Псыlэрышэм укъимыкl уей,
Си кlэ мыгъуэм уикlуэдэнщ уей,
Псыlэрышэм укъимыкl уей,
Си кlэ мыгъуэм уикlуэдэнщ уей,
Иман уиlэм укъамыкlуэ,
Сэр мыгъуэ си дахэ,
Уэри сэри даукlынщ дэ.
Псыlэрышэм укъимыкl уей,
Уаукlми успымыкl уэ,
Псыlэрышэм укъимыкl уей,
Уаукlми успымыкl уэ,
Иман уиlэм укъамыкlуэ,
Сэр мыгъуэ си дахэ,
Уэри сэри даукlынщ дэ,
Къайсэрыжьым и гъуэмылэр,
Хьэкукlэрэ ягъажьэ уей,
Къайсэрыжьым и гъуэмылэр,
Хьэкукlэрэ ягъажьэ уей.
Мы уэрэдыр къыщезгъажьэм,
Сэри мыгъуэ си дахэ,
Башкlэрэ саукlай сэ,
Мо дагъыжьыр уэс къуэлэнщ уей,
Уи къашэныр нэ къуэлэнщ уей,
Мо дагъыжьыр уэс къуэлэнщ уей,
Уи къашэныр нэ къуэлэнщ уей,
Иман уиlэм укъамыкlуэ,
Сэр мыгъуэ си дахэ,
Уэри сэри даукlынщ дэ.
Щхьэгъубжэхэр сэ 1узох уей,
Фlыуэ слъагъум lэ хузощl сэ,
Щхьэгъубжэхэр сэ 1узох уей,
Фlыуэ слъагъум lэ хузощl сэ,
Унэм исым дыкъамыщlэу,
Сэр мыгъуэ си дахэ,
Губгъэм исым дыкъащlай дэ.