«АДЫГЕЙМ И ГРАН- ПРИ» КЪЭХЬЫНЫМКIЭ ЗЭПЕУЭР ИРАГЪЭЖЬАЩ
Нобэ Мейкъуапэ щрагъэжьащ махуэ зыбжанэкIэ екIуэкIыну лъакъуэрыгъажэ зэпеуэ. «Адыгейм и Гран-при» 4-нэ международнэ зэхьэзэхуэм хэтхэм махуитхум къриубыдэу гъуэгу км 608-м щIигъу зэпачынущ. Урысейми, хамэ къэралхэми къикIа спортсмен 160-м зэхьэзэхуэм я зэфIэкI къыщагъэлъагъуэнущ. Ахъшэ саугъэт фондыр евро мин 24-рэ мэхъу.
Нобэ Адыгейм щрагъэжьащ «Адыгейм и Гран-при» международнэ лъакъуэрыгъажэ зэпеуэ. Махуитхум и кIуэцIкIэ лъэпкъ командэхэм ящыщу спортсмен 165-м, къажынущ гъуэгу км 608-рэ.
«Урысейм къыщынэмыщIауэ зэпеуэм хэтщ Украинэм, Белоруссием, Германием, Норвегием, Румынием, Бельгием, Австрием, Голландием, Къэзэхъстаным, Молдовэм, Азербайджаным я спортсменхэр». Командэхэм ящыщу зэхьэзэхуэм хэтщ «ИТЕРА-КАТЮША», «Русвело», «Русь» гупхэр. Иужьрейм Урысейм и командэ къыхэхам и резервыр щагъэхьэзыр»- къет лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ ди къэралым и зэгухьэныгъэм и пресс IуэхущIапIэм.
Япэу «Адыгейм и Гран-При» зэпеуэр 2010 гъэм Сочи щекIуэкI зэхьэзэхуэ цIэрыIуэхэм япIэкIэ екIуэкIауэ щытащ, къалэм Олимп ухуэныгъэ зэрыщекIуэкIым къыхэкIыу. 2011 гъэм Адыгейм езыр- езыру зэпеуэр иригъэкIуэкIыу щIидзащ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ