Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

Къэжэр Альберт зэрытхэмытыжрэ мазэ ирокъу
Суббота, 14 сентября 2013 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 1731
Подписаться на комментарии по RSS
Метки: Къэжэр Альберт


Нобэ мазэ ирокъу Къэжэр Альберт и псэм псэхупIэ зэригъуэтыжрэ. Дыгъуасэ хуэдэщ а гуауэр къыщыхъуа гъэмахуэ пщэдджыжь гущIэгъуншэр. Дыгъуасэ хуэдэщ интернетым хъыбар бзаджэм сыкъызэрыщеджэрэ. "Машук" щIалэгъуалэ зэхуэсым сызэрыкIуэнумкIэ сыгушхуэу сыкъэтэджат. Си гур игъэхуабэт къыспэщылъ махуэхэм. ФIыцIэр хужьу къысщыхъут, дыджыр IэфIу зэхэсщIэт. Ауэ псоми зихъуэжащ компьютерыр щIэзгъанэу интернетым сыщихьам.

Сигу къеуэу щытащ сыт щыгъуи ЦIыпIынэ Аслъэн сымыцIыхуу дунеягъэр зэрихъуэжар. Иджы сигу хегъэщI Къэжэр Альберт зэрызмыцIыхуам. Хьэуэ, сцIыхуащ интернеткIэ, и напэкIуэцIым къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм сыфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъыплът. Ауэ сыту Iейуэ гъащIэм зэ дызэхуимыгъэзарэт, сыту Iейуэ зэ фIэхъус ирызимыгъэхарэт. Аргуэрым дунейм гущIэгъу ищIэкъым, аргуэрым си гур къоузыкI. Ауэ сыт тхуэщIэнур? Зыри. ГъащIэм къыдипэсыр тшэчын фIэкI нэгъуэщI зыри къытхуэнэжыркъым. Ди гур узми, ди псэм псы имытыжми адэкIэ дыпсэун хуейщ. Псыр дэ езым къэдгъэщIыжын хуейщ. Альберт дуней нэпцIыр къигъэнами Iэху къыригъэжьахэр иджыри мэпсэу. Ахэр нэгъэсыжыным елэжьынур дэращ - щIалэгъуалэращ. Дэращ Къэжэрыр зыщIэхъуэпсу щыта Iуэхугъуэ дахэхэр нэрылъагъу зыхуэщIынур. Адыгэм щхьэкIэ фи лыр узыр пэжмэ, дызыIысыр зыщыдывмыгъэгъупщэ, адыгэ Iуэхур лъэбакъуэ ныкъуэкIэ фIэкI мыхъуми дывгъэгъэкIуатэ. Гъуэгуанэм пэлъэщынур кIуэхэращ. Къэжэр Альберт и ныпым дыщIэту адыгэр пщэдейм дывгъакIуэ. 

Архивы
«« Август 2025 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
    123
45678910
11121314151617
18
192021222324
25262728293031
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация