Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

Адыгэ усыгъэм и пшыхь Налщыч щек1уэк1ащ
Вторник, 12 августа 2014 г.
Рубрика: Блоги

Хабзэ зэрыхъуауэ Налщыч илъэсым и  к1уэц1ым къыриубыдэу пл1э усэ пшыхь щызэхашэ. Жэрдэмыр зейр "Жан" ц1ыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэращ. Дыгъуасэ Саральп Мадинэ и унэм "Гъэмахуэегъэжьэж" усэ пшыхьыр щек1уэк1ащ. 

Мы бжьыхьэ дызыхуэк1уэм 1уэху дахэр Къаныкъуэ Заринэ, Гумэ Маринэ, Саральп Мадинэ сымэ къызэрырахьэжьэрэ илъэситху ирокъур. Сызэреплъымк1э, ди ц1ыхубз щэджащэхэм гъуэгуанэ хъарзынэ къызэранэк1ыфащ. Ц1ыхупсэхэр усыгъэм къыхуэгъэушынымк1э, щэнхабзэм и 1эф1агъыр зэхегъэщ1эжынымк1э мы 1уэху дахэм пхужымы1эну мыхьэнэ и1эщ.

Дыгъуасэ Саральп Мадинэ и унэм къыщы1уащ Хьэвжокъуэ Людмилэ, Гугъуэт Заремэ, Къуэщ1ысокъуэ Марьянэ сымэ я усэхэр. Абыхэм гури псэри хыхьэу къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щ1ыхь зи1э и артисткэ пажэ К1эхумахуэ Фатимэ. Ауэ хабзэ зэрыхъуауэ пшыхьыр къызэ1узыхар ди нэхъыжьыф1, адыгэбзэм жи1эну зыхуейр жезыгъэ1эф Хьэ1упэ Джэбрэ1илщ. Тхьэмадэм усак1уэу зимыбжыжми, и усэ тхылъ къыдигъэк1ыну хуэмейуэ жи1эми ц1ыхубэр икъук1э аби и 1эдакъэщ1эк1хэм зэрыхуэныкъуэр ищ1эну сыхуейт. Си щхьэк1э сыкъапщтэмэ Джэбрэ1ил и усэхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ си1эну си пщ1ыхь нэхъ 1эф1 дыдэхэм хэту щызолъагъур. Ди нэхъыжьыф1ым и зэхэщ1ык1ыр здынэсам дыдейр дауик1 нэсакъым, ауэ адыгэр дызэрымык1уэдыжынур, адыгэм къэк1уэн дызэри1эр зэхищ1эну сыхуейт. 

Пшыхьыр зыгъэдэхахэм ящыщащ Дэгу Каринэ. Музыкальнэ театрым и уэрэджы1ак1уэ пщащэм иджыпсту фонограмэк1э зэджэмк1э мыуц1эпауэ, и макъ ф1эк1 1уэхум хэмыту уэрэд зыбжанэ дыщ1игъэдэ1уащ. Жып1эк1и сыт, ауэ зэф1эк1ыншэ ц1ыхухэм ди утыкур зэрауфэбгъуам къыхэк1к1э Тхьэшхуэр ф1ыгъуэк1э зыхуэупсахэм гъуэгу тэмэму ягъуэткъым. Мыпхуэдэ пшыхьхэм ди щ1алэгъуалэ зэф1эк1 зыбгъэдэлъхэм гъуэгу щахухэшын хуейщ. 

Усэ пшыхьым хэбдзыну зыри хэлъатэкъым, ауэ псом хуэмыдэу гум къинэжар хамэ щ1ып1э щалъхуэ, я Хэкумк1э ягухэр къе1эурэ псэуа, зи анэбзэм и щ1ыхьыр къэзы1этыжыну хуейуэ нобэр къыздэсым дахэу къэгъуэгурык1уа усак1уэхэу Щ1эжокъуэ Зафэр, Бабыгу Эргун, Маргъущ Везир сымэщ. Зафэр "Сэ иджыри сы-истамбылак1уэщ" зыф1ища и тхылъыр мазэ зыбжанэк1э бгъэзэжмэ Тыркум къысхурыригъэхри седжауэ щытат. Хэхэс усак1уэхэм я гугъу Къаныкъуэ Заринэ щищ1ым "я усэхэм сыщеджэк1э сегъагъ" жи1ат. Сэри си нэпсыр къехыным зы  мащ1эщ и1эжар Зафэр и усэхэр къыщыслъэ1эсам щыгъуэ. Дыгъуаси къызэф1эмызэрыхьа куэд щ1эса хъункъым Саральп Мадинэ и унэм. Усэ щ1агъуэ къэмынэу зытеухуар хэхэс гъащ1эм къихь насыпыншагъэмрэ, къызэралъхурэ хамэжь зыщ1ихухэм ягухэр я адэжьхэр щалъхуауэ щыта жэнэт щ1ып1эмк1э къызэрыхуе1эращ. Гу пк1уэц1ылъыхэм апхуэдэ сатырхэр къыплъэмы1эсыу къэнэнк1э 1эмал и1экъым.

Дыгъуэпшыхь сэхуран тхьэмпэ къыхэгъэжахэм тыратхэурэ зэхуаугуэша гухэлъ къабзэхэр нэрылъагъу хъуну псоми сынывохъуэхъу. Бжьыхьэ тхьэмпэхэм ягъусэу ди гузэвэгъуэхэр, гу къеуэхэр дэгъуэлэну Тхьэм жи1э. Адыгэ усыгъэм и ф1ыгъэк1э зэшэл1эжа хъун лъэпкъ узыншэ адыгэр Тхьэм дищ1ыж. 

Архивы
«« Апрель 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
22232425
26
2728
2930     
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация