ШыщхьэIум и 14-м и пщэдджыжьыр икъукIэ гущIэгъуншэт. «Машук» щIалэгъуалэ зэхуэсым сыкIуэныр си мураду, нэжэгужэу сыкъызэщыуат. Компьютерыр щIэзгъанэри сызэджар пцIыуэ къысщыхъуащ. А дакъикъэм зэхэсщIам и гугъу сщIыну сыхуейкъым. Псалъэншэуи сыкъывгурыIуэну къысщохъу. Зыгуэр стхыну сыхуеят мыбы теухуауэ, ауэ дыздэкIуам интернет тэмэм зэрыщымыIам, зэман зэрыдимыIам къыхэкIкIэ сыхуэхъуакъым. Нобэщ Къэбэрдейм дыкъыщыкIуэжар.
Альберт теухуауэ жысIэну сызыхуейр зыщ: ди лъэпкъым къыхуищIар зыкIи къыпхуэпщытэнукъым. Нэгъэсауэ адыгэлIу щытащ. Абы къырихьэжьа Iуэху дахэхэр Тхьэм нэзыгъэсыжыфын лъэпкъ узыншэ дищI. ЩIалэхэм захуэзгъазэу жысIэну сыхуейт: гъуэгум фысакъ.
Мы усэр Къэжэр Альберт фэеплъ хузощI. Тхьэм уи хьэдрыхэр дахэ ищI.
Пщэдджыжь нэмэзым уэсэпсыр
Щыгъэ зэрызу къигъэщIырт.
Уафэ ныкъуэплъым и нэпсыр
Си гум ещхьу сфIыхэщIырт.
Хъыбар гуауэр псэм сфIыхэуэрт
Мастапэр игъэджэгуу.
Пшэ къегъыххэм сыпэщIэуэрт
ГъащIэм и бзэм сыхуэдэгуу.
Лъыр увыIэрти, игъэзэжырт,
Гум илъ гуауэр шэчыгъуейт.
Псэм и жьэгум сыхуэзэжырт,
Къэхъур икъукIэ фIэщ щIыгъуейт.
Нэпсыр сыхуейт сыутIыпщыну -
АдыгэлIым гъын и хьэлкъым.
Сыхуейт гуауэм сыхэпщыну,
Ауэ гъащIэр ятIэ гуэлкъым.
Хьэдрыхэ кIуар симыблагъэми,
ГущIэр къыритхът тырнэушкIэ.
Дуней псор гуакIуэу гъагъэми,
Гъуалэрт си псэр къыщыушкIэ.
Тхъам и гу регъэпсэф! Дунай дахэм ерэщт!