АДЫГЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪ МАХУЭМ ТЕУХУА ДАУЭДАПЩЭХЭР АДГЕЙМ ЩЫЗЭХЭТЩ
Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149 зэррикъум теухуа дауэдапщэхэр Адыгей щок1уэк1. Республикэм пэк1ухэр щызэхэтынущ, зауэм хэк1уэда адыгэхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэт1ылъынущ.
Урыс-Кавказ зауэр зэриурэ илъэси 149 зэррикъум теухуа дауэдапщэхэр нобэ Мейкъуапэ, ик1и Адыгейм и щ1ып1эхэм щызэхэтщ.
Республикэ псом пэк1ухэр щок1уэк1, Урыс-Кавказ зауэм хэк1уэда адыгэхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр тралхьэ.
Адыгей республикэм и къалащхьэм 1уэхугъуэхэр сыхьэт 17-м щыщ1идзэнущ. Апхуэдэу, Мейкъуапэ и паркым нэхъыщхьэм деж щыщ1эдзауэ республикэ филармонием нэс щ1алэгъуалэр ирик1уэнущ. Абдежым пэк1у щызэхэтынущ, ик1и адыгэхэм я адэжь щ1ыналъэм къызэрагъэзэжым теухуа кинофильм «Черкесия. Возвращение» жыхуи1эр къагъэлъэгъуэнущ.
«Урыс-Кавказ зауэр ди нэгум къыщыщ1эдгъэхьэжым, абы хэк1уэдахэр дигу къыщыдгъэк1ыжым деж дэ иджыри зэ щыхьэт дытохъуэ ц1ыху гъащ1эм нэхърэ, лъэпкхэм я зэкъуэшыныгъэ, я зэкъуэтыныгъэм нэхърэ нэхъ лъап1э зыри зэрыщымы1эр» - къыхигъэщащ Адыгей республикэм и 1этащхьэ Тхьэк1ушынэ Аслъэн.
Авторыр Мэлбахъуэ Алийщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Къэтей Муаедщ
Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ шэрджэс щэнхабзэм и фонд «Адыгэхэр»