Бэдынокъуэ - тексты черкесских песен
Понедельник, 2 февраля 2015 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 13057
Подписаться на комментарии по RSS
Метки: , адыгэ уэрэд

 

 

Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,

Нартхэ ди Бэдынокъуэ...

Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!

 Нартхэ ди лIы икъугъэ...

Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!

 Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи...

 Хьэрхуэрэгъу и бащэ...

 И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ!

 Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,

И зекIуэнри къыщохьэ.

 Ишми уанэ трелъхьэ...

 Шы ныбэпхри щIекъузэ...

 ЗэщIекъузэри ношэскъэ.

 Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,

Нартхэ ди Бэдынокъуэ...

Нартхэ ди лIы икъугъэ...

ЛIыхъур ныдошэсыкIри.

Шы пэбзийм кърихумэ...

Гъуэгу напщIэр елыгъуэ.

 Хьэ самыр кIагуитIри...

 И бгъуитIым щоджэгумэ.

И бгъэ гъэсагъитIри...

 И щхьэм щоуфэразэмэ.

 Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,

Нартхэ ди Бэдынокъуэ!

И дамэ лъэныкъуэми...

 Дыгъэшхуэр къыщопсымэ.

 И дамэ лъэныкъуэми...

Уэсышхуэр къыщосмэ.

 Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,

Нартхэ ди Бэдынокъуэ...

Уэрирэ, уэрирэ, уарира!

Нартхэ ди л1ы икъугъэ.

Нартхэ гъуазэу къахуонэ!

Архивы
«« Июнь 2025 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
      1
2345678
9101112131415
16171819202122
23
24
2526272829
30      
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация