КЪЭЗАН САТИ И КОНЦЕРТ МЭЛЫЖЬЫХЬЫМ И I9-М ЕКIУЭКIЫНУЩ
Мэлыжьыхьым и 19-м «Композиторхэм я зэгухьэныгъэ» Джаз Клубым зыкъигъэлъагъуэнущ
Куэд щIакъым Урысейм и музыка сценэм гуп гъэщIэгъуэн къызэрыщыунэхурэ. Абы хэтщ музыкэ жанр зэмылIэужьыгъуэхэм, джазым, и зэфIэкIхэр къыщызыгъэлъагъуэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ.
Зи гугъу тщIыр "S.A.T.I. Acoustic Band" проектырщ. Ар уэрэджыIакIуэ, икIи актрисэ Къэзан Сати музыкант Иванов Андрей дэщIыгъуу ягъэхьэзыращ.
Гупыр мэлажьэ жанр зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ: джазым, блюзым, фолк-рокым, этно-джазым я зэфIэкIхэр къыщагъэлъагъуэ, ипэкIэ ягъэзэщIа композицэ цIэрыIуэхэр езыхэм къазэрехъулIэм йоплъ.
Сати зэрыжиIэмкIэ артистым дежкIэ нэхъыщхьэр абы цIыхухэм ярит дэрэжэгъуэрщ, ар гупым къохъулIэр.
«S.A.T.I. Acoustic Band» гупым хэтщ Востоков Петр (труба), Меч Вера (бэк-вокал), Бабаян Вартан (перкуссия), Атабеков Дмитрий (гитарэ), Могилевич Александр (ударнэхэр). Аранжировкэхэр зэхэзыгъэувэр музыкант цIэрыIуэ, гупым хэт Стариков Игорьщ.
«Союз композиторов» Джаз Клубым и хэщIапIэр:
Мэзкуу, Брюсовым и цIэр зезыхьэ уэрам 8/I0, 2- нэ унэ
Телефоныр- + 7 495 647 89 07
Концертым фыкIуэну фыхуеймэ мэлыжьыхьым и 18-м сыхьэт 19.00 пщIондэ хъыбар къытIэрывгъыхьэ
Къэзан Сати и пресс IуэхущIапIэр
8 (926) 092 2206
mail: f-pr@bk.ru
Хъыбарыр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Сэтэней Гуащэ Тхьэм тхуэмахуэн ищ1 уи Гуащ1аф1эр! Упсэу утхъэж! Мэзкуудэсхэ еплъын хуейщ ДЖЭГУ гъащ1эгъуэным!