«АДЫГЭ» ФОНДЫМ ТЕК1УАХЭР ИГЪЭПЭЖАЩ
Къалмыкъ Юрий и ц1эк1э щы1э Шэрджэс фонд «Адыги» -м къызэригъэпэщауэ майм и 1-м зэпеуэ ек1уэк1ам тек1уахэр м фондым и унэм щагъэпэжащ. Зэхьэзэхуэр щызэхаублар «Вконтакте» (http://vk.com/adygi) социальнэ напэк1уэц1ырат. Ар теухуат, фондым абы щи1э гупым хэт ц1ыхур минит1 зэррикъум.
Зэпеуэр упщ1итхуу зэхэтырт. Абыхэм жэуап къептын щхьэк1э фондым и сайтым къралъхьа материалхэмрэ, шэрджэсхэм я хабзэм, я къек1уэк1ык1ам ф1ыуэ хэпщ1ык1ыу щытын хуейт.
Мис а упщ1эхэр:
1) Урыс сурэтыщ1 ц1эры1уэм и сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ князь Черкасский Михаил. Сыт а сурэтым и ф1эщыгъэц1эр, ик1и хэт ар зыщ1ар?
2) Совет союзым и л1ыхъужь Хьэбэч Умар и ц1эр тетщ Армэ Плъыжьым и л1ыхъужьхэм папщ1э ягъэува фэеплъ сыным. Сыт хуэдэ къалэ ар здыдэтыр, ик1и сыт хуэдэ ут зи гугъу тщ1ы фэеплъ сыныр здитыр.
3)Адыгэл1 1ущ, узэщ1ак1уэ Къазанокъуэ Жабагъы псалъэ къыжи1ахэм пыфщэ
«…..ц1ыхур егъэхъуж»
« Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, ……..еупщ1»
4) Совет Союзым унагъуэ 37 исащ, унагъуэ къэсыхунк1э Совет союзым и л1ыхъужь ц1э лъап1эхэр хуагъэфэщауэ т1у ису. Абыхэм яхэтащ адыгэ унагъуэ. Зи гугъу тщ1а унагъуэм и унэц1эр къиф1уэ.
5) Урысейм еджап1э нэхъыщхьэ итщ, абы и зы кафедрэм Къалмыкъ Юрий и ц1эр зрихьэу. АР сыт хуэдэ еджап1э нэхъыщхьэ, кафедрэ?
Апхуэдэу, япэу, ик1и пэжу упщ1эхэм жэуап къритащ Мазукабзов Аслъэн. Абы ипкъ итк1э тек1уэныгъэр зэпеуэм Аслъэн зы1эригъэхьащ.
1)Черкасский Михаил къызыхэщыр, ар сурэтыщ1 ц1эры1уэ Суриковым ищ1а «Утро стрелецкой казни» сурэтырщ.
2)Совет союзым и л1ыхъужь Хьэбэч Умар и ц1эр Армэ Плъыжьым и л1ыхъужьхэм папщ1э Австрие къэралыгъуэм и къалащхьэ Венэм и Шварценбергплац утым деж щыгъъэува фэеплъ сыным тетщ.
3) Къазанокуэ Жабагъы кыжи1ащ «ц1ыхум ц1ыхум егъэхъуж». Узэчэнджэщым уимы1эмэ, уи пы1эр щхьэрыхи еупщ1».
4) Къардэнхэ я унагъэум зэкъуэшит1 щыпсэуащ Совет союзым и л1ыхъужьу. Ар Къэбардырэ Къубатийрэщ.
5) Саратов къалэ дэт юридическэ институтым и граждан хабзэмк1э и кафэдрэм Къалмыкъ Юрий и ц1эр зрехьэ.
Апхуэдэу, Аслъэм зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр иратащ - mp3 плеер Ipod Shuffle.
Аслъэн къыщынэмыщ1а, Шыбзыхъуэ Астемыррэ, Къумыкъу Андемиррэ наушник Sennheiser иратащ.
Саугъэтхэр «Адыгэ» фондым и унэм щратыжащ. Ауэ Шыбзыхъуэ Астемыр мэзкуу зэрыщымы1эм къыхэк1ыу, саугъэтхэр и къуэшым иратащ, иужьк1э езым 1эрыхьэжын хуэдэу.
Ипэк1э фондым иригъэк1уэк1ыну зэпеуэхэм дэтхэнэ зыри фыхэт хъунущ.
Къэжэр Лянэ. «АДЫГИ» фондым папщ1э
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Къэтей Муаедщ