ШыщхьэIум и 13-14 махуэхэм Болгарием и Софие къалащхьэм алыдж-урым банэкIэмкIэ дуней псо щIалэгъуалэ зэхьэзехуэ щекIуэкIынущ. Килограмм 84-м и зэфIэкIыр щигъэлъагъуэнущ адыгэ щIалэ Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ.
БанакIуэр щIалэ дыдэми зэхьэзехуэ куэдым хэтын, текIуэн хузэфIэкIащ. Апхуэдэу нэгъабэ Сосрыкъуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европей щIалэгъуалэ зэхьэзехуэм щытекIуащ. Абы ипэ илъэсым жэз медаль къихьащ. КъыщнэмыщIауэ, 2012 гъэм Мэзкуу и нэхъ спортсменыфIу къалъытащ.
Къуэдзокъуэхэ я къуэр Урысейм и къалащхьэм дэт Физкультурэм и институтым щоджэ.
Сыщогугъ, Сосрыкъуэ нарт банэкIэ къигъэлъагъуэну, и хьэрхуэрэгъуу хъуар хигъащIу Хэкужьым дыщэ медаль къишэжыну.
Молодец большой,так держать))