1941 г. – в КБАССР проведен республиканский воскресник молодежи. В фонд было перечислено свыше 300 тысяч рублей.
Родились:
1600 г. – Адам Олеарий, немецкий дипломат, адыговед. Автор труда о кабардинцах.
1949 г. – Руслан Ешугаов, государственный деятель, генерал-лейтенант, заслуженный работник МВД КБР.
Альберт Хатуевич...... Ахърэт нэху Алыхь талэм къуит АДЫГЭ лъэпкъым ди ТХЬЭМАДЭ..... Навеки в сердцах людей,но увы больше не рядом с нами!!!Человек достойный жизни,но лишенный её совершенно внезапно!!!Народ АДЫГОВ,ваш народ,несомненно потерял величайшего человека и достойнейшего лидера!!!
Альберт Хатуевич......... Вы забрали у всех кто Вас хорошо знал частицу нашего сердца и оставили добрую память о себе. Пусть Аллах милостиво примет вас.
Дыхуэарэзыщ. Алыхьыр къыхуэарэзыуэ къыщIыкIи, жэнэткIэ игъэгуфIэ. IуэхуфIу, Iуэху дахэу ищIахэр и дуней гуэныхьхэм Тхьэм пигъэуви, щэрэ минкIэ гъэбэгъуауэ псапэу къритыж, и унагъуэм кърилъхьэж. АМИН!!! И унагъуэ зытеубгъуауэ щытам, и Iыхьлы - Iэулэдхэм, и ныбжьэгъухэм гущIэгъу Алыхьым къахуищIи, IэтыгъуафIи Тхьэм ящищI. Альберт игъуэ нэмысауэ къытфIэщIуу (игъуэр зыщIэр хэт?), гуузу дунейм зэрехыжар гущIыхьэ дыдэ зэрытщыхъуам къыхэкIыу, Алыхьым и деж нэмысын псалъэкIэ, гупсысэкIэ гуэныхь къэтхьамэ, къытхуигъэгъу, Тхьэм гущIэгъу къытхуищI.
Зэрыгушхуэу, зэрыпагэу къекIуэкIа и хъыджэбз цIыкIу Лянэ гъуэгу хухишу зэтригъэувам захуэу ирикIуэфыну, насыпрэ гуфIэгъуэрэ куэду трилъагъуэну, лъэпкъым и цIыху дахэ, цIыху пэж къищIыкIыну Алыхьым солъэIу. Лянэ и адэм къригъэжьа проектхэр зэрихьэфыну, игъэкIуэтэну, игъэдахэну Тхьэм къыхузэпищэ. АМИН!!!
Альберт, сыт хуэдизу дэмыкIуэтеями, и лъэпкъым яхэкIакъым, апхуэдэ куэдрэ къэхъукъым. Пщэдджыжьым ФБ - м къихьэрти, сэлам къыдихт, ди гупсысэхэр, дыщIэгуфIэр, дыщIэнэщхъейр ищIэрт, дызгъэгузавэу нэху дыкъекIам къеджэрти, зэрыхъукIэ, зэрызэфIигъэкIыным яужь итт. Сирием теухуауэ икъукIэ сэбэп хъут. Псом япэ абы кIуэуэ къэкIуэжынхэу тезгъэгушхуахэм ящыщт. ИужькIи икъукIэ и сэбэпи якIат, ахъшэ зэхалъхьари, унэхэр къащэхуат, нэгъуэщI Iэджи мэхъу а Iуэхум теухуауэ езыми и ныбжьэгъухэми яхузэфIэкIар. Алыхьым псапэу къаритыжи, гуапэу къабгъэдилъхьэж, ахэр зыхэхуа гузэвэгъуэм хуэдэ я унагъуэк1э яримыгъэлъагъу, я щхьэр къихъумэ. Мы фондыр къызэрагъэпэщри, лэжьыгъэфI, адыгэм и сэбэп зыпылъ защIэу, ирагъэкIуэкIащ зыкъом - щIалэгъуалэр ягъэгуфIэу ягъэгушхуами, шыпсэ дахэхэр адыгэбзэм кърагъэтIысхьами, адыгэ цIыху щхьэхуэхэр ягъэлъапIами, нэгъуэщI, къинэмыщI куэди яхузэфIэкIащ гупым, дэтхэнэр жыпIэн? Иужь къинахэм Тхьэм адэкIи къахузэпищэ, Тхьэм химыгъэкIуэдэжхэкIэ.
Дэ мы дуней нэпцIым хэтщIыкIыр мащIэ дыдэщ. ФIыр зыщIэр ДыкъэзыгъэщIауэ, мы дунейр зэтезыIыгъэращи, нэхъыфIыр Альберт къыхуищIауэ, адэкIи и гущIэгъум химыныму къыщIигъэкI. И гъуэгум къытехута щIалэхэми, Алыхьым гущIэгъу къахуищI, ахэри зэгуэрхэм я бынщ, абыхэми Iэджи ятогузавэ иджыпсту, я гуэныхь Алыхьым къримыгъащтэ. Шыгухуу щытари щIалэфI дыдэу жаIэ, жэнэткIэ Алыхьым игъэгуфIэ, и унагъуэм IэтыгъуафIэ щищI.
Адыгэ лъэпкъым щIалэфIхэр къахэкIыну, лъэпкъым зиужьыну, и хабзэ - бзыпхъэ - нэмысыр ихъумэжыфыну, зэтриIыгъэфыну, игъэдахэфыну, адэкIи зригъэужьыну Алыхьым солъэIу, Алыхьым къытхуищIэ. АМИН!!!
У меня одним другом, который делился со мной только хорошим, стало меньше.
Очень, очень жаль....Бог забирает лучших...
ОСЕТИЯ СКОРБИТ ВМЕСТЕ С ВАМИ...УШЕЛ НА НЕБО ЧЕЛОВЕК - ДОСТОЙНЫЙ СЫН ДОСТОЙНОГО НАРОДА. СКОРБИТ О НЕМ ВЕСЬ КАВКАЗ, ВСЯ РОССИЯ...ТАКИЕ ЛЮДИ НЕ УМИРАЮТ, ОНИ ОСТАЮТСЯ В СЕРДЦЕ НАВСЕГДА.
В УШАХ ЗВУЧАТ СТИХИ РАСУЛА ГАМЗАТОВА:
Настанет день, и с журавлиной стаей
Я поплыву в такой же сизой мгле,
Из-под небес по-птичьи окликая
Всех вас, кого оставил на земле.
ЦАРСТВИЕ НЕБЕСНОЕ, РУХШАГ У,АЛЬБЕРТ!
Си жагъуэ дыдэ хъуащ .Алльыхьым Ахърэт нэху къуит.Я приношу свои самые глубочайшие соболезнования семье Альберта очень жалко когда из жизни уходят такие Люди как Альберт . Дунейм ехыжам и гуэныхь Аллыхьым къыхуигъэгъу. Здэкlуар Аллыхьым тыншыпlэ хуищl.
Нобэми ныжэбэми тхуэмыухын гуауэщ... Зэрыунагъуэу дыгу1ащ... Ныбжьэгъу къудей мыхъуу 1ыхьлы лъап1эм хуэдэу зыкъытщыбгъэхъуу укъыдбгъэдэтащ, ди Альберт дахэшхуэ... Гъыбзэ пхуэзыусынути нэпсым сетхьэлэри псалъэр псэм и гузэвэгъуэм хотк1ухьыж... Дэнэ къик1ын зы псалъи уэ уи гум и инагъыу укъытхэтам хуэфэщэн? Уэ хуабагъэу къыдэпхьэл1ам хуэк1уэн гупсыси дауэрэ псалъэк1э зэбгъэпэщыфын? Тхьэм укъидитат насыпу, вагъуэу ик1и гъуазэу; уи 1эф1агъым зыщыдмыгъэнщ1 щ1ык1э утхэк1ыжащ... Ф1ыгъуэк1э гуашэ Тхьэшхуэм дыщогугъ уэ уи лъэужьыр имыгъэгъужыну, уэ пхуэдэ нурхэр адыгэ лъэпкъым иджыри къыритыну. Уэ уи гъуэгуанэр лъагъуныгъэрэ лэжьыгъэ дахэк1эрэ бгъэнщ1ащ. Уи къуэ закъуэ Адэм Алыхьышхуэм к1ыхьу пк1элъигъэпсэу. Тхьэ1ухуду уи пхъуит1ыр Алыхь Талэм насып защ1э ищ1. Уи щхьэгъусэ тхьэмыщк1эм Алыхьым и хьыныр хьыгъуаф1э хуищ1. Алыхь Талэм ди лъэпкъыр къихъумэ. Альбертурэ нур, Алыхьым жэнэт защ1эк1э уигъэгуф1э. Дэ уи гум псори дыщызэхыхьащ. Уигу къыттебгуэшам дыщыпсэунущ, псэк1э узетхьэнущ, удгъэк1уэдыжынукъым... Зэгурым шыпхъу пщ1а Бэлагъы Любэ