Бэрбэч Аслъэнджэрий Вячеслав и къуэр (1990, Старэ Лэскэн, иджы Анзорей къу., Лэскэн р-н) КъБКъУ-м и Нанотехнологиер электроникэм» и къудамэм щоджэ. Бэрбэчым и усэхэр республикэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ мызэ-мытIэу къытрадзащ, "Къудамэщ1э" (Эльбрус 2009), "Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр" (Эльфа, 2010) сборникхэми итащ.
ЩIэдзапIэ...
***
Дыгъэр зэ къыкъуэплъыжатэм,
Ди жыг цIыкIухэр къэгъэгъэнт,
ЩIыIэр пщIантIэм дэкIыжатэм,
Махуэ кIэщIхэр нэхъ кIыхь хъунт!
2005 гъэ
***
Бажэ цIыкIу
Бажэ цIыкIу, умыкIуэ къуажэм,
КъыпфIэщI щхьэкIэ уэ утхъэн,
Узэрелъэм хуэдэу куэбжэм,
Хьэр къуожэнщи уачэтхъэнщ.
Уи кIэ кIыхьу кхъуэщыныфэр,
Яубыдынщи пфIыпачынщ.
Бажэ шыру факъырафэ
Къомыр гъуэм хьэлэч щыхъунщ.
Абы нэхърэ мэз джэд цIыкIум
Уэ ещакIуэ, къохъулIэнщ,
МэжэлIащIэу уи шыр тIэкIум
Я гуфIэгъуэми хэхъуэнщ.
2005 гъэ
***
Си ныбжьэгъур
Си ныбжьэгъум сыти хуощIэ,
Къэхъуу щеш сэ ар сымыщIэ.
Мэкъуи йоуэ, зэщIекъуэж,
Гум ирелъхьэри ешэж.
Нащэ хесэ. Къабзэу епщIэ,
Зэрыхуейри псы ар ещIэ.
Къабзэлъабзэщ, укIытэхщ,
Iуэхуу щыIэм хуэмыщхьэхщ.
КъигъэкIахэм уехъуэпсэнущ,
«Сшхарэт ар», - жыуигъэIэнущ.
Къуэлэныжьхэу итщ хъарбыз,
Пхъэщхьэмыщхьэр жыгым пызщ.
Iэщ гъэхъункIэ утекIуэн –
ИIэщ куэду мэл, жэм, бжэн…
Мис апхуэдэщ ди гъунэгъур,
Мис апхуэдэщ си ныбжьэгъур.
2005 гъэ
***
Анэ насыпыфIэ
- Анэ, ущIэшхыдэр
Сыт, зыгуэр къэхъуа?
-Къэтщ уи къуэш, уи шыпхъур
ЩIыгъуу дэнэ кIуа?
КъокIуэкI гъунэгъу нанэ,
КъикIащ и гурыфI:
«Уи насыпщ уэ анэм,
УиIэщи быныфI.
КъапхъэнкIащ си пщIантIэр
Унэр къалъэсащ.
ЕхькIэ гугъу, мыпщIантIэ,
Лажьэхэу есащ!»
2006 гъэ
***
Си шыпхъу цIыкIу
Си шыпхъу цIыкIуу,
ЦIыкIунитIэ,
Ди гуфIэгъуэ,
Ди насып.
ТхьэIухуду,
Дыгъэ нэгуу,
Уафэ вагъуэ,
ГъащIэ нып!
2006 гъэ
***
ГъащIэ гъуазэу къысхуэблэнщ
Си анэ дэлъху Шагъыр Анзор и фэеплъу
Жыгым тхьэмпэ пытщ удзыфэу
Шэчэрыпсри, йожэх.
Сыбгъэдэту сэ и Iуфэм
Гуауэм си щхьэр ирешэх.
«Сыт къэхъуар?», - фыкъызэупщIым,
Сыпсэлъэфкъым, согувэж.
Анэ дэлъхум сэ и куэщIым
Сызэрисыгъар сощIэж,
Ауэ щIалэр щымыIэж...
Пасэ дыдэу, куэд мыхъуауэ,
ГъащIэ гъуэгур зэпычащ.
И унагъуи имыIауэ
Ар Алыхьым тIихыжащ.
ЩIалэ дахэрэ мышынэр
Зэи дигу имыкIыжын.
Ди Анзору щIалэ дыщэр
Дэнэ иджы къитхыжын?
Къафэу абы уIуплъамэ,
Гъуэгу утетми дэбдзыхынт.
Къызэрыфэм и макъамэр
ИмыкIыжу уигу къинэнт.
ЗэхэтхыхукIэ а макъамэр
Къытолъадэ ди нэм нэпс,
ГукъэкIыжхэм, ещхьу къамэм,
ЗыхаукIэ гущхьэм нэс.
Пэжщ, ар сэркIэ лIа хуэмыдэ –
СыпсэухукIэ здэщIыгъунщ.
И хьэл-щэныр, и псэ лыдыр
ГъащIэ гъуазэу къысхуэблэнщ.
2006 гъэ
***
Жып телефон
ЩIалэр мэзым щIэгъуэщауэ,
ЩIэкIыжыпIэр имыгъуэт.
Мыкъэрабгъэми, шынауэ,
Жыг нэхъ лъагэм зыщеIэт.
Жэщи хъуащи, жьындуужьым
УкъигъаскIэурэ мэкIий.
Мыщэм укъищIа нэужьым
КъыпхуищIынщ унафэ ткIий.
Дыгъужь бзаджэри мэкъугъыр,
ЩIалэр, фIыт къимылъэгъуам.
Щысщ, гъэшащ и пщэ гурыгъыр,
ФщIы фи фIэщ - имужэгъуам!
Иджы дауэ нэху щыхункIэ
Ар мыжейуэ зэфIэсын?
Е тегушхуэу жыгым къепкIэм,
ХьэкIэкхъуэкIэм IэщIэкIын?
Искъым уафэми зы вагъуэ
Уа, мыр сыту дуней Iей.
Сыту мыгъуэ жэщ шынагъуэ,
Къэса и ажалыр, ей!?
КъеIэIамэ, иреуэну
Зы фочыжьи пщIыхэмылъ,
Сыт иIыгъ-тIэ зрихъумэну?..
Телефон и жыпым илъщ!
Зэхуишат Iэпкълъэпкъыр хуэшым.
КъыфIэщIат ажалыр къэс.
Ар йопсалъэри и къуэшым
ПсынщIэ дыдэу къылъоIэс.
Сыту лъэщ жып телефоныр,
Ар мыхъуамэ, дауэ хъунт?
Къыхыхьэжу абы лIэныр,
Iэджэм Iэджэ къащыщIынт!
2006 гъэ
***
Къэбэрдей
Гъуэгуанэ кIыхь уэ зэпыпчащ,
Пшэчам хуэдиз уэ зышэча щымыIэ.
ИтIани, нобэм укъэсащ,
Уи гур уэ зы лъэпкъ гуэрми хуэмыщIыIэу.
Ауэ мымащIэт лъэпкъ узубыдыныр,
Дэнэ лъэныкъуэкIи уэ закъуэрат зыхуейр...
КъэмыкIуэми сыт хуэдэ лъэпкъ – удыныр,
Зытрагъэхуэн я гугъэр Къэбэрдейрт.
Уи лъабжьэмкIэ щымыбэяум Тыркур,
УижьрабгъумкIи къыщытмэ Иран,
ИщIэныр къыхуэщIэнукъымэ уи гум,
ЗэхищIэм зэрыщыIэри Кърым-хъан.
Къыптеуэрт хъушэу махуэ къэскIэ, дауэ
ПщIыми уэ плъэкIырт къэбгъэувыIэн...
Зы лъэпкъ имыгъэзэжт уиубыдауэ,
ТекIауэ напэр я щIым илъэдэжт…
I3.06.07 гъэ
***
Бэрбэч Темыркъан и фэеплъу
СфIощIыыр сэ къэувыIа Шэрэджыр,
Жыгхэр псори хъуащ нэщхъей...
Нобэ псори пасэущ зэрытэджыр,
Гуауэ иIэщ Къэбэрдейм...
Къысхудэмышей зы псалъэ закъуи,
«Сыт къэхъуар? - зыгуэр къызэупщIам,
СхужыIэн къудейуэрат ирагъыу –
ТIихыжащ Алыхьым Темыркъан.»
ЦIыхум Iущу, екIуу, хьэл-щэныфIэу,
Сытым дежи Темыркъан хэтащ.
Дапщэ хъуами имыщIа увыIэ...
И къэралым пэжу хущытащ...
I0.02.08 гъэ
***
Трилъхьэн фIэмыфIт абы шым уанэ –
Месыр, иджы, хэлъкъэ шыпсыранэм?!
08.06.08 гъэ
Лъагъуныгъэ…
***
Зэман дэкIами узмылъагъуу,
Сэ си гум уилъщ – ар пщIэуэ щыт.
Къыздэсым сфIощI дэ дызэдэщIыгъуу,
Уи Iэпэр сIыгъыу пшэм дыхэтщ.
05.01.08 гъэ
***
Сызэуакъым зэи сэ нэхъапэ,
ЦIыхум Iей есщIауи сымыщIэж…
Ауэ сэ сыкъуогузавэ нобэ,
Сымыхъуарэт ярэби зэран…
Сыхуэмейт зы ахъши къызатыну,
Семыхъуапсэт, дыщэ къэп ухуейм…
Си гум Iейуэ фIэфIщ уэ утыншыну,
Щыт узыншэу, умыхъуами бей…
09.05.08 гъэ
***
Зы дакъикъэ сыпщIэмыгупсысу
Къысхуимыхуэ... си гум сыкърехуэкI.
Ухыхьащи си псэм зегъэгусэ
Къэзгъэнамэ сэ пхуэзмыщIэу слъэкI.
08.04.08 гъэ
***
Си гуи си пси уэ зыращ зылъыхъуэр,
Уэрмырамэ, гъащIэм сыхуэмей.
Узмылъагъуу сыпсэун шынагъуэщ,
Махуи сытетынукъым дунейм.
Къихутами тхьэIухуд си пащхьэм,
Ар си нитIым ямылъагъуххэн…
Укъэзгъанэу… хьэуэ, жэнэт дахэм
Сишэфынкъым. Срешэ жыхьэрмэм…
Уэ зыращ си гъащIэр зыгъэдахэр,
Вагъуэ нэхуу уафэм ущолыд.
Къыспэувми, къизмыдзэн пшэ фIыцIэр,
Услъэгъуащи фIыуэ, тхьэIухуд…
***
ЩыщIэпхъуэжым цIыхухэр гужьеяуэ,
Къутэжынущ жаIэми дунейр…
ТфIэщIт дэ сытым деж дыщIэту жьауэ,
НобэкIэ дыпсэут, хэт и пщэдей?!
Димыгугъэт зэпытчыну ди Iэр,
Дигухэр… ар дэ ди щхьи къэдмыгъэкIт.
Зы дыхъуат, дгъэткIуфу къуршыжь щIыIэр –
Абы дежкIэ дэ дымафIэхъуэпскIт…
Зауэ гуащIэр тщымыхъуа шынагъуэу,
Тенджыз кууми дыщIимылъэфа…
Щыдгъуэтар мы дунеишхуэм лъагъуэу –
Лъагъуныгъэрщ. Фэ зэхэфщIэ ар…
28.07.08 гъэ
***
Къэхъуар сымыщIэ: дуней псор мэкъутэ,
Си нитIыр мафIэ пщтыру къэлыдащ.
Хъуащ си гур мывэ, цIыхухэри сымыдэ,
Зы сфIэIэфIыжкъым - гъащIэр згъэкIуэдащ..!
08.08 гъэ
***
ИIэр уафэм зыхилъхьащ къарууэ,
ЩIыIи мафIи сэ къызеутIыпщ.
Хэтщ къызэуэу сиукIыну, ауэ
Быдэу лъэм сытетщ, зы къысщымыщI.
ГущIэгъуншэу уэ къыстрекIутэ,
Щыблэр къызегъауэ, къызофий…
ФIощI сигъэшынэн… «Зегъэхьыт адэ, -
Сэри сыкъэрабгъэркъым, сокIий! –
ТекI си гъуэгум, сызэгуумыгъэпу,
Уэ къыупхъыххэр схуэмыхъун зэран…
Сыти щIэ… сыщIегъэхъумэ дэпым –
Сышынэнкъым. УкъэсщIынщ ауан!
ЛъагъуэфI дыдэ сэ сытету сокIуэ,
Абы зыми сытримыгъэкIын!..
СыбукIыну гугъэ уиIэм, пщIэкъэ -
Уэ ар зэи пхузэфIэмыкIын.
Лъагъуныгъэрщ сызэщIэзыIэтэр,
Аращ къызэзытри къару…
СыщIэпсэур сэ Уэращ… Уэ пхуэдэ
Сэ згъуэтынкъым. ЩыIэри дэ тIурщ!»
I2-I4.11.08 гъэ
***
Сыкъытехуауэ хуэму псэр здыхэкIым,
Гупсысэ къыстеуащ, симыутIыпщ...
ИтIани, къимыгъанэу хузэфIэкIыр,
ЙоIунщI ар си гум, лъаIуэуи къысфIощI...
23.12.08 гъэ
***
Зэман дэкIами узмылъагъуу,
Сэ си гум уилъщ, ар пщIэуэ щыт.
Къыздэсым сфIощI дэ дызэщIыгъуу,
Уи Iэпэр сIыгъыу пшэм дытетщ.
05.01.09 гъэ
***
Дунеижьыр къыстеукIуриящи
Сыбэуэн ерагъыу слъэкI къудейщ...
Гугъэ лъэпкъ сиIэжкъым. Сыгъуэщащи,
Къэунэхуни дахэу си пщэдейр?..
09.01.09 гъэ
***
Сытхэну стIолым сэ сыбгъэдотIысхьэ –
СрихулIащи си гум, сыкърехуэкI.
Уэр фIэкI слъагъужкъым, нэгуми къыщIыхьэр
Уи теплъэ дахэрщ. Псэри хуэму хокI...
17.02.09 гъэ
***
Уи сурэтыр щIэкIыркъым си нэгум,
Си псэми къилъыхъуэр уэзыращ.
Узмылъагъум, къысхуэнэжа тIэкIур
Нобэ хуэдэу месри – къэсащ...
27.02.09 гъэ
***
Арат, къэсщIащ сэ узыхуейр,
Уэстати си гур, ущысхьакъым.
Ауэ сыт уэ зырти ар зейр,
Зэран сэ зыкIи сыпхуэхъуакъым...
15.03.09 гъэ
***
Уафэр хъуащ нэхъ лъахъшэ къасщIэу,
Хьэуар сфощI схуримыкъуж...
Схуэшэчыжыркъым. Си гъащIэр
Дэнэ здэкIуэр? – Къэгъэзэж!
16.03.09 гъэ
***
Аркъудейщ зэрыхъури си гъащIэр,
СощIэ быдэу – сиIэкъым пщэдей...
Ауэ пэжщ, сэ схузэфIэкIа мащIэм
Си гугъакъым къизгъэкIыну Iей.
31.03.09 гъэ
***
Дэнэ здэкIуэр сэ си гъащIэр,
Мыбдеж щхьэ сыкъыщыбна?
Лъагъуныгъэ мафIэ гуащIэм
ГущIэгъуншэу сыхэбна?!
13.04.09 гъэ
***
Щхьэ сэра? Щхьэ хъуа апхуэдэу?
Дауи, куэдым жаIагъэнщ.
Ауэ сэ, сэращ сымыдэр,
НтIэ!.. ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ...
26.06.09 гъэ
***
Усщыгъупщауэ сэ схужымыIэну,
Ауэ, итIани, сщIэркъым къысщыщIар.
СогъэпщкIури нитIыр, псалъэ бжезмыIэну,
Зызогъэбзэх. Иджы-тIэ хъуну ар?!
I5.05.09 гъэ
***
Iэмал схуэгъуэтыркъым бжесIэну
Псалъэ нэхъ мыхъуми, дауэ Iуэху?!
Зэманыр сфIэщIщ къэувыIэнуи,
Сыувыжауэ сожьэ нэху...
07.07.09 гъэ
***
Сытым щхьа? – а зыращ нэгум щIэтыр,
Си щыуагъэр къысхуэмыгъуэтыж.
Къэзмыгъанэу зэи схузэфIэкIыр
УэкIэ сыпсэуну сыхэтащ…
22.02.11 гъэ
***
Дэнэ щыIэ сызылъыхъуэр,
Щхьэ сэ узмылъагъурэ уэ?
Мыр дунейм – темыт уи лъагъуэ,
Е, аргуэру сыщыуа?!
23.04.11 гъэ
***
Дэнэ уздэщыIэр – узмыгъуэт.
ДаIэ вагъуэ нэхур – сымылъагъу.
Сэмырамэ, уэ узэжьэр хэт?
СщIам уи жагъуэ, мы зэм къысхуэгъэгъу…
15.06.11 гъэ
***
Сыногупсыс. УщIэтщ си нэгум,
Зыпхуэзгъэзэнуи сыхэтщ.
Ауэ, Iуэхукъэ, си гум илъ тIэкIур
БжесIыфрэ? Абдеж бзэр щеубыд
18.06.11 гъэ
***
Си фIэщ хъуркъым, псалъэм папщIэ,
СрикIуамэ нэгъуэщI гъуэгу
Сыпхуэзэну мы си гъащIэм,
Е, гъуэгу псори Iушэ тIэкIу?
19.06.11 гъэ
***
Сыпсэуфынущ, сымылъагъуми дыгъэр,
Сыбауэфынщ, сымыгъуэтыжми жьы.
Уэ узигъусэм сэ схэлъынущ лIыгъэ,
Ауэ нэгъуэщIу схузэфIэкIкъым зы…
21.06.11 гъэ
***
Уафэм вагъуу итыр сэ сымыщIэ,
ЩIылъэм и гъуэгу псори сымыцIыху.
Жэуап зэстыфын щымыIэ упщIэ,
Жьыбгъэм и нэхъ щIыIэр си деж къеху…
Иджы дэпщэщ сэ ущыслъагъунур?
Згъуэткъыми хэкIыпIэ – сыIэнкунщ.
ЗыкIи сэбэп уэ усхуэмыхъунум
Си фIэщ мыхъу гъащIитIкIи узгъуэтын…
23.06.11 гъэ
***
Сыхуейт сэ услъагъуну,
Уи макъыр зэхэсхын.
НтIэ, сыт щIэмыхъунур,
Уэ дахэр укъэсхьын?!
10.07.11 гъэ
***
Сыноджэ лъэныкъуиплIымкIи уи деж,
ИтIани уздэщыIэр схуэмыхутэ…
Догуэт, къысфIощI уи макъи зэхэсхыж,
Сыщоуэ – ар сэ езым сысейм хуэдэщ.
12.07.11 гъэ
***
ФIыуэ ар плъагъурэ? Сэ къызэупщIам,
Жэуапыр хьэзырт абдеж занщIэу.
Ауэ, итIани, сыхъужынут щым –
Дауи сыт щхьэкIэми сымыщIэ…
12.07.11 гъэ
***
Си Iэгум пшахъуэр зэрищэщым
Хуэдабзэу уэри уобзэхыж.
Къызэптар сэркIэ зэман мащIэщ –
Уи нэкIу сиплъэни слъэмыкIыж.
13.07.11 гъэ
***
Си щхьэм зыри къимыхьэж,
Псэми фIыр зэхимыщIэж.
Къэхъур сыт? КъызгурымыIуэ,
Дауи згъуэта хъун хэкIыпIэ?!
15.07.11 гъэ
***
Аргуэру си щхьэм итщ мэкъами
СлъэмыкI псалъэ щIэзгъэувэн.
ХуэзмыгъэкIуэфу, къэзгъуэтами,
ЗыфIызотхъыж. Хэт ар къищIэн?!
17.07.11 гъэ
***
СфIощI псалъэу дунейм тетыр сримыкъу,
Зы къарымыкIыу, къыздэмыIэпыкъу.
Зэми согугъэ си гур къемыуэж,
Лъакъуэхэр зыщIэнарэ земыкIуэж,
Уафэм ит дыгъэм къару имыIэж,
Псы цIыкIухэр гъуарэ псышхуэм нэмысыж.
Ауэ, услъагъум, псоми зыкъащIэж,
Си псэри а дакъикъэм къысхохьэж.
22.07.11 гъэ
***
ХэкIуэдэжащ вагъуэбэм си зы вагъуэр,
Дауэ иджы? Сыт сщIэнур – къыкъуэкIыж!
Псори зэхуэдэщи уахэзмылъагъуу
Нэху мэщри, афIэкIа узмыгъуэтыж.
23.07.11 гъэ
***
Зыхыумыхыж ныбжесIэр уэ,
Уеблэм, гу къыслъумытэж.
Е, апхуэдэу ущытауэ
Сымылъагъурэт? Си ягъэжщ…
26.07.11 гъэ
***
Щхьэ зыфIэптхъыжу бгъэсыжа си усэр?
Сыт къыхэпхар – ухуейкъым сыпцIыхун.
Сыт уи гугъами, уэ зумыгъэгусэ –
Сэ уэр нэмыщI щымыIэ зыхуэстхын…
07.08.11 гъэ
***
Нобэ уафэр вагъуэм ябгынащ,
Зихъуэжащ зыгуэри къысхуэмыщIэ.
Хьэуэ, мис иджы къызгурыIуащ –
Узмылъагъум псэр схэкIауэ сфIощIыр…
08.08.11 гъэ
***
Уи деж нэмыс ныбжесIэр,
Уи пщIыхьи сыхэмыт…
Сэ сщIэкъым уздэщыIэр,
СщIэкъым псэри щIысIут.
08.08.11 гъэ
***
Щхьэ ныбжесIа а псори? СыщIогъуэж.
Си фIэщ мыхъу иджы уэ къысхуэбгъэгъуну.
СфIощI мыхьэнэ сыт сщIэми имыIэж –
Уэ зэи фIыуэ сэ сумылъэгъуну…
11.08.11 гъэ
***
Мы си усэхэм зыгуэр къыхэх,
Ауэ стхыкъым сэ, сщIэн сымыгъуэту!
Уэ езым бжезмыIыфыну щIэх,
Уегупсысу сыбгъэпсэукъэ хуиту?!
12.08.11 гъэ
***
МакIуэ зэманыр мувыIэу,
Абы зы гущIэгъу къысхуимыщI.
Дэнэ, сымыщIэ уздэщыIэр,
ИтIани, Уэ фIэкI сигу имылъ.
Ныпхуэстхыр сфIощIыр усэ кIэщIу,
Ауэ си гъащIэр мынэхъ кIыхь…
14-19.08.11 гъэ
***
СфIощI усэу стхауэ псалъэу щыIэр,
Си гум дахэ къизмынэжа.
Услъагъумщ фIэкI къыщызгурыIуэр –
Иджыри сэ къезмыгъэжьа…
14.08.11 гъэ
***
КъызжеIэ, мыхъуми, зы псалъэ,
Къызэт, мыупщIэми жэуап.
Пщэдей фIэкIа уэстыжкъым пIалъэ –
Бзу мыхьэнэ имыIэу сопI.
17.08.11 гъэ
***
Си усэр сатырыплI къудейщ зэрыхъур.
Щытами мину – мащIэщ. Сызэгуоп –
Къэзгъэлъэгъуэфкъым фIыуэ ущIэслъагъур –
УмыщIэм сыт хуэдизри мысэбэп…
15-18.08.11 гъэ
***
Сытету сфIощI дунейм си закъуэу,
Дэпщэщи гъуэгум зигъэрша? –
Уи деж сыпIащIэу сэ сынакIуэу
Си пщIыхьыр зэпыуащ. Нэху ща?
29.08.11 гъэ
***
Уеи сымыщIэ иджы ныбжесIыныр,
Дауи блэкIам сэ къезгъэгъэзэжын?
КъысфIощI фIыуэ ущызмылъагъу зэманыр
Нэхъ тынш. Ауэ ар къысхуэмыщIэжын.
30.08.11 гъэ
***
НаIуэщ си дежкIэ – фIыуэ сумылъагъу:
Сыту уи лъагъуныгъэр къэзлэжьа?
Сегупсысыжым, уэри зы гущIэгъу
КъысхуумыщIыну. Щхьэ псэм ухыхьа?
04.09.11 гъэ
***
Сыт бжесIа? Къысхуэмыхутэ,
Щхьэ уит си гум? Хэт ищIэн?
Сыхуэза е сэ уэ хуэдэ?
Хьэуэ, пцIыщ – сыхуэмызэн!
06.09.11 гъэ
***
Уи теплъэр щIэкIыркъым си нэгум,
Си пщIыхьи ухэмыкI зы жэщ.
БжесIэну слъэкIа псалъэ тIэкIум
Согупсысэжри, сыщIогъуэж…
10.09.11 гъэ
***
Сыноплъ аргуэру, узмылъэгъуа хуэдэ,
Уи макъым сыщIодэIу, сыкъэмыбауэу.
ИтIани, согупсыс: уэ тхьэкIухудыр
СщIымыгъум сызэрыпсэуныр дауэ?!
10.09.11 гъэ
***
Закъуэныгъэ
И закъуэу итщ губгъуэжьым удз гъэгъар,
Щызэшу жэщи махуи зэпымыууэ.
Нэщхъейуэ ирегъэкIыр абы гъэр,
Уеплъамэ занщIэу уигугъэну гъыуэ…
Къешхамэ уэшх, зытешхэр а зыращ,
Дыгъэм и гуащIагъ псори арщ зылъысыр.
Ныжэбэ вагъуэм ягъусэнуращ
Къепсалъэу фIэщIу, нащхьэ къыхуэзыщIыр.
Къыкъуэум жьыбгъэ - тхьэмпэ къыпегъэху,
Ириудыным хуэду егъэсысыр…
КъыщIихьэм и мэр, бжьэм къегъэунэху…
ГуфIэгъуэу иIэр уэс къызэремысырщ!
Мис, кIуащ зэмани, бжьыхьэр къэблэгъащ,
Гъужащ удз дахэр. ЩIым хокIуэдэжыпэ…
Сыт щхьэкIэми сымыщIэ – зызогъэщхь,
Е, щыслъэгъуауэ къыщIэкIынщ зыщIыпIэ…
***
Си усэрщ сызэрынопсалъэр,
Абы къыумыхым зы бжезмыIыфын.
ЩызмытхыжыфкIэ къызомытым пIалъэ
СыкIуэдыпэнущ. ЗыкъэзмыщIэжын.
19.09.11 гъэ
***
Вагъуэбэм сыхоплъэ аргуэру,
Зым нэхърэ адрейр нэхъ цIуужщ.
Моращ сэ. Ужыжьэкъым уэри,
Сытету срикIуэнщ уи лъэужь.
19.09.11 гъэ
***
Укъызолъыхъуэ… Узмылъагъум,
Сыбауэжыфкъым, мащIэщ жьыр.
Уэ къыпхуэсхьынут щыIэр вагъуэу,
Ауэ къэнэнущ дауи зы…
19.09.11 гъэ
***
Си гум илъыр сиIащэрэт усэу,
Ауэ псалъэу фIэкIа зыхэмыт.
СщIым уи жагъуэ уэ зумыгъэгусэ –
Гум къызжиIэм щыщу куэд схуэмытх.
21.09.11 гъэ
***
Стхынукъым, пэжщ, зэи нэгъуэщI усэ –
Ирикъунщ гугъуехь сызыхэтар!
Дауи ирехъуи, дызэмыгъусэ,
НтIэ, абы сыт сэ къызитар?!
22.09.11 гъэ
***
Шынагъуэщ уафэр, искъыми зы вагъуи,
Уэздыгъэу яхэт мазэри бзэхащ.
А псори Iуэхукъым, ауэ, узмылъагъум,
Согужьей. ЗанщIэуи сыкъохъу нэгъуэщI…
27.09.11 гъэ
***
Вагъуэхэращ сэ сыкъызгурыIуэр –
ЖесIэ псомкIи сфIощIыр аразы.
Къыпщыхъунми, уахэплъам, куэдыIуэу
Сызэхихкъым ахэм щыщу зым!
28.09.11 гъэ
***
Хузогъадэ лъагъуныгъэм вагъуэр –
Дахэщ сытым щыгъуи икIи нэхущ.
Ауэ зыщ итIани щыIэр дэзгъуэу –
КIуэдыжынущ. АбыкIэ емыщхь…
28.09.11 гъэ
***
СлъэкIамэ, сылъэтэнт си вагъуэм деж,
Сисынут дауи, гъунэгъуи сымыхъуу.
Ауэ, сщIэ пэтми, щымыIэу щIегъуэж
СокIуэ. Гугъу хъуащи гъащIэр, усщIымыгъум…
29.09.11 гъэ
***
СытIысакIи, гум къихьауэ усэ,
Псэр хуэмеймэ Iэм имытхыхэн.
Къару лъэпкъ сиIэжкъым… Мэхъур гъыбзэ
ГъащIэм и уэрэдыр. Сыти сщIэн?!
30.09.11 гъэ
***
Ухэт Уэ, тхьэIухуд, укъэсцIыхужкъым,
Дэнэ нэхъапэ дыщызэIущIа?
ПщIыхьхэми ухэтауэ къысхуэщIэжкъым,
Си гъащIэми дауэ хъуа упыщIа?
12.10.11 гъэ
***
Усэ стхауэ сиIэхэм сыхоплъэ –
СфIощI сыт щыгъуи фIыуэ услъэгъуа…
Щыхуэстха къэхъуами нэгъуэщI псалъэ –
Уэрат си гум илъыр, къэслъыхъуар…
13.10.11 гъэ
***
Зы уси стхынукъым Уэ птеухуауэ,
Сыхуейкъым сигу дакъикъи уизгъэлъын…
Аращ, тхыгъэм сыхокI, сыкъэгубжьауэ,
Ар куэдрэ схуэшэчыну сэ? Деплъынщ…
15.10.11 гъэ
***
Уэ птеухуауэ усэ сымытхыну…
Абы сыт къикIыр – зыри сымытхыну.
ИтIани, гукIэ мыхъу сыпхуэмыусэу,
Ауэ тхылъымпIэ кIапэм нэзмыгъэсу.
17.10.11 гъэ
***
Вагъуэхэм сыхъуащ гу лъызмытэжу,
Дыгъэ бзийхэр къыслъэмыIэсыж.
Къэзгъэнакъым слъэкI… Ауэ нэгъуэщIу
Хъуакъым гъащIэр - езым си ягъэжщ…
17.10.11 гъэ
***
СфIощI усэхэр зэран къысхуэхъу –
НэгъуэщIу сеплъу гъащIэм, ахэр щыстхкIэ.
Ауэ, пэжыпIэр къэптIэщIыну гугъущ –
А псор къэсщIэну гум имыдэ зэкIэ…
19.10.11 гъэ
***
Щхьэ усэм теслъхьэрэ сэ псори?
Аракъым къуаншэр – си гуращ.
КъызжиIэм щыщ схуэмытхми зыри
Согупсысыжри сохъу нэгъуэщI…
21.10.11 гъэ
***
Уи махуэщ нобэ… Iуэхукъэ, сыхъуахъуэфкъым,
Сыт ныбжесIэныр? Сыкъэхъуащ Iэнкун.
Узыншагъэм нэхъ лъапIэ щыIэу сщIэкъым…
Узыншэу щIэкъу уи гъащIэр епхьэкIын.
24.10.11 гъэ
***
Сэ усэкIэ бжезмыIыфыныр куэдщ.
НтIэ, нэгъуэщIу дауэ?
Пэжщ, жэщкIэрэ си пщIыхь ухэтщ…
Ухэтщ усфIэкIуэдауэ…
25.10.11 гъэ
***
Сыхуейт услъэгъуну. Узмыгъуэт.
Псалъэ къудей ныбжесIын слъэмыкI.
Уэрмырамэ сыщIэпсэур хэт?
Ауэ езым уи гум сыкъэмыкI.
27.10.11 гъэ
***
СфIощI къысщыщIын зыгуэр, сымытхым усэ.
Сыт сыщIэшынэр? Уегупсысым, пцIыщ…
Уэ фIэкI имылъми сигу, дызэмыгъусэ,
Дауи, къэзгъанэм тхыгъэр, сыкIуэдынщ.
29.10.11 гъэ
***
Согупсыс: щызгъэтын усэ тхыныр?
Ирикъун гугъуехь сызыхэтар?
Къэзгъэнэнщ, итIанэ-щэ, сыт сщIэныр?
ЗэхэсщIэну зыгуэр сфIэкIуэда?
02.11.11 гъэ
***
Симыгугъэхэу стхыну зэи усэ
Сыногупсысри, занщIэу сыщIогъуэж…
Зы щхьэкIи, сынолъэIу, зумыгъэгусэ,
СыщытхэкIэ сигу къызэмыдэIуэж…
05.11.11 гъэ
***
Мы зыращ сэ стхыжыныр усэу,
Си гъащIэм дауэ зихъуэжын?
Сыхуейщ сеплъыну… си гур узу
СыхокI, ауэ къэзгъэзэжынщ.
10.11.11 гъэ
***
Къэзгъуэтащ си упщIэм и жэуап,
Сыт-тIэ, насыпыфIэ срихъуа?!
Согупсысри, зэми сызэгуоп,
Зэм сынажэгужэщ, услъэгъуам…
03.12.11 гъэ
***
Си фIэщ хъуат, сымытхыжыну усэ –
ГъащIэм зихъуэжыну сыщыгугът…
Хьэуэ, ар лъым хэтщ… дауэ сэ мазэр
Уафэм щызгъэпщкIунут?! Iейуэ гугъут…
03.12.11 гъэ
***
Нэхъ тыншу сфIощIыр хъуауэ убауэну,
Сыту гугъуехь куэдыщэ сыхэта?!
Аракъым, дауи, иджыри къэкIуэнущ,
Ауэ абыхэм си щхьэр емыта…
09.12.11 гъэ
***
Гум имыщIэм нэхъыфIщ къызжепIэныр,
Сыти ирехъу – псори, псори лейщ.
Пхуэзмыдэну абы уещэкIуэну.
Ухэмыт… сэ укъысхуей нэхъей…
29.01.12 гъэ
***
Сэ къысфIощIыр уэ хуэдэ щымыIэу,
НэгъуэщI сызыхуей дунейм темыт…
Си гум зэпымыууэ арщ къызжиIэр,
Ауэ абы мыхьэнэ езмыт…
03.02.12 гъэ
***
Гум къызжиIэр хъужыркъым си фIэщ,
Дунейм сыхуэмей зы афIэкIа.
Сытым щхьэкIэ, секIуэу сэ ерыщ,
Дяку дэлъ лъагъуныгъэр сыукIа?!
04.02.12 гъэ
***
Дэпщэщи уэ сыногупсыс,
Си пщIыхь зы жэщи ухэмыкI.
Сыхуейкъым… Уи жагъуэ умыщI,
Зыгуэру уигуми сигъэкI…
04.02.12 гъэ
***
Щхьэ сыногупсысрэ уэ итIани,
Гумрэ щхьэмрэ сфIощIыр хъуа зэрыз…
Сыапхуэдэщ, дэнэ сымыкIуами,
Ауэ сигури си щхьэри мэуз…
07.02.12 гъэ
***
Иджы сыщысщ сэ, сымыжейуэ –
ЖыпIам гупсысэ сыхидзащ:
Зэми, къысфIощI уэркIэ сылейуэ,
Зэм, сыщогугъ зыгуэр убзыщI.
Япэм хуэдэжкъым гури, щхьэри,
А тIум я зэхуаку сыкъинащ.
Щхьэр зэгупсысрэ, гур зыхуейрэ
КъызгурымыIуэурэ нэху щащ…
09.02.12 гъэ
***
БжесIэну сызыхуейр къимыкI си усэм,
Псалъэ сримыкъурэ, е къезмыгъэзэгъ?!
Хьэмэ, сыхуейкъэ стхыну нэгъуэщI гъыбзэ,
КъыпэкIуэжыныр щысщIэкIэ – ныбжьэгъу…
09.02.12 гъэ
***
Уи теплъэр щIэтщ сыт щыгъуи нэгум,
Уэ нэмыщI зым семыгупсыс…
ЩысхуэмыгъэпщкIуми си усэм,
Сэ гъащIэм зыкъыщызмыус…
09.02.12 гъэ
***
ГурыIуэгъуэщ, дауи, мы дунейм
ЗылъэмыIэс зэрытемытыр лъагъуныгъэр.
Ауэ дэпщэщ – хэт и жэуап хуэмей?! –
УпIащIи мыхъу, пхэмылъми укъэнащ псынщIагъэ…
20.03.12 гъэ
***
Нэхъ мащIэ хъууэ къыщIэкIынщ хьэуар,
Вагъуэхэм щIым гъунэгъу зыхуащIагъэнщ.
Сыт ахэр си щхьэм иджы къыщIихьар?! –
Зыри кIуэдакъым. Дунейр гъэщIэгъуэнщ…
20.03.12 гъэ
***
Уафэгум вагъуэ цIууэ итым
Сэ жэщкIэрэ ущыслъыхъуащ…
Си нэр тенами ахэм куэдым
Гум къыхихатэкъым нэгъуэщI…
Си фIэщ мыхъужт укъэзгъуэтыну,
Дызэхуэзэну хэт ищIэнт?!
Уи деж сыхъуат сынэлъатэну –
Мазэу къыщысщIэм… Сыт сежьэнт?!
22.06.12 гъэ
***
Сыноплъыр, си нэр птезмыгъэкIыу,
Зыри сэ бжесIэкъым афIэкI…
Нэпс пщтырхэр сфIощIыр къысфIыщIэкIыу –
Упсэурэ пэт, уафэрщ сигу къэкI…
Дэпщэщ ухъуа сэркIэ ахуэду,
Сыт щхьэкIэ псэм укъимыда?
Си пщIыхь къудеи ухэмыту
Ар дауэ узэрыкIуэдар?!
22.06.12 гъэ
***
Пэжщ, куэд щIауэ нэстхыжакъым усэ,
Ауэ гум дакъикъи уимыхуат.
Зэи ухэкIатэкъым гупсысэм,
СщIэуэ, схузэфIэкI къэзмыгъэнат…
Щхьэ зэпызгъэуат, итIани, тхэныр,
Сыт сэ къысщыщIатэр? – Бетэмал
СфIэщIагъэнущ усэр зэран схуэхъуу…
Сыт хуэдизыр иджы сымытха?!
16-17.10.12 гъэ
***
Уэ фIэкI щытащ имылъу си гум,
Уэр фIэкI нэгъуэщIым сыхуэмей…
Дэтхэнэ вагъуэри уафэгум
Къисхынрэ, къэсхьыну уи дей…
Уэрыншэу сфIэщIу сыгъуащэну,
Уэрыншэу зы гъуэгу сымылъагъу…
Къэхъуарщ иджы къызгурымыIуэр –
Щхьэ дыхъужа дэ зэныбжьэгъу?..
22.10.12 гъэ
***
Сыхуейщ уафэм къисхыну си вагъуэр,
СлъэкIыркъым – дызэпыжыжьэщ дэ…
Уэрыншэну гъащIэркъым шынагъуэр –
Узэрыслъагъунуращ нтIэ…
12-13.11.12 гъэ
***
Гъуэгум сфIощI, уэрыншэм, кIэ имыIэу,
Сыдэпщейуэ, сыдэпщейуэ бгым…
Ищхьэм сынос иджыпсту щыжысIэм
Къэхъужауэ си хъуреягъыр хы…
24.12.12 гъэ
***
Дэпщэщ иужь ущыслъэгъуар,
Сыт хуэдэ усэт пхуэзусар?..
ГъащIэми дауэ ухэкIа?
ПщIыхь дахэр щхьэ зэпычыха?..
26.01.13 гъэ
***
Сэ къысщыщIар къызгурымыIуэ –
УпщIэ фIэкI си щхьэм имылъыж.
Сыхуэмеижу фIыгъуэу щыIэм
ГъащIэм ухокIри, къыщIокIыж…
26.01.13гъэ
***
Иужьу къыщIэкIынщ мы усэ кIэщIыр –
НэгъуэщI щIэстхын къихуэну мыхъу си фIэщ –
Узэмыгъусэм, хуэдэу блэкIам гъащIэр,
Зы пфIэIэфIыжкъым, хъужыркъым уи фIэщ…
27.01.13 гъэ
***
Сыноджэ, ауэ сызэхэпхкъым,
Пшагъуэми хуэму уегъэпщкIуж…
Си пщIыхьи зэи ухэтыжкъым,
Си наIуи иужь уемыкIуж…
28.01.13 гъэ
***
Зы вагъуи ису сымылъагъу уафэгум,
Мазэ къудейм сылъыхъуэу зызоплъыхь…
Ди гъащIэр гъуэгу зэрыз хъужащи си гум
Сыхэтщ къыфIэзгъэщIын иджы ар пщIыхь…
29.01.13гъэ
Упсэу, Люда