Сурэтыр Жынэ Марьянэ ейщ
Гъэмахуэ дыгъэм щхьэхынэу и бзийхэр Налщыч къыдидзэт. Щэбэт махуэм къалэдэсхэр загъэпсэхут. Хэти апхуэдэ махуэхэр унэм щIэсу, щылъу игъэкIуэну ифIэфIщ. Хэти уэрамым къыдокIыри КъБР-м и къалащхьэм и тхьэмбыл удзыфэхэм къагъэщI хьэуамкIэ мэбауэ. ТIуми щымыщу нобэ щыIар усыгъэм дихьэх цIыхухэращ - Саральп Мадинэ и унэм Къэжэр Лянэ и усэ пшыхь щекIуэкIащ.
Контактым, фейсбукым исхэр Лянэ и творчествэм щыгъуазэщ. Ауэ дапхуэду щымытми, езы пщащэр и усэхэм къеджэу зылъэгъуа куэд щыIэтэкъым. Ныщхьэбэ Iэмал диIащ усыгъэ IэфIым и къару гъунэншэр зэхэтщIэну.
Усыгъэм и бзэр зыгъэпсалъэ пщащэр утыкум къихьэри псоми фIэхъус гуапэ ярихащ. Абы и гъусэу утыку къихьащ щIалэми зи цIэр жыжьэ Iуа пианист Къэбэрдокъуэ Мурат. А итIур зэгъусэу къыкIэлъыкIуэ сыхьэт иримыкъум зэдежьууэ гущIэм къеIэзащ. Зыр зым дэIэпыкъужурэ псэм фIэIэфI телъыджэ къагъэщIэну яхузэфIэкIащ. Лянэ усэ Iей жиIакъым, ауэ си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, уситI си гум нэхъ дыхьащ. Зыр пщащэм и анэшхуэм хуэгъэзат, етIуанэр 2011 гъэм дунейм ехыжа и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIум. Иужьырей усэм залым щIэса псори къызэфIигъэзэрыхьат, иныкъуэхэми нэпс къаIэщIэкIащ. Ауэ ущыдыхьэшхи къыхэхуэт. Апхуэдэу къызэхуэсахэр игъэдыхьэшхащ Лянэ школым щыщIэсам литературэ урокхэм щIэсу иуса пычыгъуэхэм.
СызэреплъымкIэ усакIуэщIэм лъапэ махуэ пщэдейм хичащ. НыбжькIэ щIалэми акъылкIэ балигъ хъуа пщащэм имытхьэкъуауэ зы цIыху залым зэрыщIэмыкIыжам шэч къытесхьэкъым. Сыхуейт Лянэ сехъуэхъуну и усыгъэ гъуэгур захуэну, и гухэлъхэр къехъулIэну.
Иужьырейуэ сыхуейт усыгъэм дихьэххэм захуэзгъэзэну. Пщэдей Саральп Мадинэ и унэм иджыри усэ пшыхь щекIуэкIынущ. ДыфIэфIу псори фыкъыдогъэблагъэ.
Упсэу, Астемыр! Лянэ и усэ пшыхьым иджыри куэд тепсэлъыхьынущ, ауэ япэ псалъэу хуатхуар мыращи, зэрыадыгэбзэр сыту гуапэ! Сы-адыгэщ къыджезы1э усак1уэ ныбжьыщ1эм и псэ къабзэр, и усэбзэ дахэр нобэ къытхузэ1уихащ. Лъапэ махуэ усыгъэм хичауэ Тхьэм жи1э!!!
Тхьэ жи1э, Заринэ.
И фэк1и гурыхьщ, зэчий къабзэщ, угъурлыщ. Адыгэ пщащэщ жып1эу урипагэну, уи щхьэ теплъхьэну набдзэщ. Тхьэм мы усак1уэ дахэм и гъуэгуанэр бгъуф1эу хузэ1уих. Уусак1уэныр -зыщ; уадыгэ усак1уэныр - хьын щхьэхуэщ. Къэжэр Лянэ махуэ защ1эу и гъуэгуанэр хэшауэ Тхьэшхуэм къыщ1игъэк1.
Сыту Дахэ дыдэс. Тхьаразыкъыпхъухъу сыту къабзэу адигэбзэк1э птхас. ДиАЛЛАХЫЩХУЭМ укъыдхуихумэ Къэжэр Лянэ
Гъуэгу махуэ тхьэм утригъэувэ,Лянэ! Уэ пхуэдэ усак1уэ щ1алэхэм хуэныкъуэщ ди адыгэ литературэри, уи лъэужьым къиувэн куэд тхьэм къыдит.