Iуащхьэмахуэ уэсу телъым
Жэщи махуи нэпсыр щIож.
ЩIым и бынхэр щIикъухьащи,
Магъыр ар имыщIэу еш.
Сыт ди лажьэр? Ди Хэкужьыр
Дымылъагъуурэ долIэж.
Дынэшэж уи деж нэхъ псынщIэу,
Адэжь лъахэу Къабэрдей.
Iуащхьэмахуэ дымылъагъуми
Я нэхъ дахэу щIэтщ ди нэгу.
Хамэ щIыпIэм дыщыпсэуми
Дырогушхуэ - ар ди Хэкущ.
Сыт ди лажьэр? Ди Хэкужьыр
Дымылъагъуурэ долIэж.
Дынэшэж уи деж нэхъ псынщIэу,
Адэжь лъахэу Къабэрдей.
Ди анэ дахэу ди Хэкужьыр,
Ди нэхъыжьхэр димыIэж.
Хамэ щIыпIэм дыкъомынэу
Дыурибынкъэ, дынэшэж.
Сыт ди лажьэр? Ди Хэкужьыр
Дымылъагъуурэ долIэж.
Дынэшэж уи деж нэхъ псынщIэу,
Адэжь лъахэу Къабэрдей.