыжыпэу зэрагъэIуам къыхэкIкIэ.
Гущэм хэлъ сабийм и щхьэмкIэ укъыщхьэщыувэу уепсэлъэну, удэджэгуну фIыкъым жаIэт. Сабийм щысу, щылъу е щыту уебакъуэу ядэтэкъым.
Адэм е анэм и сабийр уэрамым щиубэрэжьу, ебгыу, щIэкIиеу, е
ехъуэну цIыхухэр зыщIигъэплъыныр хабзэншагъэ
дыдэу къалъытэт.
Тхьэмадэ, гуащэ, анэ е адэхэм ялъагъуу зи сабийм щIэкIие, ещхьэфауэ е едэхащIэ, егъэлеяуэ дэджэгу адэм е анэм хабзэр ямыщIэу къалъытэт, емыкIу хуащIт.
Гущэм хапхэ сабийм и пIэщхьагъым КъурIэн кIэщIалъхьэт. Сабий жеяр изакъуэу пэшым къыщIанэн хуей щыхъум деж, абы мафIэдз бгъуралъхьэт, гущащхьэм деж жыхапхъэ ираупсейт. Сабий цIынэ япэ
зрахьа унагъуэм хьэкъущыкъу гуэр тыгъэ хуащIт сабий хьэщIэм. ГущапIэр щIауэ щагъэттэкъым, сабийр хамыпхэу.
Гущэм япэу иралъхьэ тепIэнщIэлъын цIыкIуфэкIухэр щэкIыщIэм къыхащIыкIтэкъым, къызыхащIыкIыр анэм и щыгъын тIорысэт.
Къарзэджхэ Сэид.