Тексты черкесских песен - ХьэпащIэ
Вторник, 23 декабря 2014 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 2917
Подписаться на комментарии по RSS

ХЬЭПАЩlЭ
Ипщэкlэ унэ хужь лъагэри сэрмыгъуэ,
Баринэм къегъэщlэращlэ.
Хьэпащlэ щlалэ щlэращlэти сэрмыгъуэ,
Жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай.
Хьэпащlэм и шэрхъон фlыцlэри сэрмыгъуэ,
lэхьэйра жъыбгъэм зэрейхьэ.
Хьэпащlэм уэрэдыр ихьыри сэрмыгъуэ,
Гъыбзэжъыр къытхуигъэнай.
Хьэпащlэм и пыlэ цlыкlури сэрмыгъуэ,
Ахьэйрэ жьыбгъэм доджэгур.
ХьэпащIэм сыдэджэгунути сэрмыгъуэ,
Жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай.
Хьэпащlэм и пащlэ кlыхьыри сэрмыгъуэ,
lитlкlэрэ йегъэкlэрахъуэ.
Лэгъанту кlэрахъуэжьитlыри сэрмыгъуэ,
Хьэпащlэм траунэщlай.
Къардэнхэ сырапхъуу щlасэти сэрмыгъуэ,
Хьэпащlэм сыранысащlэт.
Нысагъэм симыкlыжыфурэ сэрмыгъуэ,
Си лэгъунэм сырашыжай.

Архивы
«« Июль 2025 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
 1234
5
6
78910111213
14151617181920
21222324252627
28293031   
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация