Хабзэ хъуауэ, накъыгъэм и 20 – 21 Къэбэрдей –Бэлъкъэр республикэм ягу къыщагъэк1ыжынущ, Урыс-Кавказ зауэм хэк1уэдахэр
Властым и органхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм щыпсэухэр зыхэт дауэдапщэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм, ик1и и къадэ округхэм щек1уэк1ынущ. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Налшык къалэм, Щхьэхуитыныгъэм и хадэм, къыщызэрагъэпэщ.
Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъым деж мы гъэми накъыгъэм и 20-м пасэрей адыгэ музыкэм и концерт сыхьэт 19-м щекIуэкIынущ, сыхьэт 20-м абдеж уэздыгъэу 101-рэ (Кавказ зауэр зэрекIуэкIа гузэвэгъуэ илъэси 101-м хуэдиз) щыщIагъэнэнущ.
Накъыгъэм и 21-м адыгэ щIалэгъуалэр къалэм и уэрам нэхъыщхьэм – Лениным и уэрамым ирикIуэнурэ Щхьэхуитыныгъэм и хадэм деж щызэхуэсынущ. Абдеж щрагъэкIуэкIыну пэкIум кърихьэлIэнущ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, республикэм и жылагъуэ лIыкIуэхэр.
Сыхьэт 12-м къызэхуэсахэр зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэнущ икIи удз гъэгъахэр фэеплъым деж щагъэтIылъынущ.
Дауэдапщэхэр адэкIэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIынущ. Абы къыщызэIуахынущ ГъукIэпщокъуэ Щомыр пшахъуэм къыхищIыкIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «1763 – 1864» экспозицэр художникым триухуащ Кавказ зауэр къызэрыхъейрэ илъэс 250-рэ зэрырикъум.
Накъыгъэм и 21-м, адыгэхэм я щыгъуэ махуэм теухуауэ, Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэ округым щызэхэтынущ пэк1ухэр, фэеплъхэм деж удз гъэгъахэр щагъэт1ылъынущ.
Абы хиубыдэу школхэм фэеплъ дерс хэхахэр къыщызэрагъэпэщынущ, зэIущIэхэр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, апхуэдэу КъБР-м, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я адыгэ газетхэм я номер зэхэт къыдагъэкIынущ.
Апхуэдэу, а махуэм ехьэл1ауэ, Налшык спорт 1уэхугъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэр щызэхэтынущ. Псалъэм папщ1э
-еджак1уэхэм я деж боксымк1э зэпеуэхэр
-бэнэк1э хуитымк1э зэхьэзэхуэхэр.
-мини-футболымк1э сабийхэм я деж турнир
-шахмытмк1э турнир, ик1и нэгъуэщ1хэри
Авторыр Аменет Псеушщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Къэтей Муаедщ
Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ Шэрджэс культурэм и фонд «Адыгэ»