Kyara Блогер - Kyara

Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ Удз гъэгъам дэгъужхэр
Понедельник, 6 января 2014 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 4480
Подписаться на комментарии по RSS

Мы тхыгъэр хуабжьу си гу ирихьащ...


Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ
Удз гъэгъам дэгъужхэр


И щ1алэгъуэм ц1ыхубз гурыхьу щытауэ къыщ1эк1ынущ Даринэ. Къыбощ1э ар: ц1ыхубз псыгъуэ к1ыхьыр сытым дежи гуф1эжу, дунейм къыщыхъу псори зыф1эхьэлэмэт сабийм хуэдэу и напщ1эр 1этарэ, и нит1ыр къилындык1ыу, щ1ыфэ хужь щабэм хуэщ1ыхуфэу къызэпхырыщ лъынтхуэхэм, гурыщ1э щэхухэм кърахуэк1 лъы пщтыр ирижэр и 1эпкълъэпкъым иджэгухьыу, къызэщ1игъанэрэ нэк1ущхьэплъ гуак1уэ къищ1ыу… Даринэ и ныбжьыр илъэс тхущ1ым ф1эк1ами, дэтхэнэ ц1ыхубзыщ1э ц1ык1ум пеуэфыну зэк1элъык1уэщ, къабзэлъабзэщ. Хъыджэбз 1эпкълъэпкъщ, лант1эщ. Зэи лъхуакъыми, и бгыр зэрыпсыгъуэу къэнэжащ, и бгъэ ц1ык1у хъуэпсэгъуэр мащ1эу и бостейм къыдощ. Дунейм иджыри къэс имылъэгъуа тхьэ1ухуду пхужы1энкъым, пц1ыр сытк1э щхьэпэ, ауэ ухуемыплъэк1ыжынк1э 1эмал имы1эу, гуак1уэщ. Гуапэщ. 1ущабэщ, бзэ1эф1щ. 
Апхуэдэхэр сыту ямышэрэ?! Щхьэ унагъуэ яхуэмыухуэрэ? Ц1ыхухъухэр дэнэу п1эрэ здэплъэр, Даринэ хуэдэхэм ф1эплъык1ыурэ?! Ар псори насып 1уэхущ, гъащ1эм къызэрыпхуихьщ. Зэрытщ1эщи, насыпыр – хьэжьщ, къыздыкъуэхунури пщ1энукъым. Мис, Даринэ «и жьыщхьэ» къызэрыхукъуэхуам хуэдэу. Пэжкъэ-т1э, и жьыщхьэкъэ?! Абыи узэреплъщ. Щы1эщ къуажьэдэс фыз, илъэс тхущ1ым деж и нэк1ур зэрыщытк1э зэлъарэ и фэм имытыжу, и тхыр лэжьыгъэм къигъэшауэ. Нысэхэр я1эжу, къуэрылъху-пхъурылъхухэми яхэплъауэ, уеблэмэ абыхэм я быныжи зылъэгъуа. Абыхэм я гъащ1эр щызу жып1э хъунущ, ц1ыхубзым илъэгъун хуей псори ялъэгъуащи. 
Щы1эщ Даринэ хуэдэхэри. Я ныбжьыр илъэс щэныкъуэм щхьэпрык1ами, хъыджэбз ц1ык1уу, къагъэщ1эну псори иджыри къапэщылъу, зэфэну псыр иджыри къэмыжауэ къащыхъужу. Къащыхъужу! Абы къик1рэ-т1э, унагъуэ яхуэмыухуамэ, быным и 1эф1агъыр зэхамыщ1амэ, къуэрылъхуи ямылъэгъуамэ, я гъащ1эр щымызу, мыгъащ1эу?! Насыпыр ара къызэрапщыр? Сыт насыпым пщалъэ хуэхъур?
Даринэ щхьэзакъуэщ, ади-ани и1эжкъым, дэлъху-шыпхъухэр унагъуэщ, щхьэхуэщ. Мыр и анэжь и гъусэу игъащ1э лъандэрэ псэуащ, к1элъыплъу, зрихьэу. Иужьы1уэк1э, Даринэ лэжьап1э 1утт, махуэ псом бгъэдэсыфтэкъыми, пщ1эк1э ц1ыхубз къищтэри, игъэлэжьащ. Къалэдэсхэр аракъэ, зэманым дожэ, къэувы1эу ф1ыуэ ялъагъухэм гу щахуэну, 1эпл1э хуащ1ыну, лейуэ псалъэ гуапэ жа1эну яхущ1ыхьэркъым. Зэрыжа1эмк1э. Бгъэкъуаншэ хъуну къыщ1эк1ынкъым. Арами… Уи анэр. И л1эгъуэр къызэрысар на1уэу. Сымаджэ хьэлъэу. 
Даринэ езым и щхьэ 1уэхуи зрихуэн хуейтэкъэ-т1э?! Махуэ псом лэжьап1э у1утрэ, пщыхьэщхьэм анэ сымаджэм ухуэп1ащ1эмэ, ф1ыуэ плъагъу ц1ыхухъум ущыхуэзэнур дапщэщ?! Ц1ыхухъу! Ф1ыуэ плъагъум… Ц1ыхухъу… Арай Даринэ лъэтэным хуэдэу дамэ къытек1ауэ уэрамым къыщ1ырик1уэр иджыпсту! Арай ар иужьрей зэманхэм нэхъри нэхъ зык1элъыплъ щ1эхъуар, нэхъри зыщ1игъэдахэр, зэманым дэк1уэда, п1ащ1э хъуа и дамащхьэм телъ щхьэц ф1ыц1афэ тец1уук1ыр игъэунт1ырэзрэ къигъэбатэу, и нэк1ур къыщ1рилык1ыр. Мащ1эу нэхъ уэди хъуа хуэдэщ, и зек1уэк1эр нэхъ хуэмщ, зы мыхъумыщ1э (сыт щ1эмыхъумыщ1эр?!) гуэр къы1эщ1эщ1арэ абы ириук1ытэжам хуэдэу, ц1ыплъ хъуауэ и нэм къык1эщ1оплъ. Погуф1ык1… 
Хьэсэн хуэзауэ къыщ1эк1ынщ лэжьап1э нэужьым. Аращ! Мес, и щхьэцыр мащ1эу ехуэк1ащ, и 1упэлэри к1эрылъыжкъым, и пщэр плъыжьщ, и жьэпкъыпэр шыпсыранэ сахуэм хуэдэу къилъэлъащ. Псоми гу лъатащ Даринэ деж зы щ1алэщ1э дэгъуэшхуэ къызэрык1уэм, пщ1ант1эм къыщапсэлъ, гъунэгъухэм зэхуа1уэтэ. Ар дауэ, и бын хуэдэщ къык1элъык1уэр, мыук1ытэжыххэуи и щыгъын хуижьыщ1ыурэ, къредз. Унэ к1уэц1ми щигъэгъущыфынут ахэр, ауэ, бгъэлъэгъуэн хуейкъэ-т1э. Сэри зыгуэрым ф1ыуэ сыкъелъагъу, сыщхьэзакъуэкъым жыхуи1эу. Иджыри къэс Даринэ псоми егупсысащ и щхьэ къыщинэмыщ1а, и анэм к1элъыплъащ, иджы и щхьэ, и 1эпкълъэпкъ, и гурыщ1э хуэпсэужыну хуиткъэ?! Е бынкъым, е унагъуэкъым. Нобэ къытехуэрэ л1эмэ, Хьэсэн дилъэгъуа 1эф1ымрэ абы хуи1э лъагъуныгъэмрэщ мы дунеишхуэм здытрихыфынур. 
Аращ иджыпстуи Даринэ зэгупсысыр – Хьэсэнщ. Я зэхуаку дэлъаращ. Лэжьап1э нэужьым зэхуэзат. Щ1алэм 1уэхушхуэ и1эт, ныщхьэбэ Даринэ деж къэк1уэфынутэкъыми, зыи мыхъу, дакъикъипщ1 хуэдизк1э дызэрылъэгъунщ жа1эри, зэгуры1уат. Зэрызэрылъагъууи захуэ1ыгъакъым… Даринэ Хьэсэн и машинэм зэрит1ысхьэу зыкъришэк1ри… Апхуэдэ дыдэу ф1ыуэ къилъагъуу п1эрэ? Хьэмэрэ… Сыт-т1э, Даринэ къыпихыфынур абы, ф1ыуэ къимылъагъумэ?! Е мылъкукъым, е лъапсэкъым, е дыщэкъым. 
Даринэ щэхуу ирогузавэ абы. Щизакъуэхэм деж йогупсыс, абы и бэлыхьми еук1. Хьэсэн щ1алэщ, щ1алэ дыдэщ. Илъэс щэщ1рэ пл1ырэ хъууэ аращ. Абы и ныбжьымрэ и дахагъэмрэ и 1эпэ зыхуиший пщащэр къыдэк1уэнущ ик1и къыдихьэхыфынущ, ауэ Даринэ и гъусэщ. Сыт щхьэк1э? Сыт щхьэк1э? А упщ1эм псэуп1э къаритыркъым хьэблэ хъыджэбзхэм, Даринэ къык1элъык1уэ щ1алэр зылъагъухэм. Къыхузэгуоп. Зэгуоуд, уеблэмэ. Щхьэ Даринэ, щхьэ сэрмырарэ? И къуэ хуэдэщ, на! Ук1ытэжыхэкъым фызыжьыр. Тхьэм ещ1э ар абы къызэрыдихьэхамрэ зэри1ыгъ щ1ык1эмрэ. 1эзэм к1уэуэ къыщ1эк1ынщ…
Арами, Хьэсэн къок1уэ. Даринэ щ1эмысми, къы1ухьэурэ шэджэгъуашхэ щищ1и къохъу, жэщк1и къонэ. Машинэр къыщищэхуам, псом япэ Даринэ деж къэк1уат, къригъэлъэгъуну. «Сыту дахащэ, си псэ! Угъурлы ухъу! Ф1ыгъуэк1э тхьэм куэдрэ уузыншэу уригъэс!», - жи1эу, и нэк1убгъум ба зэрыхуищ1ыжами гу лъатащ. «Щ1алэжьыр и1ыгъын щхьэк1э, машинэ къыхуищэхуащ», - жызы1ай къахэк1ащ гъунэгъухэм. Сыту ф1ыт ар Даринэ зэрызэхимыхар, к1уэц1ырыхунти! Дэнэ апхуэдэ ахъшэ къыздрихынур къыхуищэхуну л1эжтэми?! Къызэрыгуэк1 лэжьап1эщ зы1утыр… 1эщ дохутыру аращ.
Щ1алэм и теплъэр Даринэ и нэгу къыщ1оувэ. Мащ1э дыдэу тхъугъэ зыхидза щхьэц ф1ыц1э 1увыр, сытым дежи ек1уу щ1эща жьак1э мащ1эр, дэбгъуэну зы мэскъал зыхэмылъ и 1эпкълъэпкъ уардэр, нэ ф1ыц1э дахэр, 1упэ плъыжь 1эф1ыр… Джинс щ1ыху зэвыр, 1эпкълъэпкъым ек1уал1э джанэ хужьыбзэр щыгъыу, нэгъуджэ ф1ыц1э 1улъу машинэм къик1ауэ, Даринэ къыщыхуэк1уэк1э, мыдэ, кином къыхэк1а щ1алэу у1уоплъэ. Иджыри къэс ишэча закъуэныгъэмрэ псэ гугъуехьымрэ пэк1уэжын насыпу гъащ1эм къритыжат а ц1ыхухъур. Ипэхэм, дауи, ц1ыхубзыр и ныбжьым теук1ытыхьыжт, сэ сыхуэфащэкъым абы, ар нэхъыщ1э1уэщ зыхуейр жи1эурэ, зыщхьэщигъэк1ыну хэтт, ауэ мис, зэрыхъуа хъуащ. 
Даринэ етхуанэ къатым хуэму док1уеиж, 1унк1ыбзэр 1уех, унэ нэщ1ым щ1охьэж, блыным ф1эдза гъуджэшхуэм йоплъэ, зыщогуф1ык1ыж… Сыхьэт ныкъуэ и пэк1э ф1ыуэ зэрылъагъуит1ым я зэхуаку дэлъам и дамыгъэу жьэпкъ къилъэлъамрэ и пщэм къытена плъыжьыгъэ мащ1эмрэ къелъагъури, «хьым» же1эри, нэхъри погуф1ык1, ук1ытэжауэ, и нэгу имыплъэжыфу, сумк1эр щ1ым къыщенэри, зигъэпск1ыну ваннэм мак1уэ. Гъэмахуэ хуабэмрэ лъагъуныгъэ лыгъэмрэ къигъэпщ1энт1а 1эпкълъэпкъым ф1эф1щ псы хуабэнэпц1ыр. Къиукъубея гурыщ1эхэр егъэщ1ы1эты1э, уэгум иджэрэзыхьа гупсысэхэр егъэзэгъэж, бгъэм къипк1ыну хьэзыр гу пык1эзызык1ыр еубыдыж… 
«Нобэ махуэкущ. Мамэ жьэрымэ хуэзгъэуакъым 1эджэ щ1ауэ. Тхьэв т1эк1у сыпщынщи, зыи мыхъу ди къатым тесхэм яхуэзугуэшынщ. Дэнэт а тхылъымп1э к1апэр здэсхьар?! Ар симы1эмэ, схуэпщынукъым. Сщ1эжкъым зэрапщ, халъхьэхэр… Аращ, пщ1эф1эныр анэм пщхьэщихамэ, псори хьэзыру унэм укъек1уэл1эжу уесамэ. Мамэ! Си мамэ дахэ! Сыту укъысхуэт! Сыту куэд пхуэс1уэтэнут сэ уэ. Сытегушхуамэ. Си ф1эщ хъуркъым узи1эжатэми, сытегушхуэу, Хьэсэн и гугъу пхуэсщ1ыфыну, арщхьэк1э…
Хьэсэн… Хьэсэн сыхуэзат нобэ. Хьэуэ, нобэ жьэрымэ 1уэху зесхуэнкъым. Гуэныхьщ. Адрей махуэкум! Гук1и, псэк1и, акъылк1и сыкъабзэу… Хьэсэн къигъэна щыгъынхэр зжьыщ1ынщи нэхъыф1щ нобэк1э». 
Езыр шхэн хуейуэ ищ1эжрэ сытми?! Емыдзэкъауэ, и щ1асэл1ым хуэжьыщ1энущ. Ел1эл1апэу, зы бжьыгъэ ц1ык1у къызэрыримыгъэнэным пылъу мэжьыщ1э. Апхуэдэ дыдэуи, мыушхуп1ын хуэдэу, хуэсакъыпэурэ екъузыжри, дахэу к1апсэм иредз. Аргуэру. Псоми къалъагъуу. Нэчыхьыншэ, ц1ыхубз щхьэзакъуэм и к1апсэм ц1ыхухъу щыгъын къредз. Гъуэншэдж, джанэ, щ1агъщ1элъ нэгъунэ. Ахэр пэшым щигъэгъущами ягъэ мык1ынт. 1уэхукъым. Псоми къащ1эну арэзыщ. Ар дыдэращ зыхуейри. Даринэ и чэзу къэсащ иджы насыпыф1э хъуным. Хуиткъэ?! Къилэжьакъэ?! Ик1и мэук1ытэ, зэми ц1ыхум къыхужа1энур къыф1э1уэхукъым. И к1эм и к1эжым, жылэм Даринэ ф1эк1 1уэху я1экъэ, езыхэр зык1элъыплъыжмэ, я напэр къыщ1исык1ын 1эджи якъуэлъщ, аддэ, гу лъабжьэм щыгъэпщк1уауэ. Мыбы, зыи мыхъу, зигъэпщк1уркъым, зыми пц1ы хуиупсыркъым. 
Аргуэру гуджэм йоплъэ. Мыр сыт? И нэ1ум зэлъаигъэ къытридзащ! Дэнэ щы1э кремыр? Апхуэдиз ахъшэ ириту къищэхуа, зэлъар зышэщ1ыщ хущхъуэ лъапсейр. Псынщ1эу, и 1эхэр зэщ1эк1эзызэрэ жып1эу, сумк1эм йот1ыхь. Къретхъу. Мис! Куэду щехуэ и нэк1ум. Хуэсакъыпэу, нэхъри и фэр химышыну, щабэу трелъащ1э. Пщэдджыжь хъуху хэгъуэщэжын хуейщ, ауэ ныщхьэбэ Хьэсэн къэмык1уарэт, хущ1егъуэжу. Мыпхуэдэу къимылъэгъуамэ арат. И гур къыщык1ынщ. Къэмык1уэми хуэзэшынущ, ет1уанэ махуэр къыхуэмыгъэсу, зигъэджэрэзу нэху къек1ынущ. Сыту бэлыхь мыбы и 1уэхур! Дауэ адэк1э зэрыхъунур? Дауэ жьыгъэм зэребэнынур? Илъэс пщык1уийк1э езым нэхърэ нэхъыщ1э щ1алэр зэри1ыгъынур дауэ, мыпхуэдэ гузэвэгъуэр телъу? Нэхъ щ1алэ, нэхъ дахэхэмк1э еплъэк1ын щ1идзэмэ, щэ? Даринэ ц1ыхум яф1эдыхьэшхэну утыку къинэмэ, щэ? Гува щ1эхами аращ къэхъунур. Сыт, псалъэм папщ1э, илъэсипщ1 дэк1мэ ищ1энур. Сыт хуэдэ щ1ык1эк1э жьыгъэр къызэригъэувы1энур, сыт къигупсысынур? Хьэсэн бын хуейкъэ, щ1эблэ и1эн хуейкъэ?! Сыт абы Даринэ иритыфынур и лъагъуныгъэм къыщинэмыщ1а?
Нобэрей махуэ 1эф1ыр ц1ыхубзым къытоунк1ыф1э апхуэдэ гупсысэ мыфэмыцхэр и щхьэм къызэриджэразэу. Лъэныкъуэк1э къоплъ и 1уэхум. Пэжу, сыт зыщыгугъыр? Гузэвэгъуэр телъу жьыгъэм ебэн ц1ыхубзым сыт апхуэдизу гурыхьу Хьэсэн къыдилъэгъуар, жи1эр пэжми, ф1ыуэ къыщ1илъэгъуар? Ц1ыхуф1щ, гуапэщ, щабэщ, пэжщ. Ауэ, ар куэд? Упщ1э, упщ1э, упщ1э… Упщ1э защ1эу зыхэлъщ Даринэ и нобэри и пщэдейри. И гур зыхуешэ, и 1эпкълъэпкъыр зыщ1екъузэ зы пэж гуэр къылъэщ1охьэри. Зыгуэр ещ1эн хуейщ мы ди 1уэхум, зыпыгъэк1ын хуейщ Хьэсэн… Илъэс бжыгъэ хъуауэ къок1уэк1 я 1уэхур. А илъэсхэм къриубыдэуи и теплъэм, и зэлъэныгъэхэм, и щхьэц тхъуам щэхуу иримыгу1эу зы махуэ хуиту «уэху» жи1акъым. Зэманыр к1уэху нэхъ 1ей хъуну аращ. Хуэхьыжкъым. Хуэхьыжкъым а гупсысэ ф1ыц1эхэр, хуэхьыжкъым Хьэсэн зыпыгъэхун зэрыхуейри. Хузэф1эк1ынукъым. Зыгуэр щ1эн хуейщ, ауэ сыт? 
Абы хэту и жып телефоныр къозу.
- Даринэ, сызэримыгугъауэ, нэхъ псынщ1эу хуит сыкъэхъужащ. Сынок1уэ, - же1э ц1ыхубзыр делэ зыщ1 макъым.
Щымщ. Жи1энур ищ1экъым.
- Даринэ, сызэхэпхрэ? Сынок1уэ сэ.
- Нт1э, нт1э, узэхызох, Хьэсэн. Къак1уэ, - сы1эмалыншэщ, «хьэуэ» бжес1эфынукъым жыхуи1эу, и макъыр пымэхык1ыу. 
Телефоныр егъэт1ылъыжри, и сумк1эмк1э мэп1ащ1э. Псынщ1эу пудрэ зыщехуэ (нет1э къихута зэлъаигъэр хигъэгъуащэу), нэбжьыцыр пелык1, къэрэндащыр и набдзэм ирегъажэ, и 1упэр мащ1эу къегъэц1ыплъ, дыху т1эк1у зытреутхэ. И 1эр! И 1эми крем ф1ыуэ щехуэри, и1уэтурэ шэнтым йот1ысэх. Зимыщ1эжу е1уэт и 1эр. Сэбэп хъуну сытми Хьэсэн къэсыху. Щабэу щытын хуейщ и 1эхэр. Данэ хьэлат щ1ыху к1ыхьыр, щ1ым хилъафэрэ жып1эу, ипкъ псыгъуэм ешэк1ащ, и щхьэц ф1ыц1афэри дахэу ижьащ (дыгъуасэ ири1а къудейщ). И ныбжьыр 1уэхушхуэу и акъылым ит1ысхьащ, армыхъумэ, Даринэ иджыпсту узы1эпишэрэ узэщ1ишэу дахэ дыдэщ. Мы дунейм теткъым апхуэдэ ныбжь и1эу къызэрыпщ1эн. Арами… Мэгу1эж. 
Бжэм зыгуэр къот1ыркъ. Хьэсэну къыщ1эк1ынщ. Иджыпсту къезыхуэк1а гупсысэ къомыр бзэхыжащи, зимыщ1эжу бжэмк1э мажэ. Хуоп1ащ1э и щ1асэл1ым и 1эпкълъэпкъ иным зришэк1ыну, ц1ыхухъумэ гуак1уэ къызык1эрихым. И щхьэц 1увым нэк1ук1э зыхи1убэну, и нэгубгъум ба хуищ1ыну, «къеблагъэ, си псэ» псалъэхэми дэк1уэдыну. Хуопащ1э…
И щ1асэл1ыращ, пэжу. И нэгу къызэрыщ1игъэхьам хуэдэщ псори: Даринэ щ1алэм и щхьэц 1увым нэк1ук1э зыхе1убэ, и нэгубгъум ба хуещ1, «къеблагъэ, си псэ!»… 
Жэщыр 1эф1щ ик1и к1эщ1щ, ф1ыуэ зэрылъагъуит1ым я дежк1э. Мис, иджыри аращ. Жэщыр 1эф1щ ик1и к1эщ1щ. Мы дунейм нэгъуэщ1 зыри теткъым а т1ум нэмыщ1. Мы дунеижьыр яф1эмащ1эщ. Зыри ищ1эжыркъым Даринэ, зыми егупсысыжыркъым ик1и иригузавэркъым, Хьэсэн къыщыбгъуэдэлъым деж. Даринэ пщэдджыжьк1э нэхъ жьыуэ къызэщоури, щ1алэр зэрыжейм йоплъри хэлъщ. Нэк1э йодэхащ1э, лъэ1эсрэ къигъэушынк1э шынэу. Арами, зыхуэмышы1эу, щ1алэм и напэм и 1э щабэр делъэри, псынщ1эу зыщ1еупщ1эж. Ит1анэ зыкъещ1эж, зыкъе1этри, ваннэм мак1уэ. Аргуэру гъэпщк1уауэ зилэнущ, и щхьэцыр ижьынущ, дахэу зыкъихуэпэнущ, пщэдджыжьышхэр игъэхьэзырынурэ, Хьэсэн къигъэушынущ. 
И гур т1ууэ зэгуоч Даринэ. Лъагъуныгъэ гуащ1эмрэ жьыгъэр къызэрытек1уэм и бэлыхьымрэ зэпэщ1эувауэ, ц1ыхубзым игу тхьэмыщк1эр ячатхъэ. Мы дунеягъэк1э и1эу хъуар итынт Хьэсэн къыщиц1ыхуа махуэр и гъащ1эм къыхэмыхьэн папщ1э. Нэхъыбэжи итынут, и щ1алэгъуэмрэ и лъагъуныгъэмрэ ихъумэн щхьэк1э.
Даринэ и лэжьэгъуэ махуэм нэхъ жьыуэ щ1едзэри, нэхъапэ щ1ок1. Хьэсэн иджыри зы сыхьэтк1э зи1эжьэми хъунущ. Ц1ыхубзыр унэм къызэрыщ1эк1ыу, зы къатк1э и лъабжьэм щ1эс пщащэм 1уощ1э. 
- Уи пщэдджыжь ф1ыуэ, Даринэ! – хьэлэмэт гуэру къыпогуф1ык1, ц1ыхубзым теухуауэ зы щэху гуэр ищ1эм хуэдэу. 
- Нэхъыф1ыжу! – ук1ытауэ и нэр егъэпщк1у. 
Сыту п1эрэ апхуэдэу щ1ыпыгуф1ык1ар?! Сыту 1энкун сищ1а. Сыту п1эрэ къыздилъэгъуар, хьэмэрэ, зэхихар?! Иджыри къэс схъума си напэмрэ ц1эмрэ си жьыщхьэ щхьэ згъэуф1ыц1рэ? Мы унэ зытетхэм я блыныр п1ащ1эщ, ину упсчамэ гъунэгъухэм узэхах. Сэ…
Хъунукъым мыр 1уэху, къэувы1эжын хуейщ. Адэк1э 1уэхур слъэфыху, си гущхьэм щыщ1эр нэхъ шынагъуэж хъууэрэ мак1уэ. Ныщхьэбэ сепсэлъэнщ Хьэсэн… Къыгуры1уэн хуейщ. Ди 1уэхум зы к1э гуэр игъуэтыпхъэщ. 
Махуэр пшагъуэ 1увым хэтым хуэдэу хъарпщ1эру, и 1эпкълъэпкъыр ундэрэбжьарэ, и щхьэр «бэгауэ» и к1эм нос. Тегушхуащ. Нобэ к1э игъуэтынущ лъагъуныгъэ напэтехым. 
…Етухуанэ къатым, и лъэр илъэфыпэурэ, и фэр пык1арэ и нэпсыр щ1эзу, док1уеиж, унэ нэщ1ым щ1охьэж, блыным ф1элъ гъуджэшхуэм (и псалъэгъу, и щэху псори зыщ1э и ныбжьэгъу закъуэм) йоплъэ. И тэмакъым къыщ1эгъуэлъхьа уз ф1ыц1эм игъэбауэркъым, жьы къыпеубыд, и 1эхэр зэщ1ок1эзызэ. Гъуджэм къищ и нэ1ур ичатхъэ нэхъей и 1эбжьанэ жанхэр «хеук1э». Гъуэгу тетыху ишы1а и нэпсхэр уэру къыщ1ож, хуэмурэ йощэтэх. Лъэгуажьэмыщхьэу гъуджэм пэщысщ. И жьэпкъыр пок1эзызык1, и нэ1у дахэ т1эк1ур узым зэщ1ишащ… 
«Ук1уэц1ырыху! Уи лъэужьыр ямыгъуэтыжу къатиблк1э ук1уэц1ырыху, уэ жьыгъэр! Мы дунейр мыпхуэдизу дахэу къыщигъэщ1ым, уэ зыр мыпхуэдэу хьэлъэу, 1ейуэ щхьэ укъигъэщ1ат?! Дауэ сызэрыппэлъэщынур?! Си гъащ1э псор зэ1ыбгъэхьащ уэ, ямылъагъужыным. Си гъащ1эр… Гъащ1э псор… Ц1ыхубзыр аращ къызыхуигъэщ1ар – ф1ыуэ ялъагъуным, лъхуэным, п1эным, дахэу щытыным. Ауэ, плъагъурэ, удз гъэгъа дахэр гъужа нэужь хыф1адзэж, зыри хуейкъым и унэ щ1игъэтыну. Сытыт сыкъызыхуагъэщ1ар? Щхьэ дунейм сыкъытехьэхат мыпхуэдэ насып ц1ап1э ф1эк1 щызмыгъуэтыным? Сыт? Сыт укъыщ1ысщыдыхьэшхыр, сыт уэсщ1ар, сытк1э къэзлэжьа сэ мыпхуэдэ нат1э? Ы, гъащ1э, уэращ сызэпсалъэр! Сыт хуэдэми, зы жэуап гуэр къызэт, делэ дыдэ сымыхъу щ1ык1э!», - и макъыр 1этауэ, губжь хэлъу йопсалъэ гъуджэм. 
Куэдрэ мащ1эрэ щысами ищ1эжыркъым. Ауэ щысащ и п1эм ижыхьауэ, и нэ зыхэц1элар гъуджэм къытримыгъэк1ыу. Хьэсэн дыгъуасэ къигъэна и щыгъынхэр ижьыщ1акъым, 1эпэк1э е1усакъым, къызэрысу иритыжыну къыщ1эк1ынщ ахэри. Хуейкъым и лъагъуныгъэ «мык1уэмытэм, дыхьэшхэным» и фэеплъ зыри и унэ къринэну. Бжэм зыгуэр къытоу1э. Хьэсэнщ ар, нэгъуэщ1 хэт Даринэ къызыф1э1уэхужыр? Къехьэлъэк1ыпэу, апхуэдизрэ имыгъэхъейуэ зытеса и лъакъуэ ундэрэбжьахэр щ1эщ1эу, къотэджри, бжэр 1уех. Зридзакъым, 1эпл1э хуищ1акъым, «къеблагъи» жри1акъым, баи хуищ1ыхакъым… Уеблэмэ, къэк1уам и нэгум имыплъэххэу, и щ1ыбыр хуигъазэри, а зэрещ1экъуауэм хуэдэу и пэшым щ1ыхьащ. Гъуэлъып1э дзак1эм тет1ысхьащ, и теплъэм зык1и теук1ытыхьыркъым (Хьэсэн къызэриц1ыхурэ япэ дыдэ!), и 1ит1ыр и куэщ1ым щызэтрелъхьэ, и тхыр къэгъэршауэ щысми къыф1э1уэхукъым. Кърелъагъу апхуэдэуи. Зыи мыхъу, и гур къыщык1ынщи, къигъэзэжынкъым, жри1эну зигъэхьэзыра псори жри1эмэ. Хьэсэн къэу1эбжьащ. 1энкунщ. Къэхъуар къыгуры1уэркъыми, и 1ит1ыр едзыхауэ щытщ, и жьэр 1урыхуащ. Зыкъещ1эжри: 
- Сыт къэхъуар? – жи, адэк1э къыпищэнури, Даринэ и щытык1эр зыхуихьынури къыхуэмыщ1эу. 
- Хьэсэн… - и макъыр къок1эзызри, зыри къимык1ыжу, мэк1уэд.
- Сыт къэхъуар, Даринэ? Сыт къэхъуар? – ц1ыхубзым хьэмбы1уу бгъурот1ысхьэри, и 1э «псэншэхэм» щабэу то1эбэ.
- Уи хьэпшыпу мы унэм щ1элъу хъуар, зэрыщытк1э, зэрыщытк1э, зы къыумыгъанэу, зэщ1экъуи… Аф1эк1 укъэмык1уэ, укъэмыпсалъэ ик1и зыкъысхуумыгъазэ, - зи1ыгъыу, зэрымыгъыным, Хьэсэн илъагъуу и нэпс къызэрыщ1имыгъэк1ыным хэту. 
- Сыт ар щ1ыжып1ыр? Сыт къызыхэпхар? Сэ щхьэк1э зыгуэрым зыгуэр къыбжи1ауэ ара? – щ1алэ къэу1эбжьам зыри къыгуры1уэркъым.
- Хьэуэ, зыми зыри къызжи1акъым…
- Нт1э, сыт? Сыт къызыхэпхар мы жып1эр? Уи жагъуэ зыгуэрк1э сщ1а?
- Си жагъуи къэпщ1акъым, Хьэсэн. Уэ си жагъуэ нэхъ къэзмыщ1а мы дунейм теткъым, - къемыплъу.
- Даринэ, мыдэ къызэплъыт, кхъы1э! Къызже1э иджы. Сыт къыпщыщ1ар? – щэхуу.
- Хьэсэн, схуэхьыжкъым адэк1э. Схуэшэчыжкъым. Махуэ къэс, зы махуэ къэмынэу, си ныбжьым созауэ. Зэрысхузэф1эк1к1э, си къарум къызэрихьк1э. Уэ хуэдэ бын си1эн хуеят сэ, и чэзум унагъуэ сыхъуатэмэ. Сыкъэзыхъуреихьхэм саф1эдыхьэшхэнщ, ди гъунэгъу хъыджэбзыжь ц1ык1у нэгъунэ къысщодыхьэшх, тхьэм ещ1э, абыхэм сэ щхьэк1э жа1эмрэ я гугъэмрэ. Си шыпхъухэмрэ, си дэлъхумрэ сакъыгуры1уэркъым, къыск1элъык1уэжкъым, 1эщ1ыб сащ1ащ, и жьыщхьэ и напэ зытрехыж жа1эри, - зыхуэмы1ыгъыжу и нэпсыр къыщ1ож. 
Гур хигъэщ1у, зимышы1эжыххэу, зимыгъэфэрыщ1у, зимыкъузу магъ… Хьэсэни и гум техуэркъым, ф1ыуэ илъагъу ц1ыхубзым апхуэдизу и гур зэрыхэщ1ыр. Зэм и 1упэр зытрекъузэ, зэм и нап1эр ирехьэх, зэми лъэныкъуэк1э йоплъэк1, къэгубжь хуэдэу и щхьэр игъэк1эрахъуэу. 
- Укъэзыхъуреихьхэм жа1эра япэ ибгъэщыр, хьэмэрэ уэрэ сэрэ дызэхуи1э гухэлъра? – Даринэ и нэм щ1эплъэу же1э Хьэсэн. 
- Аракъым 1уэхур зы1утыр. Апхуэдэу упщ1эр умыгъэув, Хьэсэн, - зызэпилъэщ1ыхьу. – Сэ 1эджэми согупсыс, 1эджи зэхузогъэхъу, уэ уц1ыхухъущ, къыбгуры1уэнукъым а псор.
- Сыц1ыхухъуми, къызгуры1уэнщ, къызже1э.
- Соук1ытэ… Бжес1эфынукъым, - зыщ1ок1эзызэ.
Хьэсэн абы 1эпл1э хуищ1ыну мэ1эбэ. Даринэ идэркъым, зыкъе1этри, щхьэгъубжэмк1э мэк1уатэ и щ1ыбыр къэгъэзауэ. 
- Зыри къызгуры1уэркъым. Кхъы1э, делэ сумыщ1у, къызже1э 1уэхур зы1утыр. 
- Сэ… Сэ уэ нэхърэ ф1ыуэ сынэхъыжьщ, Хьэсэн. Си жагъуэ зэрыхъунти, зэманыр къысщыдыхьэшхри, нэхъапэ1уэк1э сыкъалъхуат. Дяпэк1э сэ жьы сыхъунущ. Жьы дыдэ. Уи нэхъапэ сыжэбзэнущ, сызэлъэнущ, къыбгуры1уэрэ? Сэ сыхуейкъым уэ ар плъагъуну. Апхуэдэу сыкъэплъэгъуну! Укъыстеук1ытыхьу. Уи анэ срагугъэу псоми, - и дамэщхьит1ыр дэуейуэ, зэщыджэу магъ. – Сыхуейкъым уиф1эгуэныхь сыхъуу, си жагъуэ къыумыщ1ын щхьэк1э, укъызбгъэдэсыну, уи зэман, уи гъащ1э, уи щ1алэгъуэ дахэр сэ къыстебгъэк1уэдэну.
- Сэ уэ ф1ыуэ узолъагъу, Даринэ. Нэгъуэщ1ми сыхуейкъым. Ик1и сыптеук1ытыхьыркъым, ик1и сыптеук1ытыхьынукъым. Мы жып1эхэр къызгуры1уэххэкъым, сыхуейкъым седэ1уэну. Псэк1э укъыхэсхауэ, сыпхуэныкъуэу, си гъащ1эр уэрыншауэ си нэгу къысхущ1эмыгъыхьэу аращ, армыхъумэ, уэ къэбгупсысхэм зэи си щхьэр хуэк1уакъым! 
- Сэри ф1ыуэ узолъагъу! Аращ ущ1эзут1ыпщыр, Хьэсэн. Ф1ыуэ узолъагъури, сыхуейкъым уи гъащ1э дахэр, уи ф1ыгъуэр сэрк1э бгъэк1уэдыну. Уэ бын ухуейщ, сэ сыпхуэлъхуэжыфынукъым, блэк1ащ си зэманыр. Ц1ыху згъэдыхьэшхыу, си ныбжь хэк1уэтам сылъхуэжыну къек1уркъым. Зэ л1эгъуэщ сщ1элъри, уи гъащ1эр зэрызмыуц1эп1ар сщ1эуэ сыл1эмэ нэхъыф1щ, уи закъуэ дыдэу укъэзгъанэ нэхърэ. Си гур къыумыт1эщ1, Хьэсэн, армырми си щхьэ мыгъуагъэ зэрыхуэсхьыжын куэд къызжьэдэк1ащ. Уи щыгъынхэр зэщ1экъуэжи, аф1эк1 зэи дызэхуумыгъазэ, - же1э хэкъузауэ, ауэ и нэпсыр къызэрежэхым хуэдэу. 
- Даринэ! Сэ…
- Уэ адэк1э жып1эным сыхуейкъым! Сэ сощ1э закъуэныгъэр зищ1ысыр, сощ1э быныншэу унэ нэщ1ым ущ1эсыныр зыхуэдэр, сощ1э уэ нэхърэ ф1ыуэ нэхъыщ1э гъусэ уи1эныр ц1ыхум къызэрыбдалъагъу нэр, фэ къуаплъыр. Аращ иджыри илъэс т1ощ1 къыстебгъэк1уадэрэ, сэ уи япэ сищмэ, зыри уимы1эу, утыку укъинэну сыщ1ыхуэмейр! Къыбгуры1уэрэ?! – и макъым зрегъэ1эт. 
Зыкъегъазэри, и щ1ыбым къыдэт, гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэт щ1алэщ1эм и нэ ф1ыц1эм щ1оплъэ. 
- Къыбгуры1уэрэ?! 
- Си гум щыщ1эр къыпф1э1уэхукъым, дауи! Сэ а псоми сызэреплъым ущ1эупщ1эркъым. Ди лъагъуныгъэм узэрелъэпауэр, си гум укъызэреуэр зыми щыщкъым, - и жагъуэ хъуауэ, мащ1эуи къэгубжьауэ къок1уэтыж Хьэсэн.
- Сэ нэхъыбэ къэзгъэщ1ащи, гъащ1эм нэхъ хызощ1ык1 жыс1эмэ, сыщыуэнукъым.
- Иджыри зэ ф1ыуэ егупсысыж бжес1эми…
- Зыри къик1ынукъым. Пэжщ. Уи хьэпшыпхэр зэщ1экъуэжи…
- Тэмэмщ! – зыри къимыщтэжу, зэмыплъэк1ыжыххэу, зы 1эпл1э закъуи хуимыщ1ыжу, къэгубжьарэ и пкъым имызэгъэжу къыщ1ок1ыж. 
Даринэ нет1э щет1ысэха дзак1эм мэт1ысыж. Хоплъэ. Гупсысэм хошыпсыхь. 
«Сыпык1ащ. Сыпык1ащ Хьэсэн. Зэи къигъэзэжынукъым. Сощ1э. Ар ц1ыху пагэщ. Абы хуэдэхэр ф1ы защ1эк1э п1ыгъыфу аращ. Сэ си щхьэм илъу хъуар хуэс1уэтащ, си ныбжьым сызэрытеук1ытыхьыр ф1ыуэ къыгурызгъэ1уащ, и гур къысщык1ауи къыщ1эк1ынщ. Сыту сыделэ! Ар щхьэ апхуэдэ дыдэу къыхэзгъэща?! Ц1ыхубз псоми ди зэхуэдэ щэхур на1уэ къэсщ1ащ… Сыхуитт? Сыпык1ащ. Сыпык1ащ. Сыпык1ащ…»
Гур пызылъэсык1 гупсысэхэм хэтурэ, мо еша, зи лъэм имы1ыгъыж ц1ыхубзыр 1урех. Куэдрэ жея, мащ1эрэ жея. Ищ1экъым. Ищ1энуи хуейкъым. Зэм зэ къызэщоу. Пщэдджыжь хуэдэщ. Пшэплъыр зэщ1етхъ. Аращ, пщэдджыжьщ. Къотэдж, и напэр къабзэу етхьэщ1, креми щихуэркъым, зилэкъым и щхьэци ижьыркъым. Ебэнынукъым аф1эк1 жьыгъэм. Куэдщ. Зэран хуэхъунукъым. Дэтхэнэм и лэжьыгъэр ищ1эжу тетын хуейщ мы дунейм. Шхэнуи хуеиххэркъым, уеблэмэ и къэжьын къок1уэ шхыным, гъащ1эм зэрегупсысу. Лэжьап1эм псэлъэнщ, зыи мыхъу зы тхьэмахуэк1э зыкъригъэут1ыпщынщ. Мыпхуэдэу ц1ыхухэм закъригъэлъэгъуну хуейкъым. Шынагъуэщ. Езыри и гум щыщ1эри. Жеинщ, зигъэпсэхунщи, гъащ1эщ1э щ1идзэжынщ. И ныбжьым къек1у гъащ1э. Хьэсэн хэмыту. Зип1ыт-зихузу, дэнэ деж сэхусэплъыт тек1ауэ п1эрэ, си нэк1ум аргуэру зэлъаигъэ къытридзауэ п1эрэ жи1эу мыгу1эу. Жып телефоныр егъэунк1ыф1, унэ телефонри къреч, бжэр егъэбыдэ, 1упхъуэхэр зэхуещ1, пэшхэр к1ыф1 ещ1ри, и лъэгъунэм зыщ1еубыдэж. 
Мэжей. Махуэ. Махуит1. Махуищ. Зэзэмызэ къотэдж, дауи, ауэ ищ1и ишхи щымы1эу мэгъуэлъыж. Унэр ф1ейми къыф1э1уэхукъым. Къыф1э1уэхужкъым. Япэхэм зэи игъэф1еякъым и унэ, зы мэскъал щымылъыныпхъэу зыщ1ып1и щигъэлъынутэкъым. Иджыпсту… Щырелъ хуейми. Дунейр ирекъутэж. Къыф1э1уэхукъым ари. Абы Хьэсэн и1эжкъым. Ар и акъылым нэсащ, къык1элъэщ1ыхьащи, еук1. Хьэсэн… Хьэсэн и щыгъынхэр къищтэжакъым! Къищтэжатэкъым! Къыщолъэт, уэздыгъэр пегъанэри, делэ хъуам ещхьу къэдэгъэжхэр къыдетхъу. Мэлъыхъуэ. Хьэсэн и щыгъын мэлъыхъуэ. Зыи мыхъу и мэ гуак1уэр зэ закъуэ къыщ1ихьэжынщ. Мис и джанэр. Ижьыщ1ыну хунэсатэкъым. Сыту ф1ыт! Сыту ф1ыуэ имыжьыщ1арэт! Махуэ зыбжанэ хъуауэ зыщимыха хъэлатыр лъэныкъуэк1э иредзэк1ри, Хьэсэн и джанэр щет1агъэ, и пщамп1эр дришейуэрэ, йопэм. И нэпсыр къожэх. 
«Сыту сы делэ. Сыту сы делэ дыдэ! Мы зэрызысщ1ыр сыт? Хъыджэбзыжь ц1ык1у нэхъей…».
Къызыхуогубжьыжри, джанэр щихыжыну хуожьэ. Ит1анэми, и псэм идэркъым, псэм зигъэнщ1акъым, акъылыр къэуш хуэдэу хъуами. Щимыхыу, мэгъуэлъыж. Шхы1эн лъабжьэм зыщ1еуфэ аргуэру. Гъыурэ. Гъуэгыурэ. Гъунэгъухэм зэхахыу п1эрэ? Къыф1э1уэхукъым ари. Зыри къыф1э1уэхужкъым. И гъащ1эм псоми егупсысу, езым зыри къемыгупсысыжу ек1уэк1ащ. Иджы хуитщ зэрыхуейуэ зищ1ыну, зыми щхьэк1э мыгузавэу. Хьэлыншэнуми, щ1ык1еинуми, гъынуми, к1иинуми хуитщ. Адрейхэр хуити! Дарини хуитщ! Бжэм зэ-т1эу зыгуэр къет1ыркъауэ къыщыхъуащ. Нт1э, сыт? Сыхуейкъым зыми. Сыхуейкъым зыри слъагъуну.
Махуэхэр ибжыжкъым Даринэ, сыхьэтми еплъыжкъым. Сытк1э ищ1ыну? Абы Хьэсэн и1эжкъым. И гъащ1э псом къриубыдэу зэ закъуэ, зэ закъуэ ц1ыхухъу ф1ыуэ илъэгъуат. Игук1и и псэк1и ф1ыщэу илъэгъуат, ил1ык1ыным хуэдэу. Ари, мис, 1эщ1ыб ищ1ын хуей хъуащ. Зэи зыри и1акъым Даринэ. Хы 1уфэм зыщигъэпсэхунуи к1уакъым, къэралщ1ыбми зэи ебэкъуакъым, мы дунейм илъэгъуаи щы1экъым. Къритатэкъым гъащ1эм апхуэдэ тыншыгъуэрэ ф1ыгъуэрэ. Зы лъагъуныгъэ закъуэ къы1эщ1эк1ати, ари ц1ыхум яф1эдыхьэшхэну къыщ1эк1ащ. Напэтехыу. Гъащ1экъутэу. 
Гъунэгъухэр… Ахэр къык1элъыплъти Даринэ. Гуф1энщ. Я псэр тыншыжынщ хьэблэ хъыджэбзхэм. Я гур къытезэгъэнщ «фызыжь делэм». Хьэуэ-т1э! Апхуэдэ тхъэгъуэ абы яримытын. И нит1ыр къыщихуауэ къыщолъэт Даринэ. Хьэсэн и щыгъыну къигъэнауэ хъуар зыщ1екъуэри, зэрыжьыщ1э машинэм иредзэ, еут1ыпщри, щхьэгъубжэ1упхъуэхэр 1уехыж. Ахэри ижьыщ1ынщ, нэхъ нэхутхьэху къищ1ынщи, къыф1идзэжынщ. Унэри зэлъы1уихынщ, къабзэу. Лы игъэжьэнщ, пщэф1ап1э щхьэгъубжэр 1уихынщи, жьэрымэ 1эф1ыр уэрамымк1э ихун хуэдэу. Зигъэкъэбзэнщ, зыкъилэнщи, тыкуэным ехынщ. Иджыри къэс сыту удмылъэгъуарэ жа1эрэ, гъунэгъухэр къыщеупщ1к1э, Хьэсэн сэрэ зыгъэпсэхуак1уэ дыщы1ащ дызэгъусэу яжри1энщ. Зыхуей дыдэр ира1уатэ ит1анэ. 
Игу зэрырилъхьам хуэдэу, унэр зэлъы1уех, лы егъажьэ (щхьэгъубжэр зэ1ухауэ), зегъэпск1, зыкъегъэдахэри, Хьэсэн и щыгъын жьыщ1ахэр к1апсэм иредз. Абы хэту, бжэм зыгуэр къытоу1э…
Даринэ и гур йохуэх. Хьэсэн къэк1уауэ, и жагъуэ зэрищ1ар теужауэ къыщохъу. И п1эм ижыхьащ, ищ1энур ищ1экъым. Бжэм адэк1э къыщытыр 1ук1ыжыну игу илъ хуэдэкъым. Нэхъри нэхъ иныжу къытоу1э. Къытрекъутэ. Даринэ тогушхуэри, бжэр 1уех. Щытщ… Ц1ыхубз ику. Къек1ущ, зы1эщ1элъщ, щхьэц ф1ыц1эр щхьэхум щышыхьащ. Езым и ныбжьынщ, хьэуэ, т1эк1у нэхъыжьынщ. Зыщ1ып1э щилъэгъуам хуэдэщ. Иц1ыхуу къыщохъу. Дауэ мыхъуами, и нэгум иц1ыху гуэр илъщ. Езыри къоплъ. Къызэпеплъыхь, уеблэмэ. Гузэвэгъуэ гуэрым и нэгум къощ, щтэ1эщтаблэщ. Жи1эну1ами, темыгушхуэрэ, къыхудэмышейрэ?!
- Даринэр уэра? – щэхуу къыжьэдок1 иужьым. 
Ц1ыху гуапэщ. 
- Сэращ, - пыгуф1ык1ыну хэтщ Даринэ. 
- Сэ… Сынопсэлъэну сыхуейт, - ук1ытэу.
- Къысхуэгъэгъу, дызэрыц1ыхурэ?
- Сэ Хьэсэн срианэщ, - нэхъыщхьэ дыдэр жи1ащи, и гур дэпсэхуа хуэдэу ину къыхощэтык1. 
- Къыщ1ыхьэ, - Даринэ йок1уэтэк1ри, фызыр къыщ1егъыхьэ. 
Мэшынэ. Ик1и мэук1ытэ. Сыту п1эрэ къыжри1энур, хьэмэрэ, зыгуэр къэхъуа?! Хьэщ1эщымк1э щ1ешэри, т1ури йот1ысэх. Зыри жа1экъым. Дарини, хьэщ1эми. Я нап1эр ехьэхауэ щысщ. 
- Къыщыщ1эздзэнур сщ1экъым, - мэгузавэ ик1и зекъуз хьэщ1эм.
- Уи гум илъ псори жы1э, сэ зыщ1ып1и сып1ащ1эркъым, - трегъэгушхуэ ик1и зэхихынум щошынэ Даринэ.
- Хьэсэн фэрэ фи 1уэхур къызэрежьэрэ, псоми сыщыгъуазэщ, мызэ-мыт1эу уи деж сыкъэк1уэну, си къуэм ук1эрык1ыну сынолъэ1уну сыхэтащ, пэжыр жыс1эмэ. Сытри сщ1энут, абы хуэфэщэн, и ныбжь ц1ыхубз ц1ык1у къишэн щхьэк1э. Си псалъэхэр уи жагъуэ мэхъу, уи гур имыу1эу къэнэнукъым, дауи, ауэ псори жыс1эну сыхуейт, - Даринэ къоплъ фызыр.
- Жы1э, - ук1ытэпауэ и щхьэр щ1ехьэ мыдрейми.
- 1эджэрэ депсэлъащ щ1алэм зэл1-зэфызыр. Пщ1ант1эм дэдмыгъэхьэжыну дгъэшынэну иужь дитащ. Зыри сэбэп тхуэхъуакъым, зыри къик1акъым ди псалъэмакъхэм.
- Сэ зыри хэсщ1ык1акъым абы! Тхьэ дыдэ, хэзмыщ1ык1а. Зэи зыри къызжи1акъым абы теухуауэ. Къызгуры1уэт, дэтхэнэ анэми езым и ныбжь и къуэм пэшэгъу зэрыхуэхъуар ф1эф1 зэрымыхъунур, ауэ…
- Нэхъ 1еиж гуэр жет1ами, зыкъуигъэщ1энутэкъым. Уэри уощ1э абы и хьэлыр. Ауэ аракъым иджыпсту сыкъыщ1эк1уар. Нэгъуэщ1щ, - и нэпсыр къытелъэдащ анэм.
- Зыгуэр къэхъуа? – и гур щ1эпхъуащ Дарини. 
- Къэхъуащ. Хьэсэн зымахуэ аварэ хэхуащ… Къызэрызгуры1уамк1э, пщыхьэщхьэм псалъэмакъ фи1ащ. И фэм итыжтэкъым. Псалъэ жимы1эу, и пэшым щ1ыхьэри, пщэдджыжь хъуху къыщ1эк1акъым, зыри дызригъэпсэлъакъым. Ет1уанэ махуэм, лэжьап1э к1уэуэ машинэ гуэрым жьэхэуащ. 
- Псэу? – зимыгъэхъейуэ, жэуап къыпэк1уэным щышынапэу щ1эупщ1ащ. 
- Псэущ… Яхуэмыгъэхъужын дыркъуэ телъу къахуэгъуэтыркъым, ауэ… Зыкъищ1эжыркъым. Махуэ зыбжанэ хъуауэ и нэр къызэтрихкъым. Иджы сегупсысащ, уэ зыгуэрк1э сэбэп ухъуфыну п1эрэ жыс1эри, - и гугъап1э псори Даринэ къыхуэгъэзам хуэдэу къеплъащ.
- Сыт сщ1эн хуейр? – и нэпсым къызэпежыхь.
- Нак1уэ сымаджэщым. Къэмыплъэ щхьэк1э, жыт1эхэр зэхихыу, зэхищ1эу фэ изоплъ. Си быныр соц1ыхуж, фи иужьрей зэ1ущ1эм къик1ар дыркъуэшхуэ хуэхъуащ. Псалъэр удын мыгъущыну гум къытонэ. Абы ихьыжи щы1эщ. Кхъы1э, нак1уэ. Сынолъэ1у. Зык1и зэран сыфхуэхъункъым, фи зэхуакуи сыдэмыхьэну псалъэ узот. Уэ абы ф1ыуэ укъелъагъу, уэ нэмыщ1 зыми хуейкъым. Фызэдэпсэунщ, нэчыхь евгъэтхынщ. Быныншэу къэнэнущ жып1эрэ, къэфхьынщи, зеншэ гуэр фп1ынщ, ахэри адэ-анэ хуейщ. Псэк1э, к1уэц1к1э игъэв удынымрэ аварэм хихамрэ зэхыхьэжауэ, къимыут1ыпщу аращ. Уэ узэрыгъунэгъур зэхищ1эмэ, уи макъ зэхихмэ, зыкъищ1эжыну си гугъэщ. Си ф1эщ мэхъу! Адэк1э, дохутырхэм я 1уэхужщ. Сыт жып1эр?
- Нак1уэ. Сыхьэзырщ, - зызэпелъэщ1ыхьри, къотэдж Даринэ. 
И 1эк1э, и делагъэк1э щ1алэри иук1т, езыми зиук1ыжт. Псори зэхикъутэт бетэмалк1э. Зы мащ1э т1эк1у и1эжатэмэ, зэи хузэмыгъэпэщыжыну гъащ1ит1 зэ1ищ1эрти!
Даринэ щ1алэр зыщ1элъ пэшым щ1охьэ. Щылъщ. Сытым дежи къарууф1эу, нэжэгужэу щыта л1ышхуэр, къарууншэу, фэ пык1ауэ, зимыгъэхъейуэ, псэ хэти хэмыти къыпхуэмыщ1эу щылъщ. И щ1ыфэм ф1ыц1агъэхэр тезщ, и нэ1ум у1эгъэ дыжай и1эщ, къупщхьэ къутахэри и п1э ирагъэувэжащ. Псэун хуейт ауэ, зигъэхъейкъым. Даринэ и лъэм къызэрихьк1э абы хуэжэу къыщыхъурт, ауэ и лъакъуэхэр ерагъыу зэблихыу арат. Гъунэгъу хуохъу. И нэк1ум йо1усэ. Хуабэщ. Псэущ хуабэмэ. Уэху! Псэущ. Сыт и лажьэми, сыт хуэдэ уз хихами содэ, псэумэ. Дгъэхъужынщ, тхузэф1эк1 къэдгъэнэнкъым, ди къарум къихьыр хуэтщ1энщ псэу закъуэмэ. 
- Хьэсэн! Си псэ закъуэ! Къысхуэгъэгъу! Къысхуэгъэгъу! – едэхащ1эурэ. – Хьэсэн! – мэ1ущащэ. 
Щ1алэм и 1упэр мэп1эжьажьэ, зыгуэр жи1эным хуэдэу. И щхьэри мащ1эу мэхъей. Пщ1ыхь 1ей илъагъум хуэдэу и нап1эхэр зок1уэ. Ит1анэ къоплъэ. Къоплъэ… 
- Иджыпстук1э зыри жумы1э, Хьэсэн. Зыкъыщыпщ1эжак1э, адэк1э дохутырхэр къо1эзэнщ, нэхъыф1 укъэхъужынщ, - моуэ, 1эф1 гуэру, уи гур дэпсэхуу пыгуф1ык1ыу, и нэгум нэху къищу же1э Даринэ. – Псори и п1э изэгъэжынщ. Уи нэр зэтумып1э закъуэ…
Абы хэту дохутырыр къыщ1охьэ. Щ1алэм щхьэщохьэ, зэпеплъыхьри, и 1уэхур зэрынэхъыф1ыр къыгуры1уарэ, арэзыуэ Даринэ къыхуоплъэк1:
- Иджыри къэс дэнэ ущы1а?! 
Даринэ и щхьэр ирехьэх. Дохутырым зэран хуэмыхъуу къыщ1ок1, жэуап гуэрым ежьэу к1элындорым тет анэм хуогуф1э, псори хъарзынэщ жыхуи1эу, нэк1э къыгурегъа1уэ, 1уэхур зы1утыр, къызэтемыувы1эуи, сымаджэщыр ебгынэ. 
Гупсысэ къомыр аргуэру толъкъуну къытоуэ… Хьэсэн зыкъыщищ1эжак1э, ет1уанэу къытригъэзэжын хуейкъым а щытык1эм. Зыкъищ1эжащ. Даринэ и макъ зэрызэхихыу. Абы сыт къик1ыр? Къежьат. Ф1ыуэ къелъагъу. Пц1ы хэмылъу. Фэрыщ1агъ къыхэмык1ыу. Езыми елъагъу. И гъащ1эм нэхърэ нэхъыф1ыу. Аращ щ1ибгынэри. Хуейкъым, щ1алэм и насып къэк1уэнур икъутэну. Абы и гъащ1эм Даринэ хэтын хуейкъым. Иджыри къэс хэтами, игъэзэк1уэжынщ а 1уэхур. Езыр иджыри къэс закъуэу псэуащ. Л1акъым, хуэшэчащ. Иджыри хуэшэчынщ. Ц1ыхубзымрэ ц1ыхухъумрэ зыкъым. Ц1ыхухъур ц1ыхубзыншэу псэуфынукъым, и щытык1эри и псэук1эри фагъуэ, гурымыхь мэхъу. Ц1ыхубзыр и щхьэ к1элъоплъыжыфри, апхуэдэ дыдэкъым. 

Даринэ Хьэсэн япэ ищынущ, ар гуры1уэгъуэщ. Ит1анэ хэт и лъагъуныгъэ закъуэм к1элъыплъынур, хэт къызыхуигъэнэнур? Е бын хуилъхуфынукъым, зэманым дэщ1эрэщ1эфынукъым, дэгъужыну мыхъумэ. Дуней хабзэхэм зэи зыри пэщ1эувэфакъым, зыри тек1уэфакъым. Дарини жьыгъэм тек1уэнукъым. Абы и къарум къихьынур зыщ: Хьэсэн и гъуэгу тек1рэ, хуит ищ1ыжынырщ. Ц1ыхубз дахэ 1эджи щы1эщ, 1ущу, гуапэу, гурыхьу. Щ1алэу. Даринэрэ Хьэсэнрэ псэунщ… Зэрызу. Иут1ыпщынщ. Ф1ыуэ елъагъури, аращ 1эщ1ыб щ1ищ1ыр. Лъагъуныгъэм къару кърет. Къыгуры1уэнщ ар Хьэсэни, зэм зэ…

Архивы
«« Апрель 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
22
23
2425262728
2930     
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация