Псэук1э-Дахэм и тхыдэм теухуауэ «Черкес Хэку»-м щатхар
Къуажэм и тхыдэр
Архивым къызэрыхэщыжымкIэ,нобэрей ПсэукIэ-Дахэ къуажэм и цIэу щытар, Къылышкъуажэщ, а щIыпIэм къыщетIысэхари 1862 гъэ-ращ. Апщыгъуэм ар зэрыхъур унагъуэ 220-т, цIыху 1438-рэ дэсу. Е 17-18-нэ лIыщIыгъуэхэм мы щIыпIэр Бэвыкъуэ къуажэшхуэм иIыгъыу щытащ. Ар хуабжьу къуажэ къулейт, абы къызэщIиубыдэт губгъуэ Iэхуитлъэхуитышхуэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр куэду иIэт. МэкъумэшыщIэхэм губгъуэхэр ягъэлажьэт, нартыху, сэхуран (семышкIэ), гуэдз ящIэт, иужьыIуэкIэ кIэртIоф къагъэкIыу щIадзащ. Былым, мэл, шы зэрахуэт. Къуажэр игъэбжьыфIэу дэтт мэжджыт
дахащэмрэ еджапIэрэ. Жылэм и къулеягъыр дэни щызэщIалъысауэ, нэгъуэщI хэгъуэгухэм къикIыурэ, щэн-къэщэхункIэ хьэрычэт зиIэхэр мыбы щэхуакIуэ къакIуэт.
Абыхэм ящэхут фэ, цы, хъурыфэ пыIэ, щIакIуэ, адыгэ цей, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. Апхуэдэ псэукIэ дахэр кавказ зауэжьым
и ягъэкIэ зэтекъута мэхъу. Апщыгъуэм зэраныгъэшхуэ къахьащ щэхуакIуэ къакIуэ хуэдэу фэ зытрагъауэу Кавказым къихьа тырку сулътIаным и лIыкIуэхэми.
Псом хуэмыдэу кавказ зауэр нэхъ гуащIэ щыхъуар е 19-нэ лIыщIыгъуэм и кIэхэращ. А лъэхъэнэм Бэвыкъуэ къуажэм цIыху къыдэмынэжу нэщI хъуат. Зауэ дыджым псэууэ къыхэкIахэр Адыгей лъэныкъуэмкIэ куэшат...
Зауэ нэужьым мы щIыпIэм къотIысхьэ Къэбэрдейм, Адыгейм, Абхъазым къиIэпхъукIахэр. Апхуэдэу, Къэбэрдейм къикIащ Къардэнхэ, Абдокъуэхэ, Къундетхэ, КIыщхэ, Къулхэ, Гъубжокъуэхэ, Лъостэнхэ; Абхъазым — Лийхэ, Кхъэгъуэхэ, Темырхэ; Адыгейм — КIэдэкIуейхэ, Унэрокъуэхэ,
АбытIэхэ, Мэрчэныкъуэхэ, Жэнхъуэтхэ, Акъбащхэ, нэгъуэщIхэри.
Къуажэр щIэрыщIэу къэпсэужащ, Къылышкъуажэ фIэщыгъэцIэр иIэу.
ТхыдэмкIэ къэдгъэзэжынщи, сыт а къуажэм апхуэдэ фIэщыгъэцIэр щIратар?
Къапщтэмэ, Къылышхэ лъэпкъкIэ абазэпщщ, я лъапсэр Абхъазым къыщожьэ. Абхъазым къикIауэ, щхьэж езым япщ яIэжу, бгыщхьэм къыщхьэдэхри, Псыжьыпс, Гумыпс псыхъуэхэм щыпсэу адыгэхэм гупих — Къылышхэ, КIамэхэ, Лоухэ, Бибердхэ, Дударыкъуэхэ, Жантемырхэ жэуэ къахэтIысхьауэ щытащ.
Ахэр зэман гуэркIэ псыжьыщхьэ (нэхъыбэу Тебэрды псыщхьэм) Iусащ. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ заубгъуу щIадзащ.
Абыхэм щIыгу къазэремэщIэкIым, зэмызэгъыныгъэм къыхэкIыу, Кавказ
къуршыбгым и ищхъэрэкIэ къетIысэха абазэхэр къэбэрдейхэм я щIыгум
ирагъэтIысхьат, езыхэр къуэкIыпIэмкIэ икIуэтри. Абы къыхэкIыу тепщэныгъэр яубыдат. Ауэ абыхэм тыншыгъуэ куэдрэ яIакъым,
лъапсэрыхыр ди лъэпкъым къыхуэзыхьа зауэ дыджым щIедзэ. Апщыгъуэм адыгэпщхэми абазэпщхэми яку зэпэщIэуэныгъэ нэхъыбэрэ
къыдэхуэ хъуат: хэти икIуэт имыщIэу и хэку ихъумэну пылът, хэти зыкъаIэту зауэр иджыри здынэмыса Псыжь псыхъуэмкIэ къэкуэшт. Абы къыхэкIыу,1750 гъэхэм ирихьэлIэу, Гум псыхъуэм дэса Къылышхэр ПсыжькIэ къэкуэшри, адыгэ къуажэхэм къахэтIысхьащ. Къылышхэ
Абхъазым къикIыу Ищхъэрэ Кавказым къызэрыкIуа
гъуэгуанэр IупщIу къегъэлъагъуэ Кодор псышхуэм, абы хэлъадэ псы цIыкIум ноби КъылычикIэ йоджэ.
Кавказ зауэ нэужьым зэхэзехуэн ящIахэр адэкIэ-мыдэкIэ къуэхэм, бгы гъуанэхэм къыдашыжурэ, мэзхэм къыщIашыжурэ унафэщIхэм къыздагъэлъагъуэ щIыпIэм ягъэтIыст. Абыхэм лъэпкъкIэ узыщыщри,
уи бзэри, уи Iыхьлы-Iэулэди зэрахуэтэкъым.
Апхуэдэу 1860 гъэхэм къуажэщIэу къагъэщIахэм зы къуажэ яхэткъым «лъэпкъ къабзэу».
Къуажэ къэс лъэпкъ бжыгъэу зэхэсщ. Апхуэдэщ Къылышкъуа-
жэм и Iуэхури.
Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, 1902 гъэм къуажэм къыщызэIуах цIыхухъухэм щIэныгъэ къыздыщIах училищэ. Абы япэ дыдэ щеджащ Кхъэгъуэхэ Бубэ, Акъбащхэ Хьэжмырзэ, ФызыкIэхэ Джэрий, Бэчыжьхэ Абубэчыр, Жылэшххэ Мыхуэ, Сэгъэхэ Хьэрун, Жантемырхэ Тембот, КIэдэкIуейхэ МутIалиб, Мэзан, Къудейхэ Хьэсэн, Къмызхэ МутIалиб, Акъбащхэ Мыхьэмэт, КIыщхэ ТIру, Тхъуахъуэхэ Исуф сымэ.
ИужькIэ ахэр къуажэм и цIыху пашэ мэхъу. 1922 гъэм большевичхэр къуажэм къыдохьэ, Совет властыщIэр къоунэху. Пэжщ, а илъэсхэр цIыхухэм кIэ тыншу щытакъым. Арами, властыщIэм и фIыгъэкIэ адыгэ къуажэхэр мамыр гъащIэм хуэкIуэжащ, зыужьыныгъэ ягъуэтащ. Апхуэдэу къызэрагъэпэщ къуажэ Советыр. Абы и унафэщIу Сэгъэ Хьэрун трагъэхьэ. Апщыгъуэм, 1927гъэм, абы и жэрдэмкIэ Къылышкъуажэр ПсэукIэ-ДахэкIэ зэрахъуэкI.
Куэд дэмыкIыу ТОЗ жыхуиIэ зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Абы хохьэ унагъуэ 20-25-м нэс. Абы и тхьэмадэу лэжьахэм ящыщщ
ГунжафIэхэ Мыхьэмэт.
Ноби тхыдэм къыхощыж адыгэ лъэпкъыр щIыгум хуабжьу елэжьу зэры-
щытар. 1930-1931 гъэхэм коллективизацэр къэунэхуу щыщIидза зэманым къуажэм япэ колхозхэр къагъэщIын щIадзэ. ИужькIэ ахэр зыуэ зэхагъэхьэжри, Ворошилов, Буденный сымэ я цIэр зэрахьэу къызэрагъэпэщ. Колхоз зызыужьхэм я тхьэмадэу лэжьащ Темырхэ Мэжид, Акъбащхэ Мыхьэмэт сымэ, нэгъуэщIхэри. Ворошилов
и цIэр зезыхьэ колхозым и трактор бригадэм и бригадир цIэрыIуэу щытащ Темырхэ Тамарэ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, колхозхэм хуабжьу сэбэпышхуэ къахьащ.
ГуащIэшхуэ халъхьащ къуажэдэс бзылъхугъэхэми. 1957 гъэм майм и 15-м колхозыр «Черкес» совхозкIэ зэрахъуэкI. Абы нэхъри зеужь. Мэл хъушэ, былымыр, шыр куэду зэрахуэ. ИужькIэ совхозым къы-
щызэрагъэпэщ джанэхэр, тепIэн-щIэлъынхэр, щыгъынхэр здад цех.
Промышленностыр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIауи областым лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIт. АбыкIи ПсэукIэ-Дахэр къыхэжаныкIащ.
Инжыдж ЦIыкIу псы Iуфэм къыщызэIуах тхъуцIынэ, кхъуей къыздыщIагъэкI заводыр. КъинэмыщIауэ, щэнхабзэмкIэ Унэр, еджапIэр.