Гупсысэ чырэхэр
Ерыщыгъэмилъахэм
Хъийм уик1ауэ умыерыщ, умыинат апхуэдизу. Абы уэ уи нэ къызыхуик1 гуэри къыпэк1уэну си ф1эщ хъуркъым. Пщ1эрэ, уи насыпырщ, уи лъагъуныгъэрщ узэлъэпауэр, къыбгуры1уэжыххэ1ауэ щытмэ. Сыт апхуэдиз гугъуехь гъэтк1угъуейр уи псэм щ1ытеплъхьэр, у1эгъэ хъужыгъуей птезыщ1э щыгъыну кхъуэбанэк1э 1ул1ар уи пкъым щ1ыхуэбгъэфащэр? Уи акъылыр игъэутхъуэрэ уи гупсысэр зэблигъэплъу хэти и жы1э узытемык1ыр? Гъатхэ пасэм игъэщхьэрыуэу, игъэделэу жыгхэм гулъ къезыгъэта дыгъэм и ужь къиувэжа жьыбгъэ гущ1эгъуншэу, зи мычэзу жэп гуащ1эр щхьэ къытебгъахэрэ уи лъагъуныгъэм? Уи акъылымрэ уи гупсысэмрэ вакъэ зэв зэдибгъэувэк1э, уи гумрэ уи псэмрэ щ1ак1уэ к1апэ зэдытебгъэувэк1э, 1эпкълъэпкъыу уи1эмрэ лъыуэ пщ1этымрэ зэныкъуэкъу зэпыту епхьэк1к1э, гъащ1эм и къэуат гуэри зэрызэхыумыщ1энур, и 1эф1агъ лъэпкъи къызэрыплъэмы1эсынур къыщыбгуры1уэнур сытым щыгъуэ? Сытым щыгъуэ уи пащхьэм зыщызыгъаф1эу, уи пщ1ыхьым укъыщызымыбгынэу, уи гъури уи ц1ыни къыбдигъэвыну хьэзыру гъащ1э тыгъэу къыпхуигъэщ1ам уи нэр къыщыхузэтепынур? Апхуэдизу уи щхьэм уеижыныр дэни къыпхуиук1 мыгъуагъэт? Уи гупсысэ 1уэнт1ахэм, жыглыц гурымыхь гъэсеигъуейк1э зэщ1эблахэм, я гъэк1уэдыныр къызэрымык1уэу гугъу зэрыхъунум къыдэк1уэу, уи гъащ1эр к1ыф1ыгъэ зэфэзэщу епхьэк1ынк1э ущ1эшынэн уи 1уэхум зэребэк1ым шэч къытумыхьэ. Лъагъуныгъэ нэсым зэщ1игъэста маф1эм къит хуабэм нэхъ гуак1уэ, гунэс зэрыщымы1эр, абы пигъэна уэздыгъэм къидз нурым нэхъ нахуэрэ нэхурэ зэрумыгъуэтынур къыщыбгуры1уэнур к1асэ1уэу къыщ1эк1ынк1э зэрыхъунум си гур пщ1егъэгъу. Гуры1уэгъуэкъым зэманыр жьы фийм щ1ыхуэбут1ыпщыр, уи лъагъуныгъэр къызыдэплъ щхьэгъубжэм, зэ нэхъ мыхъуми, уи нэр щ1ыхуумыгъазэр, уи бжэм и1э дамэдазэм щыгуф1ык1ыпэу нежал1э насыпым гущ1эгъуншэу укъыщ1елъэпауэр. Щхьэ къыбгурымы1уэрэ, хьэлъкъищэ епту 1унк1ыбзищэ щ1эбгъэбыдэжа папщ1э, уи нат1э къритхам узэрыф1эмык1ынур?! Хунэсыжкъым аркъудейм уи щхьэр. Хунэсыжкъым ерыщыгъэм и лъахэм щхьэхуимыту ибдза уи псэм зык1и къэхэша зэрымыхъун къару лъэщ гуэрхэр тепы1эншэу лъэныкъуэ куэдым къыщыщыхуоулъэпхъэщри. Сыту мыгъуэу тезыр гущ1эгъуншэ ятеплъхьэрэ уи гупсысэми, уи акъылми, уи 1эпкълъэпкъми, а псор зи 1умэтым ит уигу тхьэмыщк1эми. Тхьэмыщк1эм къыщымынэу, псэм хуэк1уэ лъагъуэу къэхутэжыгъуей хъуам, зэ нэхъ мыхъуми, къытехутэжыну щ1эхъуэпсу бэ1ут1э1у зэфэзэщу езыхьэк1ын хуейуэ къызыхущ1эбгъэк1ым.
Ф1ым къиша 1ей
Къысхупэк1уэну дыдэми нэгъэсауэ семыгупсысрэ си узыншагъэми хуищ1эу гуэп1эск1ухьрэ жызигъэ1эу сызыдэ1эпыкъуам, гъащ1э псо и уасэн 1уэхуф1к1э сызыхуэупсам къуаншагъэу игъуэтыр къыстрик1утэу псалъэрт. Джатэдзэм къыпыщэщу ф1эк1а къысщымыхъуу 1угъуэмэк1э куда псалъэ щ1эншэ гущ1эгъуншэ къомым щ1ык1эншэ щ1эхъук1ым си гур хупихырт, сф1эпсэк1уэдт ит1ани. Хуэсщ1ар есщ1ауэ къызыщыхъуам щхьэ мыгъуэ щызмыбзыщ1арэт, щызмыущэхуарэт хьэзабищэр си нат1э ирихъук1эрэ бэлыхьу щхьэщысхар? Дэнэ щысщ1энт, дауи гукъэк1 сщ1ынт си псэр зэпатхъыу тхъахуэр лъэныкъуэ куэдым щызэбграпхъыжыныр а псом къысхупэк1уэну? Уафэхъуэпск1 шынагъуэу гур зыдэк1ыщтэм, зыгъэундэращхъуэм къыхэ1ук1 щыблэу пкъыр щ1эзыгъал1э, лъэр щ1эзыуд псалъэ тк1ыбжь щ1эт1ысык1ахэр щысхьыншэу къыстриунащ1эрт. Къызжи1эр, къызипэсыр мащ1э ф1эщ1ыжауэ, къызищ1энухэр бзыщ1и щ1эуфи хэмыту кърибжэк1ырт. Апщ1ондэху си щхьэр нэхъри дэуназэрт псалъэ къэгъэнауэ зы хьэрф щхьэрыуа ц1ык1у дэгъэзэгъап1э къызэзымыту зи лыр зышхыжрэ зи к1уэц1ым ишхыхьыж си псэлъэгъум. Хьэщхьэры1уэ, 1эл хъуа псэущхьэ 1умп1ейк1э ц1ыху сэфэтыр зыхъуэжам бгъэдыхьэп1и ек1уэл1ап1и къэхуэгъуэтыгъуейм щхьэдэхыжат 1уэхур, ухуеймэ. Лъынтхуэу и 1эпкълъэпкъым хэлъыр къызэпымыуду дауи за1ыгъыфрэ жып1эу, умыгъэщ1эгъуэн плъэк1ыртэкъым ущеплък1э. Ц1ыхум ц1ыхур ишхыжу хъуныр мы 1уэхум къыхэмык1амэ, зыри зэхэзмыхауэ сф1эщ1ыну сыхьэзыру моуэ сегупсысырт: сыпсэуху ф1ы сщ1энщ, ауэ ц1ыхум къезгъэщ1энкъым, сыущэхунщ. Ф1эслъхьэнщ жыг щхьэк1эм, щ1эск1утэнщ мэзым, испхъэнщ губгъуэм, хэздзэнщ псым… Акъылк1э ф1эк1а зэщхьэщык1ыныгъэ ц1ыхум хузимы1эу къигъэщ1а адрей псэ куэдым гулъытэ нэхъ зэрыхуэщ1ыпхъэм сригъуазэу.
Къигъэзэжамэ, ипхъуэтэжынт.
Аддэ къурмакъей лъащ1эм къыщ1эплъэфрэ бэлыхьищэр пыщ1ауэ къыдэплъэфейуэ упсэлъэн жыхуэп1эр 1уэху къызэрыгуэк1ыу къэзылъытэр хуабжьу щоуэ. Ат1э апхуэдиз гъуэгуанэр къызэзынэк1ыу бзэгупэм къетлъэфал1э, абдежи къыщызэтедмыгъэувы1эу дунейм къытедут1ыпщхьэ дэтхэнэ псалъэри хэщыпыхьарэ курых защ1эу дгъэ1у щхьэ мыхъурэ? Хъищэм игъэк1арэ кхъузанищэк1э ухуэнщ1ыжауэ а игъащ1эк1э къытхуэмыубыдыжынур къыщ1эдмыпсэлъыфым и щхьэусыгъуэр сыту п1эрэ? Абы и лъэныкъуэк1э зэрыжакъуэр, акъыл зэблэплъ зэри1эр, гупсысэ жьгъей зэрыбгъэдэлъыр ищ1эжу мы дунейм зы ц1ыху тезгъуэтамэ, а псор гурызгъэ1уэным сытегушхуэнут. Ауэ 1ейм 1ейк1э упэмыджэжмэ, сытыфэ къыптеуэрэ… жыхуи1эм хуэк1уащ ц1ыху ц1ык1ум я гурылъ куэдыр. Куэдык1ейр ф1ым, дахагъэм, зэхущытык1э ек1ум, нэхъуеиншагъэм, гущ1эгъугъэм, лъытэныгъэм, псом ящхьэжырщи, ц1ыхугъэм щыужащ.
Моуэ ужьыхауэ, гуит1щхьит1ыгъэм и 1эдэм диубыдауэ, фыгъуэ-ижэным иригъэшауэ, 1уит1бзит1ыным иужьыгуауэ, гужьгъэжьгък1э зэ1уща щ1агъыбзэк1э псэлъэным иудыныщ1ауэ щыплъагъук1э, лъэныкъуэ куэдк1э урегъэгупсыс я гъащ1эм. Узэхъуэпсэнуи зы 1эпап1э къыпхухэмыубыдык1ыурэ уи псэр пелъэсык1, уи гур щ1ы1агъэ гуэрым хуеут1ыпщ. Къэплъэнэф, жьажьэ, гурымыкъ, 1уплъэгъуей, акъмыкъ, шынэгъуаф1э, лъагъугъуей щ1эхъук1 апхуэдэ зыгуэрми къыхукъуэплъа, къежэл1а насыпыр 1эрылъхьэ зэрищ1ынур хузэхэмыгъэк1ыурэ 1уигъэк1уэтыжынущ. Къыщыхъунущ ар езым и закъуэ къы1эрымыхьэн ф1ыгъуэу, къыф1эщ1ынущ и гъунэгъуи и жагъуэгъуи я 1ыхьэ хэк1ыну. А псор зэпишэчыху, зэриудэнк1ыху, насыпыр къэзыут1ыпщари къаут1ыпщари къемыл1ал1эу и гъуэгу теувэжынущ…
Фэрыщ1ыгъэм, имансызыгъэм, нэжэсыгъэм и 1умэтым ихуа хъуа гуэрым и гугъу ящ1у щызэхэпхк1э, мыпхуэдэ гупсысэр уигу къыпф1ыдримыдзеижын плъэк1ыркъым.
Дыкъэзыгъэщ1ауэ, псори зэлъэ1уу зыми емылъэ1ужым зыгуэрым зыхуигъэзат зыхуей дыдэмк1э елъэ1умэ, хуищ1эну, мы зыри дыщ1игъужат: абы хуищ1эр т1ук1э гъэбэгъуауэ и гъунэгъум хуищ1эну. Зызыхуагъэзар адэк1и-мыдэк1и емыплъэк1ыу, гупсысэну игу къимыгъэк1ыу, мыр жэуапу къитащ: «Занщ1эу си нэ лъэныкъуэр хьэфиз щ1ы», – жи1эри.
Шэч хэмылъу, гъэунэхуп1э изыгъэувам ита псалъэр игъэпэжащ. Ауэ ф1эщщ1ыгъуейщ Езы дыдэм абы игу щ1эмыгъужауэ, ил иримыузыжауэ, зэрелъэ1уа къудейм хущ1емыгъуэжауэ…
Насып 1ыхьэ
Мы дунейр плъыфэбэу, нурыбэу зыухуам уэрк1э къыпича гъащ1э 1ыхьэр сыту къуабэбжьабэу къыхихат. Быркъуэшыркъуэмрэ лъэпощхьэпомрэ я зэхуаку къыди1ущ1ык1ами ярейщ. Укъимыгъэщ1ыххэныр насыпышхуэу къэплъытэу, уи щхьэм щхьэнтэр ебгъэубэ зэпыту уек1уэк1ыныр щ1энэк1алъагъэкъэ?! Зэтелъэфыжрэ зраупц1ыжу лъакъуащхьэк1э яутэ узыншагъэмрэ гукъыдэжымрэ ящыщ зы налъи гъунэгъу къыпхуэмыхъумэ, насыпыр уи бжэщхьэ1ум къэсыныр къэгъэнауэ, уздэщы1э 1эшэлъашэм къемык1уал1эмэ, лъагъуныгъэм и курыхым дэнэ къэна, и 1уфэлъафэм улъэ1эсыну къыпхуимыухамэ, гъащ1э хъужыр сыт? ! Апхуэдизри щхьэ зыщебгъэ1эжьэн хуей дунейм тезашэурэ тегъуэщыхьам? Сытк1и сэбэп, сытк1и зэран?
Набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу зэгуэр щытауэ жыхуа1э фызыжьым, нэ утхъуаит1к1э гъуэлъып1эм къиплъым, си гур щ1оуз. Моуи согупсыс: шэч хэмылъу, мыбы и насып 1ыхьэр нэгъуэщ1хэм я1эрыхьащ, ауэ нэсу, хэутэн ямыщ1у къагъэсэбэпауэ п1эрэ? Зэрымыщ1эк1э зыгуэрым и 1эмыщ1э ихьа а ф1ыгъуэм и уасэр 1упщ1 щыхъунт, ц1ыху гъащ1э ныбжь къриубыдэ зэман хъуауэ тхыц1эк1э телъ а тхьэмыщк1эм и гущыщ1эр зэхищ1эн хуейуэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къыхуихуамэ!
У1эгъэ
У1эгъэу си гъащ1эм ухэтщ. Сыт сымыщ1эми, усхуэгъэхъужыркъым. Хущхъуэгъуэу, 1эзэгъуэу уэзмыхьэл1ар ук1уэдыж – сик1уэдык1ыным сынигъэсащ. Ат1эми, 1эмалрэ хэк1ып1эрэ згъуэтыну къыщ1эк1ынкъым. Содэ сик1уэдык1ми, сыарэзэщ сыкъемылми, сыхьэзырщ щхьэузыхь зыпхуэсщ1ыну. Ит1ани, уздэщы1эр къысхуэхутак1эрэт! 1эпкълъэпкъыу си1эр щ1эспщытык1ащ – укъысхуэгъуэтыркъым. Зибгуэшащ, затебгуэшащ 1эпкълъэпкъ псом – зыри 1ыхьэншэу къэбгъэнакъым. Ит1ани нэхэм уакъыхуэлъагъуркъым, запэщ1эбгъахуэркъым.Ауэ сыту хуабжьу псэм укъытехьэлъэрэ! Арагъэнущ уэ хэщ1ап1э пщ1ар. А тхьэмыщк1эм и махагъэмрэ и хеягъэмрэ дэни щыпщ1эрэт?! Хъунщ, адэк1э къару си1эжкъым – их закъуэ си акъылыр зэгуэзыуд у1эгъэр си пкъым. Телъхьэ хузощ1 узытегупл1а си псэри. Ежьэж, зык1и си гуэныхь къызэрыптемыхуэм уи гур ирибгъэф1урэ…
Яугъащ1э жагъуэгъухэм!
Си жагъуэгъухэр апхуэдизк1э
мыхьэнэншэщи, ц1ыхум къыз-
далъагъуну соук1ытэ.
Хьэх С.
Жагъуэгъу зи1эм, дауи, гъащ1эм щызэ1эригъэхьащ ц1ыхур зыхущ1экъу, тыншу зылъэмы1эс хъуэпсап1э гуэрхэр. Арыншамэ, сыт щхьэк1э къаф1э1уэхунт?! Акъылк1э куэдым йоф1эк1ри аращ жагъуэгъунэрэ фыгъуэнэк1э к1э иратыну къыщ1ещэхэр.
Мылъкури, ф1ыгъуэри, гъащ1э гъусэри ц1ыхум к1эрыщэщыж хъужыкъуэми, и щхьэр тэмэммэ, къэзымыбгынэну и1эр и акъылырщ. Абык1э тхьэмыщк1эр сытк1и тхьэмыщк1эу зэрыщытыр нэхъыбэу сэтей къищ1ыху, и жагъуэгъухэми т1уащ1эу хохъуэ. 1уэху мыщхьэпэ жыхуа1эхэм хуэдэкъэ ари?! Ауэ сыт хэк1ып1эу щы1эр? Игъэвын, ишэчын, ук1ытэ зэпыту ек1уэк1ын хуейуэ къыхущ1едз. Ат1эми, ар насыпу къэлъытапхъэщ. Уеблэмэ насыпышхуэу. Куэд къызыгурымы1уащэм, зыгуэрым акъылк1э, гупсысэк1э емылъэгэк1ым, зэхэщ1ык1 бэлыхьыщэ зыбгъэдэмылъымжагъуэгъу и1э хабзэкъым. Зэфыгъуэр уафэгум щ1и1этэрэ езым и 1эк1э зызэриук1ыжыр акъыл и1амэ, къыгурыбгъэ1уэну псапэт ик1и гуапэт апхуэдэ жагъуэгъум.
Шэ къэуэж
И дыджып1э дыдэмк1э къэгъэзауэ шэ къэуэжым пэхъун псалъэ гурымыхь гъэтк1угъуей гуэр згъэвын хуейуэ къысхуихуащ. Щхьэрыут1ыпщ, щхьэзыф1эф1 хъууэ зи 1умп1эр с1эщ1эзыудар, си бзэгупэм къыпылъэтар, бэлыхьищэм и к1апэм сытезыгъэувар дауэ къеслъэфэл1эжыну? Ней1эмал, къигъэзэжынукъым игъащ1эк1э сыкъибгынэк1эрэ ик1агъэр фащэу къысхуэзыгъэнам.
Зытезубыдэу зи гум дыркъуэ шынагъуэ тесщ1ари хэт жы1эт? Псэ къабзэ зи1эу я нэхъ хейуэ къигъэщ1ахэм ящыщ зыщ. Игъащ1эк1э къызимыпэсыфын, си лъэныкъуэк1э и гум къимыгъэк1ыххэн езут1ыпщри, сежьэжащ. Тесщ1ыхьакъым къызэрыщыхъунуми сытми – маф1эр къыпылъэлъу жьэхэздзэри, гушы1э мащ1и к1элъыздзыжащ. Зэман дэк1ауэщ купщ1э нэфу къыщ1эк1а си псалъэм и купкъыр щыскъутар. Си гупсысэм абы кърищ1эк1а уае бзаджэмрэ щхьэр зыкъутэ гугъусыгъумрэ къысхуэзыхьа щ1эщхъур зэзгъэзэхуэжыну, и к1уап1эмк1э щысшэщ1ыжыну си1а гугъэхэм я зы к1апи къысхуэубыдыртэкъым. Си псалъэм тк1ыбжь дэхъуа псэр сф1эжэщ1ырт, ныкъуэкъутэ ищ1а гур сф1ызэпкърыщэщырт. Апщ1ондэхуи си щхьэм, си бзэм гущык1 хуэсщ1ыжын хуей хъурт. Щ1ы хъурейм къыщыслъыхъуэу зэздзэк1ыну сыхьэзырт нэхъ мывэ абрагъуэ дыдэу къигъэщ1ар, а псалъэр къыпэк1уэжу си 1эмыщ1э къихьэжыну сщ1амэ. Къыщ1эплъи зыплъыхьи измыгъахуэу си гу къуэпсхэм хэзгъэжыхьынт, щыс1ыгъынт к1ыф1ып1эм. Ауэ сыт иджы улъа1уэк1и утхьэджэк1и?! Къызищ1энур къызищ1ащ, сигъэик1ащ зэрылъэк1к1э.
Си псалъэмк1э зи гущхьэм джатэ хэс1уам селъэ1унт джатэр къыс1эщ1илъхьэну – пызупщ1ыжынт сызыхуимыта бзэгур. Ауэ мы дунейм щызек1уэрэ сытми апхуэдэ ф1ыгъуэ – ар абы къызэрызитын ф1ыгъуэ?!
Къысхуумыгъэгъу жес1энущи, къик1ыну1акъым. Зыщыгъэгъупщэ схужы1эххэнукъым. Гум игъуэт у1эгъэмрэ сэкъатымрэ хущхъуэншэу, 1эзэгъуэ имы1эу зэрыщытыр, арыншами, гуры1уэгъуэкъэ? Къызэщ1эж апхуэдэ дыдэ, уеблэмэ нэхъ 1еиж жыс1энущи, аращ пызыхыжар – сыхэзэгъэнукъым.
Сыт-т1э си 1эмалыр? Гъащ1эр зыгъэгугъухэм, зыгъэшэчыгъуейхэм, зыгъэгъэк1уэгъуейхэм ящыщ зыуэ си нат1э хъуауэ арагъэнщ. Армыхъуамэ, сщ1эркъым мыбы сызэреджэнури сызэры1эщ1эк1ынури. Ит1ани, куу дыдэу упхрыплъ хъужыкъуэмэ, гур зыгъэгуф1эж, зыгъэф1эж, тезыгъэуж щытык1э гуэр къоубыдыф – адыгэр «дерс къызыхэхыпхъэк1э» зэджэм и хэщ1ап1эм урешэри уи гупсысэхэм зыщрагъэплъыхь, къыщрагъэущыхь. Абы щыгъуэми уи псэр ихузу, икъузу, игъэгулэзу…
Дыгъэм и бзэ
Еп1эщ1эк1ыу щ1ы1эм зыкъы1эщ1эзыуда щ1ымахуэ дыгъэм и бзий щ1эщыгъуэхэр щытепщэ пэшыр хъуэпсэгъуэщ. Дыгъэ к1апэр зи нэгум лъэ1эс еджак1уэхэм я гур гуф1эгъуэк1э щыз ищ1 щ1ык1эу, дэтхэнэми йодэхащ1э. Гъэщ1эгъуэнми къыщымынэу, гукъыдэж къыпхэзылъхьэщ абыхэм уак1элъыплъыну, гъащ1эм и бжэ зэхуэмыдэхэр зэ1узыхыну зыпэщылъхэм я гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ къебгъэт1эщ1ыну, жыжьэ узэзыгъэ1эбэк1ыж, нэхъ жыжьэжк1э узыгъаплъэ я упщ1эхэм ущ1эдэ1уну. Къыпф1ощ1ыр, адыгэ псалъэр, адыгэ хабзэр, адыгэ фащэр я псэм хэжыхьауэ – зэрыпхуэкъутэни зэрыпхуэгъэщэхэни дунейм тумыгъуэтэну. Уеблэмэ адыгэбзэр т1эк1у 1уэнт1ауэ, мащ1эу зэблэшауэ зы1урылъхэмрэ зыгъэлажьэхэмрэ емык1ухьу къалъытэ. Къэзылъхуам лей техьэу зи жагъуэ быным хуэдэу, хьэзырхэщ апхуэдэ дэхуэхахэм, щхьэрыуахэм, жэкъуахэм. И щыуагъэр нэр ирищ1у къыгуригъэ1уэжыхуи езэш ищ1энукъым. Дахэк1э мыхъумэ, зыхуемык1уэ 1эмал къигъэнэнукъым. Сыт хуэдэу мыхъуми, зы1эригъэхьэнущ тек1уэныгъэр – зыхэзэрыхьа псоми къахигъэкъэбзык1ыжынущ и бзэри и хабзэри.
Апхуэдэ еджак1уэхэм зи нэ1э тет егъэджак1уэм насып т1уащ1эк1э Тхьэр къыхуэупсакъэ-т1э? Гъэмахуэ бзум и бзэу анэдэлъхубзэр и гъэсэнхэм я1урилъхьэныр къызэрыхуиухар зырэ, а зы1урилъхьэхэм ар анэ быдзышэу яф1экъабылрэ яф1эхьэлэлу къызэрапхъуатэр ет1уанэу.!
А псоми ущык1элъыплък1э, уигу зызэпхызыдз псалъэ гущ1эх гъэтк1угъуей гуэрхэр къыумыулъэпхъэщыжын плъэк1ыркъым – «адыгэбзэр зэгуэр к1уэдыжынущ» жыхуи1эр. Сабий акъылк1э, гупсысэк1э псыхьауэ къыпф1ощ1 а псалъэр, балигъ гупсысэ гуэри лъэмы1эсауэ. Гулъытэ лъэпкъи хуумыщ1у 1уогъэк1уэтри уожьэж.
Хьэуэ, адыгэбзэр лъэужьыншэ хъунк1э 1эмал и1экъым, адыгэпсэ зы1ут щ1ым щыбэуэху, адыгэгу зык1уэц1ылъ дунейм тетыху, адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ, зыгъэшэрыуэ, зыгъэ1урыщ1э, зыгъэщ1эращ1э дыгъэр уафэгум щыблэху! Апхуэдэ гугъэм гур егъэф1ыж, егъэ1эф1ыж, егъэф1эрэф1эж…
Сурэт
Куэд щ1ауэ зэздзэк1ыжа хьэпшып гуэрхэм къахэзгъуэтэжа сурэтыр зэпызоплъыхь. Зэманым зи фэри зи теплъэри дэк1уэдам изгъуэтэжыр уи нит1ырщ. Дауэ сщыгъупщэнт а т1ур?! Вагъуэхэм я п1эк1э нэхэр уафэгум къыщагъэхутами, тынш дыдэу ууейхэр къахэзгъуэтэжыфынти! Сощ1эж си нит1ым къащ1эжа нэпсу абыхэм ятелъэдар зыхуэдизыр. Аркъудейрт – сурэтырт уэ пщыщу уигу схупык1ыгъар. Ауэ ари сф1энасып ц1ык1утэкъыми, зэзгъэзахуэурэ зризгъэкъурт. Щызигуф1эгъуи гуныкъуэгъуэ сыщыхэти здэщ1ыгъут. Дауэ сыкъибгынэнт – щхьэхуимыту махуэм си гум пэгъунэгъуу къесхьэк1ырт, жэщк1э си п1эщхьагъыр гъэт1ылъып1э хуэсщ1ыжырт. Си гуф1эгъуэу, си насып к1апэу схъумащ куэдрэ, куэд дыдэрэ, езыр-езыру лъэныкъуэ езыху. Иджы, соплъри, игъащ1эм си 1уэху хэмылъами ярейуэ, спэжыжьэщ, си хамэщ. Пэжщ, си блэк1ам щхьэхынэ-щхьэхынэу сыхагъэджыхьыж, ауэ зык1и си гум къе1эжыфыркъым, си псэр ягъэп1ейтеифыркъым а нит1ым. Малъхъэдиск1э щ1агъэк1уэсык1ам ярейщ 1эф1агъыу ящ1элъар. Ауэ си ф1эщ сщ1ыну сыхуейкъым а т1ум си гум ирадзу щыта лыгъей маф1эм къыщ1эщэща яжьэр лъэужьыншэу жьым ирипхъэнк1ык1ыжауэ. Арауэ къыщ1эк1ынщ си нэпсри схуэмышы1эу къезыгъак1уэр. Ауэ сытк1э сэбэпыж ари, сытк1и хуэныкъуэ? Куэд щ1ащ ар нэпс шыугъэк1э псыхьа зэрыхъурэ. Иджык1э нэхъыщхьэр зыщ – сыт есщ1эн хуейр зэрымыщ1эк1э къыкъуэк1ыжа сурэтым? Зыхуэмеиж тхылъымп1эжьым и гъуэгум тезгъэувэну? Маф1эм пэрыздзэну? Хьэмэрэ…
Дауи гукъэк1 сщ1ыхха а псор, нэлатым я нэхъ 1ейр къыстехуэни! Сэра сытми зи ф1ыщ1эр ар иджырей къызэрысар – ди Тхьэшхуэрщ. Сурэтыр схуихъумэк1эрэ зэкъуэту сыкъахъумащ т1уми – насыпыр гъунэгъу къысхуащ1у, гукъыдэжым сыщамыгъащ1эу, гуныкъуэгъуэ зэхуэмыдэхэр спэ1эщ1э ящ1у. Иджы, хэт ищ1эрэ, гъэунэхуп1э сихуагъэнк1и мэхъу. Дауэ сегуэуэн апхуэдизрэ сыкъэзыхъумам, зи нур к1апэ сызытетам?! Гъащ1э хьэкъыу зыхуэзгъэувыжыпхъи схузэф1эк1ыхук1э, си къару пэлъэщыхук1э, си акъылым къит1эсэхук1э схъумэжыну – гъэпщк1уауэ, бзыщ1ауэ, сыхуэгумащ1эрэ згъаф1эу, зэпэслъэщ1ыхьрэ сытешыныхьу.
И ц1эр зыф1ещыж
«Убылымщ, губгъуэм хъуак1уэу итым нэхъыбэ къыгуро1уэ, уэр нэхърэ», – башыр игъэдалъэу, и псэлъэгъур зэ1уригъэлъэдэным хуэдэу щхьэщытщ егъэджак1уэр и гъэсэным. Жагъуэ пщымыхъуу къанэркъым, 1эщ1агъэ псоми нуру къахэщыпхъэ егъэджак1уэ лэжьыгъэм фагъуэ, пшагъуафэ къытезыгъауэ а псалъэхэр щызэхэпхк1э. Плъэмык1ыуи апхуэдэ псэлъэк1эм уи гум мы гупсысэхэм зыщрагъэшэщ1: «Хьэ\м и ц1эр зейм ф1ещ, ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж». И акъыл хунэмыск1эрэ зыф1ищыжа ц1эр хуэфащэ дыдэт абы, ек1упсуи 1эщ1элът и 1эхъуэ башыр. Ауэ мыгуры1уэгъуэу, гуит1щхьит1 укъищ1у, ит1ани мыбы зыгуэр хэлъщ. Илъэс зыбжанэк1э егъэджак1уэу лэжьамрэ 1эхъуэу губгъуэм итамрэ суд пащхьэм щыхьэту щагъэувыркъым, жа1э. Лэжьапщ1э къызыпэк1уэ псори лэжьыгъэу зэрыщытым и закъуэкъым абы нэсу хузэхэмыгъэк1ыр. Ат1э уи щхьэм къыхуэбзэуж пщ1эм нэхъ пщ1э мы дунейм зэрытемытри къыгуры1уэркъым, абы нэхъ лъап1э ц1ыху гъащ1эм къызэрыхыумыгъуэтэнур къыхуигъэт1асэркъым. Дауэ-т1э ар зэрыегъэджак1уэр?! Хьэмэрэ мыегъэджак1уэрэ?!
Насып гуэгъу
Щэхуу, бзыщ1ауэ зэрыщытынми уемыл1эл1эжу, уи гурылъхэмрэ уи нит1ым я хъуаск1эхэмрэ къызэбут1ыпщрей хъуащ. Си ныбжьым укъыздытридзэу, си макъым уриджэрпэджэжу си гъащ1эм укъыхэбэкъуэну ухэтщ. Щ1эчэ имы1эуи жы1эщ1э, дэубзэ укъысхуэхъуну узэрыщ1эхъуэпсри убзыщ1ыну уигу къэбгъэк1ыххэркъым. Сытк1и уи деж къыщызлэжьа езэш уимы1эу къысхуэбгъаблэ уэздыгъэм къыпих нур гуак1уэр, щысхьырабгъу лъэпкъ хэмылъу къысхуупхъ псалъэ хэщыпыхьахэр?.. Пщ1эрэ, уигурэ уилрэ къысщ1эузу къысщагъэхъу къудейщ абыхэм, къэуат гуэри ящ1элъу зэхэсщ1эркъым. Ауэ гуры1уэгъуэкъым гущ1эгъу сыхущыщ1эу къыщ1эплъытэр, насыпым и курыхыр си 1эрылъхьэу сызэрыпсэум уи нэр щ1ыхуэбуф1ыц1ыр. Пэжщ, зэманым и 1эмыщ1э ик1уэдэнк1и мэхъу, елъэхъшэхыу дэужьыхыпэнк1и зыхуэ1уа щы1экъым а насыпыр, ауэ иджык1э гущ1эгъу гуэри сигъэлъыхъуэркъым. Уеблэмэ зыхущыщ1э гуэрым срихуэупсарэт, срихуэщхьэпарэт жыс1эну 1эмал къызэзыт хъуэпсап1э пычахуэхэри къыщыздэхуэ, къыщызэлыж къохъу. Мыгуры1уэгъуэр уи псэр нэхъуеиншэу си лъэмбым къыщ1ипк1э зэпытырщ. Лейуэ укъызэрысхуэсакъым щ1ы1агъ гуэр си гум кърагъэнт1э1уу къысф1агъэщ1, щхьэхуимытуи сегъэп1ейтей. Бгъащхъуэм щахъумэ джэджьей быну си псэм укъыхуосакъ, ущытехьэулеик1 къыхэмык1ыу. Сытым щхьэк1э? Езэш хэмыту зыгуэр къыщолъыхъуэ си деж. Ауэ сыту п1эрэ а «зыгуэрыр»? Си насып к1апэри? Пыпщ1энуи ууейм? Пщ1эрэ, а т1ур гуэгъу зэхуэхъунк1э 1эмал зимы1эщ, зэпэжыжьэу къигъэщ1ащ ахэр, зэпэжыжьащэу. 1эрыхьак1эщ нэгъуэщ1ым, ек1упсрэ хуэф1ыпсуи къигъуэтыжащ и насып гуэгъур – гъащ1ит1ыр зэпищ1эрэ гугъэм хиш лъагъуэр ишэщ1у.
Пщ1ыхьэп1э гъащ1э
Аргуэру къэдыгъуауэ сыногупсыс. Гъэпщк1уауэ си пщ1ыхьым укъыхызошэ. Жэщк1эрэ си пщ1ыхь ущызгъэф1энырщ сэ гугъап1эу къысхуэнар. Пщ1ыхьэп1э зэфэзэщу есхьэк1ыну сыхьэзырщ си гъащ1эр, уэ ущысщ1ыгъур аращи. Тезырым я нэхъ хьэлъэр къыщыстыболъхьэ нахуап1эм. Дыгъэ бзийхэм гур щагъэхуабэ, къуалэбзум я бзэм дунейр щагъэщхъуэк1эплъык1э, нэхугъэм и нурым щ1ымрэ уафэмрэ зэпызыщ1э псоми хуиту уащыхигъаплъэ зэманыр жагъуэгъу къысщыпщ1ащ уэ. К1ыф1ыгъэм сыпыбогъаплъэ, вагъуэхэм сахубогъэжы1эщ1э, жьынду джэ макъыр макъамэ гуак1уэу си тхьэк1умэм къыбогъэувэ. Махуэм узихамэщ, сызытет дунейм щек1уэк1 псоми уи гур хуэмывэщ, уи лъэр хуэабрэмывэщ…
Дыгъэм къыпкъырык1 хуабагъэр жэщк1эрэ пхузэщ1эзгъэст маф1эм къыхэк1ыу аращи, зэгуэр си пщ1ыхьым ухэк1ыу дыгъэ куэщ1ым щыблэ маф1эр зэхыумыгъэк1ыж. Си къару пэмылъэщу къещэщэхынк1э хъуну яжьэм къыхэлъэлъ дэпым и зы хъуаск1э къыптехуэным сытошыныхь. Ауэ абы щыгъуэми къэзгъуэтыфынущ эк1ып1э – уэшхыу сыкъыптешхэнщ. Зыгуэрк1э схуэмыубыду си нэпс хэтк1уэрэ уи у1эгъэм зэран сызэрыхуэхъунк1э хъунур зыщызмыгъэгъупщэурэ. Уэ сыпщыгъупщагъэххэми, умыц1ыхуж си псэр ныпк1элъожэ, уи ц1эр къи1ущэщу, уи 1уплъэгъуэ хуэл1эу. Ауэ уи теплъэри уи плъэк1эри къыхуэщ1эжыркъым, к1ыф1ым ухэзэрыхьащи. Зэ нэхъ мыхъуми, нэхуу зыкъебгъэлъэгъуамэ, игъащ1эк1э узыщигъэгъупщэнтэкъым ик1и уигъэгъуэщэнтэкъым пщ1ыхьэп1эм хэпсэухь псэ тхьэмыщк1эм.
Гугъэ
Зыгуры1уи зыщ1эдэ1уи щымы1э гур темыпы1эу зы хъуэпсап1э гуэрым хуопабгъэ, щ1обэн, щ1озэу. Махуэл димыхыу лъэужь мыц1ыхухэм ирок1уэ, зы лъэмбым ипк1ым адрейм къыщыхутэурэ. Шы1эныгъи бэшэчагъ гуэри зыхэмылъыж, лъэпощхьэпок1э гъэнщ1а гъуэгуанэ гугъухэр къызэренэк1. къэзыгъэдзыхэ къыхэк1ми, къарууэ и1эр зэрегъэу1ури, япоув, яполъэщ, и щ1ыб къыденэ. Езыр мак1уэ, ежьужьымрэ кхъуэбанэмрэ къызэрафыщ1ри къримыдзэу. Мак1уэ, къеплъэк1 имыщ1эу, щ1ежьам хуэпэжу.
Дэнэ нихьэсыну п1эрэ апхуэдиз гугъуехьым тк1ыбжь дэхъуа гу ныкъуэкъуэхым? Дапщэщу п1эрэ и хъуэпсап1эр 1эщ1эхуу и лъэр щыщ1эхунур? Хьэуэ, щ1эхункъым и лъэр, и хъуэпсап1эри ищ1ынкъым 1эщ1ыб. Сыту жып1эмэ гугъэм и къуэпсхэр быдэу зыхэжыхьа гур куэдым полъэщ, зызрипщытри нэхъыбэжщ. Жыжьаплъэщ ар, мэгугъэ, мэпабгъэ, мэхъуапсэ. Быдэуи и ф1эщ мэхъу малъхъэдисым хуэдэу зэщ1эзышэн гу зэгуэр зэры1ущ1энур. Зэщ1ишэу зэригъэф1энур, 1эф1агък1э зэрипсыхьынур, хэщ1ыныгъэу игъуэта псомк1и зэуэ къызэретэжынур. Аращ, гугъэрщ гум псэ къы1узыгъэк1эжри, и щ1ылъэныкъуэр гуэгъу къыхуэзыщ1ыжри, ц1ыхур дунейм щ1ытетыжыр къызыхэтэджык1 гупсысэ узэщ1ахэм купщ1эрэ купкърэ яхуэхъужри.
Псэм и лъахэ
Ф1эщхъуныгъэк1э зэщ1эузэда и псэр иут1ыпщу абы хиш лъагъуэмк1э к1элъык1уэ, к1элъыжэ, к1элъеуэ зэпыту къыщ1эк1ынущ ц1ыхур зэрыпсэур. Гумрэ псэмрэ къабгъэдэк1 гупсысэхэр, гурыщ1эхэр нэхъыбэм щ1ызэтемыхуэри арагъэнущ. Псэм къимыгъэдэ1уа, имыущия, и жы1эм щ1эмыта гукъэк1хэр гу лъащ1эм щ1ыщ1эт1ысык1ыжри абы къыпкъырок1. Гупсысэ жи1эмэ, псэм к1элъыжэ гум къигъэщ1, зэ1уищэ псысэ хуэдэу къыпф1ощ1. А гупсысэм къежьап1э хуэхъуа к1апэр гум щытришэк1э, щ1ехъумэ, щ1еуфэ. Къытепшыжу псэм епшэл1эжыну ущыхуежьэк1э, уф1эф1-уф1эмыф1ми, пф1ызэхозэрыхь, уеблэмэ уигу къыщымык1а дыдэм хуэзэу зэпыудынри зыхуэ1уа щы1экъым. К1эух зымыгъуэта гупсысэм, шэч хэмылъу, и1эр зы к1апэщ. Ет1уанэр щигъуэтыр гур псэм лъэщ1ыхьа нэужьщ. Ауэ ар куэдрэ къэхъуу п1эрэ – гур псэм тыншу лъэщ1ыхьэныр? Апхуэдиз жэрагърэ псынщ1агърэ зыбгъэдэлъ псэм зэхихыу п1эрэ гум къи1ук1 макъ гуэр, лъэ1эсу п1эрэ къыбгъэдих нур, тридзэу п1эрэ зеишафэм и ныбжь, зэхищ1эу п1эрэ и щыщ1эныгъэ? Дауи, языхэзымк1и зэдогуашэ ахэр, зэлъо1эс ик1и зэрощ1э. Пэжщ, уафэгум хуэнэхъуеиншэ псэм зэм дыгъэм и куэщ1 щабэм зыщегъаф1э, зэм мазэ къуапит1ым зык1эрещ1эри, щ1ылъэм къыхуеплъыхыу зыщ1еупск1э, зэми вагъуэхэм тхыпхъэщ1ыпхъэ къахещ1ык1. Гукъыдэж зэригъуэтыххэуи, гум и лъахэм къегъэзэж – дахагъ куэдк1э къыщети удын хьэлъэ къыщытехуи къыщыхъу лъахэм. И унафэр и 1эмыщ1эм илъыжу щхьэхуитщ, ут1ыпщащ ар. Абы елъытауэ сыт мыгъуэри и махуэ гу тхьэмыщк1эм? Зызыгъэцыджу зызэрызыгъэпщхьэжа цыжьбанэм хуэдэу, дуней къытехьэ имы1эу пл1анэпэм зыдиубыдэжауэ дэсщ – къаплъи къыщ1эплъи хэмыту. Къытегупл1эр и хьэлъэу, къытегуауэ и удыну йок1уэк1. Къегуэпэк1а1ауэ зэрызэхищ1эу, мы дуней псор къызэхилъэтыхьыным хуэдэу, дамэ къыток1э. Ауэ къилъэтк1э «дамэ 1эрыщ1хэм» жыжьэ зэрамыхьыфынур ф1ыуэ къыгуро1уэжри, щ1ы хъурейм и къуэгъэнап1э псоми тыншу лъэ1эсыф псэм хъыбар ирегъащ1э. Мис апхуэдэ зэзэмызэхэрщ гур псэм щылъэщ1ыхьэр – дамэ щигъуэтырщ. Гъунэгъу дыдэ хуэхъуауэ щилъагъук1э, псэм и гупэр къегъазэри, гум къи1ущэщхэм щ1одэ1у, егъаф1э, еущий. Апхуэдэ дакъикъэхэращ гумрэ псэмрэ къабгъэдэк1 псалъэхэр зэу1у щыхъур, къару ща1эр, къэуат щащ1элъыр, куц1 щак1уэц1ылъыр. Псысэ гъащ1эми укъыщыхутэфынущ а дакъикъэм – гумрэ псэмрэ я гуащ1эк1э къагъэщ1а псысэ дахащэм.
Дызытет щ1ы щхьэфэм ди нэм къыщыф1энэ, ди гур хэзыгъахъуэ дахагъ псори хуэдищэк1э гъэбэгъуэжауэ уафэгум щымы1эу п1эрэ? Арыншамэ, ц1ыхупсэм и хэщ1ап1эм тепы1э имыщ1эу ц1ыхугур апхуэдизу щхьэ хуе1эрэ?
Уахътыншэ
Гъащ1эр зэзгъэщхьыр тхылъышхуэ гуэрщ, езы ц1ыхум итхыжрэ къыдигъэк1ыжу. Ауэ ар хьэзыр, нэщ1ыса щыхъур дунейм уи щ1ыб къыщыхуэбгъазэрщ, иужьрей точкэр щыбгъэувыр уи гъащ1э 1ыхьэр щыбух дакъикъэрщ. Ди Тхьэшхуэрщ редактор нэхъыщхьэу а тхылъым хуэувыр, абы и1энк1э хъуну сюжетри зи 1эмыщ1э илъыр аращ.
Сурэт щхъуэк1эплъык1эхэмк1э гъэнщ1ауэ къыщ1идзынуми, псэр зыгъэжабзэ, гур зыгъэгъу теплъэгъуэхэм уащыхуэзэнумиЮ таурыхъ хьэлэмэтыщэу и к1ыхьагък1э щ1эбджык1ынуми, е нэпс шыугъэк1э напэк1уэц1 куэд бгъэнщ1ынуми – зыкъомк1э зэлъытар тхылъыр зытхырщ.
Нэмытхыса хъуа напэк1уэц1хэм дерс къызыхахын ирагъуатэрэ упэмылъэщу пф1ызэрадзэк1мэ, т1эунейрэ уи к1эн къик1ащ. Аращ дэтхэнэ зы авторми и хъуэпсап1эр. Нэхъыбэжк1э Алыхьым и нэф1ыр къыщыпщыхуар тхылъыр къахуэбгъэнарэ уэ ущамыгъуэтыжым и деж абы и напэк1уэц1хэм ириплъэж, щ1эзыджык1ыж, уи ц1эр ф1ык1э зыгъэ1у уи ужь къинамэщ. Апхуэдэ тхылъ щхьэпэ дунейм къытезынэ ц1ыхум и псэр Уахътыншэщ, и 1эдакъэщ1эк1ымрэ и гуащ1эдэк1ымрэ л1эщ1ыгъуэк1эрэ лъэпкъым къыдок1уэк1, и акъылыр иригъэлажьэу, и дуней гъащ1эм гъуэгугъэлъагъуэ къыщыхуэхъуу.
Лъагъуныгъэ нэф1эщ1
Ц1ыхуфэм дэхуэнур зыхуэдизыр къихутэн мурадк1э дунейм дыкъытриут1ыпщхьами ярейщ дыкъэзыгъэщ1ам. Согъэщ1агъуэ, дыгъуасэ уи макъ сыхуэл1эу, уи 1уплъэгъуэ сызэрихуэнур къысхуэмыгъэсу зэманым сеныкъуэкъуащ. Си ф1эщ хъурт уэри апхуэдэ зыгуэрк1э уи гур къысхуэпабгъэу. Сел1ал1эртэкъым псалъэ хэщыпыхьахэри уэрк1э къыхэсхын зэрыхуейм – къызэрыгуэк1ыу, къыпылъэдам езмыгъэгъэзэжу сынопсэлъэфмэ сеплъыну мурад сщ1ат. Си гугъэт уи нит1ым си гум щызу 1эф1агъ къащ1эсхыну, ди зэхуэзэм си гуныкъуэгъуэ псори дэужьыхыну. Ауэ сыт хуэдэ гугъап1э симы1ами, псори щхьэгъэпц1эжти! Дэнэ к1уат ущыслъагъук1э сызэщ1эзы1этэ къару лъэщри, сыщ1эгъуэщыхьрэ зыщызгъаф1эу щыта уи нит1ми пшагъуафэ щхьэ есплърэ, пхуэзгъэт1ыгъуэу зэманк1э пхуэсхъума псалъэ 1эф1хэм я к1апэлъапи щхьэ къысхуэмыубыдыжрэ?! Мыпхуэдиз мыгуры1уэгъуэм дауэ сакъы1эщ1эк1ыну? Си пщ1ыхь нэхъ шынагъуэ дыдэми къыхэзгъахуэртэкъыми апхуэдэ щытык1эр. Сщ1эркъым… Хэт абык1э къуаншэр? Сэра? Уэра? Нэгъуэщ1? Хьэуэ, уэ сытк1э ббгъэдэслъхьэн къуаншагъэр дауи къыптезгъэхуэн гуэныхь? Дунеягъэ гуэныхьри хьэзабри сшэчыну сыхьэзыри, языхэзри къыплъэзмыгъэ1эсу. Уэ сытк1э уи лажьэ щхьэзыф1эф1агък1э си псэм щызэхэухуэна гухэлъхэмрэ си гум щэхуу къи1ущэщхэмрэ. Уи ф1и уи 1еи зэхащ1акъым, ягъэунэхуакъым абыхэм. Сэращ… Къуаншэ арэфыр сэращ, си закъуэщ. Уи хьэлыр псом езыгъэф1эк1ыу, уи пщ1эр псом езыгъэлъэгэк1ыу, уи нит1ым уафэ къащхъуэм хагъэджэразэу къызыщыхъуу, уи бзэр вагъуэбзэу зи тхьэк1умэм щызыгъаф1эу щытар нэгъуэщ1къым – сэращ. Къысхуэгъэгъу, зэрымыщ1эк1э зэгуэр си гупсысэ к1апэлъапэ къыплъэ1эсамэ, пхузи1а гухэлъхэм яжь къыпщ1ихуамэ, схуэмышы1эу си нит1ым зыгуэр къа1уэтэгъамэ. Къысхуэгъэгъу, нэгъуэщ1 мыхъуми, пхузи1а лъагъуныгъэм и хьэтырк1э. Зи хьэп1и зи шхып1и къысхуэмыгъуэтыжу бзэха лъагъуныгъэ дахащэм!..
Удз гъэгъа
Апхуэдизу уел1ал1эу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэк1эплъык1э къомыр щхьэи щыбгъэк1ат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщ1ыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщ1ым ахэр саугъэт щахуэпщ1ыжынум? Ауэ уэ пщ1эххэркъым ик1и зык1и ущыгъуазэкъым псынэпс къабзэм хэбэук1ыу хэхъук1а а удз гъэгъахэм гур зыгъэф1, зыгъаф1э мэ гуак1уэ гуэри къазэрыпимыхыжыр – къинащ ахэр си пкъым, къыщынащ си деж игъащ1э псок1э уи фэеплъу. Пщ1эрэ, щ1эх дыдэ гъуэлэнущ сак1элъы1эбэурэ, сак1элъыпыхьэурэ степхыжу уежьэжа а гъэгъахэм я къапщ1ий телъыджащэхэр. Гъащ1э мащ1э дыдэщ абыхэм къапэплъэр – си нэпс шыугъэу ятелъэдам псынщ1ащэу щ1игъэл1энущ я пкъыр, щ1иудынущ я лъэр. Хьэуэ, ууныкъум къыщымынэу, ныкъуэдыкъуэу къэбгъэна си гум къыпхуэк1ыу аракъым 1ей гуэри. Ар хуейкъым уэ гъащ1эм и дахап1э дыдэр къыплъысыну ф1эк1а. Къыпхуохъуапсэ насыпым и курыхыр, и уэрып1эр толъкъуну къыбжьэхидзэну. Ауэ л1о сыбгъэщ1энур – схуэшы1акъым, схуэубыдакъым си нэпс?!
Хэт и гугъэнт, теплъэкъук1 лъэпкъ уимы1эу, 1эф1агърэ гуапагък1э упсыхь зэпыту апхуэдиз зэманк1э, нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэми ярейуэ, къэбгъэк1а, къэбгъэхъуа удз дахэ къомым зэуэ лъапсэрыхыр къахуэбгъэк1уэжыну, у1эгъэ тебдзам ухуемыплъэк1ыжу 1эпл1ак1уэу зэщ1эпкъуэу уежьэжыну?! Ауэ, ит1ани, си гур пхуэмыгъуэщ, пхуэп1ейтейщ – сыхуекъым си нэпс схуэмышы1ам и зэран гуэри къок1ыну. Сигу къик1эзызык1ым мы дуней псор зэрыщ1иупск1эр зэхыумыщ1эу къанэркъым уэ, дауи. Абыи сегъэгумэщ1, сытошыныхь удз гъэгъа тхьэмпэхэр игъуэ нэмысу къыпигъэлъэлъыжынк1э, къудамэ джафэхэр уи 1эмыщ1эм къринэнк1э. Си деж гурыф1ыгъуэу къыщыбнар зы закъуэщ – епэрымэ гуак1уэу си 1эпкълъэпкъ псом къинарщ, мащ1э куэдми, сыпсэуху сыкъэзымыбгынэнурщ, щ1ы 1энэщ1у къэбгъэна си псэр банэ к1ып1эм хуэк1уэныр ауи хуэзымыдэнурщ.
Лъагъуныгъэ щхьэрыуа
Аргуэру уэращ сызэгупсысыр. Аращ, уэращ. Ар дауэ? Къигъэзэжауи си лъагъуныгъэм? Апхуэдэ къэхъурэ сытми? Щ1эслъхьэжатэкъэ, згъеижатэкъэ, уеблэмэ хуэфэщэн зэманк1и сыхуэщыгъуэжатэкъэ? Зыри гуры1уэгъуэкъым.
Сыту гугъущэ срагъэхьрэ-т1э си щхьэм щызеджадэ гупсысэ къомым. Сатхьэлэным хуэдэу къыщ1огъуалъхьэ си тэмакъым, щхьэрыут1ыпщ ящ1а псыдыуэу щ1агъэк1уэсык1 си лъыр, си псэм лъэныкъуэ куэдк1. къыщо1э, зэпатхъын я мураду…
Аргуэрыжьти, къыстегупл1ащ си гупсысэр, нэкъыф1эщ1ымрэ ф1эщмыхъуныгъэмрэ зыхэя гупсысэр. Зигъаф1эу къиувэжащ си пащхьэм, къыщ1эбэкъуэжащ си пэшым, къыхыхьэжащ си пщ1ыхьым, къыхэбэкъуэжащ си гъащ1эм, къит1ысхьэжащ си гущ1эм. Къысхуэк1уэжащ гугъусыгъур ебэк1ыу.
Гъащ1эм дыджып1эу, гузэщыгъауэу хэлъ куэд уи нат1э хъуну иухамэ, 1эмалыншэщ, армыхъуамэ зи гущ1ы1у щ1ы трак1утэжу нэпск1э ирагъэлъэсэхыжам зэгуэр къигъэзэжу хэт игъэунэхуа? Ари уиф1 лъэпкъ щ1эмыхъуэпсрэ хъуапсэнэ1уу укъигъэнэн хьэзыру уи пкъым къит1ысхьэжамэ. Жеиншэ жэщу пф1идыгъуар ф1эмащ1эу, нэпсу щ1эбгъэк1амк1э игу къыптемызэгъауэ, и деж гущ1эгъу къыщыбгъуэтыныр къэгъэнауэ, и нэщхъыр пхырыплъыгъуей пшагъуэу къыпщхьэщыт зэпыту йозыгъэхьэк1ар уи лъэмбым къиувэжыныр зык1и хъуэпсэгъуэкъым. Уеблэмэ щ1этк1ук1-щ1эсык1ыр къыпхуэзыгъак1уэу уи жагъуэгъур зыщыгуф1ык1ын, и дамэхэм лъэщагъ къыхэзылъхьэу зезыгъэшэщ1ын къару къезыт 1уэху мыщхьэпэщ.
Сыту куэдыщэм къыщалъэтыхьрэ си гупсысэ къызэбгъэрык1уэжахэм.
Щ1апщытык1 си псэм и лъахэр, ирожэ си лъынтхуэхэм – зы 1эпап1э къагъанэркъым зыкърамыгъэщ1эжу, зыкърамыгъэц1ыхужу. Зыхэсщ1эу сагъэк1эзыз, саудыныщ1э. Къысхуэщ1эркъым къысхуеблэгъэжам сызэрыпежьэну щ1ык1эр – сыхуэгуф1энущи, гуныкъуэгъуэу къызитам си нэгур зэлъы1уагъэк1уэтын къысхуадэркъым. Сыщ1эгубжьэу есхужьэжынущи, сощ1э, зык1и сызэрыпэмылъэщын къарук1э къыспэувынущ. Зэк1э сы1эмалыншэщ. Моуи согупсыс: къэзыгъэзэжыр сыт жи1эрэ? Мыри гъащ1эм и зы тыгъэу арагъэнщи, къэсщтэжынщ, сэр нэхъыф1 игъуэту къигъэнауэ зэрыщымытыр къэслъытэнщи.
Унагъуэ дахэ
Гъэмахуэ дыгъэр гуапэу къодэхащ1э и нэ1э тету и лъабжьэм щи1ыгъ псоми. Зэхуэдэу ятопсэ псыми, мэзми, тафэми, ц1ыхухэми, абыхэм къегъэщ1ыл1ахэми. Яхуэгумащ1эщ, яхуэнэхъуеиншэщ. Ещ1э – езыращ псэуэ япытыр. Аращ апхуэдизу ил ящ1эуз зэпыту щ1ек1уэк1ри. Щ1ым 1эф1ыгъэу, гуапагъэу, дахагъэу бгъэдэлъ псори абы и ф1ыщ1эщ.
Дыгъэмрэ щ1ымрэ яку дэлъ хуабагъэр, дахагъэр, 1эф1ыгъэр мык1уэщ1щ, хъуэпсэгъуэщ. Гуащ1э1уэу тепсарэ ятехьэлъауэ къыщыхъужмэ, т1уми я ныбжьэгъу нэс уэшхыр нап1эзып1эм къосри, занщ1эу щ1ым еубзэу, егуэпэк1ыу щ1едзэ. Лыгъей маф1эу зэщ1эна и лъыр егъэупщ1ы1уж, и у1эгъэ псори егъэк1ыж, нэплъэжыгъуэ ирегъэгъуэтыжри, и гъуэгу тоувэж. Щ1ыр а и ныбжьэгъум пэ1эщ1эу куэдрэ псэуфынукъым – къызэгуэчыни и гущ1э лъапсэр, къызэпычыни лъынтхуэу хэлъыр, къытеунк1ыф1эни и дуней псор. Ар щыщ1ыгъум и хьэмтетыгъуэщ, и гуф1эгъуэшхуэщ – и гум жьы дехуж, и псэр къощ1эрэщ1эж.
Дыгъэмрэ щ1ымрэ куэдк1э ещхьш ф1ылъагъуныгъэм псэгъу зэхуищ1ахэм. Уэшхыр а т1ум ф1ык1э къахуэупсэ ныбжьэгъуф1у ф1эк1а пщ1энкъым. Къахуэгуапэщ, я зэхуаку къыдэхъуэ псом папщ1э гуф1э нэпс щ1игъэк1ыу, яхуэхъуахъуэу къадок1уэк1.
Щ1ылъэ-анэмрэ абы къыщ1эхъуэ щ1эблэмрэ къатеубгъуауэ,. Нурыбэк1э къахуэупсэу къащхьэщытщ. Абы и бзий 1эф1ым зыхэзыгъэпск1ыхь и щ1эблэри зэи 1ейк1э тепсэлъыхьыркъым. Дапщэщи и жы1эм щ1этщ, и щхьэр лъагэу щ1илъагъужын защ1эу и гъащ1эр ирагъэхь. И унагъуэ хъуэпсэгъуэм щытеплъэкъук1ыр зэзэмызэххэщ, ари 1эмалыншагъэм къыхэк1ыущ. Абы щыгъуэми хъумак1уэ нэс къахуегъанэ – зэм дыщафэу зыщехуэпык1, зэми нэр телыдык1ыу хужьыгъэк1э щ1егъанэ. Хэт апхуэдиз дахагъэк1э упсыхьауэ уи жагъуэ къэзыщ1ыфынур, пхуэмыфащэ къозыпэсынур? Зыми ирикуфынукъым.
И бынунэм щапэ1эщ1эми и щ1ыб къахуигъэзащэркъым абыхэм – къак1элъыплъ, къахукъуэплъ зэпытщ. Къарегъащ1э жыжьэ зэры1умык1ар, ауэ езым ищхьэжк1э щызек1уэ хабзэр зыубзыхум и 1эмыщ1э зэрилъым папщ1э, п1алъэк1э къэтын хуейуэ зэрыщытыр. Сыт ищ1эн? Щ1эмытыну хуиткъым апхуэдэ унафэм.
Мылъку, ф1ыгъуэ къизыхьэу зек1уэ къик1ыжам гуапэу, я гум къэк1ауэ, и макъ, и теплъэ хуэл1ауэ къезыгъэблэгъэж унагъуэм йогъэщхь щ1ылъэмрэ абы тетхэмрэ гъатхэ дыгъэм пежьэу щыплъагъук1э. Хъуэпсэгъуэу, унэм щымыщ къихьам хуэдэу, хьэщ1агъэ к1элъызэрахьэу ирагъэблэгъэж.
Щ1эщыгъуэу, 1эф1у я1э псори хузэблах, зыщамыгъэнщ1у яхузэф1эк1 псомк1и йогуэпэк1, ягъаф1э. Езыри ятеубгъуагъэххэщи, я гуф1эгъуэ псори ину яде1эт, дрехьей, кърехьэх.
Зэдобжьыф1э, зэдощ1эращ1э, зэдогъагъэ, зэдопщ1ыпщ1 зы хъужа унагъуэшъхуэр. Зэнэзэпсэу, зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур адрейм къищтэжу, уаътыншэрэ берычэтыбэу зэдопсэу.
Ж.Рабия