Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

Саральп Мадинэ и унэм гъэмахуэр щырагъэжьэжащ
Воскресенье, 11 августа 2013 г.
Рубрика: Блоги


Гугъэт Заремэ усэ къоджэ


Дыгъуэпшыхь Къэжэр Ланэ и деж  щIэдза хъуа Iуэхугъуэ дахэр нобэ "Гъэмахуэегъэжь" усэ пшыхьымкIэ пытщащ. ЗымыщIэхэм щхьэкIэ жыIэпхъэщ нобэрейм хуэдэ усэ пшыхьхэр илъэсым плIэ зэрекIуэкIыр. Абыхэм зэреджэр "Гъэм и теплъэгъуэхэр".

Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, япэу мыпхуэдэ зэIущIэ сыхэтауэращ. Сыгузавэт.  Сыщогугъ къытщIэдэIуахэм ягу ирихьауэ. Я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыралъхьащ Гугъуэт Заремэ, Хьэвжокъуэ Людэ, Бэрбэч Аслъэнджэрий сымэ. УсакIуэщIэхэр егугъуу къеджащ, ауэ сэ сызэреплъымкIэ, псом нэхърэ нэхъыфIу зи къалэн зыгъэзэщIар Налщыч дэт етхуанэ сабий садым къикIа дыгъэ цIыкIухэращ. Ахэр IэфIу зэрыпсалъам хуэдэу зы балигъ псалъэфакъым. Сыт хуэдэ Iуэху мыхъуами сабий зыхэтым зыми емыщхь плъыфэ гуэр къещтэ. ЗэIущIэм иджыри хэтахэщ Къэбэрдокъуэ Муратрэ Беслъэней Ренатэрэ. Япэм дыгъуэпшыхьи ещхьу пианинэм макъамэ хьэлэмэтхэр къыригъэгъэщIащ. ЕтIуанэр и макъ щабэмкIэ гущIэхэм еIэзащ.

Зы цIыху сыхуейуэ къэзгъэнащ и гугъу сымыщIу. Ди нэхъыжьыфI ХьэIупэ ДжэбрэIил нобикI къеблэгъащ усэ пшыхьым. СызэреплъымкIэ, зы цIыху адыгэбзэр нэгъэсауэ Iурылъу щыIэмэ, ДжэбрэIил етIуанэщ. Абы и усэхэм хуэдэу бзэ къабзагъэкIэ бауэ гъуэтыгъуейщ. Ар псори хъарзынэщ, ауэ щхьэхуу ди нэхъыжьыфIым и гугъу щIэсщIыр нобэ гуфIэгъуэ иIэм щхьэкIэщ - ХьэIупэхэ щIалэ  цIыкIу къыхуалъхуащ. Апхуэдэ дакъикъэхэм унагъуэм щымыIэу ДжэбрэIил пшыхьым къэкIуащ. СызэригугъэмкIэ, абы щхьэкIэ фIыщIэ лей хуэщIын хуейщ. Сыхуейт ХьэIупэхэ мыпхуэдэ хъуэхъукIэ захуэзгъэзэну:

ХьэIупэхэ фи щIалэр узыншэу,
Нартым хуэдэу бланэу,
Бэдын хуэдэу Iщу,
Уэзы Мурат хуэдэу хахуэу,
Сосрыкъуэ хуэдэу къимыкIуэту,
Бэдынокъуэ хуэдэу лъэрызехьэу
Лъэпщ и жырым хуэдэу псыхьауэ,
IэпкълъэпкъкIэ зэкIужу,
ЩэнкIэ псоми ефIэкIыу,
Iуэхухэр тыншу зэфIигъэкIыу,
ЗэIэбыр къыдэхъуу,
Зытеувэр удзыпцIэу,
Къытепсэр дыгъэ нэхуу,
Лъэпкъым и цIэр игъэIуу,
Махуэ къэс фыригушхуэу, 
АдыгэлI нэс жыхуаIэм хуэдэу
Тхьэм къыфхуигъэхъу.

Куэд пхужыIэнущ пщыхьэщхьэр зэрекIуэкIам теухуауэ. Ауэ я гугъу сщIыну сыхуейщ мы Iуэху дахэр къызэзыгъэпэща цIыхухэм. Зы фэрыщIагъ хэмылъу си гури си псэри щыхьэт тохъуэ Къаныкъуэ Заринэ, Гумэ Маринэ сымэ лъэпкъым и дыщэ пхъуантэр яхъумэну зэрыхущIэкъум. Дыщэ пхъуантэкIэ сызэджэр ди адыгэбзэращ. Иджыпстурей зэманым апхуэдэ цIыхухэр мащIэщ. А щытыкIэ мыхьэнэншэм апхуэдэ цIыхухэм я мыхьэнэр къеIэт. Иджыри зы цIыхубз и цIэ къисIуэну сщыгъупщащ. Саральп Мадинэ псэемыблэжу щэнхабзэ Iуэхухэм щхьэкIэ, лъэпкъ Iуэхум щхьэкIэ и унэр къегъэсэбэпри, сыхуейт Тхьэм уигъэпсэу жесIэну.


Шэч къытесхьэкъым мы Iуэху дахэм адэкIи зэрыпищэнум.

Архивы
«« Апрель 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
222324
25
262728
2930     
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация