Гумэ Маринэ

12.08.2014.
Хабзэ зэрыхъуауэ Налщыч илъэсым и  к1уэц1ым къыриубыдэу пл1э усэ пшыхь щызэхашэ. Жэрдэмыр зейр "Жан" ц1ыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэращ. Дыгъуасэ Саральп Мадинэ и унэм "Гъэмахуэегъэжьэж" усэ пшыхьыр щек1уэк1ащ.  Мы бжьыхьэ дызыхуэк1уэм 1уэху дахэр Къаныкъуэ Заринэ, Гумэ Маринэ, Саральп Мадинэ сымэ къызэрырахьэжьэрэ илъэситху ирокъур. Сызэреплъымк1э, ди ц1ыхубз щэджащэхэм гъуэгуанэ хъарзынэ къызэранэк1ыфащ. Ц1ыхупсэхэр усыгъэм…
12.08.2013.
  Нобэ Дыгъуасэ бжьыхьэм зы лъэбакъуэк1э дыпежьащ, усэ шэрыуэ, гъэщ1эрэщ1ак1э! Усэ пшыхьыр къызэ1уахащ Налшык дэт сабий садым к1уэ ц1ык1ухэм гу хэхъуэу усэ къытхуеджау. А ц1ык1ухэм псалъэхэр къажьдэлъэлъу, зык1э ягъэшэрыуэрти ди адыгэбзэр!   Сф1эгъэщ1эгъуэну седэ1уащ Шыбзыхъуэ Астемыр и усэхэм. Гъэщ1эрэщ1арэ удахьэхыу, купщ1э хэлъым уригъэгупсысу… е а жыг гъэмахуэм зыщигъэпэсэхуу щытар нэгу…
11.08.2013.
Гугъэт Заремэ усэ къоджэ Дыгъуэпшыхь Къэжэр Ланэ и деж  щIэдза хъуа Iуэхугъуэ дахэр нобэ "Гъэмахуэегъэжь" усэ пшыхьымкIэ пытщащ. ЗымыщIэхэм щхьэкIэ жыIэпхъэщ нобэрейм хуэдэ усэ пшыхьхэр илъэсым плIэ зэрекIуэкIыр. Абыхэм зэреджэр "Гъэм и теплъэгъуэхэр". Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, япэу мыпхуэдэ зэIущIэ сыхэтауэращ. Сыгузавэт.  Сыщогугъ къытщIэдэIуахэм ягу ирихьауэ. Я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыралъхьащ Гугъуэт…
Архивы
«« Апрель 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
22232425
26
2728
2930