Автор Тема: Лъэпкъ газетхэм доджэ  (Прочитано 20464 раз)

0 Пользователей и 1 Гость просматривают эту тему.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Лъэпкъ газетхэм доджэ
« : 17 Февраль 2013, 01:05:35 »
Лъэпкъым ди1эщ адыгэбзэк1э къыдэк1 газетищ.
Къэбэрдейм-Балъкъэрым  –“Адыгэ Псалъэ». Редактор нэхъыщхьэр  Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.
Къэрэшей-Черкесым – «Черкес Хэку». Редактор нэхъыщхьэр  Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ.
 Адыгэ республикэм – «Адыгэ макъ». Редактор нэхъыщхьэр   Дэрбэ Тимур. 
Газетищми щолажьэ адыгэбзэр зыхъумэ журналист лъэщхэр. Емышу лъэпкъым и дунейм къыщыхъухэр ятх. Псалъэм папщ1э, «Адыгэ псалъэ» газетыр къапщтэмэ, адыгэм теухуауэ сытри къибджык1ыфынущ. «Адыгэ псалъэр» - адыгэ «Нью-Йорк таймс»-щ. И теплъэк1и и купщ1эк1и.
Мы къудамэр тыдоухуэ ди лъэпкъ газетхэм. Абыхэм щатх тхыгъэхэр, сурэтхэр мыбдеж къитлъхьэнщ. Деджэнщ. Дытепсэлъэхьынщ. Хуер газетым тхэнщ.



Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #1 : 17 Февраль 2013, 01:47:26 »
"Адыгэ псалъэ"-м и1эщ рубрикэ - "Щикъухьащ адыгэр дунейжьым".

Абы щ1эту к1уахэм ящыщщ мы сурэтыр.
Сирием щыщ адыгэ генералхэр

Рияд Хъалид Хьэсэн, Аладин Абди, Бэдрэдин Рэмэдан

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #2 : 17 Февраль 2013, 02:21:27 »
"Адыгэ макъым" етх:
Музеим щалъэгъугъэр ягунэс
Сирием къикIы­жьыгъэ тилъэпкъэ­гъухэм щыIэныгъэм зыхагъэгъуазэ. Культурэм, искусствэм, спортым афэгъэхьыгъэ Iофтхьабзэмэ ахэлажьэх. КIэлэеджа­кIо­хэм яшIэныгъэ хагъахъо. Адыгабзэмрэ урысыбзэмрэ зэ­зыгъашIэ зышIоигъохэр хэкIыпIэхэм алъэхъух.
КъокIыпIэм щыпсэурэ лъэпкъхэм искусствэхэмкIэ Къэралыгъо музееу Мыекъуапэ дэтым щыкIо­гъэ зэхахьэхэм кIэлэцIыкIухэри, зыныбжь хэкIотагъэхэри ягуапэу хэлэжьагъэх. Музеим идиректорэу Кушъу Нэфсэт Сирием къикIыжьы­гъэ тилъэпкъэгъухэм къапэгъокIи, гуфэбэныгъэ хэлъэу ригъэблэгъа­гъэх. ХьакIэмэ къэгъэлъэгъонхэр ашIогъэшIэгъоныгъэх. Адыгэ Республикэм культурэмкIэ изаслуженнэ IофышIэу, сурэтышI-модельер цIэрыIоу СтIашъу Юрэ иIэ­шIагъэхэр зылъэгъугъэхэм упчIабэ яIагъ.
СтIашъу Юрэ адыгэ шъуашэу ышIыгъэхэм къатегущыIэзэ, ти­лъэпкъ искусствэ итарихъ, ишэн-хабзэхэм игупшысэхэр арипхы­гъэх. ЛIакъохэм ятамыгъэхэм ямэхьанэ, ахэр щыIэныгъэм зэрэща­гъэфедэщтыгъэхэм хьакIэхэр къа­кIэупчIагъэх. Бзылъфыгъэхэм ащыщ къыIуагъэм тигъэгушIуагъ. Сирием къыщагъотыгъэ пкъы­гъомэ афэдэхэр тимузейхэм ачIэ­лъых. АщкIэ къэдгъэшъып­къэжьын тлъэкIырэр адыгэхэр егъэзыгъэкIэ ятарихъ чIыгу икIыжьыхэ зэхъум пкъыгъоу ра­хыжьыгъагъэмэ ащыщхэр къагъэнэжьын зэралъэкIыгъэр ары.
Адыгэ шъуашэхэр Сирием щызыдыхэрэм яIэпэIэсэныгъи хьакIэ­мэ тыщагъэгъозагъ. Шъуашэр шэкI фыжьым хэзышIыкIы зышIоигъо­хэр бзылъфыгъэмэ ахэтыгъэх.
Зэунэкъощхэр зэIокIэжьых
ЛIышэхэр, СтIашъухэр, нэ­мыкI­хэри музеим щызэIукIагъэх. ЛIышэ Ранэ бзылъфыгъэ ныб­жьыкI. Адыгабзэр ешIэ, лъэп­къым итарихъ щыгъуаз. ЛIышэ Хъусамрэ ШIэжьэкъо Мейзеррэ тизэдэгу­щыIэгъу къыхэлажьэх. СтIашъу Юрэ ышIыгъэ адыгэ шъуашэхэр зэрагъэпшэщтхэр ашIэрэп.
ХъутIыжъ Лейлэ, Къэншъэо Ке­риман, Гъыщ Нимат, нэмыкI бзы­лъфыгъэхэм археологием, адыга­бзэм изэхъокIыныгъэхэм яеплъы­кIэхэр къараIуалIэх. Унагъом адыга­бзэр щызыгъэфедэщтыгъэхэм лъэпкъ шэн-хабзэхэр нахьы­шIоу къахэнагъэхэу алъытэ.
ШIэныгъэлэжьэу Едыдж Батырай Сирием къикIыжьыгъэ кIэлэ­цIыкIумэ адыгэ пшысэхэр къафи­Iо­тагъэх. Тилъэпкъ къыкIугъэ гъогум сабыйхэр нахьышIоу щыгъэ­гъозэгъэнхэм пае пшысэхэм, хъу­гъэ-шIагъэхэм яхьылIэгъэ тхылъхэу агъэфедэнхэ алъэкIыщтхэм
Б. Едыджыр къатегущыIагъ.
ЛIышэ зэунэкъощхэм, нэмыкI­хэм урысыбзэр зэрагъашIэу фе­жьагъэх. Музеим тычIэтэу ясы­хьатхэм яплъыгъэх, зэрэгуIэхэрэр къахэщэу къытаIуагъ еджапIэм зэрэкIощтхэр.
Тилъэпкъэгъухэр музеим къы­чIэ­кIыжьыхэзэ, общественнэ движениеу «Адыгэ Хасэм», тиреспубликэ и Правительствэ иIофышIэхэм зэраIукIэхэрэр къытаIуагъ. Илъэс заулэкIэ узэкIэIэбэжьмэ, хэкум къэ­зыгъэзэжьыгъэгъэ тилъэпкъэгъухэм ящыIакIэ зыпкъ рагъэуцожьы­гъэу зэрэпсэухэрэм тыщызыгъэ­гъо­загъэхэри къахэкIыгъэх...

Сурэтхэр музеим къыщыты­рахыгъэх.

ЕмтIылъ Нурбый.


Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #3 : 17 Февраль 2013, 13:21:32 »
Куэд щ1акъым, "Черкес хэку" газетым и къыдэк1ыгъуэ псо (№8-9), КъЧР-м и Псэук1э-Дахэ адыгэ къуажэм триухуащ. Гъэщ1эгъуэн куэд итщ.

Къуажэм дэс лъэпкъхэр
Абдокъуэхэ
Абрэджыкъуэхэ
АбытIэхэ
Абдулаевхэ
Агъэржэнокъуэхэ
Ажийхэ
Акъбащхэ,
Альботхэ
Ахьмэдхэ
Анчокъуэхэ
Ашыбокъуэхэ
Багъхэ
Байрамыкъуэхэ
Бабийхэ
Балэхэ
Бэчыжьхэ
Булжатхэ
Гаджалиевхэ
ГунжафIэхэ
Гъубжокъуэхэ
Гурыгъхэ
Дербэхэ
Дзыуэхэ
Джатэрывэхэ
Жэнымбейхэ
Жылэшххэ
Есенейхэ
Къардэнхэ
Кэпхэ
Къубанхэ
КIакIэхэ
КIэдэкIуейхэ
КIыщхэ
КIэщтхэ
Къулхэ
Къундетхэ
Къмызхэ
Кхъэгъуэхэ
Куэшийхэ
Кумратхэ
Кычэхэ
Ламкъуэхэ
Лийхэ
Лъостэнхэ
Мэтэкхъуейхэ
Мерэмхэ
Мэрчэныкъуэхэ
Мэчэрхэ
Мыжейхэ
Насыпхэ
Нэгъуейхэ
Натхъуэхэ
Нэхущхэ
Сэгъэхэ
Сабитовхэ
Сатушыхэ
Ташбулатхэ
Темырхэ
Тхъуахъуэхэ
Туаршыхэ
Трамэхэ
Трафимовхэ
Ткаченко
Лъхукъуэщауэхэ
Унэрокъуэхэ
ФызыкIэхэ
Хьэмщауэхэ
Хьэчкъызхэ
Хьэмхъутхэ
Чыкэрхэ
Чыкуэхэ
Щоджэнхэ
Шыбзыхъуэхэ
Щотыкъхэ
Щэнджатэхэ
Щэрмэтхэ
Ушайхэ

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #4 : 17 Февраль 2013, 13:52:04 »
Псэук1э-Дахэм и тхыдэм теухуауэ «Черкес Хэку»-м щатхар

Къуажэм и тхыдэр
Архивым къызэрыхэщыжымкIэ,нобэрей ПсэукIэ-Дахэ къуажэм и цIэу щытар, Къылышкъуажэщ, а щIыпIэм къыщетIысэхари 1862 гъэ-ращ. Апщыгъуэм ар зэрыхъур унагъуэ 220-т, цIыху 1438-рэ дэсу. Е 17-18-нэ лIыщIыгъуэхэм мы щIыпIэр Бэвыкъуэ къуажэшхуэм иIыгъыу щытащ. Ар хуабжьу къуажэ къулейт, абы къызэщIиубыдэт губгъуэ Iэхуитлъэхуитышхуэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр куэду иIэт. МэкъумэшыщIэхэм губгъуэхэр ягъэлажьэт, нартыху, сэхуран (семышкIэ), гуэдз ящIэт, иужьыIуэкIэ кIэртIоф къагъэкIыу щIадзащ. Былым, мэл, шы зэрахуэт. Къуажэр игъэбжьыфIэу дэтт мэжджыт
дахащэмрэ еджапIэрэ. Жылэм и къулеягъыр дэни щызэщIалъысауэ, нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIыурэ, щэн-къэщэхункIэ хьэрычэт зиIэхэр мыбы щэхуакIуэ къакIуэт.
Абыхэм ящэхут фэ, цы, хъурыфэ пыIэ, щIакIуэ, адыгэ цей, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Апхуэдэ псэукIэ дахэр кавказ зауэжьым
и ягъэкIэ зэтекъута мэхъу. Апщыгъуэм зэраныгъэшхуэ къахьащ щэхуакIуэ къакIуэ хуэдэу фэ зытрагъауэу Кавказым къихьа тырку сулътIаным и лIыкIуэхэми.
Псом хуэмыдэу кавказ зауэр нэхъ гуащIэ щыхъуар е 19-нэ лIыщIыгъуэм и кIэхэращ. А лъэхъэнэм Бэвыкъуэ къуажэм цIыху къыдэмынэжу нэщI хъуат. Зауэ дыджым псэууэ къыхэкIахэр Адыгей лъэныкъуэмкIэ куэшат...
Зауэ нэужьым мы щIыпIэм къотIысхьэ Къэбэрдейм, Адыгейм, Абхъазым къиIэпхъукIахэр. Апхуэдэу, Къэбэрдейм къикIащ Къардэнхэ, Абдокъуэхэ, Къундетхэ, КIыщхэ, Къулхэ, Гъубжокъуэхэ, Лъостэнхэ; Абхъазым — Лийхэ, Кхъэгъуэхэ, Темырхэ; Адыгейм — КIэдэкIуейхэ, Унэрокъуэхэ,
АбытIэхэ, Мэрчэныкъуэхэ, Жэнхъуэтхэ, Акъбащхэ, нэгъуэщIхэри.
Къуажэр щIэрыщIэу къэпсэужащ, Къылышкъуажэ фIэщыгъэцIэр иIэу.
ТхыдэмкIэ къэдгъэзэжынщи, сыт а къуажэм апхуэдэ фIэщыгъэцIэр щIратар?
Къапщтэмэ, Къылышхэ лъэпкъкIэ абазэпщщ, я лъапсэр Абхъазым къыщожьэ. Абхъазым къикIауэ, щхьэж езым япщ яIэжу, бгыщхьэм къыщхьэдэхри, Псыжьыпс, Гумыпс псыхъуэхэм щыпсэу адыгэхэм гупих — Къылышхэ, КIамэхэ, Лоухэ, Бибердхэ, Дударыкъуэхэ, Жантемырхэ жэуэ къахэтIысхьауэ щытащ.
Ахэр зэман гуэркIэ псыжьыщхьэ (нэхъыбэу Тебэрды псыщхьэм) Iусащ. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ заубгъуу щIадзащ.
Абыхэм щIыгу къазэремэщIэкIым, зэмызэгъыныгъэм къыхэкIыу, Кавказ
къуршыбгым и ищхъэрэкIэ къетIысэха абазэхэр къэбэрдейхэм я щIыгум
ирагъэтIысхьат, езыхэр къуэкIыпIэмкIэ икIуэтри. Абы къыхэкIыу тепщэныгъэр яубыдат. Ауэ абыхэм тыншыгъуэ куэдрэ яIакъым,
лъапсэрыхыр ди лъэпкъым къыхуэзыхьа зауэ дыджым щIедзэ. Апщыгъуэм адыгэпщхэми абазэпщхэми яку зэпэщIэуэныгъэ нэхъыбэрэ
къыдэхуэ хъуат: хэти икIуэт имыщIэу и хэку ихъумэну пылът, хэти зыкъаIэту зауэр иджыри здынэмыса Псыжь псыхъуэмкIэ къэкуэшт. Абы къыхэкIыу,1750 гъэхэм ирихьэлIэу, Гум псыхъуэм дэса Къылышхэр ПсыжькIэ къэкуэшри, адыгэ къуажэхэм къахэтIысхьащ. Къылышхэ
Абхъазым къикIыу Ищхъэрэ Кавказым къызэрыкIуа
гъуэгуанэр IупщIу къегъэлъагъуэ Кодор псышхуэм, абы хэлъадэ псы цIыкIум ноби КъылычикIэ йоджэ.
Кавказ зауэ нэужьым зэхэзехуэн ящIахэр адэкIэ-мыдэкIэ къуэхэм, бгы гъуанэхэм къыдашыжурэ, мэзхэм къыщIашыжурэ унафэщIхэм къыздагъэлъагъуэ щIыпIэм ягъэтIыст. Абыхэм лъэпкъкIэ узыщыщри,
уи бзэри, уи Iыхьлы-Iэулэди зэрахуэтэкъым.
Апхуэдэу 1860 гъэхэм къуажэщIэу къагъэщIахэм зы къуажэ яхэткъым «лъэпкъ къабзэу».
 Къуажэ къэс лъэпкъ бжыгъэу зэхэсщ. Апхуэдэщ Къылышкъуа-
жэм и Iуэхури.
Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, 1902 гъэм къуажэм къыщызэIуах цIыхухъухэм щIэныгъэ къыздыщIах училищэ. Абы япэ дыдэ щеджащ Кхъэгъуэхэ Бубэ, Акъбащхэ Хьэжмырзэ, ФызыкIэхэ Джэрий, Бэчыжьхэ Абубэчыр, Жылэшххэ Мыхуэ, Сэгъэхэ Хьэрун, Жантемырхэ Тембот, КIэдэкIуейхэ МутIалиб, Мэзан, Къудейхэ Хьэсэн, Къмызхэ МутIалиб, Акъбащхэ Мыхьэмэт, КIыщхэ ТIру, Тхъуахъуэхэ Исуф сымэ.
ИужькIэ ахэр къуажэм и цIыху пашэ мэхъу. 1922 гъэм большевичхэр къуажэм къыдохьэ, Совет властыщIэр къоунэху. Пэжщ, а илъэсхэр цIыхухэм кIэ тыншу щытакъым. Арами, властыщIэм и фIыгъэкIэ адыгэ къуажэхэр мамыр гъащIэм хуэкIуэжащ, зыужьыныгъэ ягъуэтащ. Апхуэдэу къызэрагъэпэщ къуажэ Советыр. Абы и унафэщIу Сэгъэ Хьэрун трагъэхьэ. Апщыгъуэм, 1927гъэм, абы и жэрдэмкIэ Къылышкъуажэр ПсэукIэ-ДахэкIэ зэрахъуэкI.
Куэд дэмыкIыу ТОЗ жыхуиIэ зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Абы хохьэ унагъуэ 20-25-м нэс. Абы и тхьэмадэу лэжьахэм ящыщщ
ГунжафIэхэ Мыхьэмэт.
Ноби тхыдэм къыхощыж адыгэ лъэпкъыр щIыгум хуабжьу елэжьу зэры-
щытар. 1930-1931 гъэхэм коллективизацэр къэунэхуу щыщIидза зэманым къуажэм япэ колхозхэр къагъэщIын щIадзэ. ИужькIэ ахэр зыуэ зэхагъэхьэжри, Ворошилов, Буденный сымэ я цIэр зэрахьэу къызэрагъэпэщ. Колхоз зызыужьхэм я тхьэмадэу лэжьащ Темырхэ Мэжид, Акъбащхэ Мыхьэмэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Ворошилов
и цIэр зезыхьэ колхозым и трактор бригадэм и бригадир цIэрыIуэу щытащ Темырхэ Тамарэ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, колхозхэм хуабжьу сэбэпышхуэ къахьащ.
ГуащIэшхуэ халъхьащ къуажэдэс бзылъхугъэхэми. 1957 гъэм майм и 15-м колхозыр «Черкес» совхозкIэ зэрахъуэкI. Абы нэхъри зеужь. Мэл хъушэ, былымыр, шыр куэду зэрахуэ. ИужькIэ совхозым къы-
щызэрагъэпэщ джанэхэр, тепIэн-щIэлъынхэр, щыгъынхэр здад цех.
Промышленностыр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIауи областым лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIт. АбыкIи ПсэукIэ-Дахэр къыхэжаныкIащ.
Инжыдж ЦIыкIу псы Iуфэм къыщызэIуах тхъуцIынэ, кхъуей къыздыщIагъэкI заводыр. КъинэмыщIауэ, щэнхабзэмкIэ Унэр, еджапIэр.


Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #5 : 17 Февраль 2013, 13:59:33 »
"Ди хэгъуэгум и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщыр зи хэщIапIэ, хуэфащэ гъэпсыкIи, теплъи зиIэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэр ди республикэр, ди лъэпкъыр зыгъэбжьыфIэхэм ящыщ зыщ. Мы къуажэр ауэ къызэрыкIуэ къуажэкъым. Ар бейщ тхыдэ гъэнщIакIэ, абы къыдэкIа цIыхушхуэхэмкIэ, лэжьэныр фIыуэ зылъагъу къуажэдэсхэмкIэ. ЗэрыжаIэу, къуажэм пщIэ къезытыр и инагъыракъым, ар зыгъэдахэр абы дэлъ щыIэкIэ-псэукIэмрэ цIыхухэмрэщ. АтIэ,
ПсэукIэ-Дахэр абыкIэ узэрыпэгэнщ."
"Черкес Хэку" газет, (№8-9, 2013 гъэ)




Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #6 : 17 Февраль 2013, 22:12:51 »
"Адыгэ псалъэ"-м и архив

Фэ фщIэрэ?
Псалъэхэм я мыхьэнэр
Адыгэ фащэ. Адыгэхэм зэрахьэ лъэпкъ щыгъыныгъуэ хэхахэр (адыгэ цей, адыгэ цIыхухъу, бзылъхугъэ фащэ, н.) къызэ­щIеубыдэ. Ипэ зэманым адыгэхэм зэрахьэу щыта фащэ дахэр нэгъуэщI лъэпкъхэми къащтауэ къекIуэкIащ. Иджы ар нэхъыбэу щыщатIагъэр фызышэм, хьэгъуэлIыгъуэм е махуэшхуэ гуэр щагъэлъапIэм дежщ.
Ажэгъафэ. Адыгэ нысашэр, хьэгъуэ­лIыгъуэр гушыIэкIэ, ауанкIэ зыгъэдахэ, ажэ теплъэ иIэу хуэпа цIыху. ГуфIэгъуэ зэхыхьэ­хэм деж, нэхъ гушыIэрейуэ, псэлъэным хуэIэзэу зы цIыху къыхахырти, абы фэ зытрырагъэубгъуэрт, и напэр къыщIэмыщу шIра­гъэхъумэрт, бжьакъуэ трагъэувэрти, къызэхуэсахэр игъэнэжэгужэу хагъэтт. Ажэгъафэм сыт имыщIэми, сыт жимыIэми и гугъу зыми ищIыну хуиттэкъым. Ажэгъа­фэм иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэми ущро­хьэлIэ.
Ажэгъафэ джэгу. Унэишэм, хьэгъуэлIы­гъуэм, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэт хабзэхэм щыщщ. Ажэгъафэм махуэшхуэхэм кърихьэлIахэр зэрытригъэу, зэрадэгушыIэ щIыкIэм «Ажэгъафэ джэгукIэ» йоджэ. Ди зэманми екIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэми, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэми ущрохьэлIэ.
Ахърэт джанэ. ЛIар щIэлъхьэным пыщIа хабзэхэм щыщщ. Хьэдэм джэбыныр кърамышэкI щIыкIэ абы Iэгъуапэ зыпымыт джанэ щатIагъэ. ЦIыхубзым и джанэр и жьэ­гъум къыщегъэжьауэ и лъапэм, цIыху­хъум ейр и лъэгуажьэм нэсу ящI. Апхуэдэм «Ахърэт джанэкIэ» йоджэ.
Батырыбжьэ. ЩIыхьэху щIыным епха хабзэщ. Зыгуэрым щIыхьэхукIэ мэкъу кърыригъэшыжамэ, пхъэ пригъэупщIамэ, н. къ., абы хэтхэм ящыщу нэхъ къыхэжаныкIам, япэ къэсыжам ехъуэхъурэ махъсымэ шынакъ ирату щытащ. А бжьэм «Баты­рыбжьэкIэ» еджэрт. ИужькIэ щIыхьэхум емылъытауэ зэфIэкI ин, лIыгъэ къэзыгъэлъэгъуа, зэхьэзэхуэм щытекIуа, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа цIыхум ират фадэбжьэми «БатырыбжьэкIэ» еджэ хъуащ.
Башзэхэт. Лэжьыгъэм, Iэщ гъэхъун Iэна­тIэм ехьэлIа хабзэхэм епха псалъэщ. Адыгэхэм къызэра­лъы­тэмкIэ, зы мэлыхъуэ лъакъуэубыдым (башым) хуэзэу щытын  хуейт мэл 400 – 500. Ауэ ар хъушэ ири­къуртэкъым, абы щхьэкIэ а бжыгъэр хуэ­дитI-щыкIэ нэхъыбэн хуейт. Абы къыхэкIыу апхуэдиз мэл бжыгъэ зиIэ унагъуэхэр зэгухьэрти, хъушэ къызэрагъэпэщырт. Ар зы мэл пщыIэу ябжырт, гъэмахуэ хъупIэхэм щыкIуэкIи зэгъусэт. Апхуэдэу зэгухьа   мэлыхъуэхэм «БашзэхэткIэ» еджэу щытащ.
Башхуэпа. НысащIэр дыщасэ яшэжауэ и дыщым щыщыIэм деж, и пщыпхъу, пщыкъуэ кIуэуэ ялъагъу хабзэт. Лъагъунлъагъу кIуэхэм унагъуэм ис цIыкIухэм иратыну бэлътоку, мажьэ, дыху-сабын, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр башым кIэрыщIауэ зда­хьырт. Мы хабзэр Аруан районым нэмыщI адрей щIыпIэхэм щызэрахьэу щытакъым.
Думэн Хьэсэн.

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #7 : 18 Февраль 2013, 16:02:06 »
"Адыгэ Макъ"

Азэмат ипчыхьэзэхахьэ тежэ


КъэшъуакIоу, пщынаоу, орэдыIоу Быщтэкъо Азэмат иконцерт тежэ. Адыгэ Республикэм и Къэралыгъо филармоние пчыхьэзэхахьэу мэзаем и 19-м щыкIощтым искусствэр зышIогъэшIэгъонхэр дэгуIэх, орэдэу зэхахын алъэкIыщтхэм къакIэупчIэх.
 
- КъэшъуакIо сыхъунэу сыфэягъ. КIэлэцIыкIу ансамблэу «Мыекъуапэ инэфылъэхэм» -илъэс 12 сыхэтыгъ, - къеIуатэ Быщтэкъо Азэмат. - А уахътэр шIукIэ сыгу къэсэгъэкIыжьы. Ансамблэм къыщышъощтыгъэмэ ащыщхэр дунаим щызэлъашIэрэ «Налмэсым» аштагъэх, апшъэрэ еджапIэхэр бэмэ къаухыгъэх. Ныбджэгъуныгъэу ады-сиIагъэр щыIэныгъэм щылъызгъэкIуатэзэ, къыхэсхыгъэ сэнэхьатымкIэ Iоф сэшIэ.
- Искусствэм пыщагъэм ищыIэныгъэ къырыкIощтыр къэшIэгъуае, - тизэдэгущыIэгъу къыхэлажьэ АР-м и Къэралыгъо Академическэ къэшъокIо ансамблэу «Налмэсым» ихужожественнэ пащэу, Урысыем изаслуженнэ артистэу, Адыгеимрэ Темыр Осетиемрэ янароднэ артистэу Къулэ Мыхьамэт. - Быщтэкъо Азэмат «Мыекъуапэ инэфылъэхэм» дэгъоу къыщышъощтыгъ. Пщынэр къызиштэкIэ, гур ыгъэлъэпэрапэу адыгэ орэдышъор ыгъэжъынчыщтыгъ. Зым пщынао, ятIонэрэм къэшъуакIо хъущтэу ылъытэщтыгъ. Хэт сыд къыриIуалIэщтыгъэми, лъэпкъым зэрэфэгупшысэрэр, сэнаущыгъэ ин зэрэхэлъыр къыхэщыщтыгъэ. Азэмат къызыщытхъужьэу е узэрелъэIугъэр ымыгъэцакIэу къыхэкIы-щты¬гъэп. ИцIыфыгъэкIи, иIофшIэн зэригъэпсырэмкIи щысэтехыпIэу щытыгъ, джыри а нэшэнэшIухэр лъегъэкIуатэхэшъ, тапэкIэ гъэхъэгъэ инхэр ышIынхэу фэсэIо.
Мэфэ заулэкIэ узэкIэIэбэжьмэ, сшъхьац къыкIэзыупхъухьэрэ бзылъфыгъэу Татьянэ (ылъэ-къуацIэ сшIэрэп) Быщтэкъо Азэмат иконцерт Мыекъуапэ зэрэщыкIощтым къытегущыIагъ. Орэд къызэриIорэм уасэ фишIызэ, артист нэшанэхэр дэгъоу зэригъэфедэхэрэр къыхигъэщыгъэх. Республикэ филармонием иорэ¬дыIохэу Даутэ Сусанэрэ Жьакъщэкъулэ Маринэрэ тызэрэщагъэгъозагъэу, Быщтэкъо Азэмат игъусэхэу концерт макIэп зыхэлэжьагъэхэр, цIыф дэгъоу алъытэ.
ПэшIорыгъэшъэу тыкIэупчIагъэти, Быщтэкъо Азэмат икъуаджэу Пщыжъхьаблэ, Адыгэ республикэ гимназиеу зыщеджагъэм, нэмыкIхэм къарыкIыщтхэр бэ мэхъух. ИорэдкъэIуакIэ агу инэу рехьышъ, зэкIэ фаер концертым еплъынхэ алъэкIыщтми тшIэрэп.

Сурэтым итыр: Быщтэкъо Азэмат концертым хэлажьэ.

ЕмтIылъ Нурбый.


Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #8 : 19 Февраль 2013, 13:24:06 »
"Адыгэ Псалъэ"

Тхыдэр къызэрыщ гъуджэшхуэ

2013-02-19

    Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» зыфIаща тхылъ-сурэтылъэ екIур. Куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуа мы лэжьыгъэр и IэдакъэщIэкIщ Иуаныкъуэ Мадинэ (парт лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дохъущокъуэ Мусэ и пхъум).



Дыщэидэр зи IэщIагъэу щыта цIыху цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр илъэс зыбжанэкIэ зэхуэзыхьэса Иуаныкъуэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ящыщ зы Iыхьэщ мы тхылъ-сурэтылъэр. Уеплъыну гухэхъуэщ дыщэидэм хуэIэпщIэлъапщIэхэмрэ абыхэм я лэжьыгъэхэмрэ траха сурэт щIэщыгъуэхэм.
Мадинэ мы лэжьыгъэр щIигъэхьэзырар лъэпкъым къыдекIуэкI IэщIагъэ дахэр – пасэрей дыщэидэр, хэдыкIыр – хъумэным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным хэлъхьэныгъэ хуи­щIын папщIэщ.
Альбомым къивгъуэтэнущ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, нэхъ иужьыIуэкIэ щыIа IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэм траха сурэтхэр. А хьэпшып гъуэзэджэхэр хагъэхьауэ щытащ 1913 гъэм екIуэкIа урысей­псо гъэлъэгъуэныгъэм. Зи гугъу тщIы тхылъ-сурэтылъэм  ихуащ тенджыз фIыцIэм и Iуфэм Iуса шапсыгъхэм бийм зэрыпэ­щIэт Iэщэу ящIауэ щытахэр, бзылъхугъэхэм зэрыза­гъэдахэ цIуугъэнэхэр, дыщэ, дыжьын IуданэхэмкIэ хэдыкIа, тхыпхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэщIэрэщIа, уагъэхэмкIэ гъэдэха фащэхэмрэ пыIэхэмрэ, цейр, хьэзырылъэхэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр. А лэжьыгъэхэм я дахагъым уат­хьэкъу, фIым ухуаущий, дэрэжэгъуэ къуат. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэм ухагъаплъэ. Аращ тхылъым и мыхьэнэр, и пщIэр зыгъэиныр. А лэжьыгъэхэр Краснодар крайм (Сочэ, ТIуапсы, Лазаревскэ посёлкэм) я музейхэм я мызакъуэу, цIыху щхьэхуэхэм я унэхэми хуэсакъыу щахъумэ.
Псори дыщыгъуазэщ Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэми къэзакъхэми адыгэхэм я Iэщэ-фащэр къызэращтам. XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэ хъуащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми Урысейм, ауэрэ, дуней псом зыщиубгъуащ.
Тхылъ-сурэтылъэм и гуэдзэным къыщыхьащ декоративно-прикладной гъуазджэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм хуэIэп­щIэлъапщIэ, Урысейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм зи лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу утыку щизыхьа адыгэхэм я цIэ-унэцIэхэр.
ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ, лъэпкъ гъуазджэм и щэхухэм щыгъуазэу, хуэIэпщIэ­лъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэм зэращыщым и щапхъэщ гъуэгуанэшхуэ зэпызыча а IэщIагъэм и мыхьэнэм хэмыщIауэ нобэр къыздэсым цIыхухэр зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Дыщэидэм, хэдыкIым Iэмал къуат адыгэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм хуаIа экономикэ, политикэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ уриплъэжыну. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ апхуэдизу хэпщIа хъуа дыщэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъуджэшхуэщ.
Пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр хъумэнымкIэ мы тхылъыр сэбэп зэрыхъунур, лъэпкъым и цIыхухэм ящыщу ар IэщIагъэ зыхуэхъуахэм зэрахуэщхьэпэнур ди фIэщ мэхъу. Лэжьыгъэр дэIэпыкъуэгъуфI хъунущ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэнымкIэ. Тхылъ-сурэтылъэр дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми илъыну зэранкъым, уеблэмэ ныб­жьэгъухэр, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр зыщыгуфIыкIын сау­гъэтщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
     

Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #9 : 20 Февраль 2013, 23:34:40 »
"Черкес Хэку"



Хабзэ
Дахэгъуэкъым, атIэ зехьэгъуэщ

Нобэрей зэманым ухэплъэмэ, ди лъэпкъым и бзэ къудейракъым тIэщIэхужыр. АтIэ, лъэпкъ хабзэм и нэхъыбэр цIыхухэм IэщIыб ящIыжащ.
 ЩIалэгъуалэм и нэхъыбэм яцIыхукъым хабзэр къыздежьэри здиухри. И нэхъыбэм къащохъу, махуэ фIэхъусымрэ нэхъыжьым тIысыпIэ етынымрэ хабзэр къыщыувыIэу, ар зыгъэлъагъуэми хабзэшхуэ зэрихьэ и гугъэжщ. Пэжщ, а мащIэри хабзэщ, абыи иригуфIапхъэщ, ауэ ди лъэпкъым зэман жыжьэм къыхиха хабзэ куэд зэрытфIэкIуэдыжми ди гур химыгъэщIу къанэкъым.
Нобэ дигу къэдгъэкIыжынущ гущэмрэ сабиймрэ теухуа хабзэ зыбжанэ.
Гущэр цIыхуитIым зэпаIыгъыу унэм щIахьэтэкъым икIи къыщIахтэкъым, зэрахьэтэкъым, нэщIуи щIаупскIэтэкъым. Гущэм итIысхьэтэкъым, абы ебакъуэтэкъым. Хуэмеиж щыхъуам
дежи бгъукIэ ягъэтIылътэкъым, яIубтэкъым, атIэ зэфIэту гъэувауэ щагъэтт.
Сабийр къалъхуа нэужь, япэ Iуплъэхэр ехъуэхъут мыпхуэдэу:
Нанэ урищIасэу,
Дадэ уригупсэу,
Уи анэ зэрышынэ
умыхъуу,
Уи адэ
зэрыгугъэм утету,
ХьэфIым хуэдэу
усакъыу,
ШыфIым
хуэдэу уцIэрыIуэу,
ЛIышхуэ
(хъыджэбзышхуэ)
ухъуауэ
Тхьэм удигъэлъагъу!

Хъуэхъум и ужькIэ фыз Iэзэм бынжэр пиупщIти сабийр игъэпскIт, и напэ, и Iупэ, и тхьэкIумэ зэхуакухэм, и нэкIущхьэм бынжэлъ щихуэти, хъыдан жэрумэ ищIт. ЗэрыжаIэмкIэ, бынжэлъыр сабийр нэкIущхьэплъу, узыншэу къэхъуным и къежьапIэт.
 ГъэщIэгъуэнщ зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэм лъы къабзэм хупсхэр зэриукIыр, щIыфэр къабзэ зэрищIыр, кхъапIэ сыт хуэдэхэр зэрытрихыр зэращIэу щытар.
Сабийр цIыху Iущ хъуну къалъытэт, абы и нэр псынщIэу къызэтрихмэ икIи кIэщIу къепсмэ.
Дунейм къытехьа сабийм цIэуэ фIащт я лъэпкъым щыщу мыпсэуж нэхъыжьыфI гуэрым е сабийм япэу Iуплъа цIыхуфIым и цIэр.
ЦIэ фIащыну япэу зытехуэр анэшхуэ-адэшхуэрат е адэ къуэш, адэ шыпхъу, анэ дэлъху, анэ шыпхъу хуэдэ, благъэ, Iыхьлы гъунэгъухэрат.
Хъыджэбз цIыкIур, щIа- лэ цIыкIум хуэдэу дра-
дзейуэ, хуабжьу щIаупскIэу, ягъэкIылу, абы пхъашэу еIэбу, пхъашэу епсалъэу адыгэхэм ядэтэкъым.
Сабийр пшапэ зэхэуэгъуэм ягъэжейтэкъым, жейуэ хэлъми къагъэушт. Абы и щхьэхущIэпс е гъэпскIыпс жэщ хъуауэ щIакIутыкIтэкъым.
ЦIыху губзыгъэр сабий зыщIэс е зыщIэлъ пэшым тутын щефэтэкъым. Сабийр зэрылъ гущэр цIыхуитI-щым щIаупскIэтэкъым. Сабийр
къызыхаха гущапIэр зэIухауэ къамыгъанэу зэщIадзэт.
Анэл зыхэлъу сабийм цIэ фIащам нэмыщIкIэ цIэ
лейуэ «Менлы» фIащын хуейуэ къалъытэт, а цIэр жаIэху, анэлыр нэхъ цIыкIу хъуурэ кIуэдыжыпэу зэрагъэIуам къыхэкIкIэ.
Гущэм хэлъ сабийм и щхьэмкIэ укъыщхьэщыувэу уепсэлъэну, удэджэгуну фIыкъым жаIэт. Сабийм щысу, щылъу е щыту уебакъуэу ядэтэкъым.
Адэм е анэм и сабийр уэрамым щиубэрэжьу, ебгыу, щIэкIиеу, е
ехъуэну цIыхухэр зыщIигъэплъыныр хабзэншагъэ
дыдэу къалъытэт.
Тхьэмадэ, гуащэ, анэ е адэхэм ялъагъуу зи сабийм щIэкIие, ещхьэфауэ е едэхащIэ, егъэлеяуэ дэджэгу адэм е анэм хабзэр ямыщIэу къалъытэт, емыкIу хуащIт.
Гущэм хапхэ сабийм и пIэщхьагъым КъурIэн кIэщIалъхьэт. Сабий жеяр изакъуэу пэшым къыщIанэн хуей щыхъум деж, абы мафIэдз бгъуралъхьэт, гущащхьэм деж жыхапхъэ ираупсейт. Сабий цIынэ япэ
зрахьа унагъуэм хьэкъущыкъу гуэр тыгъэ хуащIт сабий хьэщIэм. ГущапIэр щIауэ щагъэттэкъым, сабийр хамыпхэу.
Гущэм япэу иралъхьэ тепIэнщIэлъын цIыкIуфэкIухэр щэкIыщIэм къыхащIыкIтэкъым, къызыхащIыкIыр анэм и щыгъын тIорысэт.


Къарзэджхэ Сэид.



Оффлайн Амина

  • Разрешенные
  • Постоялец
  • *
  • Сообщений: 164
  • Карма: +7/-0
    • Просмотр профиля
Re: Лъэпкъ газетхэм доджэ
« Ответ #10 : 22 Февраль 2013, 13:04:25 »
  "Адыгэ Псалъэ"

  IэщIыб дывмыгъэщI
        2013-02-21
    Сабийр къалъхуу анэб­гъэм щIалъхьа нэужь, шэм и гъусэу абы и лъынтхуэхэм ирокIуэ и анэдэлъхубзэри. Аращ абы «анэдэлъхуу щыт бзэкIэ» щIеджэри. АдэкIэ анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр цIыкIум зыхещIэ анэм, анэшхуэм я дзапэ уэрэдхэмкIэ, адэм, адэшхуэм я таурыхъ­хэмкIэ. Сэ къызэрысщы­хъум­кIэ, анэдэлъхубзэм уна­гъуэм лъабжьэ быдэ щимы­Iэмэ, ар абы къихъуэ сабийхэм къащ­­тэнукъым. Бзэр щы­мыIэмэ, ухэныжынущ абы къыпхуихь хъугъуэ­фIыгъуэ куэдым. Апхуэдэхэщ, пса­лъэм папщIэ, ди адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ фащэмрэ езы адыгэш дыдэмрэ. Сэ дапщэщи сфIэ­дахэщ ди адыгэ фащэр. Фи нэгу къы­щIэвгъэхьэт: адыгэ щIалэхэм лъэпкъ фащэ екIухэр тщыгъыу, шы къарэ лъэ псы­гъуэхэм дытесу… Ар сыту дахэ икIи гухэхъуэ!
    Я хэку залымыгъэкIэ ирахуауэ щыта ди лъэпкъэгъу куэ­дым хамэ къэралхэр псэупIэ зэрахуэхъуам псори дыщыгъуазэщ. Абыхэм яхэтщ ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ, хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хьэл-щэнымрэ нэщэнэхэмрэ хэкум къина дэ нэхърэ нэхъыфIу зы­хъумэжахэр е яхъумэжыну ху­щIэкъухэр. А хуитыныгъэр дэ зыми къытпимыубыдми, мыхьэнэшхуэ едмытурэ Iэ­пэдэ­гъэлэл щытщI къытхуохуэ. Абы дыхуэсакъыпхъэщ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ яхызолъагъукI адрей предметхэм. Дауи, ди егъэджакIуэ щыпкъэхэм дызыхуашэ дэтхэнэ щIэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэщ, атIэми ди анэдэлъхубзэм ехьэлIахэр япы­щIащ ди лъэпкъ хабзэм, тхыдэм, ди блэкIамрэ къэкIуэнумрэ. Пэжщ, а предметхэм­кIэ дымытынкIэ хъунущ еджапIэ нэхъыщхьэхэм дызэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр, ауэ ахэр тщIэн хуейщ, ды­щыадыгэ­кIэ, адыгэ лъэп­къым дри­цIыхуу щыщыткIэ.
    ФIыуэ слъагъу «Адыгэ пса­лъэ» газетыр къэзгъэсэбэпу си ныбжь ит щIалэгъуалэм захуэзгъэзэну сыхуейт: «Си къуэшхэ, си шыпхъухэ. Дыв­мыгъэщI IэщIыб ди анэдэлъхубзэр, дуней псом лъэпкъыу дыкъызэрыщацIыху ди адыгэбзэр, ди адыгэ хабзэр, нэмысыр. Дывгъэхъумэ ар, дыхуэвгъэсакъ нэхъыжьхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна а фIыгъуэ иным. Дывгъэпсалъэ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ хуэдэ адыгэлI щэ­джащэхэм яIурылъа бзэ дахэмкIэ. Фи фIэщ зэры­хъун, ди деж­кIэ абы нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ хуабэ, нэхъ IэфI щымы­IэкIэ».
     
   
ТЕРКЪУЛ Астемыр,[/b]
    Налшык дэт гимназие
    №29-м  и еджакIуэ.