Kyara Блогер - Kyara

Лъагъуныгъэм и лъабжьэ
Воскресенье, 23 июня 2013 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 10488
Подписаться на комментарии по RSS

Лъагъуныгъэм и лъабжьэ

Си хъуреягъым щызэрызехьэ ц1ыхухэр сф1эгъэщ1эгъуэну сахэплъэу, зы нэху гуэрым лъагэу си1этырт. Щ1ылъэмк1э пшэ губжьахэм дыгъэр щ1ахъумэу, моуэ к1ыф1 ящ1ами, а нэху сыдэзыхьейм пшэхэр дамэдазэ ищ1ауэ къаплъэрт. Мо к1ыф1ым, сщ1эртэкъым, дыгъэр уафэм щ1энауэ зэтрисхьэ хуэдэу, зыгуэру къысщыхъурт. Къэхъухэр къызгурымы1уащэурэ, зызо1эт.  Щ1ым къыщызгъанэхэм сахуеплъэк1ым, нэпс гуащ1эр иралъэщ1эк1ыу солъагъу – си хъыбарыр ди деж нэсащ.  Сыту псынщ1эу къэхъурэ 1уэху мыщ1агъуэхэр! Мес, телефон трубкэр хыф1идзауэ гъыуэ зечэтхъэжыр мамэ. Си адэми, зе1ыгъ, зэрыхъук1э. Щымыхъужым, пэшым щ1ок1ри нап1эм къытелъэда нэпс къудамэр щ1елъэщ1ык1ыж.  Благъэхэр, гъунэгъухэр  зыхуэсащ:
- Иджыпсту щы1э дохутырхэр 1эзэ дыдэщ! Абыхэм яхузэф1эмык1 щы1экъым! Умыгужьей, 1уэхур зытетыр иджыри умыщ1эу! Зыхуэхъужынщ псори. – жи си анэ шыпхъум. А Сэ1ихьэт ц1ыху тк1ийщ ик1и гу быдэщ. Абы и псэр к1эзызарэ и нэпсхэр напэмк1э къежэхыу си гъащэм щыслъэгъуакъым. Иныкъуэхэм деж сохъуапсэ сэ абы и бэшэчагъым, и къарум. Ауэ, апхуэдизу уи гур къузауэ упсэуныр гугъууи къысщохъу.
Угуф1эм, уи гур зэ1ухауэ гуф1э, уигъын къак1уэми, зумы1ыгъ! – сигъэ1ущырт анэшхуэм.
- Си гум къызже1э, зы телъыджэ гуэр къэхъуауэ! А. сипхъу ц1ык1у… – магъыр мамэ.
Дыгъуасэ унагъуэм илъа гуф1эгъуэм и лъэужь лъэпкъ щы1эжкъым.
Сыздэк1уэр сф1эгъэщ1эгъуэнми, щ1ылъэмк1э си гур маплъэ. Зэуэ сыкъызэтоувы1эж, зысплъыхьу. Махуит1 ф1эк1а сызыщ1эмыса лэгъунэм бостей хужь щ1элъыр сигу къок1. Сыхьэтит1 нэхъ дэмык1ыу ар щыст1агъэу, машинэ зыщ1эгъэпмамк1э сыкъыдашынут. Си щхьэц моуэ дахэ езгъэщ1ар, си нэк1у егугъуу ялар а бостейр - сыту зэк1уну ахэр! Сыхъуапсэу, си нэк1ум къыщ1ызогъыхьэр нысащ1эм и фащэр сщыгъыу, щауэм сыбгъэдэту ди насыпышхуэр благъэхэм, 1ыхьлыхэм, гъунэгъухэм къыдда1ыгъыу, хъуэхъук1э дагъэлъап1эу. Гупсысэ куэдым зэуэ сыхэтщ. Си гур зэм зым йожал1эр, зэм адрейм. Абы нэхъыбэр пщ1эншэщ иджыпсту къеплъэфэжьэну. Нобэ фызышэ махуэу, сездежьар дэнэ? – сегупсысыурэ себэкъуэхыжыну мурад сощ1 ар - щхьэк1э си п1эм сижыхьам хуэдэу, зысхуэгъэхъейкъым. Сехыжыфыркъым, ауэ сыдок1уеиф. Сыкъэгужьеижауэ, зы макъ щабэ гуэр къопсалъэ: «Лалинэ! Къак1уэ! Уафэгур унэ пхуэхъуащ» - жи.
- Ар дауэ? Нысащ1эншэу  фызышэр щы1ынура? Апхуэдизу ф1ыуэ слъагъу щ1алэри къэзгъанэу, си анэр… си адэр симыгъусэу дэнэ сыздэпшэнур? – къысщыщ1ар мащ1эурэ къызгуры1уэу хъуами, си гум нэсыну сыхуейкъым. Сышынэурэ, зыщызоплъыхь уафэм, - Адэ-анэм ягу узыр зэхэсщ1эу, нэпсхэр слъагъуу дэнэ сыздэбгъэк1уэнур? Сыхуейкъым! – Сытегушхуауэ сыкъебэкъуэхыжыну сыхэтщ. Арщхьэк1э си п1эм сызэрижыхьащ. Зысхуэгъэхъейкъым.
- Уэ, абыхэм уабгъэдыхьэк1э, зэйк1 укъалъагъужынукъым.  – аргуэру зэхызох макъ щабэр.
- Ар сыт щхьэк1э? Къэхъуар сыт? Уэ ухэт? – си макъыр къэк1эзызарэ, сыпыхьэу зызоплъыхь, къызэпсалъэр къэслъыхъуэу. Арщхьэк1э зыщ1ып1и щыслъагъуркъым.
- Ялыхь сыщыхъумэ! Ялыхьышхуэ! – Шынэ къысщыхьащи, псалъэхэр сф1ызэхэзэрыхьу, сыгужьеяуэ со1ущащэ. Щ1ымк1э щы1эхэм  сыхуейкъым сызэхахыну. Сагъэук1ытэжынщ иужьк1э, къысщыдыхьэшхыжу.
- А узэлъэ1ур, уэ къожьэ! – жи, зыгуэрым.
Мо сыздэшынэм, си лъакъуит1ым самы1ыгъыжу, сет1ысэхащ. Зы джаурыжь гуэр къыкъуэк1ын си гугъэу, сыдоплъей, сыкъоплъых, лъэныкъуит1ымк1и соплъэр. Сыщеплъыхк1э, солъагъу ц1ыху зэхэтхэр. Ахэр зэрызохьэ: мылицэм машинэ мыдэ тхылъымп1эжь ушк1умп1у хыф1адзэжам ещхьу щылъ, маф1эм дрилыгъуейем ц1ыхухэр 1уигъыхьэркъым; маф1эгъэунк1ыф1ым маф1эсым псы тхъурымбэ зыхэлъыр трек1э, игъэунк1ыф1ыну; дохутырхэри ауэ щылъ ц1ыхухэм йо1эзэ. Зыр дохутыр машинэмк1э яхь. Абы и 1упэр зэтож, псалъэ хуэдэу. Ф1ыуэ сыда1уэмэщ щызэхэсхыр жи1эр: Лалинэ! Да1э си щхьэгъусэр? Си хъыджэбз ц1ык1у! Къысхуевджэ! Лалинэ…– жи. Къыбгъэдэт дохутыр фащэ хужь зыщыгъыр псалъэк1э йодэхащ1э.
- Умыгузавэ!.. Месри а тхьэ1ухудыр! Къы1ухьэнущ иджыпсту!
- Си щ1алэ закъуэ! Ф1ыуэ узолъагъу, Аскэр! Аскэр! – сызэхих си гугъэу сок1ий, си 1эхэр сшийуэ. Арщхьэк1э псалъэхэр къо1уж зыщ1ып1и нэмысу. Абдеж къызгуро1уэ, зыми сызэхахыжыркъым!
Адэк1э солъагъу нэгъуэщ1 ц1ыхухэри, я щыгъынхэр лъы защ1эу. Ауэ, сц1ыху яхэткъым. Саздыхэплъэм, зыкъызолъэгъуж. Уэсым хуэдэу хужь сыхъуауэ сыщылъщ. Дохутырищ къызбгъэдэтщ, къызэ1эзэу.
- Зыф1эк1ащ мыбы и 1уэхур, - жи зым.
- Еууей! Сыту щ1алэ1уэу!
- Унагъуэмк1э псэлъак1эщ. Къэсынущ куэд мыщ1эу. – жи ет1уанэми.
Си 1эпкълъэпкъым к1эращ1а аппаратхэм лъэмы1усу машинэ хужьымк1э сахьыну унафэ ещ1.
- Тхьэмыщк1э ц1ык1у! И адэр соц1ыху. Бын закъуэу фызышэ махуэм а джаурыр сыту гущ1эгъуншэу яхэ1эбат! Сыту гугъу, «уи быныр л1ащ» жып1эну…
«Зыф1эк1ащ мыбы и 1уэхур!» - ину къыщо1уж а псалъэхэр си гум, си щхьэм, си псэм. Сыщ1эупщ1эн сышынэу, сыдоплъей ищхьэмк1э. Си пэм къитщ, хужьыбзэу зыщыхуэпык1ауэ л1ыжь  сырыхушхуэ. Нэпс, напэмк1э къежэххэр щилъагъум, сызэрышынэр щызэхищ1эм, щабэу погуф1ык1.
- Умышынэ! Ущ1эгъыни щы1экъым! Иджыпсту щыщ1эдзауэ нэпсхэр пф1ок1уэд.
Си нит1ри, напэри гъущэ мэхъуж. Зы тк1уэпси къысхуежэхыжкъым. И 1эр къысхуеший – нак1уэ! Гук1э сыхуэмейми, 1эпкълъэпкъыр къызэмыда1уэу къызэф1оувэж. Сыдок1уей, нэхум сыхэту. 
Пшэ хужьышхуэ гуэрым дыкъыщызэтоувы1э. Сызэгупсысхэр жызмы1ами, л1ыжьым ищ1эу къыщ1ок1:
- Лалинэ, пэжу къыбгуры1уащ. Дунейм уехыжащ.
- Ар дауэ? – си ф1эщ хъуну сыхуэмейуэ, сыкъытехьащ, - Ялыхь, дауэ ар къэбгъэхъуа? Си насыпыр къэса къудейуэ! Махуит1 хъуа къудейт унагъуэ сызэрихьэрэ. Си адэ-анэр. Абыхэм сэ зыращ быну я1эр. Дауэ узэремыгупсысар? Е, апхуэдизу насыпыншэ гъащ1э нат1эм щиптхи къэхъура? – Зэйк1 апхуэдизу гу махэу, си макъыр шэщ1ауэ сык1ийуэ, сыгъыу сыщымытами, иджыпсту зыри къысф1эмы1уэхужу, хьэл симы1ахэри схэлъу зызочэтхъэж. - Ялыхьышхуэ! Кхъы1э, сыгъэпсэу иджыри. – сет1ысэхауэ сызыщыгугъыни зэрыщымы1эр сщ1эуэ, сыхудоплъей.
- П1алъэ – п1алъэк1эщ ц1ыхухэр зэрыпсэур. Уи закъуэкъым л1эныгъэр къызыпэщылъар. Уэрк1э къемыжьар, уэрк1и ямыухын 1уэхущ. Умыгумэщ1, иухащ уи щ1ылъэ гъащ1эр. Ауэ, мащ1экъым иджыри къыппэщылъыр. Уи псэр псэущ! Упсэущ уэ!
- Къызэтыж си 1эпкълъэпкъри! Сызэрыщытауэ сыкъэгъанэ. – сигу къок1ыж илъэск1э узэ1эбэк1ыжым дунейм гъунэгъу фызыжь ехыжар. - Ныт1э, блыщ1ым ф1ихуу, зи быным я быныж зылъэгъуа фызыжьрэ, хъыджэбз илъэс т1ощ1ым нэсамрэ, дауэ зыхуэдэу бгъэуврэ? Абы илъэгъуам и ныкъуэм сынэсакъым сэ! – си щхьэ сф1эгуэныхьщ.
Л1ыжьым и щхьэр ещ1. Арэзыкъым си псалъэхэмк1э.
- Абы къыхуиуха п1алъэр арат, уэ мырат.
- Иджыри къэс си ф1эщт, щ1ылъэм захуэ щымы1эми, уафэм щыбгъуэтыну. Сыщыуащ, къызэрыщ1эк1ымк1э. – си гум узу зикъузт. Зыри схузэф1эк1тэкъым. Ари нэхъ 1еижт.
- Ущыуакъым. Алыхьым псори елъагъу. Пэжщ. Фызыжь илъэс блыщ1ым нэсам илъэгъуамрэ, зэхищ1амрэ, уэ узы1ущ1ахэмрэ зыкъым. Абы гуауэ и нэгу щ1эк1ар уэ къохьэлъэк1ынк1и хъунут, гуф1эгъуэр пхуэмыхьынк1и хъунт. Пхуэмыхьын тыгъэр къыплъыскъым зэи. Уи къарум хуэшэчынур ящ1эу, уи нат1эм къратхат, итар. – макъ щабэу щытар, нэхъ тк1ий мэхъу. – Насып уи1а куэду?
Упщ1эр тыншу къысщыхъуами, си жэуапыр хьэзыртэкъым. Сщ1эртэкъым жыс1эныр.
- Мисри, уогупсысыр! – жи езыр, схуземыгъэзахуэ гупсысэхэр ищ1эу, - насыпкъэ адэ-анэ узыншэр? Насыпкъэ абыхэм зэхуа1э лъагъуныгъэр? Уэ къыпхуа1эр-щэ? Дауэ ухъужынт, узеиншамэ? Дунейм укъытезыгъэхьар къыпхуэмеижу, ухыф1идзатэм?
А пшэ дыдэм дызэрытету, сабий унэм дыкъыщохутэ. Сегъэлъагъу, гущэм хэлъ  сабий къабзэ ц1ык1ухэр. Хэт и 1эпэр и жьэм жьэдэлъыу, хэти гуащэр и бгъэм к1эрикъузауэ.
- Уи узыншагъэр-щэ? 1ит1, лъакъуит1, нэ, жьэ – уи 1эпкълъэпкъыр урокъуж. А бзагуэхэр, дэгухэр, нэфхэр дауэ къыпщыхъурэ?
Къалэку дыдэтщ. И 1эр ещ1ри, сегъэлъагъу гъуэгур зэпызупщ1 л1ыжь, башк1э щ1ым теуэр. Абы нэгъуджэ ф1ыц1э 1улъщ. Къабзэлъабзэу хуэпащ. Машинэ гъунэгъу къыщыхуэхъум, къызэтеувы1ащ. Блигъэжри, ежьэжащ. 
- Къэпц1ыхужркъэ? – щ1оупщ1эр ар.
Ярэби, иджыри къэс, тхьэ гу лъызмытарэт мыбы? Схулъэк1амэ, зыпырсшынти! – согупсыс и упщ1эр жэуапыншэу къызогъанэ. Си гъусэр мэдыхьэшхри, бэзэр дыхьэп1эм 1ус щ1алэм сыбгъэдешэ. Зауэл1 фащэ удзыфэ щыгъщи лъакъуит1ыр пытыжкъым а тхьэмыщк1эм. Зыри зэхимыхыжу жа1эуи зыхэсхауэ, сощ1эж. Ахъшэ, схулъэк1амэ, хуэсшиинти! А 1эф1ык1э, хьэпшып апхуэдэуи сызыхуэмыныкъуэхэр нэхъ мащ1э сщ1ымэ, ар и ныбэ изу махуэ зыбжанэк1э къэзыгъэшхэн хуэдиз хъунущ. – согумэщ1, япэм дапщэрэ сыблэк1а, гу лъызмытэххэу. Абдеж дыдэ щыт тыкуэным, нэгъуджэ ф1ыц1итху си1эу, еханэри къэщысщэхут, ар мэжал1эу щысу. Сыту, сы гулъытэншэт!
- Уощ1эр-т1э ц1ыху куэд факъырэу, щхын щхьэк1э зэрыл1эр, щ1ы1эм зэрисыр. Уэ абыхэм зы махуэ, а уи гъащ1э бгъэпудыжым уахэта? – здэпсалъэм зэуэ щ1ым къыщыхъу куэд си нэм щ1ок1. Зауэ, къулейсыз унагъуэхэр, къуажэхэр, щ1ы1эм исауэ, губгъуэм илъ ц1ыхухэр, нэгъуэщ1хэр. – Къэпщ1а иджы насыпыф1э гъащ1эк1э зэджэр? Хьэмэрэ сыщыуэрэ?
- Ущыуакъым! – Пэжт, жи1ам зы пц1ы щыхэзмыгъуатэм, арэзыуэ сеплъащ.
- Сэ уэзгъэлъэгъуар, махуэ къэс плъагъуу, ауэ гу лъытэ зылъумытахэращ.
Т1ури щэху дыхъуауэ аргуэру уафэгум ди пшэхур иувэжащ. Си адэ-анэм, си щхьэгъусэм, абыхэм яхузи1э лъагъуныгъэм сегупсысурэ, си псэр пыхьэрт. Ахэр слъагъуну сыл1эт, сабгъуэдэтыну, иджыри дызэдэпсэуну сыхъуапсэу,  къэпсэлъащ л1ыжьыр:
- Сэ узгъэшынэну си мурадкъым. Сэ сы - Алыхькъым. Жи1э сщ1э к1удейщ. Тхьэшхуэр захуэрэ къуаншэрэ уэ зэхэбгъэк1ыну къыптехуэркъым. – и жьак1э хужьышхуэм телъэщ1ыхьыурэ къызоплъ.
- Иджы маф1эм сисыну? – сышынапэу соупщ1.
- Хьэуэ. Уэ псэук1э зепхьамк1э къэблэжьакъым маф1эр.
- Ныт1э, жэнэтым сык1уэну? – сыпогуф1ык1.
- Ари ууейкъым.
Соплъ, къызгурымы1уэу.  А т1ум къинэмыщ1ауэ иджыри зыгуэр щы1эу сщ1акъым.
- Лалинэ, уэ уи ф1ыри уи 1ейри зэхуэдизыбзэщ. Мащ1эущ ц1ыхухэм сэбэп уазэрыхуэхъуар. Нэгъэсауэ адыгэ хъыджэбз жыхуа1эм хуэдэу уи нэмысыр п1ыгъыжу упсэуащ, адэ-анэр зепхьэрт. Къолъэ1ум сэбэп ухуэхъуфт. Ауэ, хамэм, е, псалъэм папщ1э, а зауэм зи лъакъуит1ыр къыщызыгъэнам уи гъащ1эм къриубыдэу, зэ зы сом епта?
Жыжьи нэмысу си нэм къыщ1и1ужащ си гулъытэншагъэр. Пэжыр пэжт, уедауэк1э мыхьэнэ и1экъым. Сыарэзыт жи1амк1и, си щхьэр сщ1ащ.
- Ныт1э, щ1ылъэмрэ, уафэмрэ якум удэтынущ. Зыми зеи уилъэгъунукъым, узэхихынукъым. Дэ тлъагъунущ пщ1эхэр. Дигу ирихьри иримыхьри ныбжет1энущ. – ар к1уэдыж хуэдэу хъуащ. – Уи 1эмыщ1эм илъщ, маф1эм уисынымрэ, ахърэтым ущытхъэнымрэ! -   л1ыжьыр к1уэдыжыпащ, и иужь дыдэ псалъэхэр къэ1ужурэ.
 
Арати, япэ махуэхэм дунейр зэхэсплъыхьу щ1эзджащ. Къэхъуныр къызэрыхъурэ сыхьэтит1 ф1эк1аи к1уатэкъым. Сэбэп схуэмыхъужыну сымаджэщым сыщ1ашари сытыт? – жыс1эу сыздегупсысым зэхызох псалъэмакъ гуэр:
- Арэзы хъуамэ арат! – фыз нэк1у фагъуэм и 1эпэ к1эзызхэр 1эшт1ыму екъуз. Зы гукъеуэ гуэр и1эу къысф1эщ1ат. Щ1алэ къыбгъэдэтри нэщхъейщ. Хэлат хужь ятеубгъуат т1уми.
- Фелъэ1у. Къыгурывгъа1уэ, ц1ыхум псэ зэрыратыфынур. Ет1уанэу къалъжынущ сабийр! – дохутырри яхуэупсэу сэ къызоплъ… - къызгуры1уэркъым, хамэхэр зыхуейр. Абы хэту си адэ-анэри къос. За1ыгъыу сымаджэщым щ1ыхьами, сыкъызэралъагъуу, мамэ къыщеудри магъ, папи и нэпсхэр егъэпщк1у. 1ыхьлы ягъусахэри зэщ1огъуагэ. Сэ1ихьэти и нап1эр плъыжьыбзэу къызэщ1энащ. Бэлътокумк1э нэпсхэр ирелъэщ1эк1. Си псэм дыхьат слъагъухэри, псалъэхэм гу лъыстакъым. Си адэ-анэр арэзы хъуат зыгуэрк1э. Я гугъэхэр сымыщ1эу, нэгъуэщ1 пэш хужьышхуэм сыдрашей. Дохутыр куэд къысщхьэщытщ. Я ц1эхэм сыздеджэм, япэм, телевизорк1э слъэгъуауэ, зы дохутыр ц1эры1уэшхуэ гуэри яхэту солъагъу. Ахэм зы телъыджэ гуэрым зыхуагъэхьэзыру къыщ1эк1ынщ. Гъущ1 1эмэпсымэ куэд къызэхуахьэс, зыгуэрхэри си 1эпкълъэпкъым к1эращ1э. Сэмэгурабгъумк1э, сэр нэмыщ1 сабий ц1ык1у фагъуэу щылъщ. Абы и нэхэр иуэжат, сенычыпэм хуэдэу гъурти, зы уз гуэр къеузу къысщыхъуащ.  Пэшым къыщыхъу псом сурэт трах.
Я зыгъэхьэзырынри зыф1эк1ри, операциэм щ1идзащ.
Си тхьэмбылым и ныкъуэр къыпагъэж! Сабий ц1ык1ум ейм щыщ мащ1э т1эк1уи къыпагъэху. Абы къыхуэнамрэ, сысеймрэ зыпадэж. 
«Ар дауэ? Сащащ!» – сыпыхьэу сыщ1ожыж. Иужьк1э псалъэмакъхэм къызгурагъа1уэ: сэ сыл1ащ, ауэ ц1ыхум гъащ1и  естыжащ. Уз телъыджэм дытек1уат. Сахуэарэзыт си адэ-анэ ар зыдахэм.
Унэмк1э сыдыхьэжащ. Дауик1, фызышэр къэнэжат. Зызэрагъэхьэзырари хэк1уадэу. Адэ-анэр слъэгъуащ. Зачэтхъэжу гъыхэм, 1э дэслъащ. Си анэ, умыгъ! Си адэ, умыгумэщ1! Ауэ сызэхащ1эртэкъым.
Сымаджэщым щ1эхуа щхьэгъусэ схуэхъуами сыбгъэдыхьащ. Си гум лъагъуныгъэ изыр пыхьэрт. Ди зэрыц1ыхук1ар зэуэ си нэм къыщ1оувэж.
– Залинэ къыщалъхуа махуэу дызэрихьэл1ат. Ар сэ си ныбжьэгъу ц1ык1ут,  Аскэр и шыпхъу нэхъыщ1эт. Щ1алэ дэгъуэм сызэры1уплъэу си гум ирихьным, къыщымынэжу си псэми ф1ыуэ илъэгъуат. Ц1ыхухъу лъагэ, зэк1ужым псэлъэк1э дахэ зи1эм сыдихьэхат. Езыри си дежк1э къеплъэк1ыу гу лъыстати, сыгуф1эрт. Ди нит1ыр зэтехуамэ, сыхупыгуф1ык1т. Апхуэдабзэу щабэу, и дзэ хужьхэр къысхущ1игъэплът. Апхуэдэхэм деж, си гур сф1ыщ1эпхъуэрт. Гу къеуэ макъым и къарур си хъуреягъым зэхахыу къысф1эщ1т.
Япэ джэгур ща1этам,  щ1алэ къыхэсхам, нэгъуэщ1 хъыджэбз къыдеш. Си жагъуэ хъуат. Щхьэгъубжэм сы1уот1ысхьэ. Гугъэ 1эф1, сызэхъуэпсахэр, гъатхэ махуэм щ1ымахуэм къигъанэ мылхэр зэригъэтк1ужым хуэдэу тк1урт. Иджыпсту пщыхьэщхьэти, щ1ыбымк1э щ1ы1эт. Гъунэгъу сызыхуэхъуа абджыр, сыщыбауэк1э къэпщ1ант1эрт. Си 1эпэ гъурхэр, езыхэр 1эбэри, тращ1ыхьащ гу, шабзэк1э у1ар. Абы сыпыгуф1ык1ри, гуф1эгъуэм нэщхъейуэ, сыщысынкъым жыс1эри, сы1ук1ыжащ. Зэ сыкъоплъэк1ыжри, солъагъу щхьэгъубжэ нэщ1ыр. Гу у1ар к1уэдыжак1эт.
Пщэф1ап1эмк1э сыщ1ыхьэри, Залинэ и анэм сы1ущ1ащ. Абы хъэкъущыкъу итхьэщ1т. 
- Уэ ухьэщ1эщ нобэ! – жи1эу, имыдэурэ, сэри сыбгъэдэуващ, дэстхьэщ1ыну.
- Сыбдэ1эпыкъун къудейщ!
- А си хъыджэбз ц1ык1у! Уэ зи унэ укъыщ1эк1хэр ехъул1акъэ!
- Яжес1эжынщи, згъэгуф1энщ! – сыхупыгуф1ык1ащ фызым.
Дэ т1ум нэмыщ1 зыгуэр пэшым щ1эту къысф1эщ1ри, бжэмк1э зызгъэзащ. Аскэр и дыхумэр къысщ1ихьа ф1эк1а, зыри слъэгъуакъым.
- К1уэ, си хъыджэбз ц1ык1у. 1энэм т1ысыжынщи укъэнэнщ. – Хьэкъущыкъу ф1ей щы1ыжтэкъыми, жы1эда1уэу жи1ар згъэзэщ1ащ.
Дызэрыщысам хуэдэу дет1ысэхыжхэри, хъуэхъу дахэхэр, псалъэ къабзэхэр  Залинэ, Залинэ и унагъуэм хуат1этащ.  1энэм щысхэр зэрызехьэрт. Сэ си нит1ыр схутемыгъэк1ыу, сеплъырт Аскэр. Езыр гуф1эжу, уэршэру щыст. И нэхэр къысхуигъэджэгуу, адрейхэм дэуэршэру. Апхуэдэу зызэрищ1ыр си жагъуэ хъуауэ, сыкъепэзэзэхт. Щ1элэгъуалэ шхар, джэгуну хущ1экъути, аргуэру дытэджыжащ. 
Сэ щхьэгъубжэм сы1ут1ысхьэжри, сепщащ, къэзгъэпщ1ант1эу, гу у1ам сеплъыну. Арщхьэк1э, зэуэ тхыгъит1 къызолъагъу. Зэщхьыркъабзэу. Зыр сэ стхарат, адрейр зыхуэзгъэфащэр сщ1эртэкъым. Игъащ1эм зэхэзмыщ1а зы гурыщ1э гуэрк1э си псэр гъэнщ1а гъуати, утыкумк1э сыплъэурэ сыпыгуф1ык1ащ. Щ1алэ ф1ыуэ слъэгъуар нэк1э къэслъыхъуэрт. Ар си  щ1ыбагъ къыдыхьати, сэри зыщызгъазэм, ди плъэк1эр зэтехуати, нэк1э дызопсалъэ:
- Уэ зыращ, си хъыджэбз ц1ык1у, сызыхуейр! Ф1ыуэ услъэгъуащ, тхьэ1ухудыр!
- Си гур пхьэхуащ, щ1алэ бзаджэм!
Лъагъуныгъэр зыщ. Дэтхэнэ ц1ыхуми зэхещ1эр, абы и 1эф1агъыр. Зэи зыми хэбгъэзэрыхьынукъым. Ц1ыхуит1ыр зы зыщ1ыр, гури  псэри зыгъатхъэр зэуэ аращ. 
А пщыхьэщхьэм ди унэ сишэжри, къыск1элъык1уэу щ1идзащ. Апхуэдизк1э зызыщыдгъэнщ1тэкъыми зэманым дримыкъуу хъуат. И машинэм сыздисым, щхьэгъубжэм сепщэти, тесщ1ыхьырт гуит1 зэгъусэу. Езыр я деж к1уэжырт, абдежым епщэрти, къыщ1игъэщыжырт сурэт тесщ1ыхьар. Ищ1эрт, тхыгъэ къызэрызгъанэр. Жып телефоным къэпсалъэрт пыгуф1ык1ыу «Си псэ закъуэ! Уэ зырщ си лъагъуныгъэр зейр!».
Махуэ гуэрым, шэджагъуашхэ зэгъусэу дышхэну дызэгуры1уащ. Ди стол ц1ык1у, щхьэгъубжэм бгъуэдэтыр щыслъэгъуам нэщ1т. Къык1эрыхуу къысф1эщ1ри, сык1уэри сыт1ысащ. Дакъикъэ зыбжанэк1э сыщысащ сыхэгупсысыхьауэ. Къэстэкъым. Ар  зэи къык1эрыхуу къэхъуатэкъыми сыкъэгузэващ. Гу лъызмытауэ п1эрэ жыс1эу зысплъыхьащ, ауэ щы1этэкъым. Зыхуэсхьыныр сымыщ1эу, щхьэгъубжэм сепщащ – япэм теттха гуэр слъагъужын си гугъэу. Сыщыуатэкъым, тхыгъэ ц1ык1у тетт, ауэ япэу сыкъеджэ къудейт – Лалинэ, уэрыншэу гъащ1э си1экъым, ф1ыщэу узолъагъу, кхъ1э, къыздэк1уэ!
А псалъэхэм сыкъыщеджэм, си нэпсхэр напэмк1э къысф1ежэхт. Сэр нэхъ насыпыф1э дуней псом теттэкъым! Зызмы1эжьэу си жэуапри тестхэжащ сэри: «Сыарэзыщ!».  Ар дидежк1э ф1ыуэ къац1ыхурти, къыздэгуф1эн къудейт. Тхэн зэрызухыу, Аскэр удз гъэгъа дахэ и1ыгъыу къызбгъэдыхьащ. Сыхупыгуф1ык1т, си насыпымк1и сыгушхуэрт. Удз гъэгъар къысхуишиящ. Розэ плъыжь къомым, зы хужь закъуэт хэтыр. Абы 1элъын ц1ык1у к1эрыщ1ат. Ар абджым йопщэри, итым къоджэ. Сыту 1ейуэ гуф1ат! Ди хъуреягъыр 1эгу къытхуеуэу къытф1эщ1и, ди гум илъ ди лъагъуныгъэр зыжет1ащ. А махуэ лъандэрэ ди фызышэм зыхуэдгъэхьэзырт. Тхьэмэхуит1и нэхъ дэмык1ыу лъэпкъит1ыр зэгуры1уащ, фызышэшхуэу ди унэм сыкъыдашыну. Арщхьэк1э, махуит1 къэнауэ, хуэмышэчыжу, сихьри ежьэжащ.
Иджыпсту соплъ си щхьэгъусэми, аппэрат гуэрхэр к1ийуэ к1эрыщ1ащ. Зигъэхъейкъым. И нит1ри зэтеп1ащ быдэу. Дохутырхэм хьэлъэу жа1э. Сэ сыбгъэдэсщ и 1э хуабэр с1ыгъыу. И 1эпкълъэпкъым уз хэтыр зэхызощ1э. Щэхуу согупсыс: а узыр хэсшыфыну п1эрэ? Хъужынуи сыщогугъ. А тхьэмыщк1эм ищ1эркъым иджыри, сэ дунейм сызэрехыжар. Иджы, ди лъагъуныгъэшхуэ, зызыщыдмыгъэнщ1у щытар зэгуэщ1ык1ауэ зэрыщытыр зэхихмэ, дауэ хъужыну? Гук1э, псэк1э къехьэлъэк1ынущ. Ар сощ1э сэ. Си щхьэр есхьэхри и 1эм теслъхьащ. «Аскэр, ф1ыуэ узолъагъу», - жыс1эурэ се1ущащэт. Жэщ псом, сытегузэвыхьу сыбгъэдэсащ. Арщхьэк1э, зигъэхъеякъым. И нит1ыр зэрызэтеп1ат, дыгъуасэ зэрыщылъам хуэдабзэу щ1ыбк1э к1ыхьу щылът. 1эпкълъэпкъ сымаджэм к1эращ1ауэ щыта аппаратхэр зэрыщ1эгъэнат. Ахэм макъ гуэрхэр ящ1т.
Дохутырхэм бжэр къыщы1уахам, щхьэгъубжащхьэм сытест. Махуэм си 1уэху зесхуэу, пщыхьэщхьэм аргуэру къэзгъэзэжын си гугъэт.
- Нобэ ет1уанэщ. Жьы1уэщ иджыри зыгуэр жып1эну.  – жи зы дохутырым.
- Мыбы езым зыри хузэф1эк1къым. 1аппэратхэр и п1эк1э мэбауэ, машхэ. Куэд дэмык1ыу тф1эк1уэдыну къыщ1эк1ынщ… – адрейм и псалъэхэр щызэхэсхым, зыкъэзгъэзэжри, седэ1уащ жа1эхэм.
- Ныт1э, зэман еттынщи, зимыхьэхъеймэ, псэ зэры1утыр къыдимыгъащ1эмэ, дгъэук1ыф1ынщ к1эрытщ1ахэр, и 1ыхьлыхэр арэзымэ.
- Пэжщ, зэрытщ1 хабзэм хуэдэу…
- Си щхьэгъусэр ягъэл1эну мурад ящ1ащ! – гупсысэм сегъэгужьей. Ар яхуэзмыдэу япэм сыкъолъадэ.
– Си нит1ыр къижыу ф1ыуэ слъагъур фэстын фи мыгугъэ! – ятызокъутэр си губжьыр. Ауэ, самылъэгъуу ик1и сызэхамыхыу щ1ок1ыж. Мо сыздэгужьеям, Аскэр сыбгъэдолъадэри, си 1ит1ыр и напэм тызолъхьэ. Си нэр зэтызоп1эри, сыдоплъей. Зы нэху гуэр 1эмк1э къыщожьэри, 1эпкълъэпкъыр еубыд. Зы тэлай закъуэк1э къоблэри, мэунк1ыф1ыж. Къару схэлъар зэрызимы1ыжым и щыхьэту, иджыпсту сщ1ами сришынэжауэ, сощтэри соджалэ. Сыкъыщызэф1эувэжам, мобыи и нит1ыр зэтрихауэ, къаплъэрт.
- Лалинэ! – макъ имы1эми, и 1упэмк1э къызгуры1уат абы жи1эр. Си гур къызэф1энауэ, зичэтхъэжт. Сыгът, ауэ нэпсыншэу. Мастэ хэзылъхьэнур къыщ1ыхьащ. Аскэр щилъагъум, щ1эжыжащ, дохутыр нэхъыщхьэм къеджэну. Сэри, ф1ыуэ слъагъу щ1алэм гъащ1э зэрестыжамк1э сыкъэгуф1эжауэ, сыщ1эк1ыжащ. Лэгъунэ нэщ1ым сыщ1ыхьащ. Си нэгу къыщ1ыхьэжт сыщахьа жэщыр. Залинэ гуф1эжу къызбгъуэдэту.
Ет1уанэ махуэм дыуэршэру дыщысат зэныбжьэгъуит1ыр. Схутепсэлъыхьт зэдэлъхузэшыпхъум я сабиигъуэм. Гъэщ1эгъуэн гуэрхэр жи1ыжт. Хъыджэбз наф1эгуф1э ц1ык1ур си щхьэгъусэм зэрещхьыр хьэлк1э сф1эф1у зэпысплъыхьт. Т1ури гу щабэт, псэ 1эф1т.
Щхьэгъубжэм сы1ухьэри, пэшым сыщ1эплъащ. Сыту псэхут, сыту нэхут! Хьэпшып щ1этхэм 1э дэслъэурэ, сыщ1эк1ыжащ. Гукъэк1ыжыр къызэхьэлъэк1т. У1эгъэ гум телъыр ину гъыт. Маф1эсри нэхъыф1у п1эрэт?
 Моуэ нэщ1 гуэру зыкъысщыхъужурэ, уэрам япэм къыщыск1ухьу щытахэм сыдыхьащ. Япэрей махуэхэр си нэгу къыщ1ыхьэрэ, абыхэм защызмыгъэнщ1у къэск1ухьырт, сыздэк1уэри сымыщ1эу. Нобэ, ц1ыху куэд щызэблэк1т. Ахэр п1ащ1эу жэт адк1э-мыдэк1э. Хэти гуф1эрт, хэти нэщхъейт. Сэ си нэгум къищыр иджыпсту абыхэм зыми ялъагъутэкъым. Абы нэщхъей сыкъещ1. Зыми сызэхищ1эркъым, зыми сепсэлъэфыркъым…
- Сэ узэхызох! – си щ1ыбагъымк1э зы макъ гуэр къыщо1у. Ар къысф1эщ1а си гугъэу, зызоплъыхь. Л1ыжьым жи1ахэр гум къок1ыжри, нэхъ 1еижу сыхагъэзэрыхь. Арщхьэк1э, хъыджэбз ц1ык1у си пэм къоувэ.
- Укъигъэпц1акъым! – аргуэру мэпсалъэ мыц1ыху пщащэр.
- Уэ ухэт? – хуэзгъэфэщэныр сымыщ1эу соплъ абы. Ар моуэ хужьыбзэу щытщ. И нит1ым упхырыплъыфу къысщохъу, япэу сыщы1уплъэм, ауэ сеплъыпати, солъагъу уафэ къабзэм ещхьщ. Бостей щыгъыр хужьщ, щ1ы1э гуэр къыхеху. Мо быхъум, и 1эпкълъэпкъыр къыхигъэщкъым. Нэщхъейщ.
- Сэ си ц1эр Линэщ. Уэ сыпхуэдэщ. – жи.
- А… Къызгуры1уащ иджы. Уэри жэнэтымрэ жыхьэрмэмрэ я зэхуакум удэтщ!
- Сыдэтщ. Ауэ, сэ си ажалыр къэмысу си псэр хахауэ аращ. Илъэс пщык1ущ сыхъуат абы щыгъуэ.
- Ар дауэ? Ажалыр къыщык1уэр Алыхьым уи нат1эм къритхар къэсмэщ! – Л1ыжьым къызжи1ахэр къызогубзыгъыж.
- Пэжщ. Сэ щы1а хабзэм сытехуакъым.
Си псалъэгъур зэуэ щэху мэхъу. Си нит1ыр схутемыгъэк1ыу соплъ сыпоплъэ и псалъэхэм пищэжыну. Зэман куэди димыгъэк1ыу, куэдри сызримыгъажьэу же1э:
- Си гъащ1эр фадэм с1ихащ. Адэ ефэным дихьэхам сы1эщ1эук1эжащ. Абы си анэм зриздат сэ и1ыгъыу. Езмыгъэу1эну анэм и пэм сыкъиувэри, сапэр сэращ зылъысар. Чэфыжьым зэтриук1ащ и унагъуэр. Щ1ы щ1ы1эр  унэ тхуэхъуащ  анэми,  дэлъху ц1ык1уми, сэри.
- Къысхуэгъэгъу. – Сеупщ1у, игу къызэрызгъэк1ыжар си жагъуэ хъуат. Сэ сф1эмыф1ыр, нэгъуэщ1ым есщ1ат.
- Упсэу, ауэ 1уэхукъым ар. Пэжыр жыс1энщи, сабий унэ сыщап1 нэхърэ, сызэрыщытыр нэхъ къызощтэ. Куэд дэмык1ыу, сахуэзэжынущ си анэми, дэлъхуми. Ар си гурыф1ыгъуэщ! – пыгуф1ык1ыурэ къызоплъ Линэ.
Т1ури щэху дыхъуат дэкъикъэ зыбжанэк1э. Езым къыщызжи1ыжак1э и гъащ1эр, сэри хуэсхуэтэжыну мурад сощ1 сысейр, сэ ц1эри ищ1экъыми. Ари жес1энщ!
- Сэ…
- Сощ1. Сэ сылъэ1уащ  уэрщхьэк1э. – сызэпеуд абы, къезмыгъажьэ щ1ык1э. – Лалинэ, уи дуней тетык1эм, уи 1уэхухэр зэрыхъум, лъагъуныгъэ щ1ылъэм щыбгъуэтам щхьэк1э сэ сыгуф1эу, сыщыхъуапси къыхэк1ыу сыпк1элъыплъырт. Сщ1эт ажалыр къызэрожьэр, ауэ сэбэп сыхъуфакъым зык1и. Уи 1уэхур щызэхагъэк1ым, сылъэ1уащ зы гугъап1э закъуэ къуатыжыну. Аскэр жэнэт бзути, уэри къэблэжьу фыщызыхуэзэжыну сыхуейт. Сызыщ1эхъуэпс фи лъагъуныгъэм к1эух имы1эну… Сэ зэпысщ1эу зы сщ1ар зэгуэщ1ык1ыпамэ сф1эф1ынутэкъым.
- Ар дауэ? – къысф1эщ1у, псалъэ жимы1ахэр зэхэсха си гугъэу сыщ1оупщ1эж.
- Япэу фи нит1ыр щызэтехуам, маф1э ц1ык1у къыщызгъэлындащ гуит1ым. Сэ схуэдэхэм, зэ закъуэщ къащыхуихуэр, апхуэдэ маф1э, зэи мыунк1ыф1ыжын щ1агъэнэну. Фэри фэстыжащ ар!
-Линэ, упсэу! – сыхупогуф1ык1 ф1ым я нэхъыф1ыр къызэзытам. Ит1анэ, сышынапэурэ къызогъажьэ,  - уэ дауэ узэреджэр ц1ыхур зэгупсысым?
- Хуэм – хуэмурэ къыбгуры1уэнущ. Умып1ащ1э! Зыщумыгъэгъупщэ! Щ1ылъэм зэманыр щыщэхущ. Мыбы зы тэлайр абы щымазэ бжыгъэщ! – си псалъэгъур къызэрысхуэзам хуэдэу, зэуэ к1уэдыжащ. Сэри пшапэр ф1ыуэ зэхэуэху си адэ – анэм сабгъэдэсри, сымаджэщым сык1уащ.
Си щхьэгъусэр щылът нэщхъейуэ, гуащэр бгъэдэсу.
- Лалинэ тхьэмыщк1эжь мыгъуэр! – фызыжьыр магъ.
- Си анэ, уэ ф1ыуэ узэрыслъагъум хуэдабзэу ари солъагъу. Дауэ сыпсэуну? Тхьэ сыкъигъэна, и псалъэхэр имы1ыгъыжу?.. – сода1уэ сыпыхьэу, п1эщхьагъым сыздытесым.
- Жумы1э апхуэдэу. Алыхьым иухати хъуащ.
- Дауэ? Си анэ, дауэ зэриухар? И щ1эрэщ1эгъуэ и тхъэгъуэ дыдэм нэсауэ гъащ1эр 1эщ1ахащ! – арэзыкъым абы зэхихымк1э.
- И нат1ым къритхар арат… - Семыдэ1уэжыфу сыщ1эжыжащ.
Си адэ-анэр, Аскэр слъагъун сышынэрт, я псалъэхэр зэхэсхыху сыпыхьэрти жэщым, щыжейхэм сахуэк1уэж къудейт. Лъэпкъит1ыр зым хуэдэу зэхэту, сыщ1алъхьэжак1эт.
Зэманыф1 дэк1ри, гуауэ щы1ар бэяужа хъуат. Гум илъым сыкъеджэфти, сщ1эрт, сызэращымыгъупщар. Ц1ыхур мэпсэу, ф1ыуэ илъагъуу, къэзылъагъуу щытахэм ягу илъыху. Сэри иджыри сыпсэут абыхэм я ф1ыгъэк1э. Езыхэм ямыщ1эми, сэ сщ1эрт. Илъэситху хъуауэ а ц1ыхуищым, пщыхьэщхьэк1э я п1эщхьагъым сыт1ысурэ, зэрыжейм сык1элъыплъырт. Сахуэзэшт, схулъэк1ами сыгъынт, ауэ нэпс си1эжкъым.
Куэдым зихъуэжащ. Си адэ-анэм сабий къащтауэ яп1. Зы гурыф1ыгъуэ гуэр гъащ1э бзаджэм щагъуэтыжащ. Я закъуэ нэхърэ, нэхъыф1у къызолъытэрар. Сэ зы дэлъху ц1ык1у си1э хъуащи! Сыту бзаджэ1уэ, сыту 1эф1ы1уэ! Папэ топ щыдэджэгук1э, а гуф1эгъуэ нэм щ1этым сыщогуф1ык1, нэщхъеягъуэр мащ1эу щхьэщык1уэтащи. Мамэ и куэщ1ым и щхьэр илъу, 1урихауэ щыслъагъук1э, сэ си нэгу къыщ1егъыхьэж. Си ц1ык1у щхьэр. Сыжейт сэри апхуэдэу! Дызэщхьщ дэ т1ур. Гуф1эгъуэ ди унэ зэшыгъуэм щеблэгъэжати, сыгушхуэрт. Си унагъуэ ф1ыуэ слъагъум сахэмытыжми, срагъусэрт гук1э. сыкъамыщ1эуи садэ1эпыкъут. Иныкъуэхэм, си анэм  къыф1эщ1т си Лалинэр  гъунэгъуу. Анэм и гум къару лъэщ хэлъщ. Ищ1эрэт абы и п1эщхьагъым сытесу зэрыжейр!
Си 1эпкълъэпкъым щыщ зыпкъырылъ щ1алэми и узыншагъэр зэтеувэжыпауэ, адрей сабийхэм зык1и къащхьэщымык1ыу псэут. Ар ф1ыуэ еджэрт. Ехъул1эныгъэшхуэхэр и1эт. Я унагъуэри дахэу псэут. И адэ-анэри, нэхъ нэжэгужэ, насыпыф1э къэхъужат. Зыр зым игъэгушхуэрти, сэри сф1эф11ейуэ сахэплъэрт. Я унэр псэхуп1эти, сыщ1эмык1ыжыфу сыкъамыщ1эу сыщыхьэщ1и къэхъурт!
Иужьрей зэманым, Аскэр закъуэт сызыгъэнэщхъейр. Ар  зэшым ихьу, дэ т1ур дыщ1эсыну къригъэжьауэ щыта унэ зэгуэтышхуэр иухыжауэ, щ1эст и закъуэу. Лажьэрт, шхэрт, жейт. Арат и гъащ1эри зэрыхъужыр. Ц1ыху хыхьэн ф1эф1ыжтэкъым. Нэгъуэщ1 хъыджэбзхэм еплъыртэкъым.
- Си анэ! Сэ лъагъуныгъэм сепц1ыжынукъым! – аргуэру анэм и лъэ1ур зэхимыщ1эу губжьт ар.
- Лъагъуныгъэ епц1ыж бжес1эркъым сэ! Пщ1эну сыхуей къудейщ, Лалинэ си пхъум хуэдэу ф1ыуэ слъэгъуа хъыджэбз ц1ык1ущ. Ар зэи сщымыгъупщэу си гум илъынущ. Ауэ а тхьэмыщк1эжьыр щы1эжкъым. Уэри ук1элъык1уэнущ апхуэдэурэ упсэумэ! Ф1эф1 уи гугъэрэ, къаплъэрэ мыпхуэдэу узыщыгуэжауэ укъызэрилъагъур? Ар зыдэк1уар щ1алэ къарут. Щыт-т1э, Лалинэ и фэеплъу, къарууэ! Псэу. Псалъэ узот, си къуэ, а си пхъур зэремыхъуапсэу щытар иджыпсту узыхуэк1уам хуэдэ. – жи1эт анэ гузавэм.- Закъуэу упсэуныр тыншкъым. Илъэс зыбжанэк1э сыт къыпхэнэжынур? Унагъуэ уимы1эм, щ1ыбагъ уимы1эм зыри урищ1ыскъым! -  Сэ а псалъэхэр щызэхэсхк1э, зыуи къысщыхъуртэкъым. Сф1эф1т ф1ыуэ слъэгъуам и гум сызэримыхур. Нэгъуэщ1 зэремыплъми сригушхуэрт. Ди лъагъуныгъэр лъэщт! Сщ1эрт, унэм хэт щхьэгъубжэу хъуам пщыхьэщхьэ къэс тхыгъэ тритхэхэрэ, ахэри темыхуэжу тезщ. Си жагъуэт, сыкъызэремыджэфыр. Сэ сепщэк1э, ар къэпщ1энт1эжтэкъым.
Апхуэдэу, унит1ым я зэхуаку сыдэтурэ, илъэсыри к1уащ. Си зэманыри иухт. Куэд мыщ1ыу къыспэщылъыр къызжа1энут – маф1эрэ, жьант1эрэ. Дэтхэнэр къыслъымысми, дауэ мыхъуми, ф1ыуэ слъагъухэм аф1эк1а сабгъэдыхьэжыфынутэкъыми, нэхъри нэщхъей сыкъэхъут. Ныбжьэгъу схуэхъуа Линэ си гъусэу си узыр къыздигуэшырт.
- Сэ узгъэгуф1энущ! – пыгуф1ык1ыу къызбгъэдэлъэдащ ар зымахуэ.
- Сыт къэхъуар? – зыхуэсхьынур сымыщ1эу сет1ысэхащ, пшэ хужьым.
- Иджыпсту узэхъуапсэр сыт?
- Аскэр, абдежым тритхэхэм зэ закъуэ седжэну! – семыгупсысыххэу стащ жэуап.
- Ныт1э, ныщхьэбэ ар пхуэщ1энущ! Къэблэжьащи, уи зы хъуэпсап1э къохъул1энущ!
Апхуэдизк1и сыщыгуф1ык1ат, а псалъэхэми, занщ1эу си ф1эщ хъуащ. Линэ къысхуимыщ1а щы1эжтэкъым. Ар си шыпхъу ц1ык1ум хуэдэу ф1ыуэ слъэгъуат! Абы зэрыжи1ам хуэдэу, жэщым сык1уащ си щхьэгъусэм и деж. Сыбгъэдэсащ сыхьэт зыбжанэк1э, 1урихыху. Сызыщ1эк1эзызэу, щхьэгъубжэ, ди пэшым хэтым сы1ухьащ. Си нит1ыр зэтесп1эри, сепщащ – гу у1а ц1ык1у тетт. Абы къыбгъуэдэтт псалъэхэр – си псэ закъуэ, уэ зыращ ф1ыуэ слъагъур! Сыут1ыпщ…
Закъуэныгъэр зи тыгъэ хьэлъэр сфэгуэныхь хъуат. Си гуащэм и псалъэхэр си гум къэк1ыжащ зэуэ – ар л1ащ, уэ упсэущ! Ар псэун хуейщ, дэтхэнэми хуэдэу. Сэ къыслъысар сысейщи, зыдезгъэк1унщ. Иджыри къэс къызгурымы1уэу щытахэр, къэсщ1ат. Лъагъуныгъэ пыхьэм и нэпс гуащ1эхэр изт игу у1ам. А шыугъэр ибжьэрт, зэгуэщ1ык1ып1эхэр имыгъэк1ыжу. Зэпымычу, бэлыхьыр телъыу псэут ф1ыуэ слъэгъуа щ1алэр. Сэ щхьэ зыф1эф1ым абы къысхуи1а лъагъуныгъэм сыщыгуф1ык1 ф1эк1а, абы хих узым сегупсысыртэкъым. Си гулъытэншагъэр къэсщ1ати, сигу ислъхьащ и насыпыр сымы1ыгъыну.
Уафэ нэщ1ым, пшэ хужьышхуэм сытет1ысхьауэ Аскэр сегупсысу, л1ыжьыр си пэм къохутэ.
- Зэхэк1ащ уи 1уэхур – жи.
Сыкъэщтащи, зыри схужы1эркъым.
- Жэнэтым ук1уэнущ.
Дакъикъэ зыбжанэк1э, 1энкун сыхъуауэ сыщыщсащ. Абы и псалъэхэм къик1ыр зыт – ф1ыуэ слъагъу ц1ыхухэм сабгъэдэсыжыфынутэкъым. Адэ жыжьэу сахэплъэн къудейт. Аскэри сыут1ыпщын хуейт.
- Кхъы1э, зы лъэ1у къысхуэщ1э! – сщ1эрт иджыпсту жызмы1амэ, адэк1э зыри зэрымыхъужынур.
- Л1э1у жып1а? – ар бзаджэу пыгуф1ык1ыурэ и жьак1э к1ыхьышхуэм телъэщ1ыхьырт.
Си щхьэр сщ1а ф1эк1а, зыри схужы1акъым.
- Ныт1э, Лалинэ,  маф1эм уилыгъуэнущ, уи лъэ1ур япэ къибгъэщмэ.
- Срелыгъуэ!
- Жы1э узыхуейр.
- Абджым сыщыгъатхэ зэ закъуэ! Зы псалъэ закъуэ тезгъатхэ!
Л1ыжьыр хэгупсысыхьащ. И нит1ыр къыстедиихьауэ,  дакъикъэ зыбжанэк1э щытащ. Сэри и жэуапым сыщышынэу, сык1эзызт.
- Жып1ар пхуэсщ1эмэ – маф1э, арыншэу бдэмэ – жэнэт! Къыхэх.
- Сэ жыс1ар жыс1ащ. Срес маф1эм. – сытегушхуэри, пэздзыжащ сэри сыкъимык1уэтыу. Ф1ыуэ слъагъур зэрыбамп1эр сщ1эуэ сытхъэнэ нэхърэ ар иренасыпыф1э, ирепсэу тыншу, сэ гугъу сехьми.
Пщыхьэщхьэм, тхыгъэ схуитхыну абджым епщэмэ, къеджэнущ си псалъэм: – «Узоут1ыпщ, си щ1алэ закъуэ!»
Абдеж сэ маф1эм сисыжауэ щытынк1и хъунущ. Ауэ сыхущ1егъуэжкъым зыми. Си лъагъуныгъэм щхьэк1э, зыхуэзгъэшэчынщ. Пшэ хужьышхуэм сет1ысэхыжауэ, л1ыжьым сыздыпэплъэм, сегупсыст: дыгъэу сыщытамэ, пщэдджыжь къэс и пэшым щхьэгъубжэмк1э си бзий ц1ык1ухэмк1э къэзгъэушынт. Пшэ губжьахэр зэбгырыстхъуурэ, Аскэр щабэу седэхэщ1энт. Си хуабэр а зым и тыгъэнт!  Е, жьы мащ1э къыкъуэур нэхъыф1т? Апхуэдабзэу, щабэу 1э дэслъэнт! Гъатхэпэ уэшхыу сыкъешхамэ, бамп1эхэр згъэт1ысынт. Сылъэ1эсынт и напэ. Щ1ымахуэ уаем щ1ы1эм исрэ, маф1эу сыкъэлыдамэ, а зым и ц1эк1э зезгъэсыжынт. Къэзгъэхуэбэнт! Бзу ц1ык1уу сыщытамэ, уэрэд щабэхэр жес1энт! Вагъуэр сэратэмэ, жэщ къэс и щхьэгъубжэм сыдэпсэнт. Си нэхури, си нурри а зым естыжынт. Хьэуа къабзэу сыщытамэ, сэрк1э псэунт, бэуэнт! Уафэгур сэрамэ, щхьэт1еп1эн сыхуэхъунт! Псы къабзэ щ1ым къыщ1эжыр сэратэм, къызэплъым зилъагъужынт. Лэгъупыкъуу сыкъыкъуэк1амэ, естынт гуф1эгъуэр. Згъэгушхуэнт си щ1алэр! Схулъэк1амэ уи гум и къеуэ макъым седэ1уэнт.  Дуней псор уэстынт. Сщ1эми, уэрк1э зэрымащ1эр ар…- си гупсысэхэр зы нэху гуэрым зэпеуд. Абы хызогъуатэр дэк1уеип1э лъагэ. Сызыхуишэр сымыщ1эми, сымышынэу сытоувэри сыдок1уей…
 
- Уэри а дэк1уеип1э дыдэмк1э укъыдэсшеящ! – Нэк1э сыдэджэгуурэ, бзаджэу сыхупыгуф1ык1ырт.
- Лалинэ! Си тхьэ1ухуд, сыту си гум укъэк1а! Сыту ф1ыщэу уэ услъагъурэ! – къыщ1эплъэрт ар си нэм. 
- Сщ1эрт сэ ди лъагъуныгъэр зэрылъэщыр…уэри сэри жэнэтыр ди унэ зэрыхъунур! Сыныппэплъащ уэ зым! – удзыпц1э щабэм, ди 1эр зэры1ыгъыу дрик1уэрт Аскэррэ сэрэ. Лъагъуныгъэ щ1ым къыщежьэу, уафэгуми  лъабжьэ зыщ1ар ди зэхуаку дэту.
 К1.А.

Архивы
«« Август 2025 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
    123
45678910
11121314151617
18
19
2021222324
25262728293031
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация