Нобэ Дыгъуасэ бжьыхьэм зы лъэбакъуэк1э дыпежьащ, усэ шэрыуэ, гъэщ1эрэщ1ак1э!
Усэ пшыхьыр къызэ1уахащ Налшык дэт сабий садым к1уэ ц1ык1ухэм гу хэхъуэу усэ къытхуеджау. А ц1ык1ухэм псалъэхэр къажьдэлъэлъу, зык1э ягъэшэрыуэрти ди адыгэбзэр!
Сф1эгъэщ1эгъуэну седэ1уащ Шыбзыхъуэ Астемыр и усэхэм. Гъэщ1эрэщ1арэ удахьэхыу, купщ1э хэлъым уригъэгупсысу… е а жыг гъэмахуэм зыщигъэпэсэхуу щытар нэгу къыщ1эувэу… Мащ1эу гузэвауэ сы1уплъами, икъук1э тхак1уэ телъыджэщ Астемыр!
"...Уафэм щепс дыгъэм и бзэр си псэм и бзэу,
СызэрыцIыкIурэ сыщытт.
Гъэмахуэ сызыгъэусэм и тхыбзэр,
Щызыужэгъу зэикI къэмыхъут..."
Хьэвжокъуэ Любэ и ц1эр зэхэсхами, сц1ыхуртэкъым… Згъэщ1агъуэу и рифмикэр, зэк1элъык1уэк1эр седэ1уащ гум нэс усэ къызытхуеджахэм!
Дунейр схуигъэнэхуу
Си псэм ит сурэт,
Узитеплъэ цΙыхур
ГъащΙэм щызмыгъуэт.
Си гъатхи къыхэмыхуэ,
Си бжьыхьэми хэмыт,
Уэ уи плъыфэ цΙыхур
Сыту сэ къысхуэт…
Си псэм къигъэщΙауэ
Си пкъым хэт сурэт.
Бэрбэч Аслъэнджэрий и творчествэм щыгъуазэ сыщыхъуам школак1уэу, и усэхэм жып телефон, къуэш, шыпхъухэт къыщыхигъэщыр. Иджы, лъагъуныгъэ… Сыту псынщ1эу жэрэ зэманыр… Аслъэнджэрий тхак1уэ ди литературэр зыщыгугъхэм хызобжэр. Абы къинэмыщ1ауэ, Хьэх Сафарбий и ц1эр къыщыри1уам сигъэгумэщ1ащ. Гъуэгу утезыгъувар пщыгъупщэ хъунукъым! Щ1алэр гъэсащ, адыгагъэ хэлъщ.
Уэрэ сэрэ
Уэрэ сэрэ – а псалъитI къудейрщ,
Гъуэгу хэзышу дунеишхуэм тетыр.
А псалъитIыр дахэщ, ар къулейщ,
А псалъитIырщ узыщIэзыIэтэр.
Къыптехъуами жэщ мыхъуну кIыфI,
Къыпхуэлыду щытмэ уэ уи дыгъэр.
Узэгъусэм гугъум ублокIыф,
УмыщIэххэу къыпхелъхьэжыр лIыгъэ
Гугъуэт Заремэ и усэхэр щабэщ. Псэм и гъэпщк1угъэхэр къызэкъуех…
"...УмыщIэурэ сыныпхуэпIащIэу,
Сызэшурэ, си гугъэм хэщIу,
Сыгъуащэу, сыбауэбапщэу,
СифIэщми, сыхамэ-сыхьэщIэу.
Сыгуапэми, сыпхузэгуэпу,
Сынаплъэми, укъэплъэнэфу,
Сылъатэу, жэщ кIыфIым ухэту,
Сыкъафэми укъыздэмыфэу..."
Хьэ1упэ Джэбрэил и усэхэр зыми ещхькъым, арауэ къыщ1эк1ынщ апхуэдизу ущ1ыдахьэхри... уэ дыгъуасэ зэрыгуф1эр и усэхэми къащыхэщт. Къуэрылъху къыхуалъхуам хъуэхъу хужа1ар Тхьэм къылъигъэс.
Макъамэ щабэк1э дигъэф1ащ Къэбэрдокъуэ Мурат. Уэрэд къыджи1ащ Беслъэней Рената.
Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми, зыгъэдахахэми Тхьэр арызы къыфхухъу ! Саральп Мадинэ и унэм иджыри усэ пшыхь куэд щек1уэк1ыну Тхьэм жи1э.
Упсэу! Сыхэтыну си нэ къик1ыу сыхэтыфатэкъыми, тхыгъэм гукъыдэж къызитащ)))Гъэмахуэм къытхуихьа гуф1эгъуэхэр Тхьэм игъэбагъуэ. Дызытехьэ бжьыхьэр угъурлы, махуэ псоми тхухъу!
Альбинэ, тхак1уэщ1э къэунэхуахэм уазэрыщыщыр бгъэгъуэщакъым, уи ныбжьэгъухэм гуапэу я ц1э къип1уащ! фяужь зэк1э щ1эблэ къэунэхуакъым, тхак1уэ-усак1уэ щ1эблэщ1э иджыри Тхьэм къыдит, къыдитам 1эзагъэрэ гупсысэ кууук1э дыфщогугъ!
Заретэ, упсэу. Тхьэм жи1э!
Заринэ, Успэу. Си гуапэщ уи псалъэхэр. Ауэ, сегъэнэщхъей тхак1уэ-усак1уэ щ1эблэщ1э иджыри дызэримы1эм... Шыхулъагъуэм сыщ1ыхьэху сыщ1оупщ1эр... дыхэхъуа?- жыс1эу. Жэуапыр щ1агъуэкъым. Сыт ар къызыхэк1ыр? Зыми тщ1эркъым. Иджыпсту дэ1эпыкъэгъу къызолъхъуэр, ди тхылъ къыдэк1ым сэбэп тхуэхъун. Сыщогугъыр, дунейм тхыгъэщ1эхэр къытехьэмэ къуэгъэнап1эм къуэсу тхэ щы1э1амэ къыкъуишыну. Уи бзэр бгъэлъап1эу, утетхыхьыныр иджырей зэман бзаджэм увып1э щи1эр дгъэлъагъуэфмэ. Усэ пшыхьхэми апхуэдэ гуэр щыщы1эу къызолъытэр. Ди бзэм дымыгъэ1уэдыжамэ арат.