Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

Налщыч етIуанэу щекIуэкIащ Джэгурэш зэпеуэр
Воскресенье, 7 декабря 2014 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 5353
Подписаться на комментарии по RSS

10846297_766336553432048_3347981969012749189_n


Дыгъэгъазэм и 6-м адыгэ щ1алэгъуалэр Налщыч щызэхуэсри джэгурэш зэпеуэм я зэф1эк1ыр щагъэлъэгъуащ. Гуп къыхэхахэр къик1ащ Хьэт1охъущыкъуей III-нэ къуажэм (Куба), Абзуан хьэблэ (Къулъкъужын ипщэ), Хьэтыуей, Ашэбей (Малкэ), Налщыч дэт 13-нэ курыт еджап1эхэм. Сэри хеящ1эу сырагъэблэгъат мы 1уэхур къызэзыгъэпэща Хьэт1охъущокъуэ Къазий и ц1эр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и лэжьак1уэхэм. 

Курыт еджап1эхэм къабгъэдэк1ыу къэк1уа гуп къыхэхахэм зым нэхърэ адрейм и ц1эр нэхъ гъэщ1эгъуэну къапгупсысат:
1). Хьэт1охъущыкъуей III-нэ - "Нэхунэ ц1ык1ухэр"
2). Абзуан хьэблэ - "Лъэгъупыкъухэр"
3). Хьэтыуей - "Хьэтыуей пщащэхэр"
4). Налщыч къалэ - "Къурш псынэхэр"
5). Ашэбей - "Ашэбей вагъуэхэр. 

Зэпеуэр 1ыхьипл1у угуэшауэ щытащ:
- "Фи махуэ ф1ыуэ";
- "Адыгэбзэр зэзгъэщ1энт Къэзанокъуэ Жэбагъы ирипсалъэу зэрыщытам папщ1э";
- "Таурыхъри гъащ1эм щыщ пхуэщ1ынущ";
- Хеящ1эхэм къабгъэдэк1 упщ1эхэм еджак1уэхэм жэуап щыратыж 1ыхьэ. 

Хеящ1эну Адыгэбзэ Хасэм хэтхэм хуагъэфэщат:
1). Хьэгъэжей Беслъэн (хеящ1эхэм я тхьэмадэ),
2). Хьэвжокъуэ Людмилэ,
3). Хэжь Залинэ,
4). Къэбардэ Астемыр,
5). Шыбзыхъуэ Астемыр.

Ухеящ1эу ущытыну апхуэдэу гугъу сигугъатэкъымэ, ауэ дыгъуасэрей махуэм иужьк1э ари дгъэунэхуащ. Къэрал концерт залым и пэш щ1ы1эр нэжэгужагък1э, гупсысэ куухэмк1э, гушы1эхэмк1э нэхъ хуабэ зыщ1а еджак1уэ ц1ык1уу хъуам псоми щ1ыхь лей яхуэфащэщ. Зыгуэр тек1уа, зыгуэр хэна иужьк1э ягухэр ф1ы ящ1ыжын щхьэк1э псоми псалъэ дахэ хужа1э хабзэщ. Джэгурэшыр джэгурэш зыщ1ауэ хъуами яже1эн хуейщ зы дахэ гуэр. Ауэ ар жып1эми щ1ыжып1энур зыгуэрым и гур ф1ы пщ1ыжын щхьэк1экъым, ат1э пэж дыдэу къызэралэжьам папщ1эщ. Зэпеуэм хэтахэр куэду гушы1ахэщ. Ауэ сэмэркъэум къыщнэмыщ1ауэ гупсысэ кууи щ1элъащ ныбжьыщ1эхэм я псалъэхэм. Иныкъуэхэм деж купщ1эр апхуэдизк1э щ1эншэти ухигъэгупсысыхьти Джэгурэшым узэрыщ1эсыр пщыгъупщэжт.  

Ет1уанэу ек1уэк1а Джэгурэшым и бжьыпэр яубыдащ Абзуан хьэблэ къик1а ныбжьыщ1эхэм. Ет1уанэ увып1эр зэдаугуэшащ "Ашэбей вагъуэхэмрэ" "Нэхунэ ц1ык1ухэмрэ". Хьэтыуей пщащэхэр т1эк1у иужь къызэринам, Табыщ Мурат зэрыжи1ащи, зыри къигъэлъагъуэкъым. Дыгъуасэ хэна щы1акъым. Псори дытек1уащ, ди анэбзэр дахэу зэрыбзэрэбзам и ф1ыгъэк1э. Аращ мы 1уэхум нэхъыщхьэу хэлъар. Щ1алэгъуалэр зыгъэхьэзыра егъэджак1уэхэм икъук1э 1уэхушхуэ ящ1ащ. Илъэс ет1уанэ хъуауэ жыджэру лажьэ Адыгэбзэ Хасэр Тхьэм иузэщ1. Ар зыгъэлажьэ гуп дыгъэлым Тхьэм яхущ1игъыхьэ.

Ди адыгэбзэр Тхьэм зыхуэгъэбзэрабзэн лъэпкъ дищ1ыж!


 

Архивы
«« Март 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
    123
45678910
11121314151617
18192021222324
25262728
29
3031
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация