АДЫГЕЙ РЕСПУБЛИКЭМ ТЕК1УЭНЫГЪЭШХУЭМ ЗЫХУЕГЪЭХЬЭЗЫР
Мейкъуапэ зыщыхуагъэхьэзыр Тек1уэныгъэм и махуэшхуэм- накъыгъэм и 9-м. Абы теухуауэ къалэм щек1уэк1ынущ тхылъ гъэлъагъуэныгъэхэр, литературэ-музыкэ композицэхэр ягъэхьэзырынущ, концерт, пшыхьхэр къызэрагъэпэщынущ. 1уэхугъуэхэр зэрек1уэк1ынум и унафэм 1э щ1идзащ къалэм и унафэщ1ым и къэлэнхэр зыгъэзащ1э Наролин Александр.
Адыгейм и къэлащхьэм щрагъэжьащ Тек1уэныгъэшхуэр илъэс 68-рэ зэрырикъум теухуа 1уэхугъуэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, мэлыжьыхь мазэм и к1эухым хуэзэу, «Щхьэгъубжащхьэм тет удз гъэгъа» волонтер акцэм щ1идзэнущ.
Щ1алэгъуалэм уэрамхэм щагуэшынуш махуэм и дамыгъэ лент1хэр. Накъыгъэм и 9-м траухуащ гъэлъагъуэныгъэхэр, концертхэр, пшыхьхэр ек1уэк1ыну.
Махуэшхуэм и щ1эдзап1эу удз гъэгъахэр бгъэдалъхьэнущ Маф1э мыужьыхым деж, иужьк1э къалэ паркым щапщэф1ынущ сэлэтхэм яшхыу щыта шхыныгъуэхэр,- къет Мейкъуапэ администрацэм и пресс-1уэхущ1ап1эм.
Махуэ псом къалэ паркым щы1унущ хэкум теухуа, зауэ зэман уэрэдэр. Концертым хэтынущ къалэм и творческэ гуп нэхъыф1хэр, апхуэдэуи «Гукъэк1ыж псэу», «Ветеранхэр псэк1э щ1алэщ» фестивалхэм щытек1уахэр.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ