МАЙМ И 21-АДЫГЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪ МАХУЭЩ
Майм и 21, Адыгейм, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым ик1и Къэрэшей Шэрджэсым Урыс-Кавказ зауэм хэк1уэда адыгэхэр ягу къыщагъэк1ыж. Абы къыщынэмыщ1ауэ, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, США-м - адыгэхэр здэщы1э дэтхэнэ щ1ып1эми.
Зэман к1ыхьк1э ек1уэк1а зауэ гущ1эгъуншэм адыгэ лъэпкъ мыц1ык1ур дуней псом щрикъухьащ, и блэк1ар хэк1уэдауэ, ф1ык1э зыхуэплъэн имы1эжу.
Сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гугъуехьрэ къылъыкъуэмык1ами, адыгэ лъэпкъыр к1уэдыжакъым, абы и гуащ1эри и зэф1эк1ри къызэтенащ. Абык1э ф1ыщ1э зыбгъэдэлъыр дяпэ итахэрщ, дэ абыхэм ф1ыщ1э мыухыж яхудощ1.
Сыхьэт 12-м, Налшык адыгэхэм я фэеплъ махуэм теухуауэ, зы дакъикъэк1э щыму щытынущ.
Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ шэрджэс щэнхабзэм и фонд «Адыгэхэр»