МЕЖДУНАРОДНЫЙ ДЕНЬ ДЕТСКОЙ КНИГИ
1911 г. – в Стамбуле вышел первый номер газеты «Гъуазэ» под редакцией Нури Цагова.
1948 г. – адыг. писатель Тембот Керашев стал лауреатом Госпремии СССР.
Родились:
1932 г. – Раиса Афаунова, кабард. журналистка, засл. работник культуры РФ.
1944 г. – Ауес Абдоков, черк. языковед, д-р филол. наук. проф. КБГУ.
Постановлением Совета Министров РСФСР от 28 декабря 1968 года Кешокову А. П. за книгу «Вершины не спят» присуждена Государственная премия РСФСР имени М. Горького.
«Бгыщхьэхэр жейркъым» романыр Кавказ Ищхъэрэ романистикэм и лъагап1эхэм щыщ зыщ.
Мы тхыгъэр тхылъищу зэхэлъщ. Абыхэм 60 гъэхэм дунейм къытехьэу щ1адзащ. 1958 гъэм «Хъуэпсэгъуэ нур», 1965 гъэм «Мазэ ныкъуэ щхъуант1э» тхылъхэр къыдэк1ащ. Нэхъ иужьы1уэк1э, а т1ури зэрипхыж щ1ык1эу, 1981 гъэм «Эмирым и сэшхуэр» къак1элъык1уащ.
Трилогием щызэу1у хъуащ гупсысэ пэрытым и философскэ кууагъыр, лъэпкъым л1эщ1ыгъуэк1эрэ зэхуихьэса 1ущыгъэр, ек1уэк1 1уэхум и пэжым утезыгъэ1эбэр. Гъащ1э толъкъун къэукъубиям хэхуа ц1ыхухэм, К1ыщокъуэм и л1ыхъужьхэм, я хьэлым и пэжып1э-тэмэмып1эр зэхъуэк1а мыхъуу, нэсу къыщыгъэлъэгъуащ тхылъым. Ар и ф1ыщ1эщ тхак1уэм бгъэдэлъ 1эзагъэм. Ит1ани, зи гугъу тщ1а псом нэмыщ1ыжк1э, «Бгыщхьэхэр жейркъым» жыхуи1эм зы ф1агъ нэхъыщхьэ бгъэдэлъщ. Ар абы куэдым я макъ зэуэ къызэрыщы1умрэ ахэр зэрызэгуэхып1эншэмрэщ. К1ыщокъуэ Алим и тхыгьэ зи гугъу тщ1ым хэт образхэм щыщ зы адрейхэм къахэпхыну, гуп зыхэтым къахэпчыну гугъущ. Ар къызыхэк1ри псори зы 1уэхум зэрыхэтым, я гьащ1эк1и я гупсысэк1и ахэр зэрызэпхам и закъуэкъым. К1ыщокъуэм и дэтхэнэ образри тенджызым и зы псы тк1уэпсу адрейхэм щыщщ, сыт хуэдиз зэтемыхуэныгъэ я хьэл, 1уэху еплъык1эк1э ямы1ами, езы автор дыдэм дэуэгъу къыщыхуэхъу щы1эщ, ит1ани и пщ1эр нэхъ лъагэу е1эт, зыхущ1экъу 1уэхум и мыхьэнэми хэхъуэу кьыпщегьэхъу. Уи л1ыхъужьхэр уэ 1yмп1эк1э узыхуейм умышэу, я щхьэ хуиту дунейм тебгъэтыныр, ахэр уэ уи щхьэ дыдэм дэуэгьу-ныкьуэкъуэгьу хуэпщ1ыжыныр тхак1уэм и дежк1э lyэxy ц1ык1уфэк1уу щыткъым. Ар К1ыщокъуэм хузэф1эк1ащ.