КАБАРДА (1947 г.)

Среда, 13 февраля 2013 г.
Просмотров: 33178
Подписаться на комментарии по RSS

 

Скачать : КАБАРДА (1947 г.)

Научно-популярный фильм

Авторы сценария: М. Киреев, В. Бестаев

Режиссер: В. Бестаев

Операторы: П. Калабухов, Н. Голубев

Производство: Северо-Кавказская Студия Кинохроники, 1947 г.



Комментариев: 1
2013-02-25 в 16:53:19 | Зера

ПащIэ Бэчмырзэ

Хъуэпсэн

Хъуэпсэным щIопщу

Дыздегъэущыр,

Зэм дегъэгушхуэ,

Зэм дегъэгухэ,

Гъуэгум щынэхууи

ФIыгъуэм дыхуешэ.

Уэгум щонэхур

Вагъуэр, жэщ хъумэ.

АтIэ лъэIэсыт

Абы уэ IэкIэ!

АрщхьэкIэ цIыхур

Мыхъуапсэу хъуркъым.

Сэри куэд щIауэ

Iэджэм сохъуапсэ,

Ар саугъэту

Адэм къагъанэ.

Мы дуней хьэхум

Си адэр ехами,

Ар зэхъуэпсахэм

Си псэр дахьэхыр.

********

ПащIэ Бэчмырзэ

***

Щытхъур уэсэпщ,

Псыфыр егъэфри,

Гъуар егъэщ1ытэ

***

Зи пашэ хъупхъэм

И 1уэху йоф1ак1уэ.

Нэхъыжь зимы1эм

1энкун и куэдщ.

Пащ1э Бэчмырзэ и псалъэ пэжхэр

Ижьым щыгъуазэрэ

Зек1уэр иц1ыхум, ар 1ущщ,

Пэжыр и гъуазэрэ

Захуэм щ1эбэнмэ, ар л1ыф1щ.

Нэмыс зыхилъхьэрэ

1ыхьэм емыблэмэ, ар хахуэщ.

Абы хуэдэл1ым сыны1ущ1атэмэ,

Сэ хьэдырыхэ сыдыщ1ыхьэнт.

* * * *

Къэрабгъэр щ1эшынэр ажалщ,

Хьэлэлыр зэрыпщ1эр и хабзэщ,

Губзыгъэр зэрыпщ1эр и 1уэхущ,

Делэм куэд ищ1эу къыф1ощ1.

Зымыщ1эр егугъумэ, ц1ыхуф1щ,

Зызф1эщ1 къэп1этмэ, пщы зещ1,

Зи щ1ып1э хуэубэ бгъуэтынкъым,

Дыкъмыкъыр бгъаф1эм мэудафэ,

Унафэр 1ущмэ, захуагъэр къехь,

1ыхьэ зимы1эр мылажьэрщ.

* * * *

Гъащ1эм и уасэр зыщ1эр,

Ц1ыху л1ыгъэ щ1ап1эм итар,

Псэк1э ф1ыгъуэм щ1эбэну,

Зи дуней гъащ1эр зыхьар,

Ц1ыху насып 1ыхьэм хущ1экъуу

Зи къару псори зытар,

Зи лъэпкъыр ф1ыуэ зылъагъур,-

Ар гугъуехьак1уэм и бынщ.

Абы хуэфащэщ пашэну,

Апхуэдэм ф1ым ухуишэнщ.

Апхуэдэ л1ыф1ым сыхуэзэм,

Зауэ нэхъ гуащ1эм сык1уэнщ.

Ар мащэм к1уэну къэхъуами,

И гъусэу сэри сык1уэнщ!

* * * *

Ныбыблэр умыгъэгъуащэ,

Уи япэ джалэм ущ1эмынак1э,

Уи к1э къихуэр ауан умыщ1,

Умыщ1э 1уэху щытхъу хуумыщ1э,

Зыхыумыщ1ык1ым утемыпсэлъыхь,

Пщ1э зыхуэпщ1ыр къыпщхьэпэнщ,

Ц1ыхур 1ущым жэрдэм дэщ1,

Ахэр гъащ1эм и хабзэф1щ.

сегодня
27 апреля 2024 года
 
В этот день
Родились:
1952 г. – Басир Шибзухов, засл. артист РФ и КБР, лауреат Госпремии КБР.
1958 г. – Руслан Казаноков, черк. полит. деятель, предприниматель, меценат.
Все новости
Набор в школу/ансамбль кавказского танца…
Дорогие друзья! До концерта "Выпусник…
Дорогие друзья! Рады сообщить вам,…
Дорогие участники второго стипендиального конкурса…
Афиша
- Крупный дождь долго не идёт
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация