Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

"Узыншагъэ" нэтыным Къэзан Сэтэней Щауэ Нэкурэ и уэрэдыр зэрыщигъэзэщIар
Вторник, 6 августа 2013 г.
Рубрика: Блоги
Просмотров: 4947
Подписаться на комментарии по RSS

ФIэхъус гуапэ фызох, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ. Нобэ Къалмыкъ Юрэ и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым и сайтым блог гъэIэрыхуэн щыщIызодзэ.Мурад быдэ сщIащ адыгэбзэкIэ фIэкI сымытхэнуи, сыщогугъ къызэхъулIэну. Си япэ тхыгъэр зытеухуауэ щытынур зи фIыгъэр си анэращ.

Зымахуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъикIыжауэ дызэпсалъэу дыздэщысым «1» каналымкIэ екIуэкIа «Узыншагъэ» нэтыным сеплъарэ семыплъарэ къызэупщIащ. СыздэщыIа КъБКъУ-м и студент зэхуэс «Августенок» зи цIэм зэман мащIэ дызэрыщиIам къыхэкIкэ, сеплъатэкъым. Ауэ дыгъуасэ зэман къэзгъуэтри сеплъыжащ.

Нэтыныр язвэ узыгъуэр къызыхэкI, зэрыбгъэхъуж хъун Iэмалхэм егъэщIылIауэ щытщ. ХьэщIэ лъапIэу зэIущIэм къырагъэблэгъат Къэзан Сэтэней. Езы нэтыныри гъэщIэгъуэнт, ауэ псалъэмакъыр щIыщIэздзар аракъым. Пщащэм ди республикэм, лъэпкъым, хабзэм теухуауэ куэд щыIижыIащ студием. Япэ щIыкIэ щыцIыкIум щыгъуэ игъэзащIэу щыта уэрэдым щыщ пычыгъуэ цIыкIу жиIэри, и кIэм деж Щауэ Нэкурэ и уэрэдым Урысей псор щIигъэдэIуащ. Иджырей щытыкIэхэр къагъэсэбэпурэ уэрэдыжьхэр щыжаIэм деж сыфIэфIкъым, ауэ дапхуэду щымытми, Сэтэней фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт адыгэбзэр зэригъэIуам щхьэкIэ.

Езы нэтыным мы ссылкэмкIэ фыкIуэмэ феплъыфынущ:

http://www.1tv.ru/prj/zdorovie/vypusk/24918


А уэрэд дыдэр мэкъамэ щIэту:



 

Щауэ Нэкурэ и уэрэдым и гугъу щIын щыщIэддзакIэ, сыхуейт абы и тхыдэм щыгъуазэ фысщIыну.


Щауэ Нэкурэ и уэрэд

Уэредэ, гъатхэри мэхъури,
Сэрмахуэ, жыгхэр мэгъагъэ,
Сэ сыныпкIэлъыгъыурэ, рэуэуей мыгъуэ,
Уэ Къущхьэхъум уокIуэ мыгъуэ.
Уэредэ, уи мэлыхъуэгъури,
Сэрмахуэ, уи бгырыпх лалэмэ,
Сэ сыхъыджэбз щIалэти, рэуэуей мыгъуэ,
Сэ сыделэгъуафIэ мыгъуэт.
Уэредэ, уи мэлыхъуэгъури,
Сэрмахуэ, гуэбэнэч фIыцIэмэ,
Сэ мэл фIыцIэ слъагъумэ, рэуэуей мыгъуэ,
Сэ пшынэ сахуоуэ мыгъуэ.
Уэредэ, данэ бэлътокури
Къущхьэхъумэ ныпхуозогъэхьмэ,
КIапэ лейр къыщысхуебгъэхьми, рэуэуей мыгъуэ,
Тхьэ зызгъэнщIыжа мыгъуэтэм.
Уэредэ, уи мэлыхъуэвхэри,
Сэрмахуэ, зэрыбжьэисэрэ,
Сэ фи унэ исхэми, рэуэуей, маржэ,
Сэ захэслъыта мыгъуэт.

Уэрэдыр дэнэ лъэныкъуэкIи зэрыщыжаIэри, зэрыщацIыхури «Щауей Нэкурэ и уэрэдущ». Ауэ псыгуэнсудэсхэм щыщ куэдым зэрыжаIэр «Шыуанэ Хурэ и уэрэдщ». 1936 гъэм урысыбзэкIэ Москва къыщыдэкIа «Кабардинский фольклор» тхылъым зэритхри «Щауей Нэкурэщ». Уэрэдым и тхыдэу а тхылъым итыр мыращ: «Адыгэ хъыджэбз щIалэ, дахэ, пшынауэ Iэзэ Нэкурэ къущхьэхъу кIуэ нэгъуей мэлыхъуэ щIалэм егуэкIуащ. Нэгъуей щIалэр къущхьэхъум зэрыкIуэрэ куэд мыщIауэ, хабзэми, ауанми фIэмылIыкIыу ар здэщыIэ щIыпIэм и пшынэр къищтэри Нэкурэр кIэлъыкIуащ. Мэлыхъуэ пщыIэм щынэсым, щIалэм хуиуса уэрэдыр жиIэу, и пшынэмкIи дежьуужу техьэри, и лъагъуныгъэр игъащIэ псомкIэ нэгъуей щIалэм IэщIилъхьащ». «КъалэмкIэ тхылъымпIэм иптхар джыдэкIэ къыпхуиупщIыкIыжынукъым», жаIэ урысхэм. Апхуэдэу тхылъым щратхакIэ, хъыбарыр нэгъуэщIу къэзыIуэтэжхэм зыри щыжамыIэкIэ, ар икъукIэ фIэщ хъугъуей пэтми, абы тедухуэн хуей хъуауэ щытащ. Ауэ зи гугъу тщIы тхылъым ит хъыбарым зы пэжи хэмылъу къыщIэкIащ.
А уэрэдыр «Щауей Нэкурэу» зэрыжытIэмкIэ мыарэзыуэ, хъыджэбзым и унэцIэ дыдэр абы фIащыжыну лъаIуэу Нэкурэ и лъэпкъым щыщ Щауэ Къадир къэкIуащ институтым. Абы нэмыщIауэ, Къадир тэмэму уэрэдым и тхыдэр - зыусар, езыгъэусар, зыхуаусар, яусын хуей щIэхъуар къытхуиIуэтэжащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а гукъеуэр иIэ пэтми, лэжьыгъэм къыдэмыхуэурэ екIуэкIащ. Иджы пенсэм кIуати, «Нэкурэ и унэцIэр пэжым тетым нэхъыфIщ» жиIэри къэкIуащ, армыхъумэ Къадир ищIэххэтэкъым цIыхубзым и хъыбару зи гугъу тщIа тхылъым итыр. Уэрэдым и тхыдэу Къадир къытхуиIуэтэжар мыращ: «Нэкурэ и унэцIэу щытар Щауейкъым, атIэ Щауэщ. Бахъсэн, япэм КушмэзыкъуейкIэ зэджэу щыта къуажэм, щыпсэу Щауэ Нэгъуей ипхъущ ар. Нур и цIэу шыпхъу нэхъыжь, Къалмыкъ, Хьэжсет, Хьэнэф я цIэу дэлъхуищ иIащ.Нэкурэ хъыджэбз дахэт, зэкIэлъыкIуэт, езыр пшынауэ Iэзэт. А къуажэ дыдэм щыщ мэлыхъуэ щIалэ ЛампIэжь МацIушрэ Нэкурэрэ фIыуэ зэрылъэгъуащ. МацIушыр илъэс зыбжанэкIэ нэхъыжьт, итIани абы щхьэкIэ къимыгъанэу Нэкурэ щIалэм дэкIуэнут.
Ауэ ар зэрыкъулейсызым папщIэ иратын ядэртэкъым хъыджэбзым и Iыхьлыхэм.
А къуажэ дыдэм дэсащ IуэрыIуэдзу, усэ зэхилъхьэу, уэрэд иусу Лэтокъуэ Iэсхьэд. МацIуш абы мэл иритри елъэIуащ а тIум я лъагъуныгъэм теухуауэ уэрэд яхуиусыну. Апхуэдэу ищIмэ, Нэкурэ къратыну щыгугъырт. Iэсхьэдым МацIуш и лъэIур игъэзэщIащ. МацIуш езыр зэрыхуеям хуэдэу уэрэдыр дахэу зэхэлъхьа зэрыхъуам щхьэкIэ етIуанэуи мэл иритащ уэрэдусым.
Уэрэдыр цIыхум яхыхьа нэужь, тIэкIуи зэхъуэкIауэ, щхьэж зэрыхуейм хуэдэу жаIэу щIадзащ. Ауэ «сыхъыджэбз щIалэт, сыхъыджэбз делэт, си делэгъуафIэт» жиIэу хэзылъхьар езы Нэкурэщ. Уэрэдым хэтащ «Щауэ Нэгъуейр лъэмыжым тетщ, хъыджэбзым и тетым и нэфI къытщыхуэ» псалъэхэри. Ахэр хэзыгъэувар езы МацIушт. Абы нэмыщIауэ, Iэсхьэд зэриусауэ щытар «уи мэлыхъуэгъур гуэбэнэч фIыцIэт, сэ фIыцIагъэу слъагъур МацIуш къысфIощI» жиIэут, армыхъумэ «сэ мэл фIыцIэ слъагъумэ, пшынэ сахуоуэ» жиIэутэкъым.
Уэрэдыр цIыхум яхыхьа нэужь, тIэкIуи зэхъуэкIауэ, щхьэж зэрыхуейм хуэдэу жаIэу щIадзащ. Ауэ «сыхъыджэбз щIалэт, сыхъыджэбз делэт, си делэгъуафIэт» жиIэу хэзылъхьар езы Нэкурэщ. Уэрэдым хэтащ «Щауэ Нэгъуейр лъэмыжым тетщ, хъыджэбзым и тетым и нэфI къытщыхуэ» псалъэхэри. Ахэр хэзыгъэувар езы МацIушт. Абы нэмыщIауэ, Iэсхьэд зэриусауэ щытар «уи мэлыхъуэгъур гуэбэнэч фIыцIэт, сэ фIыцIагъэу слъагъур МацIуш къысфIощI» жиIэут, армыхъумэ «сэ мэл фIыцIэ слъагъумэ, пшынэ сахуоуэ» жиIэутэкъым.
Я тхыдэр дымыщIэу иджыри уэрэд куэд щыIэщ, псом хуэмыдэу лъагъуныгъэ, гушыIэ, ауаныщI уэрэдхэу. Апхуэдэщ «Хьэсасэ (Хьэцацэ) къарэ и уэрэдыр», «Дзадзунэ и уэрэдыр» «Мурат и уэрэдыр», нэгъуэщIхэри.
Щауэ Къадир къыщIыдэлъэIуар Нэкурэ и унэцIэ дыдэр тэмэму зэфIэдгъэувэжыну аращи, ар дгъэзэщIэнщ.
ДяпэкIэ уэрэдым дызэреджэнур «Щауэ Нэкурэ и уэрэдщ». Институтым къыдигъэкI «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» еплIанэ тхылъым Нэкурэ и уэрэдыр итынущи, абы и тхыдэри и унэцIэри пэжым тету иттхэжынщ.
Тхылъым ит щыуагъэр - нэгъуей щIалэ щIыжаIар - Нэкурэ и адэм Нэгъуей зэрицIэр арт. Абы нэмыщIауэ Нэкурэ зэгуэкIуар мэлыхъуэу зэрыщытырт. Ещанэу, Щауэр Щауейуэ зэхъуэкIа хъуным зыри хэлъкъым. Ауэ, дауэрэ къемыкIуэкIами, уэрэдыр ди зэманым къызэрысам хуэдэу жыIэн хуейуэ къыдолъытэ, сыту жыпIэмэ Лэтокъуэ Iэсхьэд иуса уэрэдыр зэрыщыта дыдэм хуэдэу ди деж къэсакъым, къэсар иджы цIыхухэм зэрыжаIэрщ.

«Ленин гъуэгу», 1988 гъэм майм и 7.

 

Комментариев: 1
2013-08-06 в 23:40:44 | Пщащэ

Плъэгъуарэ умылъэгъуарэ сщӀэкъым, ауэ мазитӀ ипэ Сэтэней "1" кэналымкӀэ "Время обедать" жыхуиӀэм адыгэ шхынхэр ищӀу щыӀащ, абы нэмыщӀ адыгэбзэкӀэ мы уэрэдри жиӀат. Хуабжьу сигъэгуфӀат!!!)

Архивы
«« Март 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
    123
45678910
11121314151617
18192021222324
25262728
29
3031
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация