Ныщхьэбэ "Эстрадэм и театрым" "Пащтыхьхэр" спектаклыр япэу щагъэлъэгъуащ. Удыхьэшхынумэ ущIэдыхьэшхыни щыIэт, адыгэм иджыпсту ди щытыкIэм уегупсысынумэ абы уезыгъэгупсысынури гъунэжт. Сталин Иосиф, Брежнев Леонид, Буденный Семен, Ленин Владимир сымэ иджыпстурей адыгэ щIалэм и пщIыхьым къыхыхьэхэри Iуэху куэдым щхьэкIэ зэдэуахэщ.
Пащтыхьыгъуэр зыIыгъа Сталин сымэ къызэрыщIэкIымкIэ адыгэбзэри ящIэт, къафэхэми щыгъуазэт, иджыпстурей адыгэхэр жьгъей дызэрыхъуамэ иригузавэхэт.
Псори жысIэжмэ гъэщIэгъуэнкъым. Мы мызамэм, тощIрэ етхуанэ махуэм а спектакль дыдэр къагъэлъэгъуэжынущи, феблагъэ. ФыкIуэмэ, фызэрыщIемыгъуэжынум шэч къытевмыхьэ.