Си ныбжьэгъу лъап1эхэ! Мы тхыгъэр икъук1э телъыджэщ! Дыкъевгъаджэ.
Къаныкъуэм и прозэм удимыхьэхынк1э 1эмал и1экъым.
Гъащ1эм и к1апэр къэп1этмэ
рассказ
Зэгуэрым, си ныбжьэгъу хъыджэбзыр къыщалъхуа махуэр игъэлъап1эрти, куэд щ1ауэ къыхуэсщэхуауэ щылъ саугъэтыр згъэщ1эращ1эри, сык1уащ я унэм. Бжэр 1узыхар и анэращ:
- Уа-а-рэ, мыбы къэк1уар… Къеблагъэ, къеблагъэ! Къыщ1ыхьэ, щхьэ ущыт абдеж, хамэ нэхъей?! – си 1эр иубыдауэ, сыук1ытапэурэ, сыщ1ешэ, 1эгъур – лъэгъур, лъэгъугъуаф1э фыз нэ ф1ыц1эм.
- Дауэ фыщыт, Людэ? Оксанэ сехъуэхъунщ, жыс1эри сыкъы1ухьауэ аращ, зэман куэди си1экъым, - фызым 1ейуэ сыщыук1ытэрти, си нап1эхэр ехьэхарэ, плъыжь сыхъужауэ жызо1э.
- Мыдэ, мыбы жи1эр! Сыт зэман?! Тхьэ, умык1уэжыну - т1э. Ауэ к1уэжи еплъыт! Моуэ, хьэщ1эщымк1э ныщ1ыхьэ, Оксанэ тыкуэным ехащи, иджыпсту къэк1уэжынущ. Сэ лы тезгъэувам сык1элъыплъынщ, уэ нанэ и гъусэу щ1эс, фызэрымыгъэзэш! – погуф1ык1 Людэ.
- Хэт жып1а? – щэхуу сыщ1оупщ1э, 1энкун сыхъуауэ.
- Си анэр къэтшауэ щы1эщ. Умыук1ытэ уэ, ныщ1ыхьэ. Нак1уэ, нак1уэ, -
1энэ к1ыхьышхуэр щаухуа пэшым сыщ1ешэри, Людэ мэбзэхыж. Фызыжьым, сыкъызэрилъагъуу, къотэджри, 1эпл1э къысхуещ1, сэлам къызехри, шэнт къегъэув:
- Т1ыс, дахэ ц1ык1у.
Сщ1энури, жыс1энури сымыщ1эжу сыщытщ, апхуэдиз ныбжь зи1э ц1ыхум пщ1э къысхуищ1у къызэрытэджам щхьэк1э. Пэжщ, си гуапэ хъуат ар икъук1э. Мис, ди зэманым к1уэдыж адыгагъэмрэ, хабзэмрэ, мы ц1ыхубз т1орысэм игуми ипсэми хэлъщ иджыри. Дэ – щэ, щ1алэгъуалэр?! Си щхьэ мыгъуагъэ хуэсхьыжауэ сыщытщ.
- Уэ т1ыс, нанэ, умыгузавэ. Т1ысыж, кхъы1э!
- Хьэщ1эр щыту, хэгъэрейр т1ыс хабзэкъым, дахэ. Т1ыс уэ.
Зы псалъэ къыф1эзмыгъэк1ыжыфу, делафэ къыстеуащ, жыс1эу сот1ысэх. Нанэри мэт1ысыж. Тэлайк1э щэхуу дыщыса нэужь, къарууэ си1эр зэхызолъхьэри, си нап1эр къызо1эт, нанэм и узыншагъэм сыщ1эупщ1эну. Езыр, адрей фызыжьхэм ещхьу, шэнтжьейм игъэщ1ауэ истэкъым, ат1э, зык1и къемыхьэлъэк1ыу и щ1ыбыр захуэу, и щхьэр 1этарэ, и нэ нащхъуит1ыр зыгуэрым теплъызауэ зыф1эсщ. Ар зэрыслъагъуу, си бгыр т1эк1у къыдэшауэ сыщысти, зэуэ захуэу сыт1ысыжащ, сызэреупщ1ынури ескъухыжащ. Нэсып си1эти, Оксанэ абы ирихьэл1эу къэсыжат, армыхъумэ, пщ1энт1эпсыр къызэк1уарэ, зэрызысщ1ынымрэ, жыс1энымрэ сымыщ1эу сыщысу арат. Пщы гуэрым и щхьэгъусэ къэт1ысауэ ф1эк1 къысщыхъуртэкъым, апхуэдизк1э пагэу зи1ыгъти нанэм.
- Сыту ф1ыуэ укъэк1уа, 1ей. Си гуапэ пщ1ащ, упсэуарэт уэ! – 1эпл1э къысхуещ1 си ныбжьэгъум.
- Сынохъуэхъу, Оксанэ! – сыгуф1эжу саугъэтыр 1эщ1ызолъхьэри и нэк1убгъум ба хузощ1 си ныбжьэгъум.
- Упсэу, тхьэ ухэтын хуэмея мыбыхэми. Укъызэрык1уа къудейр сыт и уасэ?! Куэд щ1ауэ дызэрылъэгъуатэкъым. Нак1уэ – т1э, модрей пэшым дык1уэнщи дыпсэлъэнщ, - си 1эр еубыдри дыкъыщ1ок1ыж хьэщ1эщым.
Сэри фызыжьым и пащхьэм «зэрызыщыдгъэхьэлыншам» нэхъри сроук1ытэж. Оксанэ къыхуэсхьа данэ жэщджанэр кърихауэ йоплъ, зрегъапщэ, мэгуф1э.
- Упсэу, упсэу, упсэу… - 1эпл1э къысхуещ1, и гуапэ хъуауэ.
- Хъунщ, кхъы1э, иджы. Аф1эк1 пхуэфащэкъэ уэ?!
- Зывмыгъэ1ейуэ нанэ уэрэ фыщысти, фызэрыц1ыхуак1э?
- Хьэуэ. Ихьи, сыту сыщыук1ытат, зо. Сыту хабзэшхуэ хэлъ! Зэи слъэгъуакъым апхуэдэ ц1ыху зэтет. Сыт и ц1эр фи нанэ?
- Сурэтхъан. Лъэпкък1э шапсыгъщ. Абы нэс къик1ри, дадэ мыгъуэм къыдэк1уат. «Интеллигент» жыхуа1эм хуэдэщ нанэ, егъэджак1уэу лэжьащ илъэс тхущ1к1э. Дади аращ и лэжьыгъэу щытар, т1уми адыгэбзэмк1э ирагъаджэт. Нанэ 1эджэуи зикъутэт, дадэ къыдэк1уэн имыдэу, ауэ апхуэдэ щ1алэ блэбгъэк1 хъурэт?! Щ1алэ дахэу, гуак1уэу щытауэ жа1э дадэ мыгъуэр.
Си жьэр 1урыхуауэ сода1уэ Оксанэ и хъыбар к1эщ1 ц1ык1ум. К1эщ1ми, лъабжьэшхуэ и1эу къысщохъу. Нет1э а фызыжь пагэм и нэхэм щ1эслъэгъуат сэ зэш гуэр, и гур зыгъэп1ейтей гупсысэ куу. Дауэ п1эрэ Сурэтхъан и блэк1ар зэрыщытар, сыту п1эрэ, и гъащ1эм и к1апэр къэп1этмэ, къэпхутэнур?! А фызыжьыр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэц1ыхумэ, зы хьэлэмэт гуэр зэри1уэтэжынур сщ1эти, ет1уанэ махуэми тезгъэзащ Оксанэхэ. Гуф1эжу срагъэблагъащ. Шей дефэу дыщысу, Сурэтхъан, жьы къабзэ т1эк1у зыщ1езгъэхунщ, жи1эри, шордакъым ихьащ. Сэри сыгузэвапэурэ, Людэ соупщ1:
- Людэ, кхъы1э, емык1у сыкъыумыщ1, ауэ фи нанэ нэхъ гъунэгъуу сц1ыхуну сыхуейт. Икъук1э хабзэшхуэ зыхэлъ ц1ыхущ, губзыгъэщ. Сыдэплъеину, сигъэущиину сыхуейт. Къысхуидэмэ, щ1эх – щ1эхыурэ сыкъэк1уэнут.
- Алыхь, идэным – т1э, сыт щ1имыдэнур?! Езыри къыпщытхъуащ, псалъэрейкъым, хъыджэбзыф1 хуэдэщ, жи1ащ. Тхьэмахуит1 хуэдизк1э щы1энущи, къак1уэ уэ.
- Сыту ф1ыт, 1ей.
- Пщэдджыжь жьыуэ къак1уэ. Мамэ сэрэ Псыхуабэ дык1уэн хуейщ, папэ мэлажьэри, нанэ и закъуэ щ1умыгъэсу къак1уэ. Фызэрымыгъэшу фыщ1эсынщ. Тэмэмкъэ? – же1э, хьэкъущыкъур зытхьэщ1у к1эрыт Оксанэ.
- Тэмэмщ, ауэ япэ щ1ык1э езым жеф1э, - зыхузогъазэ Людэ.
- Иджыпсту, зэ! – Людэ щ1ок1ри, куэд дэмык1ыу къегъэзэж, - пщэдджыжь сыхьэтийм укъэк1уэфыну, т1асэ? Пф1эжьы1уэ?
- Хьэуэ, жьыкъым. Сыкъэк1уэфынущ.
Тхьэмахуит1ыр и к1эм нэсыху, зы махуэ къэзмыгъанэу сыщыхьэщ1ащ Оксанэхэ. Сэри , сыкъэвужэгъуа хъунщ, жыс1эху, тф1эф1 дыдэщ, жа1эурэ си гур ф1ы къысхуащ1т. Сэри щ1эщыгъуэ гуэрхэр яхуэспщэф1ыурэ згъатхъэхэт. Абыхэ сызэрыщы1а зэманым хабзэ к1уэдыжа, ц1ыхум к1элъызрахьэу щыта нэмыс куэдым щыгъуазэ сищ1ащ Сурэтхъан, ауэ сэ сызыхуейр къыпкъырысхыфыртэкъым. Мыбы и нэгум щ1этымрэ и гум илъымрэ сщ1арэт! Пщэдей хуэдэм нанэ къуажэм яшэжыну, мыр къызже1э:
- Ныщхьэбэризэм къанэ, дахэ ц1ык1у. Сэ пщэдей сык1уэжынущ, Тхьэм ещ1э иджы дыщызэрылъагъуныр. Сыносащ, си быным хуэдэу ф1ыуэ услъэгъуащ уэ ц1ык1ур. Къанэ. Сэ иджыри бжезмы1эжа гуэр щы1эщ.
- Сыту ф1ыуэ къэбгупсыса ар, нанэ! Кхъы1э, къанэ! – мэгуф1э Оксанэ.
- Сщ1эркъым ди дежк1э ядэнуми…
- Сэ иджыпсту уи анэм сепсэлъэнщ телефонк1э. Умыгузавэ уэ, ядэнщ, -Людэ къыщолъэтри телефонымк1э мажэ.
- Емык1ущ, 1ей, уи адэр щ1эсынущ, - щэхуу зыхузогъазэ си ныбжьэгъум.
- Умыгузавэт уэ, ар ныжэбэ лэжьак1уэ к1уэнущ, щ1эсынукъым.
Гъуэлъыжыгъуэр къыщысым, Оксанэ п1эр тхуещ1ыж, нэхулъэф1 фыкъик1, же1эри, щ1ок1ыж. Сэри, «къызжи1эну гуэрым» сежьэу, п1экум сыкъот1ысхьэ. Сурэтхъан и ныбжьым емылъытауэ ц1ыху жант. И щхьэцыр тхъуами, п1ащ1э хъуами, дахэу, егугъупэу еухуэнэхарэ и дамэмк1э къыдэдзыжауэ щысщ, гъуэлъып1э нат1эм к1эрыгъэщ1ауэ. Щыщ1алам дахагъэу бгъэдэлъар и нэхэм щ1ыболъагъуэ, и зы1ыгъык1эм хэлъщ.
- Тхьэ, дахэ, сэ бжес1энур мы хъыбар к1эщ1, уэздыгъэр щ1эгъэнауэ дыщысмэ, ди нэхэр игъэузынщ. Абы нэхърэ нэхъыф1щ, мо къэдэгъэжыр къы1упхмэ, шэху уэздыгъэ дэлъщи, ар пыгъанэ, нэху мащ1эр нэхъыф1щ.
Зэрыжи1ам хуэдэу сощ1ри, п1экум сот1ысхьэж. Т1эк1урэ щыму дыщыса нэужь, Сурэтхъан и хъыбарым щ1едзэ.
- Сэ шапсыгъым сыщалъхуащ, ар пщ1э хъунщ?! Быным сранэхъыщ1эт, дэлъхуищ си1эт. Ди дежк1э езгъадэри, егъэджак1уэхэр щагъэхьэзыр еджап1эм сыщ1эт1ысхьащ. Куэдым къайхъул1эртэкъым ари, икъук1э сригуф1эрт апхуэдэ насып къызэрызэуэл1ам.
Махуэ гуэрым си дэлъху нэхъыжьым щ1алэ мыц1ыху и гъусэу къыдыхьэжащ. Щ1алэхэм псынщ1эу унэмк1э яунэт1ри, мыгувэу си дэлъхур къызэджащ. Псы хуабэ т1эк1у хуейуэ арат, и гъусэ щ1алэр зауэщ, абдж къутам щ1ыбк1э хэхуэри, хьэлэчу зиу1эжат. Ит1анэми, дунейм теттэкъым зыгуэр къеузу, къехьэлъэк1ыу къызэрыпщ1эн, апхуэдизк1э бэшэчт ари. Махуит1 хуэдизк1э щы1ащ щ1алэр ди деж. И ц1эр Темыркъант. Сэ ц1ыхум сахыхьэрт, ц1ыху куэди слъагъут, ауэ абы хуэдэ щ1алэ гуак1уэ зэи срихьэл1атэкъым. Лъагэу пхужы1энутэкъым, ауэ ф1ыуэ зы1эщ1элът, къаруушхуэ зэрыхэлъри на1уэт. Хабзэ, нэмыск1и хъэрзынэу гъэсат, адыгэ нэст. Лейуэ зы псалъэ жи1энутэкъым, къоплъынутэкъым. И набдзэ къурашэ ф1ыц1эр зэхиуфэрэ зыгуэрым еплъауэ - к1уц1рисык1ыу къыпф1эщ1ырт, и 1упэ п1ащ1эхэр зэтежамэ – нурыр и нэгум къищырт. Къызэрыбгуры1ущи, хьэщыкъ сыхуэхъуат Темыркъан. У1эгъэхэр хъужри ежьэжащ. Мазих дэк1ыжат абы лъандэрэ, ауэ щ1эх – щ1эхыурэ хьэщ1ап1э къак1уэрт. Махуэ гуэрым Темыркъан ди хьэщ1эу, си дэлъхум зыгуэр къеджэри щ1эк1ащ. Мис абдеж Темыркъан зиумысащ – гухэлъ къысхуищ1ауэ, сэ щхьэк1э апхуэдэу щ1эхыурэ къызэрык1уэр къызжи1ащ. Апхуэдизу сызыщ1эбэг щ1алэм, сэри ф1ыуэ сыкъилъагъуу къыщ1эк1ат! Абдеж дызэры1уатэри, дызэхуэзэу щ1эддзащ. Си дэлъхухэми ящ1э хуэдэт, ди 1уэхур зытетыр, ауэ зы псалъэк1э зыкъызагъэщ1акъым. Мы дунейм си нэгу къысхущ1эгъыхьэртэкъым, нэгъуэщ1 щ1алэ сыдэк1уэну…
Сурэтхъан и макъыр нэхъ щэху хъуурэ, т1ысыпэри, щым хъуащ. И гур къызэф1эзэрыхьа хъунт.
- Псы т1эк1у уе1убын? – сыкъэгузэвэжауэ соупщ1.
- Хъунт, тхьэ.
Псы стэчан къыхуизгъэхъуам, 1эдэб дыдэу зэ йо1убри, къызетыж.
- Упсэу, дахэ.
Сэри, зы щытык1э дахэ иджыри дэслъэгъуащи, пщ1э хуэсщ1ыр нэхъ лъагэж хъуауэ соплъ, и макъыр зэтрегъэувэжри, пещэж.
- Сытми, си мураду хъуар щэщэжащ, хэку зауэшхуэр къыщыхъеям. Къуажэм ц1ыхухъуу дэсыр зауэм дэк1ащ, си дэлъхуищри, си псэм и щ1асэри яхэту. Темыркъан дыжьыным, дыщэм ирилажьэрти, хъурей п1ащ1э ц1ык1у хъужауэ, т1уми ди ц1эхэр тету, си пщэм исщ1эну дыжьынхэк1 къызитат зауэм щыдэк1ым. Си гур зэгуэуду, си псэр питхъыу къызэхьэлъэк1ыу ежьахэщ. Зауэр и к1эм нэсри, си дэлъху нэхъыжьым къигъэзэжащ, адреит1ыр яук1ат, Темыркъан хъыбарыншэу к1уэдахэм хабжащ. Си дэлъхуит1ри, ф1ыуэ слъагъури згъеижурэ, нэпсу си1эр щ1эзгъэк1ат, си гу1эм гъунэ и1эжтэкъым. Зауэр щиухам илъэс т1ощ1рэ т1урэ сыхъурт, си дэк1уэгъуэти, лъыхъу куэд си1эт. Сыдэк1уэну сытегушхуэн дэнэ къэна, си нап1эр къэс1эту ц1ыхухъу сеплъыфыртэкъым. Къуажэ еджап1эхэр къызэрагъэпэщыжа нэужь, егъэджак1уэу сыуващ. Махуэк1э лэжьыгъэм сыдихьэхт, сытригъэут. Хым дыпэмыжыжьэу дыпсэурти, сыт хуэдизрэ жэщым сыкъэтэджыжурэ сык1уэрэт?! Зыри зэран къысхуэмыхъуу, си макъыр сыут1ыпщу сыгъыну, си гу бамп1эр дэсхыну, Темыркъан здэк1уамрэ, къыщыщ1амрэ сегупсысыну сык1уэу арат хы 1уфэм. Псы макъым си макъыр хэгъуащэрти, сешыху сыгът – сыгъти, нэхущым унэм сек1уэл1эжу арат. Ауэрэ, зэманым сык1элъэщ1эмыхьэу к1уэрт. Махуэ гуэрым си дэлъхум хадэмк1э сришащ, къызэпсэлъэну.
- Сурэтхъан, уи ныбжьыр хок1уатэ, щхьэгъусэншэу укъэнэнущ, жызо1эри согузавэ, - жи, - удэк1уамэ, хъунт. Сощ1э, уэ Темыркъан ф1ыуэ плъэгъуат, узэжьэри ара хъунщ, ауэ зауэр гуащ1эу щытащ. Сэ ар л1ащ, жыс1эу аракъым, ауэ, псэу уи гугъэурэ, гъащ1эр блумыгъэк1.
Сыук1ытэрт, си жьэ хуэзгъазэу зы псалъэ жес1эфакъым дэлъхум, си нэпсхэр къежэха мыхъумэ. Езыми, егупсыс, жи1эри, 1ук1ыжащ.
Зэ псым зезгъэтхьэлэжыну хым сыхыхьат, ауэ Алыхьым, си анэ сымаджэм, си дэлъхум дежк1э сыплъэри сыхущ1егъуэжат. Ауэ куууэ сыхыхьати, сыпэмылъэщурэ, сымэхащ. Толъкъуным хы 1уфэм сыкъытридзэжауэ сыкъагъуэтыжащ. Абы и ужьк1э си дэлъхум «дэк1уэ» жи1эжакъым зэи.
Сежьэрт. Сежьэрт Темыркъан. Си бостейр жьыбгъэм зэрихьэу, си бэлътокур нэпсым псыф ищ1ауэ, куэдрэ хы 1уфэм сы1утащ, уафэм сыдэплъейрэ, сызэхих си гугъэу Тхьэм селъэ1уу.
Егъэджак1уэхэм я съезд щы1эти, сагъэк1уащ. А съездым, Людэ сымэ я адэм сыщыхуэзащ. Алимт и ц1эр. Илъэсит1к1э си ужь итащ ар. Сэ си гум илъыр нэгъуэщ1т, си нап1э къэс1эту сыкъеплъыртэкъыми, сепэгэк1, зэзмыпэс я гугъэт псоми. Пэжщ, езыр ц1ыху гуак1уэт, гъэсат, дахэт, ауэ сыдэк1уэну сыхуейтэкъым. Зыми. Къэбэрдейм къик1ыурэ, шапсыгъым нэс нак1уэрт. Ц1ыху къулейти, мылъкук1э сыдихьэхыну хэтт, ауэ къехъул1эртэкъым. Си дэлъхур къык1элъыплъщ – нык1элъыплъри, щ1алэ хъарзынэ хуэдэщ, укъыдэнэжауэ къыплъохъу ит1ани, жи1эщ, бзэджагъэк1э Алим и машинэм срагъэт1ысхьэри, сыдэк1уа хъуащ. Икъук1э унагъуэф1 сыхэхуат, сызыхуей сыщагъащ1эртэкъым, лэжьап1и сагъэувыжат, ауэ си щхьэгъусэр ф1ыуэ схуэлъагъуртэкъым. Пщ1эшхуэ хуэсщ1ырт, нэмыс к1элъызесхьэт, ауэ си гур к1эрыпщ1эртэкъым. Алим бынипл1 дэзгъуэтами, сытым дежи си гум илъар Темыркъанщ. Зы ц1ыхум укъамыщ1эу, зыми уи губамп1эр хуумы1уатэу упсэуну сыту гугъущэ, дахэ! Уэр ф1эк1 зы ц1ыхум хуэс1уэтакъым мы хъыбарыр.
Сурэтхъан и нит1ым нэпс къытелъэдар къыщ1имыгъэжыну и ужь итт, сэ сыщысу мыгъын папщ1э, ауэ уэздыгъэм и нэху мащ1эр т1эк1у – т1эк1уурэ и нэхэм нэхъ къищ, къиц1уук1 щыхъум, си щхьэр есхьэхащ, и нэпс нэгум къыф1ытелъэдар «сымылъагъуу» илъэщ1ыжыху.
- Нт1э, иджыри къэс Темыркъан и хъыбар зыхэпхакъэ? – си щхьэр къызо1этыжри соупщ1.
- Илъэсипщ1 и пэк1э Тыркум ди благъэ къик1ыжат, тхуэхьэщ1эну. Ди лъэпкъэгъухэм сыт я псэук1э, жыс1эу сыщеупщ1ым, мыбы мыр и 1эщ1агъэщ, мобы мор и къэлэнщ, жи1эурэ къысхутепсэлъыхьащ. Темыркъан и ц1э унэц1эри къри1уащ! Тыркум зыгуэрурэ гъащ1эмрэ зауэмрэ ядзат. Сыук1ытэри сыщ1эупщ1эжакъым, сц1ыхуу зыкъезгъэщ1акъым. Зэрыжи1амк1э, Анкара дэсщ. Гъащ1эм дызэщ1ичами, нэсыпыф1э хъуауэ, гугъу емыхьауэ сыщогугъ. Иныкъуэхэм лъагъуныгъэ щымы1эу жа1э. Щы1эщ! Щы1эщ, дахэ ц1ык1у! Сэ с1эщ1эк1а лъагъуныгъэм и п1эк1э гъащ1э тынш Алыхьым къызитат, ауэ сригуф1эфакъым.
Сэ къызгуры1уат, япэу мы фызыжьыр щыслъэгъуам и нэр игъэплъызурэ зэгупсысар.
- Темыркъан тыгъэ къыпхуищ1ар зепхьэрэ иджыри къэс?
- Тхьэ, зызохьэм. Мис! – же1эри, дыуэ ц1ык1у и пщэм кърех.
- Мыр дыуэщ.
- Унагъуэ сыщихьам, фэм к1уц1ыздэри, дыуэ хуэдэу си пщэм ислъхьэжащ. Сыт къэмыхъуами иджыри къэс къисхакъым зэ! Си гум и гъунэгъуу илъщ. Иджы къисхыжыну сыхуейщ. Модэ мо лэныстэр къызэт, кхъы1э!
Лэныстэр 1эщ1эслъхьа щхьэк1э, т1эк1урэ мэгупсысэри къызетыж, дыуэри щ1ыгъуу:
- Уэ т1эп1и, къык1уэц1ых, - жи.
Сэри зи гур къызэф1эзэрыхьа Сурэтхъан сф1эгуэныхь хъури, ст1эп1ащ дыуэр, сыхуэсакъыпэурэ. Дыжьыныр къык1уэц1ысхащ, ауэ т1ууэ зэгуэщ1ык1ат!
- Ан-на! Зыпыщ1ык1ащ, дауэ къыпщыхъурэ?! Ярэбий, сыту п1эрэ есщ1а мыгъуэр?! Сыхуэсакъыпэу зесхьэ си гугъэжти… Хьэмэрэ, зыгуэрым и нэщэнэ?! - и 1эпэ псыгъуэ зэлъахэр к1эзызу къо1эбэри, с1эщ1ех.
Сурэтхъан и гур зэрыхэщ1ам щхьэк1э, схуэмышэчыжу си нэм нэпсхэр къыщ1оувэ.
- Еплъыт! – къызетыж дыжьын 1ыхьит1ыр.
Сеплъмэ, зы лъэныкъуэм «Сурэтхъан», адрейм «Темыркъан», жи1эу тетт. Зэхуэдит1ыпсу зэпыщ1ык1ат, ди щхьэщыгум итым, езы т1ур зэрызэк1ыщ1ичам хуэдэу.
Зыкъомрэ щыму дыщыса нэужь:
- Упсэу, укъызэрызэдэ1уам папщ1э! – же1эри, си 1ит1ыр щабэу къещтэри, екъуз. – Уэ ухъыджэбз губзыгъэщ, си хъыбарым дерс гуэр къыхэх! Алыхьым нэсыпыф1э дыдэ уищ1, уи мурадхэр тхьэм къуигъэхъул1э!
Пщэдджыжьым жьыуэ сыкъэтэджри сыкъызэф1эт1ысхьащ. Сурэтхъан и дыуэр зэк1уэц1идэжу щыст.
- А, 1ей, укъэзгъэуша?! – жи.
- Хьэуэ, нанэ, умыгузавэ. И гъуэ нэсати, сыкъэушауэ аращ.
Зыдохуапэри, дыкъыщ1ок1. Людэ пщэдджыжьышхэм и 1уэху зырихуэу пщэф1ап1эмк1э щ1этт.
Сурэтхъан яшэжыну, машинэм щит1ысхьэжым, 1э къысхуищ1ри сызэбгъэдишащ. Сэлам къыщызихыжым, зыгуэр си 1эгум кърилъхэри, гуапэу си нэм къыщ1эплъащ. Сэри ди унэм сикъэсыжа нэужьщ, си 1эгу ундэрэбжьар щызэтесхар. «Сурэтхъан» жи1эу зытет дыжьын 1ыхьэр къыс1эщ1илъхьауэ арат, адрейр дыуэм ирилъхьэжри.
Мазит1 нэхъ дэмык1ыу Сурэтхъан дунейм ехыжащ. Уэсят ищ1ри, дыуэр и пщэм зэрилъу щ1алъхьащ. Ар щызэхэсхам, 1ейуэ сыгъауэ щытащ, си гум щ1ыхьэри. Сурэтхъан и фэеплъу къысхуэнар си пщэм исщ1эри илъэсищк1э зесхьащ.
Тыркум сык1уат, абы дэс ди благъэхэр слъэгъуну, сахуэхьэщ1эну. Тхьэмахуэ сыщы1ауэ, мыпхуэдэ ц1ыхур дауэ къэзгъуэтыну, жызо1эри Темыркъан сыщ1оупщ1э. Тхьэм щхьэк1э, упщ1э лей къыхамыгъэк1ыу, къэдгъуэтынкъэ, жа1эри и ужь ихьащ. Махуит1к1э къалъыхъуауэ, Темыркъан илъэсипл1 и пэк1э дунейм ехыжауэ къахутэ. И кхъащхьэ слъэгъуамэ арат, зыи мыхъу, щыжыс1эм, ари къысхуащ1э – кхъэм сашэри, Темыркъан и кхъащхьэр къыдогъуэт. Сыхэгупсысыхьауэ сыщалъагъум, си гъусэхэр 1уок1уэт. Сэри лъэгуажьэк1э сот1ысри, сыным и гъунэгъуу кумб ц1ык1у къызот1ык1, си 1эбжьанэхэм ят1эр дэз хъуауэ. Си пщэм илъ дыжьын 1ыхьэр къызох, кумбым изолъхьэри, щ1ыр тызотхъуэж, Тхьэм дунеягъэк1э зы фимыщ1ами, ахърэтк1э фызэригъэгъуэтыж, жызо1эри, кхъэм сыкъок1ыж.