Автор: Амина
« : 22 Февраль 2013, 13:04:25 » "Адыгэ Псалъэ"
IэщIыб дывмыгъэщI
2013-02-21
Сабийр къалъхуу анэбгъэм щIалъхьа нэужь, шэм и гъусэу абы и лъынтхуэхэм ирокIуэ и анэдэлъхубзэри. Аращ абы «анэдэлъхуу щыт бзэкIэ» щIеджэри. АдэкIэ анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр цIыкIум зыхещIэ анэм, анэшхуэм я дзапэ уэрэдхэмкIэ, адэм, адэшхуэм я таурыхъхэмкIэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, анэдэлъхубзэм унагъуэм лъабжьэ быдэ щимыIэмэ, ар абы къихъуэ сабийхэм къащтэнукъым. Бзэр щымыIэмэ, ухэныжынущ абы къыпхуихь хъугъуэфIыгъуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, ди адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ фащэмрэ езы адыгэш дыдэмрэ. Сэ дапщэщи сфIэдахэщ ди адыгэ фащэр. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: адыгэ щIалэхэм лъэпкъ фащэ екIухэр тщыгъыу, шы къарэ лъэ псыгъуэхэм дытесу… Ар сыту дахэ икIи гухэхъуэ!
Я хэку залымыгъэкIэ ирахуауэ щыта ди лъэпкъэгъу куэдым хамэ къэралхэр псэупIэ зэрахуэхъуам псори дыщыгъуазэщ. Абыхэм яхэтщ ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хьэл-щэнымрэ нэщэнэхэмрэ хэкум къина дэ нэхърэ нэхъыфIу зыхъумэжахэр е яхъумэжыну хущIэкъухэр. А хуитыныгъэр дэ зыми къытпимыубыдми, мыхьэнэшхуэ едмытурэ Iэпэдэгъэлэл щытщI къытхуохуэ. Абы дыхуэсакъыпхъэщ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ яхызолъагъукI адрей предметхэм. Дауи, ди егъэджакIуэ щыпкъэхэм дызыхуашэ дэтхэнэ щIэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэщ, атIэми ди анэдэлъхубзэм ехьэлIахэр япыщIащ ди лъэпкъ хабзэм, тхыдэм, ди блэкIамрэ къэкIуэнумрэ. Пэжщ, а предметхэмкIэ дымытынкIэ хъунущ еджапIэ нэхъыщхьэхэм дызэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр, ауэ ахэр тщIэн хуейщ, дыщыадыгэкIэ, адыгэ лъэпкъым дрицIыхуу щыщыткIэ.
ФIыуэ слъагъу «Адыгэ псалъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу си ныбжь ит щIалэгъуалэм захуэзгъэзэну сыхуейт: «Си къуэшхэ, си шыпхъухэ. ДывмыгъэщI IэщIыб ди анэдэлъхубзэр, дуней псом лъэпкъыу дыкъызэрыщацIыху ди адыгэбзэр, ди адыгэ хабзэр, нэмысыр. Дывгъэхъумэ ар, дыхуэвгъэсакъ нэхъыжьхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна а фIыгъуэ иным. Дывгъэпсалъэ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ хуэдэ адыгэлI щэджащэхэм яIурылъа бзэ дахэмкIэ. Фи фIэщ зэрыхъун, ди дежкIэ абы нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ хуабэ, нэхъ IэфI щымыIэкIэ».

ТЕРКЪУЛ Астемыр,[/b]
Налшык дэт гимназие
№29-м и еджакIуэ.
Налшык дэт гимназие
№29-м и еджакIуэ.